Спортым, щэнхабзэм республикэм зыщегъэужьыным йогугъу
2021-08-21
- Иджырей пятиборьем зыщыхуагъасэ спорт IуэхущIапIэм и ухуэныгъэр зэрекIуэкIыр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ. Абы хухаха щIыпIэм лэжьакIуэхэм щIыр ухуэныгъэм щыхуагъэхьэзыр, инженер коммуникацэхэр далъхьэ.
- Комплексыр ящI «Демографие» лъэпкъ проектым и «Спортыр ди псэукIэм и мардэщ» къэрал проектым хыхьэу. Ухуэныгъэм сом мелуан 270-рэ хухахащ, ар 2022 гъэм и дыгъэгъазэм яухыну я мурадщ.
- Комплексым хэтынущ метр 42-рэ зи кIыхьагъыну, метр 24-рэ зи бгъуагъыну залышхуэ, езым и лъагагъынущ метрий нэхърэ мынэхъ мащIэ. Абы къикIыращи, унэм спорт лIэужьыгъуэ куэдми зыщыхуагъэсэфынущ, зэпеуэ зэхуэмыдэхэри щрагъэкIуэкIыфынущ. Проектым апхуэдэуи хэтщ Iыхьийуэ гуэша, метр тхущI зи кIыхьагъыну псыгуэн, иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэща тренажёр зал, спорт нэщанэуапIэ, комплексым екIуалIэхэм зыщагъэпскIыжыну, зытIэщIыпIэ-зыхуэпапIэ, нэгъуэщI пэшхэри.
- Мыбы щаухуэнущ зи гъунэхэм къэжыхьыпIэхэр иIэну футбол джэгупIи. Абы зэIущIэхэм еплъыну къакIуэхэр зэрысыну трибунэхэри хэтынущ.
- Республикэм и Iэтащхьэм апхуэдэуи зыщиплъыхьащ Ашуровым и цIэр зезыхьэ уэрамым щащIыну щэнхабзэ центрыр зыхуэзэну щIыпIэми. Ари 2022 гъэм къриубыдэу яухын хуейщ. Центрыр щIыным трагъэкIуэдэн папщIэ республикэм «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу къэрал бюджетым щыщу къыхуаутIыпщащ сом мелуани 197-м щIигъу. Щэнхабзэ центрыщIэм хэтынущ цIыху 200 зэуэ зыщIэхуэну пэшышхуэр, къыщыфэ, цIыхухэм я Iэпкълъэпкъым зыщрагъэшэщI, артистхэм къагъэсэбэп хьэпшыпхэр, я фэилъхьэгъуэхэр зыщIэлъынухэр, нэгъуэщI пэшхэри, класс хэхахэр щылэжьэнухэри, щыгъын фIэдзапIэхэри. А унэр и архитектурэкIи къащхьэщокI республикэм и адрей ухуэныгъэхэм — абы удз гъэгъа теплъэ иIэу ящIынущ. «ЦентрыщIэм сабийхэмрэ щIалэгъуалэм-рэ Iэмал псори щаIэнущ я творческэ зэчийхэр къызыкъуахынымкIэ, унэтIыныгъэ куэдкIи заужьынымкIэ», — къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
- Iэтащхьэм ухуэныгъэр езыгъэкIуэкIхэм пщэрылъ ящищIащ унэщIэхэм екIуалIэ гъуэгухэр тэмэму ящIыну икIи абыхэм къедза щIыпIэхэри зэIузэпэщу щытынми егупсысыну. «Дэ нобэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэр едгъэкIуэкIым и закъуэкъым, атIэ абыхэм я хъуреягъхэри догъэдахэ, къалэр зэрыщыту зэIузэпэщ дощI», — къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек. КъимыдэкIэ, «Шынагъуэншэ икIи фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ дызэрыт илъэсым зи гугъу ящIа уэрамхэм я гъуэгухэр, лъэс зекIуапIэхэр зэрагъэпэщыжынущ, гъуэгу Iуфэхэр къагъэнэхунущ, абыхэм щхъуантIагъэхэр щыхасэнущ.