Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2021-11-03
- ЩэкIуэгъуэ мазэ
- «Ноябрь» мазэр латин бжыгъэцIэ «бгъу»-м къытекIащ: «новем» — ноябрь. Мы мазэцIэм цIэ зэтемыхуэхэр иIащ: мэкъушэжыгъуэ мазэ, гъуэгыгъуэ мазэ, тIы утIыпщыгъуэ. Иужьрей зэманым адыгейхэми, къэбэрдейхэми, Сирием, Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми къагъэсэбэпыр щэкIуэгъуэ «время охоты» жыхуиIэрщ.
- Мы псалъэ къэхъукIэм ди бзэм куэдрэ ущрохьэлIэ. Нэгумэ Шорэ и тхыгъэхэм къыщихьыр — б ж и х а к е м а з е (бжьыхьэкIэмазэ) «ноябрь» — псалъэращ.
- ЩэкIуэгъуэ мазэм нэхъыщхьэр — ущэкIуэну узэрыхуитырщ, хьэкIэкхъуэкIэхэм я щIэжьейр ин хъуащи. Иджы хэт щэкIуэнуми, хэт хьэжэбажащэ кIуэнуми хуитщ. Абы къищынэмыщIауэ, мы мазэм щIымахуэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщыхуагъэхьэзыр зэманщ. Мэкъумылэр кърашэлIэж, пхъэ сэбэп ягъэхьэзыр, бжьэ зиIэм нэщIэщым щIегъэувэж. Мы мазэм щIымахуэ шхын жаIэрти мэл, былым яукIырт. Лыр ягъэгъурт, яшуурт, ягъэфIэIурт, щхьэфIэIу жыхуаIэу щытам хуэдэхэри ящIырт. Абы щхьэкIэ мэл яукIахэм я щхьэ-лъакъуэ къабзэ дыдэу гъэлыгъуар ныкъуэвэфI ящIырти, кхъуэщынкIэ е чейкIэ ягъэфIэIурт. Гъатхэм псэущхьэхэм ящыщ ямыукIыу, щIымахуэм хуагъэхьэзыра лымрэ щхьэфIэIумкIэ къахуэкIуэхэр ягъэхьэщIэрт. ХьэщIэм ар хьэщIэныш нэхърэ нэхъыкIэу ибжыртэкъым. Уеблэмэ «щхьэфIэIу сагъэшхащ», — жаIэрт, фIыуэ зэрагъэхьэщIам и нэщэнэу.
- Насып лъыхъуакIуэ
- Адэр дунейм щехыжым и къуэм жриIащ:
- — Си щIалэ, сэ мы къызэуэлIа узым сыкъелынукъым. Ауэ уэ насыпыфIэу упсэуну сы-хуейщ.
- — Ди адэ, сыт насыпыфIэ сыхъун щхьэкIэ сщIэн хуейр?
- — Ежьи, дунейр къызэхэкIухь, насыпыр зищIысымрэ ар къызэрыбгъуэтынумрэ къыбжаIэнщ.
- Адэр лIа нэужь, къуэр ежьащ. Уэру ежэх псышхуэм нэсри, абы и Iуфэм къыщызущыхь шы уэдыкъуам ирихьэлIащ.
- — Дэнэ укIуэрэ щIалэщIэ, — щIэупщIащ шыр.
- — Насып лъыхъуакIуэ сыкъежьащ. Уэ пщIэуэ пIэрэ ар къыщызгъуэтынур?
- — Мыдэ къызэдаIуэ, — къитащ жэуап шым. — Сэ си щIалэ-гъуэм псоми фIыуэ сыкъалъагъурт, сагъашхэрт, сагъафIэрт. Уеблэмэ шхалъэм си щхьэр хуэсшииртэкъым, си жьэм къыжьэдалъхьэрт. Сыт хуэдиз лэжьыгъэри си фэм дэхуэрти, нэгъуэщIхэм сегупсысыртэкъым. Абы щыгъуэм сэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэ мы дунейм темыту къысщыхъурт. Иджы жьы сыхъуащи, зыри къысхуеижкъым. Сэ бжызоIэ — уи щIалэгъуэр хъумэ. Сэ зэрысхъумам хуэдэукъым зэрыпхъумэнур. НэгъуэщIхэм къыпхузэрагъэпэщ тыншыпIэм ущымыгугъыу, уэ езым уи щхьэр зэрыбгъэпсэужыным иужь ит. НэгъуэщIхэм я гурыфIыгъуэм уэри щыгуфIыкI. Гугъуехьым ущымышынэ. Апхуэдэу ущытмэ, улIэжыху лъагъуныгъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэ укъаухъуреихьынущ.
