ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2023

ЯгъэIэпхъуэ ФАП-хэр къаIэрохьэ

2023-03-21

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм цIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щрат и IуэхущIапIэхэр къэгъэ­щIэрэщIэжын программэмкIэ республикэм къыIэрыхьа автотранспортхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

ЗэфIэкIым и гъунапкъэхэр

2023-03-21

  • Хабзэ хъуауэ, Урысей Федерацэм илъэс къэс къыщыхалъхьэ «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI» къэралпсо зэпеуэр. Iыхьищу зэщхьэщыхауэ екIуэкIыну зэхьэзэхуэр мы махуэхэм щаублащ щIыпIэхэм. Апхуэдэу Бахъсэн районым хиубыдэ Къулъкъужын Ищхъэрэ жылэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм махуэкум къыщызэIуахащ «Илъэсым и егъэджакIуэ-2023» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ район администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Чылар Аринэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

БлэкIам и ущиехэр

2023-03-21

  • Пщыбий СулътIан и цIэр зэхэзымыха куэд щыIэу къыщIэкIынкъым. Абы и къалэмыпэм къыпыкIа Iуэтэжхэм, кIэщIущыгъэхэм, газетым мызэ-мытIэу къытехуа тхыгъэхэм я нэхъыбэр Хэку зауэшхуэм теухуащ, цIыхубэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм ехьэлIащ. Зауае илъэсхэм цIыхухэм я фэ дэкIа гугъуехьым зримыгъэщIыкIыу зэрыпэщIэтар, цIыхугъэр яфIэмыкIуэду щыIэныгъэм къызэрыхэнэнум зэрыхущIэкъуар щIалэгъуалэм щапхъэу къахуихь зэпытщ. И нэгу щIэкIар къыщиIуэтэжкIэ, щIэблэм ар къазэрыгурыIуэн икIи зэрызыхащIэн псалъэхэр къахуигъуэтурэ, къэхъукъащIэ екIуэкIахэм къэIуэтэкIэ гъэщIэгъуэнхэр яхуищIурэ абыхэм я пащхьэ ирелъхьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Си адыгэбзэ,  усхуэмыгъафIэмэ,  сыт сриуасэ?

2023-03-21

  • Бзэр, хабзэр хъумэным ехьэлIауэ Тэрч щIыналъэм дауэдапщэ куэд къыщызэрагъэпэщ. Апхуэдэт районым ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIа пшыхь дахэри. Абы щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм, бзэм ирилажьэхэмрэ зи анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъухэмрэ зыкърагъэхьэлIат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гъатхэм и  макъамэ дахэр

2023-03-21

  • ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ цIэрыIуэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, адыгэм ипэкIэ илъэсыр IыхьитIу ягуэшу щытагъэнущ — гъэрэ щIырэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, гъэмахуэ пIалъэрэ щIымахуэ пIалъэрэ. Абы и щыхьэту къыщIэкIынщ нобэ ди гъащIэм хэт псалъэухар: «Гъэрэ щIырэ зэхэкIащ». Нэхъ иужьыIуэкIэ илъэсыр пIалъиплIу ягуэш хъуащ: гъатхэ, гъэмахуэ, бжьыхьэ, щIымахуэ. Мыбы дэтхэнэ зыми мазэ щырыщ яубыдырт. Мазэм махуэ 30, ауэ щыхъукIэ, илъэсым махуэ 360-рэ къриубыдэу апхуэдэт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, илъэс къэс махуэ зытхух къыдидзэрт. Ахэр адыгэхэм тхьэлъэIу махуэхэу къалъытэу щытащ. Апхуэдэ тхьэлъэIу махуэхэм ящыщт гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуищыр, IутIыж, вакIуэдэкI, вакIуэихьэж, удзыпсзэутх, гъубжэдэх, Созэрэщ и тхьэлъэIу, Тхьэшхуэгухьэж, хъуромэ махуэхэр, нэгъуэщIхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ислъамым и нур

2023-03-21

  • Зэгухьэныгъэм и зэхуэс
  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэлэжьыхьащ гъатхэпэм и 6-м Мэзкуу щекIуэкIа, Ислъам зэдэлэжьэныгъэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр зрагъэблэгъа «Урысей-Ислъам дуней» зэIущIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Анэ лъагъуныгъэрщ усыгъэм хэзышар

2023-03-21

  • ЦIыхур дунейм къыщытехьэм щегъэжьауэ и анэдэлъхубзэр зрегъэцIыху, зрегъащIэ, адэкIэ абы иригупсысэфу, зригъэужьу мэхъу. Абы и курыхым лъэIэсыфыр усэбзэкIэ «къопсалъэ». Апхуэдэ тхакIуэшхуэхэмрэ усакIуэхэмкIэ адыгэ лъэпкъыр сыт щыгъуи бейуэ щытащ. Иджы абыхэм къакIэлъыкIуа щIэблэми узыгъэгушхуэхэр яхэтщ. Абыхэм ящыщщ къыддэлажьэ усакIуэ ныбжьыщIэ Гугъуэт Заремэ. Иджыблагъэ ар ирагъэблэгъат Мечиевым и цIэр зезыхьэ Сабий-ныбжьыщIэ библиотекэм. Бзэм, литературэм траухуа пшыхьым ар щаIущIащ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым и студентхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЦIыху мини 8-м щIигъу я щыхьэту

2023-03-21

  • «Черноморец» (Новороссийск) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 2:0 (0:0). Новороссийск. «Центральный» стадион. Гъатхэпэм и 18-м. ЦIыху 8343-рэ еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Зэуэ медалипщI

2023-03-21

  • Налшык къалэ дэт «Гладиатор» спорткомплексым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыщ ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ илъэс 15 иримыкъуа щIалэрэ хъыджэбзу 270-м нэблагъэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт