ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-07-24

  • ТхьэкIумэкIыхь
  • Шынэкъэрабгъэ
  • Таурыхъ
  • Псей жыгым и лъэдийм кIэрыгъэщIауэ жей Мыщэр гъы макъым къигъэушащ. Ар едэIуапэри, ТхьэкIумэкIыхь цIыкIур зэщыджэрт.
  • Сыту сынасыпыншэ сэ! Сыту сытхьэмыщкIэ сэ! Сэр фIэкIа яшхын щхьэ ямыгъуэтрэ къашыргъэми, дыгъужьми, бажэми. Сэри абыхэм сащошынэри, къызэрыслъагъуу зызогъэпщкIу. Апхуэдизу щхьэ сышынэкъэрабгъэ? — зиухыжыпэрт псэущхьэ цIыкIум.

  • Мыщэжьым ар фIэгуэныхь хъуауэ едэхэщIэну зыщиIэтым, Iэуэлъауэм игъэщта, ТхьэкIумэкIыхьыр щIэцIывэжащ.
  • Мыщэжьыр тэлайкIэ абы кIэлъыплъа иужь, и щхьэр игъэсысщ, и жьэпкъым етIэхъури пыгуфIыкIыу ежьэжащ.
  • Пщэдджыжьым жьыуэ къэуша Къанжэм хуейм и курыкупсэм ит ашыкышхуэм занщIэу гу лъитащ. Псом япэ псори зэзыгъэщIэну зыфIэфI Къанжэм ар гъунэгъуу щызэпиплъыхьым къилъэгъуащ «Нэхъ шынэкъэрабгъэ дыдэ псэущхьэм ейщ» жиIэу зэрытетхар.
  • Уэ-хьэ-хьэхь! Сызэрытеун къэзгъуэтащ. Бажэм дежкIэ секIуэкIынщи згъэбэмпIэнщ, жиIэри ежьащ.
  • Бажэр щхьэукъуауэ Iуащхьэм тести, Къанжэм къигъэщтащ:
  • Бажэ цIыкIу, хэт нэхъ лъэщ дыдэу мы мэзым щIэсыр? — жери.
  • Емынэм уимыхькIэ уэ бзу кIэкIэрейр, сыкъэбгъэщтащ! Ар сыт упщIэкIэ делэ! Сэращ нэхъ лъэщ дыдэр! Ар япэрауэ. ЕтIуанэрауэ. Iэмалищэрэ зырэ зыщIэ Бажэ-жьым къилъхуахэм сащыщщи, сэр нэхърэ нэхъ Iэмалшыи мы мэзым щIэскъым.
  • НтIэ нэхъ шынэкъэрабгъэ дыдэр хэт? — увыIэрткъым Къанжэр.
  • Си жейр степхуащ, Къанжэ. Уи цыр сымыщ щIыкIэ зыIуегъэх! — губжьащ Бажэр.
  • Хъунщ, хъунщ, умыгубжь. Шэджагъуэ нэужьым хуейм деж накIуэ, зэхуэс щыIэнущи, жиIэри Къанжэм Дыгъужьым дежкIэ игъэзащ.
  • Дыгъужьыр мэжалIэти гукъыдэжыншэу Къанжэм къыIущIащ:
  • Сигу ирихьын хъыбар къысхуумыхьамэ, къызжиIакъым жумыIэж, зыц къыптезнэнкъым. ИIэ, къипхъ…
  • Зы упщIэ закъуэ сиIэу арат, Дыгъужьыжь, зыхуигъэцIыкIуащ абы Къанжэм. — Хэту пIэрэ нэхъ шынэкъэрабгъэ дыдэу мы мэзым щIэс псэущхьэр?
  • Арат иджы къысхуумыгъэфащэу къэнэжар! Сэра шынэкъэрабгъэкIэ узэщыр! ЗыIуегъэх, узыIурызмыдзэ щIыкIэ.
  • Хъунщ, хъунщ, умыгубжь. Шэджагъуэ нэужьым хуейм деж накIуэ, зэхуэс щыIэнущи, жиIэри Къанжэр лъэтэжащ адрей псэущхьэхэм хъыбар яригъэщIэну.
  • Шэджагъуэ нэужьым мэзым псэущхьэу щIэсыр хуейм деж щызэхуэсауэ ашыкым щхьэкIэ зодауэ, зэрофыщI. Шынэкъэрабгъэу зыми зимумысыжми дэтхэнэми ашыкыр езым ейуэ тхьэ иIуэрт.
  • Дыгъужьым лъэщыгъэкIэ ашыкыщхьэр яфIытричри и гурыIупсыр къажэу ашыкым щиплъэм:
  • Хэт нэхъ шынэкъэрабгъэр? — жиIэу гъуахъуэу Мыщэр къипщащ.
  • Псэущхьэхэр щтэри псори щхьэж и занщIэу мэзым щIэлъэдэжащ, ТхьэкIумэкIыхь закъуэм фIэкIа къэмынэу.
  • Уэ ущIэпхъуэжакъыми-тIэ? — зыхуигъэзащ абы Мыщэм.
  • Сэ, зиусхьэн Мыщэ, псом нэхърэ сынэхъ шынэкъэрабгъэщ, жиIащ абы и макъыр кIэзызу.
  • Уэра нэхъ шынэкъэрабгъэр? Зыплъыхьыт-тIэ! Дэнэ щыIэ Дыгъужьри, Бажэри? Ахэр псори къысщышынэри щIэпхъуэжащ. Уэ зы закъуэращ си пащхьэм къинар. ТхьэкIумэкIыхь цIыкIу, умышынэу, ущIэмыпхъуэжу пэжыр жыпIащи уэр нэхърэ нэхъ лIыхъужь мы мэзым щIэскъым. Ар сыт щыгъуи уигу игъэлъ.
  • А тIур зэбгъэдэту къэзылъэгъуа псэущхьэхэм Мыщэр зи ныбжьэгъу ТхьэкIумэкIыхьым и Iей абы иужькIэ зэрахуэжакъым.
  • ЗэзыдзэкIар Мэлей ФатIимэщ.
  • Теплъэгъуэхэр
  • Налшык къалэм и щIыпIэ дахэхэм ящыщ зым. 2021 гъэ

  • ЖыIэгъуэхэр
  • ЦIыхубзыр уи яужь къихьэмэ…
  • Унагъуэм тхьэмадэр и щхьэщ, унэгуащэр — и псэщ.
  • ФызыфIрэ лIыфIрэ зэнатIэкъым.
  • ЦIыхубзыр къарууншафэ къарущ, цIыхухъур къарууфIафэ къарууншэщ.
  • ЦIыхубзыр уи яужь къихьэмэ — узыIэрегъэхьэ, къыкIэлъыбжыхьу щIэбдзамэ — пIэщIэкIащ.
  • Уипхъу жепIэрейр езы уи нысэм зэ еIуэтылIи, утыншыжащ.
  • ЦIыхубз дахэр зэ фэладжэ мэхъуж, лъагъугъуафIэр сыт щыгъуи лъагъугъуафIэщ.
  • Дахэр гъуджэ иплъэреймэ, лъагъугъуей мэхъу.
  • ЦIыхухъукIэ насыпыфIэ цIыхубзымрэ цIыхубзкIэ насыпыфIэ цIыхухъумрэ нэгъуэщI щIремыхъуэпсыж.
  • Дыгъуасэ сомыр ирикъухьащ, нобэ кIэпIейкIэ къелъыхъуэж.
  • Дизыкъуажэ нафIэгуфIэщ, къыIэрохьэри хамэ Iыхьэ.
  • Зезыхьами хьилагъэ, къигъэщIакъым гъащIитI.
  • Насыпыр къулеягъэм къыдэкIуэркъым.
  • Къулыкъум къихьа щIыхьыр жыжьэ нэсыркъым.
  • Бейтыгъуэн Сэфарбий.
  • Псалъэ пэжхэр
  • Адыгэ  и  хьэщlэ быдапlэ  исщ
  • Гур кlуэдмэ, лъэр щlэкlкъым.
  • Быдэ и анэ гъыркъым.
  • Бысымыр хьэщlэм и lуэхутхьэбзащlэщ.
  • Адрыщlым ущlэдэумэ, мыдрыщlыр къыплъысынщ.
  • Акъыл зиlэм шыlэ иlэщ.
  • Банэ хуэдэ зэхэплъхьэр данэ хуэдэу зэхэпхыжынщи, данэ хуэдэ зэхэплъхьэр банэ хуэдэ зэхэпхыжынщ.
  • Бэлэрыгъым гъатхэр къыхуэлъэщ.
