ЩIалэгъуэ
2021-08-07
- Жэрдэм и гур щыIэу
- КъэбэрдеймкIэ и гур щыIэу
- Сэрахъэ Алан илъэс 11-кIэ Москва къалэм щыпсэуащ, технологие IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылэжьащ, и щIэныгъэм APPLE, HP, DELL, NETAPP, CISCO, ADOBE, COREL компаниехэм щыхигъэхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжа нэужь, сабийхэм пасэу зыщрагъэужь, «Я сам» зыфIища IуэхущIапIэр къызэIуихри, игъэлэжьащ илъэситIкIэ. 2018 гъэм къыщыщIэдзауэ 2020 гъэ пщIондэ Сэрахъэр «Черкесский ренессанс» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу щытащ. Иджыпсту ар КъБР-м «Шынагъуэншэ республикэ» и къэрал IуэхущIапIэм и лэжьакIуэщ, республикэм и «Глонасс» РНИЦ-м и унафэщIщ.
- — Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэкIуэжыныр зы махуэ гуэрым нэху сыкъекIыу асыхьэту си щхьэм къихьа Iуэхутэкъым. Москва илъэси 8 хуэдэкIэ сыщылэжьа нэужьщ республикэм сыкъэкIуэжыну сызэрыхуейм сегупсысу щыщIэздзар, — жеIэ Алан. — Ауэ «дэнэ сыщылэжьэнур?» упщIэм сыкъызэтригъэувыIэжырт. Ауэрэ унагъуэ сыхъужащ икIи сабий дгъуэта нэужь, нэхъ куууэ сегуп- сыс хъуащ а Iуэхум. ИкIэм-икIэжым, са-бийр цIыкIу щIыкIэ дыкъэкIуэжыным тезухуащ, ныбжьыщIэхэм пасэу зыщрагъэужь центр къызэIусхыныр си мураду. ЕтIуанэ сабийр къыщытхэхъуэм, ар махуэ 40 зэрыхъуу, кхъухьлъатэм дыкъитIысхьэри дыкъэлъэтэжащ. Ар щIыжысIэращи, дыкъыщалъхуа Хэкум дыкъыщIэкIуэжар псом япэу сабийхэращ, ахэр зыщыщ лъэпкъым хэсмэ, я бзэрэ я хабзэрэ ящIэжу къэхъумэ нэхъ тфIэфIу аращ. Абыи къыщымынэу, Москва къалэшхуэм елъытауэ, узэрыбауэ хьэуа къудейр ди лъахэм нэхъ щыкъабзэщ, ерыскъыхэкIхэми нэхъ къэуат ящIэлъщ. А псор зэхэслъхьэжри, щIэблэр уи унэжь къыщыхъуныр зэрынэхъапэр къызгурыIуащ.
- Алан, зэрыжытIащи, фIэгъэщIэгъуэну щолажьэ КъБР-м «Шынагъуэншэ республикэ» и къэрал IуэхущIапIэм. Къэрал транспортхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу школ автобусхэм, дэIэпы- къуэгъу псынщIэм, мафIэсгъэункIыфI IэнатIэм я машинэхэм кIэлъоплъ, бжыгъэ зыужьыныгъэр ирагъэфIакIуэ. IэщIагъэлIхэм абдеж цIыхухэм яхуэщхьэпэну, я Iуэхухэр ядэзыгъэпсынщIэну сервисыщIэхэр къыщагупсыс, псалъэм папщIэ, абыхэм ящыщ зыщ «яндекс транспортым» и Iуэхутхьэбзэхэр илъэсым и кIэ пщIондэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэтраухуэну зэрамурадыр. «ЦIыхухэм сэбэп дазэрыхуэхъун лэжьыгъэщ дызыпэры-тыр. Абы къыхэкIыу къалэнхэр, къапщтэмэ, сыдихьэхыу согъэзащIэ, щIэ гуэрхэр гъащIэм зэрыхэтпщэнми иужь дитщ», — жеIэ Сэрахъэм.
- ЩIалэм и зэфIэкIыр «Шынагъуэншэ республикэ» IуэхущIапIэм къызэрыщысэбэпыр и фIыгъэу жыпIэ хъуну къыщIэ-кIынщ ЕгъэджэныгъэмкIэ Москва академием и юридическэ факультетым щIэныгъэ зэрыщызригъэгъуэтамрэ менеджеру лэжьэн щIидзэу, къалэшхуэм IT технологиехэм хэпщIауэ зэрыщылэжьамрэ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ, Сэрахъэ Алан жылагъуэ Iуэхухэми жыджэру зэрыхэтыр, псом хуэмыдэу «Черкесский ренессанс» щIыналъэ зэгухьэныгъэм къызэригъэ-пэщ лэжьыгъэм и гуащIэ зэрыхилъхьэр. ИлъэсипщI хъуауэ Iуэху щхьэпэ куэд къызэзыгъэпэщ зэгухьэныгъэм, зэрыжытIауэ, и унафэщIуи лэжьэну хунэсащ ар. Фигу къэдгъэкIыжынщи, IуэхущIапIэр япэ илъэсиплIым щIалэгъуалэм я зэхыхьэпIэ хуэдэу лэжьауэ арат, иужькIэ абы и къалэнхэми зиубгъуауэ, республикэм хабзэм тету щылажьэ зэгухьэныгъэ хъуащ.
- — КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ, ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэхэм дадолажьэ. Дызыдэлажьэр щIалэгъуалэращи, нэхъыщхьэу зытедгъащIэри абыхэм щIэныгъэ зэредгъэгъуэтынымрэ зэрызаужьынымрэщ. Псом хуэмыдэу егъэджэныгъэ, псапэ зыпылъ Iуэхухэр къызэрызэдгъэпэщыным дыхущIокъу, — дыхегъэгъуазэ Сэрахъэм.
- Иужьрейуэ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэ-кIа Iуэхухэм ящыщщ анэдэлъхубзэмкIэ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ къызэрызэрагъэпэщар. Аргудан къуажэ школым япэу щрагъэкIуэкIа а зэхьэзэхуэр апхуэдизкIэ псоми я гум дыхьати, щIыналъэ мыхьэнэ игъуэтри, Къэбэрдей-Балъкъэр псор къызэщIрагъэубыдащ. Уеблэмэ, абдежи къыщымынэу, Iуэхум къыхашащ Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгей республикэхэри. Зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэр мы гъэм ягъэIэпхъуэн хуей хъуащ коронавирусым зиубгъун зэрыщIидзэжам и зэранкIэ, икIи щогугъ бжьыхьэм ар ирагъэкIуэкIыну.
- — «Черкесский ренессанс» зэгухьэныгъэм телефоным требгъатхэ хъууэ гуэдзэнхэр зэхигъэуващ, «Я благодарю», «Псапэ» фIэщыгъэхэр яIэу. «Псапэ» гуэдзэныр зытещIыхьар дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ цIыхухэм защIэзыгъэкъуэну хуейхэм абдеж ахъшэ щызэхуахьэс хъуну аращ, — жеIэ Сэрахъэм. — Нобэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, сабийхэм щхьэкIэ ахъшэ зэхудохьэс жаIэу, цIыхухэр къэзыгъапцIэхэр куэд дыдэ хъуащ. Дэ ди зэгухьэныгъэм зэхуихьэс мылъкур зыхуэдизымрэ ар къызэрагъэсэбэпамрэ щынэры- лъагъущ ди гуэдзэным. А Iуэхур КъБР-м ЮстицэмкIэ, Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэхэм я нэIэм щIэту йокIуэкI. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, шынагъуэншагъэмкIи цIыхухэм я дзыхь къыдагъэзынымкIи. КъищынэмыщIауэ, къурмэным, нэщI- икIыж махуэшхуэхэм дежи псапэ дощIэ: Iэщ, мэл доукI, нэхъ хуэмыщIахэм яхудогуэш. 2020 гъэм коронавирусым зыщиубгъуа пIалъэм къриубыдэу, зэгухьэныгъэм ерыскъыхэкIхэр зэрылъ пакет миным нэс игуэшащ. Ар къыхэкIащ зэгухьэныгъэм зэпымыууэ зыкъыщIэзыгъакъуэхэм я ахъшэм. «Я благодарю» гуэдзэныр теухуащ цIыху щхьэхуэм е сабий гуэрым и узыншагъэр иригъэфIэкIуэжын папщIэ зыхуэныкъуэ мылъкур зэхуэхьэсыным. Иджыри мыпхуэдэ мурад куэд диIэщ, ауэ зэкIэ коронавирусыр зэран мэхъу, — жеIэ Алан.
- КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
- Iэпщэ Алим: Италием и щыIэкIэ-псэукIэм ухуегъэпабгъэ гъуазджэм
- Зи гугъу фхуэтщIыну щIалэм иджы япэу дытетхыхьу аращ, ауэ биографие купщIафIэ иIэщ, уеблэмэ Италием къыщыдэкI «La Stampa» газетым и напэкIуэцIхэм и цIэр тетыну хунэсащ. Iэпщэ Алим КъБР-м и Музыкэ театрым уэрэд щыжеIэ, баритонщ. Ар фIыуэ ялъэгъуащ игъэзащIэ лэжьыгъэхэм гури псэри зэрыхилъхьэм щхьэкIэ. Абыхэм ящыщщ Фигаро (Моцарт Вольфганг Амадей и «Свадьба Фигаро» оперэм), Тонио (Леонкаваллэ Руджеро — «Паяцы»), Микеле (Пуччини-Джакомо — «Плащ»), Старый цыган (Рахманинов Сергей — «Алеко»), Жермон (Верди Джузеппе — «Травиата»), Эбн-Хакиа (Чайковский Пётр — «Иоланта»), Томский (Чайковский Пётр — «Пиковая дама») партиехэр.
- Джэрмэншык къуажэм къыщыхъуа щIалэм КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтыр 2009 гъэм къиухащ. 2012 — 2015 гъэхэм Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым щеджащ, 2015 — 2018 гъэхэм и щIэныгъэм щыпищащ Глинкэ и цIэр зезыхьэ, Новгород Ищхъэрэ дэт къэрал консерваторэм — Урысейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, профессор Лившина Светланэ и деж.
- 2017 гъэм «ЩIалэгъуалэ оперэ студие» Iуэхум хыхьэу, Iэпщэ Алим Ростропович Мстислав и цIэр зэрихьэу Новгород Ищхъэрэм дэт филармонием и симфоние оркестрым и гъусэу Пучин-ни Джакомо и «Плащ» оперэм Микеле и партиер щигъэзэщIауэ щытащ. А гъэ дыдэм и щэкIуэгъуэм ар хэтащ «Новая опера» Москва театрым и концертмейстер пажэ, Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ Маргулис Аннэ и мастер-классхэм. Абдеж Алим франджы макъамэхэм нэхъ куууэ зыщыхигъэгъуэзащ икIи франджыбзэкIэ уэрэд зэрыжаIэм и щэхухэр зригъэщIащ. Апхуэдэу абы къехъулIащ, псалъэм папщIэ, Гуно Шарль и «Фауст» оперэм хэт Валентин и каватинэр.
- КъыкIэлъыкIуэу ар хэтащ нэгъуэщI мастер-классхэ-ми: Мариинскэ театрым и концертмейстер, Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ Соболевэ Иринэ иригъэкIуэ-кIами, РСФР-м и цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Лейферкус Сергей къызэригъэпэщами.
- 2018 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м Глинкэм и цIэр зэрихьэу Новгород Ищхъэрэ дэт къэрал консерваторэм и оперэ студием Iэпщэм щигъэзэщIащ Леонкаваллэм и «Паяцы» лэжьыгъэм хэт Тонио и партиер.
