Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2021-08-07
- Хабзэм щыщщ
- Насыпыр фызым къыдокIуэ
- «Жылэм ягъэпуда лIыр фызыфIым къыдехыжри, фызым игъэпуда лIыр жылэми къахудэхыжыркъым», — жеIэ нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна псалъэжьым. НэгъуэщI псалъэжь купщIафIэхэри щыIэщ: Бжэгъу закъуэ хэси, фызыфIым уигъэунэнщ. ФызыфI и Iэнэ хьэзырщ. ЛIым и узыншагъэр фызым и фIыгъэщ. Насыпыр фызым къыдокIуэ. Унэр зыгъэунэри благъэр зыгъэблагъэри фызырщ.
- Мыбыхэм наIуэ къащI унагъуэр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, хабзэрэ нэмысрэ я жьэгу дэлъу псэуфын папщIэ унэгуащэм куэд дыдэ зэрелъытар. ЛIэщIыгъуэ куэдкIэ ямыгъэунэхуауэ жаIакъым «Бзылъхугъэр унагъуэм и шхэпсщ, лъэпкъым и къуэпсщ» псалъэ Iущхэр. АтIэ сыт хуэдэу унэгуащэр зэрыщытыпхъэр?!
- ЦIыхубзыр сыт щыгъуи нэхъ тэмакъкIыхьу, шыIэныгъэ хэлъу, хуэгъэкIуатэ ищIэу щытыпхъэщ. Абы къикIыркъым и щхьэр зыгуэркIэ игъэпудыжу. ЦIыхубзым и бзэ IэфIагъымкIэ, и гуапагъэмкIэ езыр зыхуей псор лIым иригъэщIэфу щытын хуейщ. Пэжщ, абы папщIэ Iуэхум акъыл хэлъу бгъэдыхьапхъэщ. ИувыкIыу макъ IэтакIэ цIыхухъум пэувыжыныр бзылъхугъэ щэнкъым, атIэ и щхьэр зэригъэпудыж хьэл мыхъумыщIэщ.
- Сыт хуэдэ Iуэху имылэжьми, дэнэкIэ зимыгъазэми, бзылъхугъэ щхьэгъусэм дахагъэр, къабзагъэр, гуакIуагъэр къебэкIыу щытыпхъэщ. Зэи мыубзэщхъужу цIыхубзым бгъэдэлъ Iэщэр и бзылъхугъэ щэнырщ. Фызыр абы кIэлъымыплъыж щыхъукIэ, ар унагъуэ зэтекъутэм и япэ лъэбакъуэщ.
- ЗэщхьэгъуситIым я зэхущытыкIэхэр, я тIасхъапIэ-быдапIэхэр цIыхубзым утыку ищI хабзэкъым. ЦIыхухъум апхуэдэу ищIэмэ, ар емыкIу дыдэщ. Зэдэпсэун щыщIадзагъащIэм щегъэжьауэ зэщхьэгъуситIым яку дэлъ пэжыгъэрщ абыхэм пщIэрэ щIыхьрэ зэрызэхуащI гъащIэ гъуэмылэу ягъуэтыжынури.
- Фызыр тхьэусыхэреймэ, унагъуэр гугъусыгъум хэкIыркъым. ЗэщхьэгъуситIыр зэгурыIуэмэ, Iуэху гуэша унагъуэм щызэдаIэкъым. Адыгэ нысэр и гуащэ-тхьэмадэ, нэхъыжь е хамэ щыту и бын едэхэщIэныр е ехъурджэуэныр къекIуркъым, апхуэдэщ абыхэм я пащхьэ и щхьэгъусэм щепсэлъэнри. Унэгуащэм щхьэгъусэм и дэтхэнэ Iуэхури диIыгъыу, абы и щIэгъэкъуэну, жыпIэнурамэ, гъащIэ гъуэгу баш хуэхъуфу щытыпхъэщ.
- ЗэщхьэгъуситIым нэхъ зэгъунэгъу дунейм теткъым, и нэчыхьым хуэпэжыныр къызэрымыкIуэ хабзэфIщ, унагъуэ, лъэпкъгъэдахэщ, я пщIэри лъагэу еIэт.
- Фызыр лIым дэтIысу шхэныр хабзэу щытакъым. Ар бзылъхугъэр ягъэикIэу аратэкъым, атIэ фIы псори зыхуагъэфащэ цIыхур и жьэ иущIу, зыгуэрым едзакъэу, жьэгъуашхэу ялъагъуну хуейтэкъыми аращ.
- Щхьэгъусэр къызэрыкIуэжынур зыщIэ бзылъхугъэр абы мыгъуэлъыжу ежьэмэ, гуапагъэщ, нэмысщ, пщIэ зэхуэщIынщ къикIыр.
- Шэрджэс Алий.
- Шхыныгъуэхэр
- Прунж кхъуейжьапхъэ
- Прунжыр зэхащыпыкI, фIыуэ ялъэсри, гъур хъуху ягъэгъущ. Прунж къабзэр яхьэжри, кхъузанэкIэ яухуэнщIыж. Шыуаным псы щIыIэ тIэкIу иракIэ, абы джэдыкIэ кугъуэ уда зыхэлъ шатэ хакIэри, дакъикъи 5 — 6-кIэ къагъэкъуалъэ. ИтIанэ а шатэ къэкъуалъэм, къыркуэ мыхъун щхьэкIэ зэIащIэурэ, прунж хьэжыгъэр хакIутэ. Шыуаныщхьэр ныкъуэтепIэу, зэзэмызи зэIащIэурэ, дакъикъэ 15 хуэдизкIэ къагъавэ, тхъу къыщIидзыху. Абы кхъуей цIынэ хагъэщащэ, зэIащIэурэ шыгъушыпс хакIэри, щыуаныщхьэр техауэ дакъикъи 4 — 5 хуэдизкIэ, хьэзыр хъуху, ягъажьэ. Кхъуейжьапхъэ жьар пщтыру тепщэчкIэ Iэнэм трагъэувэ. ПIастэ щIыIэ, чыржын, хьэлIамэ, щIакхъуэ дашх. Шэ хуабэ трафыхьыж.
- Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
- Псы щIыIэу — г 50
- Шатэу — г 260-рэ
- ДжэдыкIэ кугъуэу — зы ныкъуэ
- Прунж хьэжыгъэу — г 15
- Кхъуей цIынэу — г 15
- Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз
- КIэртIоф хьэнтхъупс
- Шыуаным тхъу иралъхьэри, мафIэ щабэм тету ягъэткIу. Абы зэпэплIимэурэ упщIэта бжьыныщхьэ халъхьэри, зэIащIэурэ ягъэлыбжьэ, шыбжий сыр хьэжа хакIутэ, зэIащIэурэ тхъуэплъ дахэ хъуху ягъэлыбжьэ. Абы псывэ къагъэхьэзырам щыщ бэлагъкIэ зэIащIэурэ щIакIэ, зэIащIэурэ мафIэ щабэм тету дакъикъитI-щыкIэ къагъэкъуалъэ. Абы халъхьэ IупщIэурэ упщIэта кIэртIоф. Псывэ къэнар щIакIэжри, шыгъу хадзэ, зэIащIэ. Шыуаныщхьэр трапIэри, хьэзыр хъуху мафIэ щабэкIэ ягъавэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсыр пэшхьэкум къытрахри джэдгын, бурш хаудэ, шыуаныщхьэр трапIэжри, дакъикъитхукIэ щагъэт. Пщтыру фалъэкIэ Iэнэм трагъэувэ. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх. Шати хэзыкIэ щыIэщ.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
- Тхъууэ — г 40
- Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 35-рэ
- Псывэу — г 900
- КIэртIоф укъэбзауэ — г 200
- Шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- «Адыгэ шхынхэр»
- тхылъым къитхыжащ.
- ЗэвгъащIэ
- Жьы хъуа псалъэхэр
- Хьэлыуэ Iэпищ. ФэрэкI къызэуза сабийр хъужа иужькIэ, хьэлIамэ хуагъавэрт, сабийм и Iэпищым и пIэ тедзауи гъунэгъухэм хуахьырт, я сабийр зэрыхъужам, иджы укъыкIэлъыкIуэ зэрыхъунум и щыхьэту.
- Гъуэгудэгъазэ. Мыр адыгэхэм хьэщIэм хуащI пщIэм, кIэлъызэрахьэу щыта хабзэхэм ящыщ зыщ. Къуажэм дэкIыу гъуэгу техьам, хьэщIэ къакIуэу илъагъумэ, къигъэзэжырти къуажэм нэс къигъэблагъэт, хьэщIэм хуит къищIыжм , и гъуэгум пищэжырт.
- Дыщрыс. Пасэ зэманым щыгъуэ нысэр унагъуэ ихьа иужькIэ, и дыщым илъэскIэ щис къэхъурт, зыхыхьа унагъуэм уасэр зэхуахьэсыху.
- Гущэкъуибзэ. Адыгэхэм хабзэу къадекIуэкIыу щытащ зы жэщым жылэм къыдалъхуа щIалэ цIыкIумрэ хъыджэбз цIыкIумрэ я гущэкъу зэхурабзэу. Ахэр балигъ хъуа иужькIэ унагъуэ хъун хуейуэ арат.
- ФщIэн папщIэ
- Уасэр къыщежьар
- Пасэрей алыдж тхыдэтх Геродот (ди эрэм и пэкIэ 490 — 425) зэритхыжамкIэ, пасэрей Иллирим (Балканхэм щыIа къэралыгъуэщ) хабзэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIырт. Зи дэкIуэгъуэ хъуа хъыджэбзхэр ящэхурт. Абдежым уасэр къыщежьауэ хуагъэфащэ.
- * * *
- Дыгъэм и радиусыр ЩIым ейм нэхърэ хуэди 109-кIэ, и щхьэфэр ЩIым нэхърэ хуэдэ 1.300.000-кIэ, и хьэлъагъыр — хуэдэ мин 330-кIэ нэхъ инщ. Дыгъэм и хьэлъагъыр абы и хъуреягъыр къэзылъэтыхь планети 9-м я хьэлъагъым нэхърэ хуэдэ 750-кIэ нэхъыбэщ. Ар нэхъ тэмэму къыбгурыIуэн щхьэкIэ, мыпхуэдэ щапхъи къэпхь хъунущ. Зы хъарбызышхуэрэ хугу хьэдзэ цIыкIурэ зэбгъэдэплъхьэмэ, сыт хуэдэу зэхуэхъурэ? Апхуэдэщ Дыгъэмрэ ЩIымрэ.
- * * *
- Япэ спутникыр СССР-м 1957 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м иутIыпщащ. Спутник IэрыщI нэхъыбэ дыдэ щаутIыпщар «Плесецк» космодромырщ — спутник 1.452-рэ. ЕтIуанэ увыпIэр абыкIэ зыIыгъыр Байконурщ — 1.031-рэ, ещанэр — Канавералщ (США) — 590-рэ.
- * * *
- ТхакIуэ-фантаст Уэллс Герберт и романхэм къыщигъэлъэгъуат: 1889 гъэм къыдигъэкIам — Iэщэ папщIэу лазер къызэрагупсысынур, 1899 гъэм — видеомагнитофон зэрызэпкъралъхьэнур, 1901 гъэм — автомобилхэр уэрамхэм дэмыхуэж зэрыхъунур, 1903 гъэм — зауэхэм танкхэр куэду къыщагъэсэбэпу зэрыхуежьэнур, 1914 гъэм — атомнэ Iэщэ шынагъуэр къызэрагупсысынур.
- Дохъушокъуэ Синэ.
- Теплъэгъуэхэр
- ГушыIэхэр
- Йокъури йожьэж
- Фэтэрым хэлъ уэзджынэр къозу. Бжэр Iуахмэ, лIы мыцIыху щытщ.
- — Фи кIрантIым псы къыдэжрэ?