  • Адыгэ и хьэщlэ быдапlэ исщ
  • Гугъэ нэпцlыр щхьэгъэпцlэжщ.
  • Бгъащхъуэ гушхуар жьындум жьэхэхуэри ишхащ.
  • Бгъуэ егъапщи, зэ пыупщl.
  • Гужьеигъуафlэ унэхъугъуафlэщ.
  • Бзаджэ гъусэм мысэ уещl.
  • Гунэс ямыщl саугъэт умыщl.
  • Акъылыфlэм делэми бзэ къыхуегъуэт.
  • Бзылъхугъэ пшэрыхь хущанэ.
  • Биижь умыгъэблагъи, уи адэ и благъэжь умыбгынэ.
  • Бийр къыпщытхъурей хъумэ, умыбэлэрыгъ.
  • Блэр мэжей жыпlэу и кlэм утемыувэ.
  • Губгъуэм ущымыкъэрабгъэ, унэм ущымылlыхъужь.
  • Гъуэгужьрэ фызыжьрэ умыбгынэ.
  • Бэрэ хашэ иш фlокlуэд.
  • Бгитlыр зэlущlэркъым, цlыхуитlыр зэlуощlэ.
  • Гъуэгум лъыхъуэркъым — щlоупщlэ.
  • Анэм лъэгу щlэтын зыхуэщl.
  • Ахъшэ мыбж зэlахыркъым.
  • Хъуэхъу
  • Иорданием щыпсэу Шыфэкъуж Санэ и ныбжьыр нобэ илъэс тIощI ирокъу
  • Санэ ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр зиIэ бзылъхугъэ цIыкIущ. Ар Амман и университетым дизайнер IэщIагъэм щыхурагъаджэ и факультетым щIэсщ, етIуанэ курсщ.
  • Ди хъыджэбз цIыкIу! Дынохъуэхъу сыт и лъэныкъуэкIи ехъулIэныгъэ уиIэну, гукъеуэншэу упсэуну, уи анэ Данэрэ уэрэ фыздэузыншэну! Дунейм фIыгъуэу тетыр къоуалIэми тфIэмэщIэнущи, насыпыфIэ дыдэ Тхьэм уищI. Еджэныгъэм ущыпашэрэ узыхэтми уакъыхэщу, гуныкъуэгъуэр уи мащIэрэ гъащIэм гухэхъуэгъуэ къуиту, гукъыдэжыр уи бэрэ дэрэжэгъуэр уи бащэу, жыхуэпIэм уи Iэр техуэрэ абы къыпэкIуэ гурыфIыгъуэм уигъэину упсэуну ди гуапэщ.
  • Дадэ Мухьэмэд, нанэ Розэ.
  •  
  • Унэгуащэхэм  папщIэ
  • IэфIу, теплъэ дахи иIэу
  • Куэдрэ щылъу зэкIуэкIыу щIэзыдза щIакхъуэм и мэр ар щахъумэ щIакхъуалъэм къыщищтэ щыIэщ. Абы щыгъуэ щIакхъуалъэр серчэкIэ ятхьэщIри, мэр мэкIуэд.
  • *   *   *
  • Лэпсым шыпс къыхэфщIыкIын фи гугъэмэ, лыр вэным зы сыхьэт ныкъуэ къэнэжауэщ абы шыгъу щыхэвдзэнур.
  • *   *   *
  • Тэмэму укIэлъымыплъурэ лэпсым къытрищIэ тхъурымбэр шыуан лъабжьэм етIысэхамэ, абы псы щIыIэ тIэкIу хэпкIэмэ, ар и щхьэм къыдокIуеижри, тыншу къытыбохыж.
  • *   *   *
  • Котлетым хэфлъхьэн джэдыкIэ фимыIэмэ, фымыгужьей. ДжэдыкIэм и пIэкIэ лы хьэжа грамм 250-м хуэзэу кIэртIоф хьэжыгъэ бжэмышхышхуэ ныкъуэ хэфлъхьи, котлетыр зыкIэрыщэщынукъым, IэфIи хъунущ, теплъэ дахи иIэнущ.
  • *   *   *
  • Кофе къызэрагъавэ хьэкъущыкъум и кIуэцIыр кхъуэщыныфэ-фIыцIафэ ещI, ар кIэрегъэкIыж псым лимон бзыгъэ хэлъу къэбгъэкъуалъэмэ.
