ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2021-08-21

  • Лэгъунэ мафIэпэ
  • НысащIэр пщэфIэным, Iуэху щIэным япэу щрашалIэм деж бзылъхугъэ нэхъыжьыр хуэлъаIуэрт, жьэгум зэи мафIэр щымыкIуэсэну, къэкIымрэ къалъхумрэ Тхьэм щимыгъэщIэну.
  • Бзылъхугъэм я нэхъыфIым нысащIэу къызэрашэ лъандэрэ лэгъунэ мафIэу хузэщIагъэнар имыгъэкIуасэу зэрихьэрт.

  • КIэлъыгъэхуабэ
  • Гъуэгу техьам, зекIуэ ежьахэм кIэлъызэрахьэу щыта хабзэщ.
  • Унэм икIа нэужь, шхын ягъэхуабэрт, зэхэтIысхьэрти яшхырт, ежьам и Iуэхур къыдэхъункIэ хуэлъаIуэхэрт. Гъуэгу техьар псым икIыху кIэлъыпхъанкIэртэкъым, кIэлъыжьыщIэртэкъым, пхъэнкIий кIэлърадзыртэкъым.
  • Удж баш
  •  Уджым щызэрахьэ башщ, удж пашэм иIыгъыу. ДжэгуакIуэм (хьэтиякIуэм) ину къреIуэ удж пашэм и цIэр. Ар утыкум къихьа нэужь удж башыр IэщIелъхьэ. Ар дахэу, екIуу щIащ: дэ цIыкIурэ хъыдан къуэлэн дахэкIэ зэщIэблащ. Башыщхьэм бгъэ, къашыргъэ сурэт тращIыхь.
  • Япэм бжэныщхьэ тращIыхьырт. ХьэтиякIуэм удж башымкIэ уджыр зэрегъакIуэ, хэт сыт хуэфащэми абыкIэ игъэлъагъуэу. Удж башыр иIыгъыу удж пашэмрэ пщащэ дахэмрэ удж хъурейр зэхашэ.
  • Дзэхущ
  • Зы нарт хъыбар закъуэм къыхэщ лIыхъужьщ ар. Нарт шу хахуэщ, Лъэпщ и къуэщ. Шу хьэкъувэкъуу, ехьэжьауэ къыхощыж. Дзэхущ зауэм лIыгъэ щызэрихьарэ и бгъэр тIауэ, и щхьэр уафэм етауэ къэкIуэжу Тхьэгъэлэдж вийкIэ вэуэ хуозэ. Нарт щIалэм и щIыкIэр Тхьэгъэлэдж игу иримыхьу жеIэ: «Зи адэм и IэщIагъэр зымыдэжу нарт шу хасэу ежьэжа».
  • Дзэхущ ар щхьэкIуэ щохъу, алъпым йолъэдэкъауэри, вэуэ ежьэжа Тхьэгъэлэдж иужь йоувэ, зыгуэр ирищIэн и гугъэу. Ауэ лъэщIыхьэркъым. Апхуэдэурэ къекIуэкIыгъуищ къикIухьащ, япэкIэ къилъэдэни къримыгъэкIуу. Дзэхущ я деж мэкIуэжри, и адэм хуотхьэусыхэ.
  • «Зи адэм и IэщIагъэр зымыдэж, жери лIыжьым къызиудэкIащ», — жеIэ. Лъэпщ и къуэр къегъэгугъэ Тхьэгъэлэдж удын иригъэхьыну, къыжриIар имыгъэгъуну. Нартхэ я санэхуафэу Тхьэгъэлэдж жьантIэм дэсщ, абы Лъэпщ къыбгъурысщ, Дзэхущ бжэкъуагъым къуэтщ.
  • Тхьэгъэлэдж хъуэхъуащ, хигъэфыну бжьэр Дзэхущи къритащ. Дзэхущ бжьэм хэфри иритыжащ. Абдеж Лъэпщ и къуэм нащхьэ хуищIащ, «уеуэжынум — еуэж, еуэжыпIэ уихуащ» жыхуиIэу. Ауэ Дзэхущ къыхуегъэкIуакъым ар нэхъыжьым ирищIэн. Тхьэгъэлэдж бжьэр Дзэхущ къыIихыжри жиIащ:
  • «Сэ сывэу сыхэтт. Мы уи щIалэм и бгъэр итIауэ, и щхьэр уафэм иту, жьыр къыщепщэр имыщIэрэ, «сэ схуэдэ дэнэ щыIэ?» жиIэу къызбгъэдыхьауэ щытыгъащ».
  • Дзэхущ дерс хуэхъуащ Тхьэгъэлэдж лIыжьым и псалъэр. Нарт щIалэр укIытэри, санэхуафэм къыхэкIыжащ, и адэм и кIыщым кIуэри шууищэ я фащэ ищIащ, абыкIи къигъэлъэгъуащ ехыми зэфIэкI зэриIэр. Мы ныкъуакъуэм и лъапсэр, дауи, мыращ. Лъэпщ къыгуроIуэ и IэщIагъэм пщIэуэ иIэри, ар Тхьэгъэлэдж йоныкъуэкъу, абы фIэнэну и къуэри зэщIегъэст. Ауэ гъукIэ IэщIагъэр мэкъумэшым ипщэ кIуэ IэщIагъэкъым, абы и зы Iыхьэу щыт фIэкIа. Абы къыхэкIыу апхуэдэ дауэхэр Тхьэгъэлэдж и сэбэп хэлъу, уэим щIагъуэ къимыкIыу еух. Абы къыдэкIуэу, IуэрыIуатэм зэрихабзэу, мы хъыбарыр фIым хущIоджэ — Iущыгъэр зибэ нэхъыжьыр егъэлъапIэ.
  • Щай уриуасэкъым
  •  Зэныбжьэгъу щIалитI зодауэ, хэт нэхъ цIыху мыхьэнэншэми зэхагъэкIыну. Зыр нэхъ бзаджэу къыщIэкIри, и ныбжьэгъур иришэжьащ. Автобус къэувыIэпIэм деж щыт таксим бгъэдохьэри, йоупщI:
  • — Горькэм и уэрамым нэс дапщэ сызэрыпшэнур, си къуэш?
  • — ТумэнипщI?
  • — Си ныбжьэгъур си гъусэмэ-щэ?
  • — Апхуэдиз дыдэ.
  • Зигу зэгъа щIалэм и ныбжьэгъум зыхуегъазэри, жеIэ:
  • — БжесIатэкъэ, Мурат, щай узэримыуасэр.
  • ПщIэжрэ?
  • Зэкъуажэгъу щIалитIым зым адрейм щIыхуэ иритауэ зыкъом лъандэрэ къритыжыртэкъым. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым зэхуэзауэ уэрамым здрикIуэм, и щIыхуэ зэрытелъыр аргуэру игу къигъэкIыжыну укIытэрти, жыжьэу къыщригъэжьащ:
  • — Хьэбалэ, дауэ къыпщыхъурэ дунейм и щытыкIэр? ТIэкIу щIыIэтыIэщ, пэжкъэ?
  • — Уэлэхьи, пэжмэ, щыIэтыIэ сщIэркъыми, уаещ.
  • — ПщIэжрэ, а щIыхуэ щостам щыгъуэ хуабэ лыгъейуэ зэрыщытар?
  • Сэ насып сиIэт, ахъумэ…
  • — Уэлэхьи, Хьэжбий, нобэ сыщIэфлъхьэж пэтам, — жиIащ Дизыкъуажэ и ныбжьэгъум щыхуэзам.
  • — Сыту, Iэгъу? Къэхъуар сыт?
  • — Насып уиIэмэ, сыт хэлъ, ахъумэ нобэ сэ къэплъагъур метрибгъу зи кIыхьагъ пкIэлъейм сыкъехуэхащ, ауэ…
  • — Е зиунагъуэрэ, абы дауэ укъела-тIэ? — Хьэжбий гузавэу и ныбжьэгъур щызэпиплъыхьым:
  • — Аракъэ-тIэ, «ауэ» жыхуэсIэр. Сэ насыпыжьыр сиIэти, етIуанэ теувапIэм дежщ сыкъыщехуэхар, — жиIащ Дизыкъуажэ.
  • Автомашинэр гъуэгу зэрытехьар
  • Франджы инженер Ленуар Этьен (1822 — 1899) япэ дыдэу зэпкърилъхьат газкIэ лажьэ мотор зэрыт автомобиль. Ар уэрамым дэту цIыхухэм ямыдэу псалъэмакъышхуэ къэхъеят. Абы ипкъ иткIэ, 1865 гъэм «Бэракъ плъыжь» унафэр къыдэкIат. Унафэм зэрыжиIэмкIэ, а машинэр гъуэгум щрижэкIэ, бэракъ плъыжь зыIыгъ цIыху абы япэ иту жэн хуейт, зыгуэрым зэран хуэмыхъун щхьэкIэ.
  • *   *   *
  • Инджылызым и къалащхьэ Лондон и уэрамхэм япэ автомобилыр къыщыдыхьам щыгъуэ, абы ипэ иту зыгуэр жэрт, машинэ къызэрыкIуэр цIыхухэм яжриIэу, ахэр гъуэгум тригъэкIыу, сакъын зэрыхуейр ягуригъаIуэу.
  • Бжыгъэшхуэхэм  уагъэгужьей
  • ЩIым къыщыщIэдзауэ Дыгъэм нэс ику иту километр 149.597.870-рэ, Мазэм нэс — километр 384.400-рэ дэлъщ, ЩIыр сыхьэт 23-рэ дакъикъэ 56-рэ секунди 4-м зэ къокIэрэхъуэкI, ЩIым Дыгъэм и хъуреягъыр зы секундым км 29,8-рэ икIуу махуэ 365,25-м къелъэтыхь, ЩIым и щхьэфэр километр зэбгъузэнатIэ 510.100.000-рэ мэхъу, абы щыщу псым процент 71-р, щIым процент 29-р яIыгъщ. Абы нэмыщI, дэ зи хъуреягъыр къэтлъэтыхь Дыгъэр Шыхулъагъуэ галактикэм хэту зы секундым км 290-рэ икIуу мэкIэрахъуэ.
  • ЯмыгъэIу зэхахыркъым
  • Шхырыджэгу ныбалъэ, гъаблэ хъумэ, щхьэпIыж.
  • ШыщIэ къамылъхуам уанэ трелъхьэ.
  • Гъунэгъур унэгъущ, къигъунэгъужыр гъунэгъущ.
  • Закъуэныгъэ нэхърэ Iэл къыбдис.
  • Зэдэшхэ IэфIщи, зэдэфI унэщ.
  • Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым.
  • Хъуэжэ и бэщмакъыу зыкърегъанэ.
  • Шынэ зиIэм укIытэ иIэщ.
  • Хъумэ, зыфI, мыхъумэ, фIитI.
  • ЯмыгъэIу зэхахыркъым.
  • Псы Iуфэм Iусым псы икIыпIэр ещIэ.
  • ХъунщIэнрэ къуентхъынрэ зыщ.
  • Хьэ бзаджэ тIысыпIэншэщ.
  • Шым и лъакъуэ и бийщ.
  • УпщIэ и анэ фIэрафIэщ.
  • Хамэ дагъуэр лъагъугъуафIэщ.
  • Мыублэ мыхъумэ, мыух щыIэкъым.
  • ХущIэмыхьэ пIащIэрыпсалъэщ.
  • Псы мыгъавэ бдзэжьей хэсщ.
  • Мысэр малъэри, хейм и лъакъуэр щIеуд.
  • Гъэ мэкъумэш пэтрэ яух.
  • Гъэм и зы махуэм щIымахуэм уегъашхэ.
  • Гъэмахуэм гупкIэ жьауэри унэщ.
  • Гъэмахуэм къыумылэжьа щIымахуэм бгъуэтыжыркъым.
