2021-07-20
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр Къурмэн махуэшхуэм
- ирихьэлIэу цIыхухэм зэрехъуэхъур
- Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу Къурмэн хьид махуэ лъапIэмкIэ.
- Муслъымэн мелуанхэм илъэс къэс ягъэлъапIэ цIыхур псэ къабзагъэм, гущIэгъум хуэзыущийр, фIым и къарур гъащIэм зэрыщытепщэм и дамыгъэу щыт а махуэр.
- А махуэшхуэм и лъабжьэщ псэкупсэ къулеигъэхэр — гумащIагъэр, захуагъэр, хьэл-щэн зэтетыр, мамырыгъэм и телъхьэу щытыныр, ахэрщ зыгъэбыдэр лъэпкъхэм пщIэ зэхуащIыныр, зэныбжьэгъугъэр, зэкъуэтыныгъэмрэ фIым телэжьэнымрэ.
- Шэч къытесхьэркъым Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэр, ислъамым и хабзэфIхэм тету, я гурылъхэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ фIым хуаузэщIурэ республикэм и жылагъуэ Iуэхухэм дяпэкIи жыджэру зэрыхэтынум, дин зэмыщхь зезыхьэ лъэпкъхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр, зэгурыIуэныгъэр, мамырыгъэмрэ зэпIэзэрытагъымрэ гъэбыдэным адэкIи зэрытелэжьэнум.
- Республикэм щыпсэу псоми сохъуэхъу узыншэу, зэIузэпэщу, насыпыфIэу, кърахьэжьэ IуэхуфIхэм щехъулIэу псэуну!
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ
- КIуэкIуэ Казбек.
- Ди къурмэныр къабыл ухъу!
- Бисмиллахьи рэхьмани рэхьим! ФIыщIэр дуней псоми я тепщэ Алыхьым ейщ! Хъуэхъумрэ мамырыгъэмрэ ялъыус Мухьэммэд бегъымбару Алыхьым и хъуэхъумрэ и сэламымрэ зытеIуам, абы и Iыхьлыхэм, и щэхьабэхэм, и гур къабзэу абы иужь иува псоми Къемэт махуэр къэсыху!
- Ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ! Алыхь Лъэщым щIым тет псори езым и Iущыгъэм хуэфащэ мурад хэхам къыхуигъэщIри, дунеягъэм къызэщIиубыдэу хъуар цIыхум и унафэм щIигъэуващ. Нэрылъагъу дыдэщ дунеягъэм и дэтхэнэ Iыхьэри цIыхум и зыужьыныгъэмрэ ар зыгъэтыншынумрэ хуэгъэпсауэ зэрыщытыр. Абы къыхэкIыу, щIэныгъэншагъэщ цIыху цIыкIур мурад хэхам хуэмыгъэпсауэ дунейм къытехьауэ, ар ауэ сытми и зэш теун папщIэ къигъэщIауэ уи гугъэныр.
- Ауэ щыхъукIэ, цIыху мащIэ дыдэщ щIым къызэрытрагъэхьамкIэ къыхуамурадыр, Тхьэуэ Лъагэмрэ зыдэпсэу цIыхубэмрэ я пащхьэм щихь къалэныр зыхуэдэр къызыгурыIуэр.
- Алыхьталэм КъурIэн лъапIэм цIыхум хъыбар къыщригъэщIащ абы и гъащIэм и мыхьэнэр Алыхьым къызэригъэщIар и фIэщ хъуныр, Абы и пщэ къыдилъхьа къалэнхэр игъэзэщIэныр зэрыарар. Дэтхэнэ цIыхури хущIэкъупхъэщ щэныфIагъым и лъагапIэм лъэIэсын папщIэ и хьэлым зригъэужьыну, Алыхьталэм фIэкI мыхъуну къыхуигъэува гъунапкъэхэм зэремыбэкъуэным хущIэкъуну, и дуней гъащIэр зэрыщыту Ар арэзы къыхуэхъуным хуиубзыхуну. ГъащIэм дызэригъэунэху гъуэгуанэ кIыхьыр зэпытча нэужьщ къыщыдгурыIуэр а къалэныр гъэзэщIа зэрыхъуар.
- Алыхьым унафэ къытхуещI ди фIэщхъуныгъэр фэрыщIыгъэншэу гурэ псэкIэ зетхьэну. Абы улъэIэсын папщIэ, уи гумрэ уи акъылымрэ щыхьэт къыбдэмыхъуу, псалъэ къудейкIэ «Алыхьыр си фIэщ мэхъу» жыпIэкIэ зэфIэкIыркъым. Упсэуху уи псалъэри уи IуэхущIафэри диным узэрыщифIэщым, Алыхьталэм къыпхуигъэува къалэнхэм уазэрыхуэпэжым щыхьэт техъуэу щытын хуейщ, гъуэгу захуэм узэрытемыгъуэщыкIыным, абы утри- шын папщIэ мыхъумыщIагъэ куэдым укъыхуэзыгъэбырсей шейтIаным къиIущэщхэм зэрызыдумыгъэхьэхыным ухуэсакъыу.
- Апхуэдэ щIыкIэу фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъым и гъащIэм наIуэ къещI ар икIагъэм дихьэхахэм, цIыхум бзаджагъ кIэлъызехьэнымрэ абы гужьгъэжькIэ бгъэдэтынымрэ нэрыгъ зыщIахэм зэращымыщыр.
- ДинкIэ си къуэшхэ, си шыпхъухэ! Махуэ лъапIэм ипэ къихуэу фыкъыхузоджэ, си щхьэри къыхузоджэж еш фимыIэу фи фIэщхъуныгъэр евгъэфIэкIуэну, диным къыфхуигъэува пщэрылъхэм фатемыплъэкъукIыну, гукъэкIыфIхэмрэ захуагъэмрэ жэуаплыныгъэ хэлъу фыбгъэдыхьэну: а зырщ дунеягъэкIи ахърэткIи ехъулIэныгъэм ухуэзышэнур.
- КъБР-м ис псоми Къурмэн махуэ лъапIэмкIэ (Хьидул Iэдхьа) гурэ псэкIэ сохъуэхъу! Дэтхэнэ зы унагъуэми ди республикэми Алыхьталэр мамырыгъэкIэ къыхуэупсэ, я фIэщхъуныгъэр быдэу, мурадыфIкIэ къаIэт дэтхэнэ Iуэхуми ерыщу, къикIуэт ямыщIэу хущIэкъуфын хуэдэу. Алыхь ЛъапIэм солъэIу ди къурмэнхэр къабылу тIихыну, ди унэхэри ди унагъуэхэри ерыскъырэ берычэтрэ щимыгъэщIэну. Псоми узыншагъэ быдэ, насып, бэIутIэIуншагъэ, фIэщхъуныгъэ быдэ Алы-хьым къыдит! Фэри фи Iыхьлыхэми Алыхьым мамырыгъэр Iэпэгъу фхуищI!
- КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий
- ДЗАСЭЖЬ Хьэзрэталий.