Къущхьэ Каринэ: УкъэувыIэмэ, зэманым улъэщIыхьэнукъым
2021-11-03
- Гъэсэныгъэ щIэныгъэм и лъабжьэр Урысейм щызыгъэтIылъа Ушинский Константин 2023 гъэм илъэс 200 зэрырикъур и щхьэусыгъуэу, Прези-дент Путин Владимир къыхилъхьащ дызытехьэну гъэр «ГъэсакIуэм и илъэсу» щытыну. А хъыбарым пэджэжу къытщохъу «Урысейм и егъэджакIуэ-2021» зэпеуэм ехъулIэныгъэфIхэр къигъэлъагъуэу хэта, къэралым япэ щища цIыху 15-м ящыщ хъуа, Май къалэ дэт курыт еджапIэ №5-м инджылызыбзэр щезыгъэдж Къущхьэ Каринэ ди щIэджыкIакIуэхэм нэхъ гъунэгъуу къедгъэцIыхун мурадкIэ дызэреуэршэрылIар.
- — Уи инстаграм напэкIуэцIым упщIэ щызэбгрыптыкIат зымахуэ: «Сыт щIэн хуейр егъэджакIуэ IэщIагъэм и пщIэм зиIэтыжын папщIэ?» «И улахуэм хэгъэхъуэн хуейщ», — жаIэу, къыпхуэзытхахэм я бжыгъэр мынэхъыбэу си фIэщ хъуркъым. Уэ езым сыт хуэдэ жэуап ептынт а упщIэм?
- — Дэтхэнэ егъэджакIуэм дежкIи псом нэхърэ нэхъапэр иригъаджэ сабийм и щIэныгъэмрэ и гъэсэныгъэмрэ зэп- хауэ гулъытэ ин хуищIу дэлэжьэнырщ. Нобэ псоми къыдгуроIуэ узыIут Iэна-тIэм щыбгъэзащIэ лэжьыгъэм Iэмал имыIэу улахуэфI къыпэкIуэн зэрыхуейр. ЕгъэджакIуэр и IэщIагъэм игури и псэри етауэ хущытыфын папщIэ, зыхуей хуэза улахуэ хухахыну, къэралым къыбгъэдэкIыу нэхъ пасэм иIа пщIэр игъуэтыжыну сыхуейт.
- Япэ къэсыр егъэджакIуэ хъуфынукъым, сэ сызэрегупсысымкIэ. Псом япэрауэ, сабийр фIыуэ лъагъун хуейщ. Абы и гум щыщIэ псори уэ нэсу къыбгурыIуэу, и гуфIэгъуэми, и гур хэзыгъэщIми ущыгъуазэу. А псом и гущIыIу къокIуэ егъэджакIуэм щIэныгъэ куу бгъэдэлъын зэрыхуейри. ЕджакIуэм къыбгъэдэкI упщIэ псоми я жэуапыр егъэджакIуэм деж щигъуэтыпхъэщ. Дерсыр зытеухуар щызэпкърихкIэ, абы и купщIэр сабийм деж нихьэсы-фын, ар игу къинэн папщIэ, зытепсэлъыхьыр нэрылъагъу щищIу, курыт еджапIэм къыщIих щIэныгъэр гъа-щIэм къызэрыщыхуэсэбэпынур са-бийм къыгуригъэIуэфу иригъаджэмэ, итIанэ езы еджакIуэми щIэныгъэм гулъытэ нэхъ ириту къэтэджыну къысщохъу.
- Ди лэжьыгъэр зытеухуэжар ди щIэб-лэ къыдэкIуэтейр лъэпкъми, унагъуэ-ми, къэралми я набдзэ хъун хуэдэу дгъэсэфынырщ. Ар къалэн нэхъыщхьэщ егъэджакIуэм дежкIэ. Езыри ар зыхузэфIэкIын IэщIагъэлI нэсу щытын хуейщ.
- — Зэпеуэм зыщыхуэбгъэхьэзырым адыгэбзэмрэ инджылызыбзэмрэ гъэщIэгъуэну зэрызупхам, абыкIэ США-м щыщ Емышэхэ я унагъуэр къызэрыбдэIэпыкъуам и лъэужь мащIэ тлъэгъуащ. Дауэ ар къызэрохъулIар? Сыт нэхъыщхьэ дыдэу къыхэпхар апхуэдэ утыкушхуэ узэрихьам?
- — «Илъэсым и егъэджакIуэ» зэпеуэр зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэ куэду зэхагъэуват. Ауэ псом нэхърэ нэхъыщ-хьэу щытар «гъэунэхуныгъэ» дерсырщ. Сэ згъэхьэзырын хуей темэу къыспэщIэхуари гъэщIэгъуэнт. «Сэ сыхэт?» упщIэм и жэуап еттын хуейуэ арат. Сабийхэм я цIэр, я ныбжьыр, къызыхэкIа унагъуэр, зыщыщ къэралыр, я бзэр зыхуэдэр жаIэфын папщIэ, лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щедгъэкIуэкIащ дерсым. Емышэхэ я унагъуэр сэбэпышхуэ къыщысхуэхъуащ абы. Дэнэ ущыIэми, сыт хуэдэ щIыпIэ ущыпсэу-ми, уи бзэр IэщIыб пщIы, уи лъэпкъыр, уи хабзэр пщыгъупщэ зэрымыхъунур, ар къыдэкIуэтей щIэблэм хыупщэн зэрыхуейр къызыхэщ видеоролик трахри, си еджакIуэхэм зыкъыхуагъэ-зат а щапхъэ зытепх хъуну унагъуэ дахэм.
- ФIыщ зэпеуэшхуэм ухэтынуи, абы уи цIэр фIыкIэ къыщыхэщынуи, увыпIэ гуэр къыщыпхуэхьынуи. Ауэ нэхъыщ-хьэжу къызолъытэ абы щыслъэгъуа егъэджэкIэ Iэмалхэм си зэфIэкIыр зэрыхигъэхъуам сэри си лъэр нэхъ быдэ зэрищIар, нэхъыбэ сщIарэт, си еджакIуэхэм нэхъыбэ ябгъэдэслъхьарэт жысIэу гукъыдэж къызэрызитар.
- — Нобэ инджылызым бзэуэ щыIэр щыIуигъэкIуэт зэман дытехьауэ къысщохъу. Адэ-анэ куэдми къафIощI анэдэлъхубзэр ямыутIыпщмэ, я бынхэр гъащIэм къыкIэрыхуну, иджырей щIэныгъэм лъэщIэмыхьэну, къуажэдэсу къэнэну. Уэ сыт хуэдэ хэкIыпIэ хуэбгъуэтыр а Iуэхум?
- — Зы бзэ щыIэу си фIэщ хъуркъым зэран къыпхуэхъуну, ауэ сэ япэ дыдэ изгъэувэр къыбдалъхуа бзэращ. ЦIыху губзыгъэм ар сытым дежи япэ иригъэщынущ. Пэж дыдэу диIащ апхуэдэ зэман адэ-анэм адыгэбзэр сабийм IэщIыб ирагъэщIу. Ауэ ди бзэм ирилажьэхэр а Iуэхум иригузавэри, нобэ абы гулъытэ лей хуащIу щIадзэжащ. Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, а щыуагъэр тIэщIэкIами, иджыпсту зыкъэтщIэжу дыкъэушам хуэдэу, хуэфэщэн пщIэ анэдэлъхубзэм еттыжу си гугъэщ.
- Нобэ инджылызыбзэм дуней псом япэ увыпIэ щиубыду жыпIэмэ, укъэпцIэнкъым, ари пэжщ. Ауэ сэ абы сызэреплъыр дуней псор зэзыгъэуIу бзэуэщ. ЩIэныгъэлIхэми къахутащ сабийми цIыхуми бзэ нэхъыбэ ищIэхукIэ зэрынэхъыфIыр.