- ЩIалэщIэр ежьэжри, зыкъомрэ кIуауэ гъуэгущхьэм телъ блэм ирихьэлIащ.
- — Дэнэ уежьа, щIалэ? — щIэупщIащ блэр.
- — Дунейр къызэхэсплъыхьы-ну сыкъежьащ, насыпыр здэщыIэр къэзгъуэтыну си мураду, — итащ щIалэм жэуап.
- — АтIэ сэ жысIэм къедаIуэ, — къыщIедзэ блэм. — Си гъащIэ псом си шэрэзым пылъ щхъухьым сригушхуэу сыпсэуащ. Псори къысщышынэрти, сэ сынэхъ бланэу, сынэхъ къарууфIэу къысщыхъужырт. Ауэ хуабжьу сыщыуэрт. Мис иджы псоми зыкъысщадзей, саукIыну сыкърахуэкI. Псоми зафIызогъэпщкIу. Иджы сэращ абыхэм ящышынэр. Уэри уиIэщ бзэгу. Уи псалъэм ухуэсакъмэ, тыншу упсэунущ, жьы ухъуа нэужьи зыми зыфIэбгъэпщ-кIун хуейкъым. Апхуэдэу щытмэ, насыпи уиIэнущ.
- Блэм къыжриIар зэригъэзахуэурэ щIалэм и гъуэгум пищащ. Губгъуэм ит жыгышхуэм зы бзу дахэ тест, ицхэр зэмыфIэгъуу цIурэ, езыми зыкърихыу.
- — Дэнэ укIуэрэ, щIалэ? — щIоупщIэ бзур.
- — Насып къызолъыхъуэ. Уэ сыт хэпщIыкIрэ абы и хэщIапIэм?
- — ЗэрыслъагъумкIэ, куэд щIауэ гъуэгу утетщ. Уи нэгур зэхэуфащ, уи щыгъынхэр сабэм иуащ. Узэрыщытам урещхьыжкъым, блэкIхэми зыкъыпщадзей. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, насыпми гъунэгъу зыкъыпхуищIыну фIэщщIыгъуейщ. Сэ си чэнджэщыр мыращ: сытым дежи дахагъэм урителъхьэу, уэри теплъафIэу ущытыфу зегъасэ. Мис абы щыгъуэм уи хъуреягъыр фIы защIэу щытынущ. Ар зыхэплъхьэмэ, насыпри къэплъагъунущ.
- ЩIалэр унэм кIуэжри, зигъэкъэбзащ, къыжраIа псоми егупсысащ. Абы иджы ищIэрт насып щхьэкIэ зы щIыпIи укIуэн зэрыхуэмейр.
- ЗэзыдзэкIар Къэбарт Мирэщ.
- Зэпкърымыхауэ гъэжьа гуэгушыл
- Гуэгушыр ягъэкъабзэри, псы щIыIэкIэ фIыуэ ятхьэщI. Щхьэри, лъакъуэхэри, нэгэгъури, тхьэмщIыгъури зыхуей хуагъазэ. Гуэгушылми и кIуэцIфэцIми шыгъу щахуэ, фIыуэ хагъэхьэу. ИтIанэ ар дагъэ къэплъа зэрыт тебэшхуэм иралъхьэ, и щIыбыр егъэзыхауэ, кIуэцIфэцIри щIыгъуу. Гуэгушылым и щхьэфэм шатэ щахуэ, псы пщтыр тIэкIу щIакIэри, хьэкулъэкIэ ягъажьэ сыхьэтитI хуэдэкIэ. ЩыжьэкIэ езым къыщIэж псыри, шати гуэгушым щыхуэн хуейщ, и теплъэкIэ тхъуэплъ дахэ хъун щхьэкIэ. Лы жьар тебэм кърахыжри, тепщэчым иралъхьэ. Тебэм къина псыри дагъэри яз, езы тебэр ятхьэщIри гъущэу ялъэщIыж, ар мафIэм трагъэувэри тхъу иракIэ. Абы цIыкIу-цIыкIуурэ упщIэта бжьыныху, шыбжий плъыжь сыр хьэжа халъхьэри, бжьыныхум дыщафэ къытеуэху ягъэлыбжьэ. Гуэгушылым къыщIэжа лэпс дагъэр щIакIэ, мафIэ цIыкIу ящIри, тебащхьэр тепIауэ дакъикъи 6 — 7-кIэ къагъавэ. Те-бэр къытрахыж, джэдгын хаудэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 4 — 5-кIэ щагъэт. Iэнэм щытрагъэувэкIэ, гуэгушыр Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпкърах е якъутэ, тепщэчым иралъхьэри бжьыныху лыбжьэ тракIэж. ПIастэ хуабэ и гъусэу пщтыру яшх.
- Халъхьэхэр (цIыху тIощI Iыхьэ): гуэгушу — 1 (г 8000), тхъууэ — г 200, бжьыныху укъэбзауэ — г 300, шатэу — г 250-рэ, псывэу — г 150-рэ, лэпсу е псыуэ — г 460-рэ, шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- Къубатий Борис.
- Гугъэ яхилъхьащ
- Зы пщыхьэщхьэ гуэрым къуэм и анэр рестораным ишащ. Анэм и ныбжьыр хэкIуэтат, и Iэхэр кIэзыз хъуати, ишххэм щыщ кIэригъэщэщырт. ШхапIэм щIэсхэм мыарэзыщэу къыхуеплъэкIхэри яхэтт зэанэзэкъуэм. Ауэ къуэм и щхьэр Iэтауэ и анэм бгъэдэст, цIыхубзым и бостейм тригъэщащэIамэ, илъэщIыжу.
- Шхэн яуха нэужь, зэанэзэкъуэм зытхьэщIыпIэмкIэ яунэтIри, анэм и Iэхэр иригъэтхьэщIыжащ, и щхьэцыр хурилъэщIэкIщ, и нэгъуджэр захуэу хуIуигъэтIысхьэжри ежьэжахэщ.
- Рестораным щIэсу хъуар щыму еплъырт а пщыхьэщхьэм шхакIуэ къэкIуаитIым. Къуэм иужь зыкъригъанэри, ахъшэр иритауэ щыщIэкIыжым, зы цIыхухъу къэпсэлъащ:
- — Зыгуэр къыщIэбнауэ къыпщыхъуркъэ мы шхапIэм?
- — Зыри къэзгъэна хуэдэкъым, зиусхьэн…
- — Къэбгъэнащ, — жиIащ лIым. — Мыбы къуэуэ щIэсым дерс къахуэбгъанэри, анэу щыIэм гугъэ яхэплъхьащ!
- Дохъушокъуэ Синэ.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. Совет Союзым и ЛIыхъужь Къанкъуэщ … 5. Егъэлеяуэ зи мылъкур зэзыгъэзахуэ цIыху. 6. Таурыхъхэм хэт фызыжь хьилэшы. 8. Гъавапхъэ къэкIыгъэ. 10. Драматург Iэзэ. 12. … техамэ, къэбыр нэхъ IэфI мэхъу. 13. Пшынауэ, уэрэдус, КъБР-м и цIыхубэ артист. 14. ЩхьэпсынщIэ, щхьэгурахъэ. 15. … гъущэрылърэ фыз игъэп-лъа лIырэ. 16. … куэбжэ зиIэ … мастэ щощIэ. 18. Кавказым щыщ къалэ, цIыху мелуаным щIигъу дэсу. 20. Щэху къыжраIар е илъэгъуар зыхуэмыхъумэ цIыху.
- Къехыу: 1. IэмыкIуэлъэмыкIуэ. 2. Iэщым щIымахуэм ишхыну хуагъэтIылъ. 3. Курыт Азием я лIыщхьэхэм илъэсищэ, щитI ипэкIэ а цIэмкIэ еджэрт. 4. Щхьэц … 7. Жьэгу натIэм хэщIыхьа тегъэувапIэ. 8. Куэсэ … умыщI. 9. Пасэрей Iэщэ зэрыпыджэ. 11. Зи щхьэгъусэм къыбгъэдэкIыжа цIыхубз. 15. Сэхуран гъэлыгъуа зыщэхэм яшыхь тхылъымпIэ. 17. Губгъуэм ит Iэщыхъуэр щIыIэми уэлбанэми щызыхъумэ щыгъын. 18. Хьэпщхупщ шынагъуэ. 19. Дунейр егъэлеяуэ щыщIы-Iэ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Жэпуэгъуэм и 30-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 5. Теунэ. 6. Къургъакъ. 8. Ер. 9. Лагъым. 10. Тхъу. 14. Жыр. 15. Ауз. 16. Пхъы. 17. Бу. 19. Бзииху. 21. Гъуэ. 22. Унажэ. 23. Ахъмэт.
- Къехыу: 1. Деур. 2. Инал. 3. Гурым. 4. Саут. 7. Егъэулъий. 8. Ержыб. 11. Хъурыфэ. 12. Гъурц. 13. Гъупщ. 18. Уанэ. 19. Бажэ. 20. Хупхъэ. 21. Гъунэгъу.