ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2023

Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм теухуауэ

2023-03-28

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек цIыхухэм зэрехъуэхъур
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Гъатхэпэм и 28-м ди республикэм егъэлъапIэ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр. Ар тхыдэм и пэжымрэ захуагъэмрэ зэтегъэувэжыным и дамыгъэу жыпIэ хъунущ. Балъкъэр лъэпкъыр щхьэ-хуимыту я щIыналъэм зэрырахуам къыдэкIуа гугъуехь псори къызэринэкIри, и хэкум къигъэзэжауэ гъащIэм и лъэныкъуэ псоми ехъулIэныгъэхэр щызыIэригъэхьэу мэпсэу,      и лъэпкъ щэнхабзэр, псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэхэр ихъумэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Насыпыншагъэм къызэфIигъэщIакъым

2023-03-28

  • 1995 гъэ лъандэрэ гъатхэпэм и 28-р ди республикэм щыдогъэ-лъапIэ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэу. А лъэпкъым ехьэлIауэ захуагъэр тепщэ щыхъужа а махуэшхуэр гъэувыным лъабжьэ хуэхъуащ 1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къыдигъэкIауэ щыта Указыр. Абы  ипкъ иткIэ къащтащ «Къэбэрдей  АССР-р Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-у зэхъуэкIыным и IуэхукIэ» республикэ хабзэр. Апхуэдэу зэфIагъэувэжащ балъкъэр лъэпкъым и къэралыгъуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Егъэджэныгъэр  езыгъэфIакIуэ Iэмалхэр

2023-03-28

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ республикэм ит егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я зэхуэсым. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Iэтащхьэм жиIащ «Урысейм илъэсым и егъэджакIуэ», «Урысейм илъэсым и гъэсакIуэ», «Илъэсым и IэщIагъэлI» урысейпсо зэпеуэхэмрэ щIыналъэ Iыхьэхэмрэ щытекIуэхэмрэ увыпIэфI къыщызыхьхэмрэ КъБР-м и Iэтащхьэм и саугъэтыр иратыну Унафэ зэрищIар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Къумахуэхэ я  унагъуэ дахэр

2023-03-28

  • Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм дэт курыт школыр сыт щыгъуи районым япэ итхэм яхэтащ, ноби аращ. Школым щеджахэм яхэтщ еджагъэшхуэхэр, щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я докторхэр, кандидатхэр, профессор Iэзэхэр, академик цIэрыIуэхэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Къумахуэ зэшхэу Башир, Мухьэдин, Мурадин, Къумахуэ Владимир, Шагъыр Iэмин, Мэремыкъуэ Арсен, Елей Валерэ. ЩIэныгъэхэм я кандидатщ жылэм щыщ цIыху 15. Ди тхыгъэри зытеухуар Лэскэн ЕтIуанэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIу егъэджакIуэ Iэзэхэщ: Къумахуэхэ Феликсрэ Ритэрэ я унагъуэ дахэрщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIэныгъэм къыхураджэ

2023-03-28

  • Iимам Абу-Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым студентхэм щахутепсэлъыхьащ терроризмэм пэщIэтын зэрыхуейм. Зэхуэсыр КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщат, «КъБР-м экстремизмэмрэ терроризмэмрэ щыпэщIэтын» къэрал щIыналъэ программэм хыхьэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Усэ зыщIыгъу гъатхэ!

2023-03-28

  • Гъатхэмрэ усыгъэмрэ зэIэпэгъущ. Дунейр къощIэращIэ, псэщIэ къыхохьэ, зэпхыдэIукIыурэ макъ щIэщыгъуэхэр къегъуэт. А макъым псалъэу хохьэ усыгъэр! Мис а дунейм гур щопсэху, щопIейтей, щогъагъэ! Гъатхэмрэ усэмрэ зэщIыгъумэ — къаруущIэщ. Абыхэм цIыхупсэр къыхуагъэуш псэуным, дзыхами гугъэ иратыжыф.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ

ЦIыхухэм ящIэр тфIэгъэщIэгъуэнщ

2023-03-28

  • Илъэс зыбжанэ ипэкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым иIащ «Хэт сытым елэжьрэ?» зи фIэщыгъэ рубрикэ. Абы дэ я гугъу щытщIырт творческэ цIыхухэм, псом хуэмыдэжу тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ ящIэ-ялэжьым, абыхэм я къалэмыр къызыхуащтэм, щIэщыгъуэу зэман гъунэгъум дунейм къытехьэну дызыпэплъэ хъунухэм. Сэ мурад сщIащ а хабзэ дахэр, зэрыхъукIэ, къэзгъэщIэрэщIэжыну икIи зи Iуэху къэзгъэлъэгъуэну сыхуейр тхэхэм я закъуэкъым, атIэ театр лэжьакIуэхэми, сурэтыщIхэми, дыщэкIхэми, нэгъуэщI IэщIагъэ гъэщIэгъуэнхэм ирилажьэхэми я деж сынэсыну. ФфIэгъэщIэгъуэну, ффIэщIэщыгъуэу зыгуэр къыхэвгъуатэмэ, си гуапэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

  ГъащIэр  къыуигъэпсалъэм хуэдэщ

2023-03-28

  • Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ адыгэбзэкIэ къыщыдэкIащ «ГъащIэ гъуэгуанэ» фIэщыгъэ дахэр зыгъуэта усыгъэ тхылъ гъэщIэгъуэныр. ЩыIэныгъэ, лъагъуныгъэ, цIыхугъэ, псэм и къабзагъэ, гумащIагъэ — дунейм тетыху цIыхум къилъыхъуэ, зэпымычу зыгъэпIейтей, и гурыщIэхэр къызэщIэзыгъэу-шэ мы Iуэхугъуэхэращ усэ зэужьым курыхыу яIэр, ар зи IэдакъэщIэкI усакIуэми и гузэхэщIэхэм къежьапIэ яхуэхъуар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

«Налшык насыпым  и дамыгъэщ»

2023-03-28

  • Налшык къалэм гъатхэпэм и 25-м щекIуэкIащ макъамэмрэ къафэмкIэ IX лъэпкъхэм зэдай зэпеуэ, «Налшык насыпым и дамыгъэщ» зыфIащар. Зэхыхьэ дахэр къызэрагъэпэщащ ди щIыналъэм и цIэр дуней псом фIыкIэ щагъэIун, лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр, цIыхухэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр яхъумэн, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я зэдэлэжьэкIэм зрагъэужьын папщIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ

Дэни щызэхуэдэщ: къыхагъащIэ

2023-03-28

  • «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Динамо» (Ставрополь) — 0:1 (0:1). Налшык. «Спартак» стадион. Гъатхэпэм и 25-м. ЦIыху 240-рэ еплъащ.
  • Судьяхэр: Молдован (Краснодар), Гаджигусейнов (Мэхъэчкъалэ), Головченкэ (Дон Iус Ростов).
  • «Спартак-Налшык»: Сиукаев, Ольмезов, Далиев, Мэкъуауэ, ЛIуп, Масленников, Жангуразов (Торосян, 67), Белоусов, Дэхъу (Ашуев, 78), Хьэшыр (ЛIыхъугу, 86), Топурие (ХъутIэ 67).
  • «Динамо»: Дьячков, Гайдаров, Ягъяев, Джиджоев, Суанов (КIурашын, 90+2), Плиев (Пучков, 90+2), Кобесов, Рогочий, Ярцев, Корж (Боготелие, 86), Фролов.
  • Топыр дигъэкIащ: Суановым, 15 (0:1).
  • Дагъуэ къыхуащIащ: Мэкъуауэм, ХъутIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол