ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мылэжьэгъуэ махуэхэр иухащ

2021-11-09

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIа «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэм щыжиIащ республикэм мылэжьэгъуэ махуэхэм къызэрыщыпамыщэнур.

  • — Иужьрей тхьэмахуэм ди щIыналъэм сымаджэхэм я бжыгъэм зыхъуэжыныгъэшхуэ щигъуэтакъым. Вакцинэр зыхезыгъалъхьэхэр нэхъыбэ хъуащ. QR-кодыр къызэрагъэсэбэпымрэ узыфэм пэщIэтынымкIэ щыIэ санитар хабзэхэр зэрагъэзащIэмрэ адэкIи кIэлъыплъын хуейщ. Республикэм щекIуэкI гъащIэр къызэпыдуду мылэжьэгъуэ махуэхэм къахэдгъэхьэну дыхуейтэкъым, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
  • ЩIыналъэм и Iэтащхьэм зэIущIэм хэтхэм пщэрылъ ящищIащ вакцинэр зыхегъэлъхьэным узыфэм пэщIэтынымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр жылагъуэм я деж нэхьэсынымкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм адэкIи къыпащэну.
  • ЗэIущIэм щыжаIащ жэпуэгъуэм и 8-м щегъэжьауэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэми сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зэкIуалIэ спорт школхэми я зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр и кIэм зэрынэсар. Мылэжьэгъуэу ягъэува тхьэмахуэр зэфIэкIащ: IуэхущIапIэ псори я лэжьыгъэм пэрохьэж.
  • А псом къадэкIуэуи, жэпуэгъуэм и 20-м КъБР-м и Оперштабым санитар-эпидемиологие мардэхэм теухуауэ къищта хабзэхэр гъэзэщIэным ткIийуэ тетыпхъэщ. Щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм, шхапIэхэм, хьэщIэщхэм, кIапсэ гъуэгухэм, бассейнхэм, спорт пэшхэм, фитнес-центрхэм, зыщагъэдахэ унэхэм укIуэн папщIэ QR-код е ПЦР-тест птауэ, коронавирус къызэромыузым и щыхьэт тхылъ уиIэн хуейщ. Апхуэдэу ахэр яIэн хуейщ пэш зэхуэщIахэм щIэту Iэтауэ ЗАГС-м и органхэм зи нэчыхь щезыгъэтххэми. ЦIыхухэр куэду щызэхыхьэ щIыпIэхэм нэкIуIупхъуэр къыщыгъэсэбэпыпхъэщ, гъунэгъуу зэбгъэдэмыхьэну, я Iэхэр щIэх-щIэхыурэ дезинфекцэ ящIыну къыхураджэ.
  • Колледжхэм (лицейхэм), щIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм егъэджэныгъэ Iуэхур еджапIэхэм емыкIуалIэу ирагъэкIуэкIынымкIэ Iэмалхэр къыхалъхьапхъэщ. Апхуэдэуи Оперштабым къегъэув а IуэхущIапIэхэм цIыху куэд зыхэт зэхыхьэхэр къызэрамыгъэпэщыну.
  • Мылажьэхэр, вакцинэхэр зыхезымыгъэлъхьахэр (медицинэ щхьэусыгъуэкIэ хущхъуэр зрамыхьэлIахэри яхэту), зи ныбжьыр илъэс 60 хъухэр икIи нэхъыжьхэр, апхуэдэуи мазих ипэкIэ коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытахэр унэм къыщIэмыкIыу щIэсын хуейщ, Iэмалыншэ дыдэу зыщIыпIэ кIуэн хуей мыхъумэ.
  • IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм вакцинэр зыхезымыгъэлъхьахэр (медицинэ щхьэусыгъуэкIэ къэнахэр мыхъумэ) IэнатIэм пэIэщIэ ящIын хуейщ. КъищынэмыщIауэ, илъэс 60, абы нэхърэ нэхъыбэ хъухэу тхьэмбыл, гу-лъынтхуэ, эндокриннэ узыфэхэр зиIэхэр тхьэмахуи 4 — 6-кIэ IэнатIэм емыкIуалIэу ягъэлэжьэну щытыкIэхэр къахузэгъэпэщыпхъэщ, COVID-19-м зэрыпэщIэт вакцинэр зэрызыхрагъэлъхьэным зыхуагъэхьэзырын папщIэ.
  • Коронавирусым зэрыпэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн папщIэ республикэм щытыкIэ псори къыщызэрагъэпэщащ. Республикэм мастэр щыхалъхьэ IуэхущIапIэу 83-рэ щолажьэ. Хущхъуэр ирахьэлIэн хуейщ цIыху 529 301-м. Вакцинэм и пкъыгъуитIри зыхезыгъэлъхьахэм я бжыгъэр 149 975-рэ мэхъу.
  • Иужьрей жэщ-махуэм, щэкIуэгъуэм и 8-м, Къэбэрдей-Балъкъэрым ПЦР-тест щызытахэр 2623-рэ мэхъу, узыфэр япкърыту сымаджи 133-рэ къахутащ. Компьютер томографхэмкIэ я узыншагъэр къапщытащ цIыху 340-м, вирус пневмоние япкърыту къагъэлъэгъуащ 224-рэ. Госпитали 6-м гъуэлъыпIэ 1613-рэ щIэтщ. Иджыпсту абыхэм щагъэхъуж сымаджэ 1500-рэ, абы и ныкъуэр лъышэр (кислород) я дэIэпыкъуэгъуу ягъэбауэ. Реанимацэм щIэлъщ 156-рэ, абы щыщу 18-р ИВЛ, 112-р НИВЛ аппаратхэм пыщIащ. Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм цIыхуи 8 илIыкIащ. Амбулаторэ кIэлъыплъыныгъэм щIэту загъэхъуж цIыху 5384-м. Хъужахэм я бжыгъэр 104-рэ мэхъу.
  • ЩхьэщэмыщI  Изэ.