  • Гъэмахуэм Iэжьэ щIыи, щIымахуэм гу щIы.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 1. ПхъэIэщэм къызэригъэдзэкI щIы Iыхьэ. 5. Хьэжыгъэ икIи нэгъуэщI гъавэхэкIхэр зракIутэ. 6. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 7. ГъукIэм и лъэщапIэ. 10. ЩIымахуэ щыгъын. 12. УрысыбзэкIэ тхэуэ щыта адыгэ бзылъхугъэ усакIуэ цIэрыIуэ. 14. Унэм и зы Iыхьэ. 17. Пасэрей адыгэ лIыхъужь. Е IутIыж Борис и пьесэ. 21. «Нэхъыжьхэм къытхуэфщIам унафэ», «Си Заремэ», «ФIыуэ слъагъум сыкъыдоуджэкI», «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» икIи нэгъуэщI уэрэд дахэ куэдым я псалъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа усакIуэ. 23. Дуней псом щыцIэрыIуэ урыс тхакIуэшхуэ. 26. Щхьэгъусэ къэзышам и благъэщIэ. 28. Пхъэ кIапэ. 29. Псы зракIэ кумбыгъэшхуэ. 30. Иджыблагъэ Японием щекIуэкIа гъэмахуэ Олимп джэгухэм дыщэ медаль къыщызыхьа, КъалэкIыхьым къыщалъхуа спортсменкэ.
  • Къехыу: 2. Таурыхъхэм узыщрихьэлIэ шы лъэрызехьэ — мэлъэтэф, мэпсэлъэф. 3. АпхуэдизкIэ щIалэ махэщи, … къытетIысхьэмэ, и шхулъэр йопкI. 4. «Щихухэр иджыри …» — Къэрмокъуэ Мухьэмэд цIэрыIуэ зыщIа повесть. 8. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 9. Уафэм къех мыл тыкъыр цIыкIу. 10. Ику иту тонн 60 — 80 хуэдэ зи хьэлъагъ псэущхьэ. 11. КIуэ пэтми бжьиз зымыкIу. 12. ХадэхэкI. 13. … закъуэ мэз хъуркъым. 15. Гъэмахуэм Iэщым я фэр изых бадзэжь. 16. ЩыпсалъэкIэ зэIынэ. 18. … зыхэвэ нэхърэ — бжэн зыхэпкIэ. 19. Унэ зыухуэм къигъэсэбэп ткIуаткIуэ. 20. Iэщ. 22. Бын. 24. Къуэш … нэхърэ — ныбжьэгъуфI. 25. Iэрамэ хужь гъэгъахэр куэду къызыпыкIэ жыг. 27. КIыщокъуэ Алим и роман «Нал …». 29. Джэрэзыжу мылым къыщагъафэ.
  • Зэхэзылъхьар  Мыз  Ахьмэдщ.
  • ШыщхьэуIум и 14-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  •  ЕкIуэкIыу: 1. Хьэ. 4. Хъуп. 6. ТхьэкIумэкIыхь. 8. КIарц. 9. Кугъуэ. 10. Тхьэгъу. 13. Хьэрэ. 14. ЦIырхъ. 19. Курых. 20. Къуентхъ. 21. Ныджэ. 22. Псыжь. 24. ПщыукI. 26. ЩIакIуэ. 27. Матэ. 28. Пшыхь. 32. ИкIута. 34. Боз. 35. Балэ.36. Шындэбзий. 37. Лы. 38.             Гъур.
  • Къехыу: 1. ХьэмкIэ. 2. Щхьэц. 3. Хъыщт. 5. Пшагъуэ. 7. Мыгъуэ. 11. Къурыкъу. 12. Пырхъ. 13. Хьэх. 15. Хъан. 16. Брест. 17. Индыл. 18. ЕджакIуэ. 23. Жьым. 24. Пётр. 25. КIашэ. 26. ЩIыхь. 29. Билал. 30. Болэ. 31. Уэтэр. 33. Амыщ. 35. Бзий.