  • *   *   *
  • Шхыныр щагъэхьэзырым кIэрисхьамэ, кIэструл кIуэцIым и лъабжьэр гъэкъэбзэжыгъуей щыхъу щыIэщ. Абы щыгъуэм кIэструлым шыгъушыпс иту жэщым щагъэт, пщэдджыжьым мафIэ щIащIэ, шыгъушыпсыр къагъэкъуалъэри, ар къабзэ мэхъуж.
  • Шхыныгъуэхэр
  • Былым тхьэмщIыгъу гъэбэкхъа
  • ФIыуэ тхьэщIа тхьэмщIыгъур Iыхьэурэ яупщIатэ, гъумагъыр см 3-4, кIыхьагъыр см 10 хъууэ, абыхэм сэкIэ гъуанэ цIыкIу хуащI, ямыугъуэныпэу. Шыгъу щахуэ. ИтIанэ а гъуанэ цIыкIухэм бжьыныху хьэдзэ упщIэта, шыбжий сыр упщIэта иралъхьэ, гуэдз хьэжыгъэм фIыуэ хакухьри, тебэм ит тхъу къэплъам халъхьэ. Iыхьэхэр лъэныкъуитIымкIи тхъуэплъ дахэ хъуху ягъажьэ. Шатэпс щIакIэ, тебащхьэр трапIэжри, мафIэ щабэм тету хьэзыр хъуху ягъэбэкхъ. Iэнэм пщтыру, тебэм къина шатэпсри текIауэ тепщэчкIэ трагъэувэ. И щхьэм бжьын упщIэта тракIутэ. Дашх пIастэ, мырамысэ хуабэ, чыржын, щIакхъуэ.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
  • тхьэмщIыгъуу — г 600,
  • бжьыныху укъэбзауэ — г 20,
  • шыбжий сыр мыхьэжауэ — г 5,
  • тхъууэ — г 80,
  • бжьыныщхьэ упщIэтауэ — г 60,
  • шатэпсу — г 250-рэ,
  • шыгъуу, гуэдз хьэжыгъэу — узыхуейм хуэдиз.
  • Зэпкърымыхауэ гъэжьа джэд
  • Джэд гъэкъэбзар псы щIыIэкIэ ятхьэщI, хъыдан къабзэкIэ ялъэщIыж, ягъэгъущ. Абы и кIуэцIыр яшыу, шыгъу, шыбжий сыр, бжьыныху уба щахуэурэ. Джэд щIыбым шыгъу фIэкIа щахуэркъым. ИтIанэ тебэм дагъэ иракIэри, къагъэплъ пщтырагъыр градус 200-м нэсыху, абы джэд шыуар халъхьэ и щIыбыр егъэзыхауэ. ЗэрагъэдзэкIыурэ тхъуэплъ дахэ хъуху дакъикъи 5-7-кIэ ягъажьэ. ИужькIэ джэдыр зэрилъу тебэр хьэкулъэм ирагъэувэри, дакъикъэ 25-рэ хуэдизкIэ ягъажьэ, зэзэмызэ зэрагъэдзэкIыурэ. Джэдылыр мыпшэрмэ, щагъажьэкIэ джэд щIыбым шатэ щахуэ, тхъуэплъ дахэ ищIын щхьэкIэ. Джэд жьар хьэкулъэм кърахыжри, хуеймэ зэрыпсоуэ е Iыхьэ-Iыхьэурэ упщIэтауэ Iэнэм тралъхьэ. Тебэм къина дагъэри езы джэдым къыщIэжа псыри тракIэж. Къазри бабыщри апхуэдэ дыдэу ягъажьэ хъунущ. ПIастэ, щIакхъуэ и гъусэу пщтыру яшх.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ):
  • джэд гъэкъэбзауэ — г 1100-рэ,
  • сэхуран дагъэу — г 100,
  • бжьыныху укъэбзауэ — г 30,
  • джэдым щахуэ шатэу — г 50,
  • шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
  • Къубатий  Борис.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 3. Уэс … е хьэлыуэ … 5. ЦIыху къарууфIэ. Е щыхь ин лъэпкъ. 7. Сабий цIынэ быдзафэ. 8. Пшынауэ цIэрыIуэ, гъэсакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист. 10. Сабий гъыринэр абыкIэ ягъэудэIу. 12. Мэлыц щабэ. Е … бостей. 14. УэрэджыIакIуэ Iэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист … ЛутIэ. 17. Зеиншэ. 18. Пхъэщхьэмыщхьэ. 19. Мывэ блыну дэкIуей бгы задэ. 22. Кърым щIыналъэм и къалащхьэ. 25. Гуэгушыхъум, къазыхъум я бгъэм тет пшэрыпIэ. 26. ХъуаскIэ къызыхебгъэх хъуну мывэ. 28. Пасэрей зауэлIым и пыIэ. 29. Адыгэ къэкIыгъэхэм я цIэхэр зэхуэзыхьэсыжу тхылъу къыдэзыгъэкIыжа, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ щIэныгъэлI … Барэсбий. 31. … лъакъуэ щIэткъым. 32. Къэбэрдей адыгэм щыщу «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зрата зауэлI закъуэ … Менлы. 34. Псыщхьэ тещтыкIа. 35. ГушыIэр … и щIасэщ. 39. Пасэрей фоч. 40. … хиса жыгыр мэгъу.
  • Къехыу: 1. … и къуэ дзыгъуащэщ. 2. Адыгэм къахэкIа уэрэджыIакIуэ нэхъ Iэзэ дыдэхэм      ящыщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист. Къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 90 ирикъуащ. 4. ЦIыхубз щыгъын. 6. Узыдэмыхьэ къуэладжэ … дэзщ. 7. Нарт Псэбыдэ и щхьэгъусэр. Е КъардэнгъущI Зрамыкуи, нэгъуэщIхэми ягъэзащIэ уэрэдыжь. 8. Хьэпшып гуэр гъуру, пхъашэу. 9. Зи пкъыр лантIэ, тхьэмпэ псыгъуэ кIыхь зыпыт жыг. 11. ТхьэмыщкIэ дыдэ, нэгъуэщIхэм къыхуашиймкIэ псэу цIыху. 13. Улахуэ, лэжьапщIэ … Е пэж, шэч зыхэмылъыж. 15. Литературэ тхыгъэ. 16. Ищхьэ лигэм щыджэгу футбол командэ цIэрыIуэ. 20. Пхъэ уадэшхуэ. 21. Уи щхьэ мыузым … къомышэкI. 23. Зи щIыхуэ … уриIуэхутхьэбзащIэщ. 24. И кIэр … дихуэжащ. («унэхъуащ» жыхуиIэщ). 26. Щхьэгъусэ къэзыша щIалэм и благъэ. 27. Iэщ къуейщIей цIыкIу. 30. … фIэдахэр псэм фIэIэфIщ. 31. Ику иту тонн зыплIытху къэзышэч, щIыпIэ хуабэхэм щыIэ псэущхьэ. 33. КъурIэным и зы пычыгъуэ. 36. … пыIэ. 37. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 38. Муслъымэн диным зэрыжиIэмкIэ, зи щIалэгъуэр зэи имыкIыу жэнэтым ис тхьэIухуд.
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  • Бадзэуэгъуэм и 17-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 3. Щапхъэ. 6. Хъуржын. 8. Сэлэт. 9. Iуащхьэ. 11. КъуэщIий. 13. Чын. 15. Сэ. 16. Хъун. 19. Хъер. 22. Щыхь. 23. Губгъуэ. 24. Хьэлъэ. 27. Армэ. 28. Абазэ. 29. Хупхъэ. 32. Гъуррэ. 33. ПщылI. 34. Хъуэхъу. 36. Ужьэ. 37. Фо. 38. Кхъужь. 39. КIэху. 41. Шэрий. 43. Дурыс. 46. Курыбэ. 47. Дыжьын. 48. Инжыдж.
  • Къехыу: 1. Пхъэхь. 2. Аркъэ. 3. ЩэIу. 4. Тэрч. 5. Пэгун. 7. Ней. 10. Сабэ. 12. ЩIопщ. 14. Пхъэлъантхъуэ. 15. Сабэ. 17. Налъэ. 18. Тхьэгъэпсэу. 20. Дэрбзэр. 21.Тхьэзэплъ. 25. Аму. 26. Гъупщ. 30. Арэф. 31. Дыгъужь. 35. Хъудыр. 36. Унэр. 39. КIарц. 40. Хуабэ. 41. Шыд. 42. Иныжь. 44. Уанэ. 45. Сыдж.