- А илъэс дыдэм Уфа къалэм Шаляпиным и щIыхькIэ щызэхэта етIуанэ дунейпсо зэхьэзэхуэм Iэпщэр дипломант щыхъуащ, 2018 — 2019 гъэхэм Темыркъан Юрий и щIыхькIэ Налшык къалэм щекIуэкIа дунейпсо фестивалхэми зыкъыщигъэлъэгъуащ.
- 2019 гъэм щIышылэм и 23-м Iэпщэ Алим Италием щыIэ OLTREILTEATRO MANAGEMENT дунейпсо агентствэм иригъэблэгъауэ щытащ Империя къалэм (Италие) щекIуэкIыну мастер-классхэм икIи мэлыжьыхьым и 9-м къыщыщIэдзауэ 17 пщIондэ ар хэтащ Империе, Монте-Карло (Монако) къалэхэм къыщызэрагъэпэща концертхэм. Бадзэуэгъуэм и 22-м Италием нэгъуэщI и зы къалэми, Себорга, Iэпщэм уэрэд щигъэзэщIащ.
- 2019 гъэм Алим ягъэ-кIуауэ щытащ Театр Иным щекIуэкI «New Opera World» гъэмахуэ оперэ-симфоние лабораторэм хэтыну. Покровскэм и цIэр зезыхьэ камернэ утыкум абы щигъэзэщIащ «Иоланта» оперэм хэт Эбн-Хакиа партиер. Ардыдэр абы утыку къыщрихьащ Рязань къалэм щекIуэкIа, Урысей къалэжьхэм я дунейпсо фестивалым.
- 2019 гъэм уэрэджыIакIуэм къыхуихуащ Чайковскэм, Рахманиновым, Римский-Корсаковым я романсхэр Ниццэ (Франджы) Эффруси де Ротшильд и виллэм, щекIуэкIа концертым щигъэзэщIэну.
- 2020 гъэм и щэкIуэгъуэм ар пашэ щыхъуащ Грознэ къалэм Магомаев Муслим и фэеплъу щызэхэта фестиваль-зэпеуэми.
- 2021 гъэм гъатхэпэм и 24 — 25-хэм абы Баронрэ Жермонрэ я партиехэр КъБР-м и къэрал Музыкэ театрым и утыку кърихьащ.
- Зэрытлъагъущи, Iэпщэ Алим зыIэригъэхьа ехъу- лIэныгъэхэр мащIэкъым икIи ахэр щыхьэт тохъуэ щIалэм и зэфIэкIым, ар и лэжьыгъэм зэрегугъур. Ауэ и Iуэху еплъыкIэхэри зыхуэдэр тфIэгъэщIэгъуэну абы упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ, ди гуапэщ къыджиIахэм фыщыдгъэгъуэзэну.
- — Алим, школ нэужьым псом япэу филолог IэщIагъэрщ зэбгъэгъуэтар. Уэрэд зэрыжыпIэнур хьэкъыу къыщыбгурыIуар сыт щыгъуэ?
- — Нэхъ ипэкIэ музыкэр къысфIэмыIуэхущэ хуэдэу щытащ. КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтыр къэзуха нэужь, уеблэмэ бухгалтеруи седжэжыну си гуращэу КооперацэмкIэ, экономикэмрэ правэмкIэ Белгород университетым Налшык къалэм щиIэ къудамэм сыщIэтIысхьэжауэ щытащ. Музыкэм си гъащIэр еспхыну сигу къэмыкIыххэми, абдеж ирихьэлIэу оперэм мащIэу сыдихьэхат. Ауэ, сэ езым згъэщIэгъуэжу, псори зэрыхъун хуейм хуэдэу зэхуэхъуащ. 2008 гъэм Америкэм и Штат Зэгуэтхэм сылъатэрт. Уэгум сыхьэт бжыгъэфIкIэ дитыну къыспэщылът. Кхъухьлъатэм Iэмал щыдиIэт фильм деплъыну е узыхуей макъамэр тебухуэу тхьэкIумэIулъкIэ уедэIуэну. Си пащхьэм къит экраным сеплъри, Паваротти Лучано и цIэр къэслъэгъуащ икIи седэIуэну мурад сщIащ. КъыкIэлъыкIуа сыхьэт 12-м къытезгъэзэжурэ седэIуащ абы игъэзащIэ арие нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщу 20-м нэблагъэм…
- США-м сыкъикIыжри, оперэм сыдихьэхыпащ. А гъуазджэм щыцIэрыIуэ артистхэмрэ композиторхэм-рэ къэслъыхъуэурэ седаIуэрт, зэзгъапщэрт, сэри абыхэм ещхьу зыгуэрхэр згъэзэщIэну сыпылът. Ауэ нотэ лъагэхэм сыщынэ- сым, си мурадхэр псори лъэлъэжырт. КъызэрыщIэкIамкIэ, си макъыр баритонт, тенор макъамэхэм сащIыпэмылъэщри арат. Ауэ абы щыгъуэм а псом хэсщIыкIыртэкъыми, а IэщIагъэм си пхъэ къызэрыщимыкIынум сегупсысырт. АрщхьэкIэ зэманыр кIуэхукIэ, уэрэд жысIэну сызэрыщIэхъуэпсми хэхъуэрт.
- 2011 гъэм Налшык къалэм концерт щитыну къэкIуащ Образцовэ Еленэ. Абы семыплъынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Концертыр зытехуа махуэ, мазэ, илъэс бжыгъэми зы къару гуэр хэслъагъуэрт — 11.11.11. ЗыщызмыгъэнщIу уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм седэIуащ концерт псом. Абы и ужькIэ нэхъ мыхъуми сеплъыжын хуейтэкъэ си зэфIэкIыр здынэсынум?! Чэнджэщ къызатащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист КъуийцIыкIу Валерий деж сыкIуэну. Пэжыр жысIэнщи, сыукIытэрт, си ныбжьыр илъэс 24-м нэсауэ IэщIагъэ щIэрыщIэу зэрызэзгъэгъуэтыным и ужь сызэрихьам щхьэкIэ. Сигу къэкIыжырт апхуэдэ дыдэу фут-бол джэгуным гувауэ, илъэс 15 сыхъуауэ, щIэздзауэ зэрыщытар (адрей сабийхэр абы илъэситхухэм хыхьэмэ) икIи абы зыри къызэримыкIар. Си Iуэхур абы езгъэщхьырти, уэрэд жыIэнми сыкъыкIэрыхуауэ къысщыхъурт.
- КъуийцIыкIу Валерий зыхуэзгъэзэну сыздэкIуэм, къызжиIэнури арауэ си гугъэт. АрщхьэкIэ, сызэримыгугъауи, абы къызжиIащ Iэмал имыIэу си макъым селэжьын, уэрэд жыIэным ар хуэзгъэхьэзырын зэрыхуейр.
- КъуийцIыкIу Валерий къыздэлажьэурэ еджапIэ щIэтIысхьэгъуэр къэблэгъащ. Унафэ гуэрым сы-къытеувыIэн хуейт: «Илъэс 25-рэ сыхъуащ, — жысIэрт, икIи, дызэрихабзэу, адэкIэ сызэгупсысыпхъэр еджэ-ныр зэ сухыу, унагъуэ сщIын зэрыхуейрт. АрщхьэкIэ си хъуэпсапIэр сфIытекIуэри, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым сыщIэтIысхьащ. Абы илъэситIкIэ сыщеджэри, Глинкэ и цIэр зезыхьэ, Новгород Ищхъэрэ дэт къэрал консерваторэм зезгъэдзыжащ. Ар къэзухащ 2018 гъэм.
- — Сыт хуэдэ лэжьыгъэкIэ утыку укъихьа?
- — Консерваторэм и еплIанэ курсым сыщIэсу Пучинни Джакомо и «Плащ» оперэр дгъэуват, абы сэ роль нэхъыщхьэр — Микеле и партиер — щызгъэзащIэу. А оперэр фIыуэ слъагъурти, си насып кърихьэкIауэ къызолъытэ еплIанэ курсым сыщIэсу ар згъэзэщIэну Iэ- мал сызэриIар. Спектаклыр щыдгъэуват Ростропович Мстислав и цIэр зэрихьэу Новгород Ищхъэрэм дэт филармонием.
- — НэхъыфIу плъагъу партиехэр уиIэ?
- — УэрэджыIакIуэхэм а упщIэм зэщхьу жэуап ират хабзэщ, «иджыпсту сызэлэжьырщ», — жыхуаIэу. Ауэ, сиIэщ, дауи, сэ згъэзэщIэну сфIэфI партиехэр. Ахэр, зэрыхабзэу, композитор хэхахэм епхащи, си дежкIэ нэхъ тыншыр абыхэм я цIэ къисIуэнырщ. Зы баритон уэрэджыIакIуэ щыIэу си фIэщ хъуркъым Верди Джузеппе фIыуэ имылъагъуу. Си хъуэпсапIэщ а композиторым и партие псори жысIэну. Абыхэм ящыщу къыхэзгъэщынут: Риголетто («Риголетто»), Ди Луна («Трубадур»), Дон Карло («Эрнани»), Дон Карлос («Сила судьбы»), Амонасро («Аидэ»), Яго («Отелло») партиехэр. Апхуэдэуи сыхуейт Пуччини Джакомо и «Тоска» оперэм Скарпие и партиер щызгъэзэщIэну. ПцIы хэмылъу, сфIэфIщ Чайковскэм и «Евгений Онегин», «Пиковая дама», «Иоланта» лэжьыгъэхэри. СыщIохъуэпс зэгуэр Вагнер Рихард и IэдакъэщIэкIхэм щыщи згъэзэщIэну. Ауэ абы ейхэр нэхъ балигъ лэжьыгъэу къызолъытэри, иужькIэщ.
- — Оперэ уэрэджыIакIуэ-хэм узыдэплъей, щапхъэ пхуэхъу гуэрхэр яхэт, Алим?
- — Пэжыр жысIэнщи, апхуэдэхэр куэд мэхъу. Ауэ нэхъыбэу ахэр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэмрэ икухэмрэ хиубыдахэращ. Баритоным и дежкIэ куэд жызыIэ цIэхэм ящыщщ Руффо Титтэ, Бастианини Этторе, Меррилл Роберт, Протти Альдо, Бек-ки Джино сымэ. КъищынэмыщIауэ, къыхэзгъэщынут Карузо Энрико, Монако Дедь Марио, Корелли Франко сыми. Апхуэдэуи бзылъхугъэхэм ящыщу къыхэзмыгъэщу слъэкIынукъым оперэм и гуащэ Каллас Марие, Нильсен Биргит, Димитровэ Генэ, Прайс Леонтинэ. Мыпхуэдэ цIыху цIэрыIуэхэм иджыри пщIы бжыгъэ къапыбгъэувэфынущ, къапщтэмэ.
- — Лъэпкъ уэрэдхэм дауэ уахущыт?
- — Лъэпкъ уэрэдхэм щыщ гуэрхэри згъэзэщIэфыну къыщIэкIынт, хэт ищIэрэ, мыгувэу жысIэнкIи хъунщ. Ауэ, абы сызэреплъращи, нобэ дызэрыгушхуэнщи, лъэпкъ уэрэдхэр зыгъэзэщIэн диIэщ куэду. Абы къыхэкIыу куууэ а Iуэхум зыдезгъэхьэхыну сыхуейтэкъым. Къапщтэмэ, мы гъэм КъБР-м и Музыкэ театрым и лэжьэгъуэр къызэIуихыжмэ, Молэ Владимир «Къамботрэ Лацэрэ» и оперэм елэжьын щIэддзэнущ. Апхуэдэуи иджыпсту зы уэрэд сиIэщ анэдэлъхубзэкIэ се-лэжьуи, къызэхъулIэмэ, зэман гъунэгъум зыщIыпIэ щызгъэзэщIэнкIи хъунщ.