- — Уэ инджылызыбзэм нэмыщI, иджыри испаныбзэрэ урымыбзэрэ бджыуэ зэхэтхащ. ИтIани, зэрыжыпIащи, «шу лъагъуэр зэпумычу гъущI гъуэгушхуэ утехьакъым». Адыгэбзэр дауэ ядэхъурэ абыхэм, жыхуэсIэщ?
- — Зыр адрейм зэран хуэхъуркъым. Бзэ нэхъыбэ пщIэхукIэ, уи щIэныгъэм хегъахъуэ, зыуегъэужь. Си диплом тхыгъэр щызгъэхьэзырым, сфIэгъэщIэгъуэну бзэхэр зэрызэщхьыр, зэрызэщхьэщыкI лъэныкъуэхэр къэсхутэу лэжьыгъэ езгъэкIуэкIати, ипэкIэ гу зылъызмыта куэд къыхэсхащ си анэдэлъхубзэми адрей бзэхэми. Адыгэбзэ, урысыбзэ, инджылызыбзэ — а бзищыр зэзгъапщэу арат. ЕтIуанэ, ещанэ бзэ щызэбгъащIэкIэ, ахэр уи бзэм щеплъытым деж, анэдэлъхубзэми нэхъ хэпщIыкIыу уохъу, ар нэхъыфIу къыбгурыIуэу, бзэм и дахагъэр нэхъ гунэсу зыхэпщIэу.
- КIыщокъуэ Алим и псалъэхэри шэч зыхэмылъщ. Мы дунейм зы цIыху теткъым псори ищIэу къалъхуауэ. Зебгъэсэн хуейуэ аращ икIи зыпхуегъэсэну къысфIощI сыт ищIысми. Ауэ зы ма- хуэ дэбгъэкI хъунукъым щIэ гуэр зумыгъащIэу. ЩIэныгъэм теухуауэ дыпсалъэу щытмэ, «уи щхьэ ущыгугъыжын папщIэ, зегъасэ, еджэ» зэрыжаIэм нэмыщI, псом нэхъапэжу уэ езым гукъыдэж уиIэн хуейщ. Ахэр сщIарэт, абыхэм зезгъэсарэт, жыпIэу. Зэманыр иджыпсту апхуэдизкIэ псынщIэу макIуэри, улъэщIыхьэн папщIэ, укъэувыIэн дэнэ къэна, укIэлъыжэн хуей мэхъу. Нобэ зи гугъу тщIа зэпеуэхэми наIуэу щыболъагъу нэхъыбэ зэзгъэщIарэт, нэхъ тегушхуауэ сыпсэуарэт жыпIэу ущытын зэрыхуейр.
- — Инджылызыбзэ щрагъэдж еджапIэ нэхъ ехьэжьахэм сабийхэр хамэ къэралхэм яшэурэ тхьэмахуитI-щыкIэ щагъэIэ, я щIэныгъэр здынэсыр къапщытэну, бзэр зыIурылъхэм я псэлъэкIэр я тхьэкIумэм къиIуэн хуэдэу. Адыгэ здэщымыIэ къэрал гъуэтыгъуейщ. Апхуэдэу бзэкIэ щызэхъуажэ еджапIэхэр къызэгъэпэщыным дауэ уеплърэ? «Мыр сщIэнт» жыпIэу сыт хуэдэ хъуэпсапIэ уи IэщIагъэм хуиIэ?
- — БзэкIэ щызэхъуажэ еджапIэхэр сэбэпынагъышхуэ зыхэлъ Iуэхугъуэщ. Ди адыгэбзэр хъума хъун папщIэ, апхуэдэ еджапIэхэр уиIэну, апхуэдэ зэIущIэ- хэр ебгъэкIуэкIыну Iуэху щхьэпэт. Ауэ сэ апхуэдэ лъэкIыныгъэ сиIэу къэслъы-тэркъым нобэкIэ. Сыщогугъ ди щIэныгъэлIхэм абы и Iуэху зрахуэну.