- — Хьэуэ…
- — Щхьэщытхъухэ я унагъуэракъэ мыбы щыпсэур?
- — Хьэуэ, ахэр зэрыIэпхъуэрэ илъэс мэхъу…
- — ГъэщIэгъуэнщ мы цIыхухэр! Сантехникыр къраджэри, езыхэр йокъури йожьэж!
- Псэущхьэ тхьэмыщкIэ
- — Уа си гъунэгъужь, уи фызыр зэпымычу апхуэдизу зытекIиер хэт?
- — Ди хьэрщ.
- — Сыту псэущхьэ тхьэмыщкIэ ар. Ар унэм щIидзу IункIыбзэIухри къытрихыжыну абы дыгъуасэ жриIэрт.
- Билетыр хьэм ейщ
- МафIэгум и вагон зэпыхьэпIэм зылI итщ, хьэ абрагъуэ щIыгъуу.
- ГъуэгупщIэр зыта-зымытахэр къэзыпщытэр лIым щыбгъэдыхьэм, абы билетыр къригъэлъэгъуащ.
- — Хьэми къыхуэпщэхун хуеящ билет, — жиIащ кондукторым, зэрымыарэзыр и фэм къиIуатэу.
- — Ар хьэм ейуэ аращ.
- — Ууейр-щэ?
- — Сэ сиIэкъым. Ухуеймэ сикIынщ, мыр къыпхуизнэнщи.
- Бзэ IэфIу ущытын хуейщ
- — Си гъащIэм слъэгъуакъым жэмым жэщ-махуэм шэ литрищэ къыщIэкIыу. Ар дауэ къохъулIэрэ?
- — Бзэ IэфIагъырщ псори зэлъытар. Пщэдджыжьым Iуэм сыщIохьэри: «Сыт, си мамыжь, нобэ тщIэнур? Шэ къызэптыну хьэмэрэ лы сщэну?» — жызоIэри соупщI.
- Псалъэжьхэр
- Гум фIэIэфIыр нэм фlэдахэщ
- А сигу, зыIэжьэ, а си жьэ, зыубыд.
- Абдж щыкъуейм лъапцIэу ухэмыувэ.
- Закъуэныгъэ нэхърэ — Iэл къыбдис.
- Абы бгым зыщидзыжмэ, уэ вийкIэ увэну? («Умыфыгъуэ, умыижэ» жыхуиIэщ).
- Нанэм щlыгъур дадэщ.
- Адыгэ и хьэщIэ быдапIэ исщ.
- Гъунэгъур унэгъущ, къигъунэгъужыр гъунэгъущ.
- Нэгум щIэтыр нэм хуэдэщ.
- АдрыщIым ущIэдэумэ, мыдрыщIыр къыплъысынщ.
- Жьы зэрымысым нэмыс илъкъым, щIэ зэрымысым насып илъкъым.
- Ажалым пхъуантэ кIуэцIми укъыщигъуэтынщ.
- Насыпыр фызым къыдокlуэ.
- Гъатхэ дыгъэ си нысэ типси, бжьыхьэ дыгъэ сипхъу типсэ.
- КъуэфI и анэ гуфIэ щигъащIэркъым.
- Ажалым умылъыхъуэ — езым укъигъуэтынщ.
- Гум фIэIэфIыр нэм фlэдахэщ.