- — Оперэм и хэкуу къалъытэ Италием ущыIащ. Уи лэжьыгъэм ар зыгуэркIэ сэбэп хуэхъуауэ къып- щыхъурэ?
- — Италием и къалэ зыбжанэм уэрэд щыжысIащ, Себорга пщы къэралыгъуэри яхэту. Псом япэу цIыхухэр гуапэу къызэрытIущIар си гум къинэжащ. Италием езым и щыIэкIэ-псэукIэм ухуегъэпабгъэ гъуазджэм, щэнхабзэм ухэтыну. Абы зыкъызэрыщызгъэлъэгъуамрэ къызэрыщысIущIамрэ тызо- щIыхьри, гъуэгуанэ сызыте-хьамкIэ сыщымыуауэ къысщохъу. Къэралхэм я гъунапкъэхэр къызэIуахыжмэ, сыщогугъ адэкIи Европэм зыкъыщызгъэлъэгъуэным пысщэну.
- — Уи мурадхэр къохъулIэну ди гуапэщ, Алим.
- Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
- IэщIагъэхэр
- Куэд зыхузэфIэкIыну узыщыгугъхэр
- Шыпш Жаннэ къиухащ Налшык къалэм дэт гимназие №29-р. ИужькIэ ар Ипщэ федеральнэ университетым, Архитектурэмрэ гъуазджэхэмкIэ академием (Ростов къалэм) щеджащ, архитектор IэщIагъэ зригъэгъуэтащ. Жаннэ и диплом лэжьыгъэр зытриухуауэ щытар къат куэду зэтет унэм и проектырт. Ар къыхахауэ щытащ Дон Iуфэ Iус Ростов къыщызэрагъэпэща выставкэм щагъэлъэгъуэну.
- — IуэхущIапIэм и проектым сы-щелэжьым къалэн нэхъыщхьэу зыхуэзгъэувыжар пэш кIуэцIхэр зэгъэзэхуауэ къызэгъэпэщыным и закъуэтэкъым, атIэ гулъытэшхуэ хуэсщIат япэ къатищыр зыми емыщхь сабийхэм зыщрагъэужь IуэхущIапIэу къызэрагъэсэбэпыфынум, — жеIэ Жаннэ.
- ЛэжьыгъэмкIэ хъыджэбзым и мурадащ зи зыужьыныгъэм ныкъусаныгъэ иIэ сабийхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащIыным цIыхубэр къыхуриджэну.
- ЕджапIэ нэхъыщхьэр къиуха нэужь, Шыпш Жаннэ и щIэныгъэм щыпищащ Прагэ дэт Техникэ университетым и магистратурэм. Щеджэ зэманым ар Дубай стажировкэ ягъэкIуащ икIи и япэ проектыр зытриухуар хьэхэмрэ джэдухэмрэ папщIэ хьэщIэщым и проектырщ. КъыкIэлъыкIуэ илъэситхум Жаннэ щылэжьащ «Zebra Projects» британ компанием. Абы ар щелэжьащ Next, Mothercare, Victorias Secret, Hamleys, Topshop Topman, Monsoon бренд цIэрыIуэхэм дизайн проектхэр яхуэщIыным.
- ИужькIэ Шыпшым езым IэщIагъэлI гуп зэщIигъэуIуэри, елэжьын щIидзащ электрокъарур мащIэу къыщыбгъэсэбэпыфыну таунхаусхэм. Жаннэ и проектхэмкIэ унэ щащIащ Урысейми Хьэрып Эмират Зэгуэтхэми. Иджыпстуи абы и гупыр и гъусэу дунейпсо проектхэм йолэжь.
- 2020 гъэм абы Налшык къалэм къыщызэIуихащ архитектурэ ухуэныгъэхэм я проектхэр зэращIым студентхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ щыхигъэгъуазэ, «Архитектурэ Хаб» зы-фIища платформэр. Абы екIуалIэхэр мы зэманым йолэжь Ныкъуэдыкъуэхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ центрым и проектым.
- АЛЪХЪО Дыжьын.