- Си щхьэкIэ зыкъэсщтэжынщи, 2015 гъэм згъэунэхуащ апхуэдэ егъэджэкIэ Iэмалым къыпхуищIэр зыхуэдизыр. Гукъыдэж сщIыри, Италием мазэ псо-кIэ сыщыIауэ щытащ я бзэмрэ я щэнхабзэмрэ щыгъуазэ сыщыхъун пап- щIэ. Сыдихьэхауэ, сфIэфу есхьэкIат а лэжьыгъэр. Аращи, апхуэдэ еджапIэр сэбэп зэрыхъунумкIэ сыщыхьэтщ.
- Си хъуэпсапIэхэр зэхьэлIари зытеухуари еджакIуэхэрщ. Зэман гуэр дэкIмэ, абыхэм школыр къаухынущ. «Сыту щIэныгъэфI къыдбгъэдилъхьат, сытуи къысхуэсэбэпат абы дызыхуригъэ-джар, дызыхуигъэсар», — жаIэжмэ, ахэр цIыху губзыгъэу, гъэсауэ, насыпыфIэу дунейм тетмэ, мис аращ мыхьэнэшхуэ зиIэр.
- — Зэпеуэм ущыхэтым уи щIыбагъ цIыху пэж къызэрыдэтым къыбдэщIауэ хъуам гу лъатащ. Уи щхьэгъусэм утепсэлъыхьыфмэ, лъагъуныгъэм теухуауи псалъитI-щы?
- — Гурэ псэкIэ ппэгъунэгъу цIыху гъащIэм ущиIэныр насыпышхуэщ. Апхуэдэ цIыху си щIыбагъ дэмытамэ, си унагъуэмрэ си лэжьыгъэмрэ зэпэщ мыхъункIэ хъунт. Уи хъуэпсапIэу хъуар къыбдиIыгъыу, узыпэрыхьэ Iуэхум утригъэгушхуэу, сыткIи зыкъыпщIигъакъуэу гъащIэм гъусэ къыпхуищIа цIыхум уасэ имыIэу къызолъытэ.
- — Фи хъыджэбзым и цIэр Аишэщ, щIалэм — Умарщ, Тхьэм фызэкъуэту узыншэу фащхьэщигъэт! ЕгъэджакIуэлъ зэрыпщIэтыр «бжьиблкIэ зэрыуэр» зыхэпщIэрэ?
- — Си анэшхуэм егъэджакIуэ IэщIагъэм пщIэ хуищIу щытащ. И адэр къуажэм егъэджакIуэ цIэрыIуэу зэры-дэсарщ абы и щхьэусыгъуэр. Езыр егъэджакIуэ зэрымыхъуар и гукъеуэу, и бынхэми, абыхэм я быныжхэми а хъуэпсапIэр яIэригъэхьащ. Абы хущIегъуэжаи зыри къытхэткъым. Унагъуэр зы дыщыхъужам деж, ди псалъэмакъыр нэхъыбэу зэхьэлIар школырщ. «Мы фи педсоветыр щIэх иухыну», — жаIэурэ, къытщыдыхьэшххэу икIи дызэпамыудыфу апхуэдэщ ди Iыхьлыхэм.
- Дэтхэнэ цIыхуми езым и гуращэ иIэжщ. Нобэ ди сабийхэм сыт хуэдэ IэщIагъэ къыхахыну пIэрэ жысIэу, иджыпсту абы и Iуэху зесхуэркъым. Езыхэм къыхахыну сыщогугъ я гур зэ-тауэ, яфIэфIу «срилэжьарэт» жыхуаIэ IэщIагъэ. Ауэ сыхуейщ си унагъуэм зэман куэдкIэ къыдекIуэкIа егъэджакIуэм теухуа хабзэр щысхъумэну, а лэжьыгъэм пщIэ лей хуащIу къэзгъэтэджыну.
- Епсэлъар Чэрим Марианнэщ.