- Акъыл зимыIэм насып иIэкъым.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. Чыцэм къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэ гъуэжь гуащIэ цIыкIу. 4. «СыкIуэнт нэхъ псынщIэу схузэфIэкIым — мычэму си шыр согъэлъэхъу, … уэ фIыкIэ уигу сыкъэкIым, си гъуэгу кIыхь хъуну къызэхъуэхъу» — КIыщокъуэ Алим и усэ цIэрыIуэм щыщщ. 7. Мынэхъыжь, мынэхъыщIэ. 8. ЦIыху мелуанийм щIигъу щыпсэу, США-м щыщ къалэшхуэ Нью- … 10. Егъэлеяуэ ерыщ. 11. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 12. … зимыIэм дзажэпкъ иIэщ. 15. Адыгэ цейм и гупэм щыщ Iыхьэ. 16. Муслъымэн лъэпкъышхуэ. 19. Хьэмбылу лъэпкъ, цIыхум хущхъуэу къагъэсэбэп. 20. Шатэ е тхъуцIынэ гъэвэжам и щхьэм къищI дагъэ. 21. Шым и кIуэкIэ. 22. Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ. 25. Урысей Федерацэм и щIыналъэшхуэ, областхэр, крайхэр, республикэхэр къызэщIиубыдэу. 26. Адыгэ таурыхъхэм узыщрихьэлIэ псэущхьэ шынагъуэ, щхьэ зыбжанэ фIэту. 30. Нартыхур бгъэлъалъэмэ, ар къонэ. 32. Уэрэд зыбжанэ зытраусыхьа къуалэбзу лъакъуэ псыгъуэ кIыхь, пщэ кIыхь. 33. Нартыху щхьэкIэм къыдидз гъэгъа. 34. Къуажэм … щыхуэхъум, шум нэхъ хуэм зищIащ. 36. Шэнт … , е щIакхъуэ … 37. Езыр-езыру къэкI, кIэртIофым ещхь хадэхэкI. ЦIыхум яшх. 38. Щыгъупщэх, зи гум зыри изымыубыдэф цIыху.
- Къехыу: 1. Джэдкъазым, къуалэбзум я дамэхэм пхъашэу тетщ. 2. «Уэзы …» — адыгэ уэрэдыжь цIэрыIуэ. 3. Ди унэр … Iэджэу зэтетщ. 4. ЦIыхубз зэфIэнаитIым я зым адрейм иреутIыпщ: «Уи … къысщыхуэ!» 5. Уэшхрэ уэсрэ зыщIэт жьапщэ ин. 6. Хьэхуу ят мыхабзэ щыгъын. 9. АпхуэдизкIэ хьэкIэпычщи, гу кIуэм … къыкIэреуд. 13. Зеикъуэ къуажэм щыколхоз тхьэмадэу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь … Анзор. 14. Мэжаджэ, хьэтыкъ, чыржын, … 15. Адыгэ шхыныгъуэ ираф. 17. Зи тхьэмпэхэр щхъуантIэ-хужьыфэ, тхылъымпIэ къызыхах жыг. 18. Псыежэхым и адрей лъэныкъуэмкIэ къыщылъ щIыналъэ. 23. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ цIыхур щыту малIэ. 24. Iэпхъуамбапщэм и кIыхьагъым къиубыд пщалъэ. 27. Хьэиху- … 28. Зэпымыууэ уэс зытелъ бгышхуэ. 29. Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщ къуажэ. 31. ЦIыху залым, фIэкIыпIэншэ. 33. Уэрэд гууз. 35. Уеплъмэ — … , уеджэмэ — дэгу. 36. Шым и … макъ бом къыщIэIукIащ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Бадзэуэгъуэм и 31-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 1. Хъарып. 4. Куэбжи. 7. Сыр. 9. Тебэ. 10. Гурыхь. 11. Мыщэ. 12. Акъыл. 13. Блэ. 15. ЛаскIэ. 17. Къулъшыкъу. 19. Жэп. 20. Гъудэ. 21. Хъуэт. 24. Щэбэт. 25. Пщащэ. 26. КIэн. 28. Хьэсэ. 30. УмыщI. 32. ЩIалэ. 33. Бицу. 34. Шхуэ. 35. ЩтапIэ. 36. Фэдэн.
- Къехыу: 2. Акъбащ. 3. Псыбыб. 4. Кургъуокъуэ. 5. Жырыкъ. 6. Щтамылэ. 8. Щхьэлыкъуэ. 14. Ландыщэ. 16. КIапсэ. 18. Лъэхъуэщ. 22. ПщыхьэщIэ. 23. ЛъэгущIэуэ. 26. КIэрашэ. 27. Нэбгъэф. 29. Сэлэт. 31. Маисэ.