ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тхыдэм и лъагъуэхэм ироплъэж

2019-04-02

  • Ди къэралым къикIуа гъуэгуанэм щыщ Iыхьэ зэхуэмыдэхэмрэ цIыху щхьэхуэмрэ ятеухуащ иджыблагъэ дунейм къытехьа «Александр Невский — правнук кипчакского (половецкого) хана Котяна», «Русь, кипчаки (половцы) и татары. Сенсационные результаты исследования генеалогии князей Рюриковичей и этногенеза русского народа», «Дочери половецких ханов в европейских королевских династиях» тхылъхэр. Ахэр зи къалэмыпэм къыпыкIар лъэпкъ тхыдэм епха къэхутэныгъэхэм илъэс куэд лъандэрэ дихьэх, ди республикэм и къэрал IэнатIэхэм къулыкъу лъагэхэр щезыхьэкIа, хэкупсэ нэс Куэтэншы СулътIан ТIал и къуэращ.

  • Авторым зэрыжиIэмкIэ, тхылъхэм елэжьыным, абыхэм епха къэхутэныгъэхэр зэфIэхыным зы илъэскъым тригъэкIуэдар. А Iуэхугъуэхэр апхуэдэу куууэ иджыным щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуари езыр зыщыщ Куэтэншы лъэпкъым и къекIуэкIар къихутэнращ.
  • Лэжьыгъэхэм ящыщ дэтхэнэми щIэныгъэ лъабжьэ яIэнми гулъытэшхуэ хуищIащ Куэтэншым. «Александр Невский — правнук кипчакского (половецкого) хана Котяна» тхылъыр напэкIуэцI 250-м нос. Абы щызэпкърыхащ икIи наIуэу къыщыгъэлъэгъуащ пасэрей урысей къэралыгъуэм щыцIэрыIуэу щыта дзэзешэ лIыхъужь Невский Александр и гъащIэр. Тхыдэм кIуэцIрыплъыжу, авторым апхуэдэу къытхуеIуэтэж урыс, кипчак лъэпкъхэм къакIуа гъуэгуанэр, абыхэм яку дэлъа дзэ-политикэ зэпыщIэныгъэхэр. Тхылъыр пхы-кIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэ рецензэм. Апхуэдэу ар купщIафIэу къыщалъытащ Невский Александр и цIэ- кIэ къызэрагъэпэща литературэ зэпеуэм. Тхылъеджэхэр зэрыщIэупщIэм къыхэкIыу, абы и экземпляритI щIалъхьащ Урысей Къэрал библиотекэм. Абы СулътIан къыщихьащ Iуэху еплъыкIэщIэу 30-м щIигъу.
  • «Русь, кипчаки (половцы) и татары. Сенсационные результаты исследования генеалогии князей Рюриковичей и этногене-за русского народа» тхылъыр напэкIуэцI 658-рэ хъууэ дунейм къытехьащ. Ар къыщыдэкIащ «Lambert Academic Publishing» академие тхылъ тедзапIэм (Германие). А IуэхущIапIэм и щIэныгъэ рецензи къратащ Куэтэншым. Тхылъым щызэхуэхьэсащ урысхэмрэ кипчакхэмрэ генеалогие, энтогенетикэ я лъэныкъуэкIэ къакIуа тхыдэ гъуэгуанэм теухуа дэфтэрхэр. КъызэрыщIэкIымкIэ, кипчакхэм я къэралыгъуэр лъэлъэжа нэужь, абыхэм ящыщ куэдым Урысейр псэупIэ яхуэхъуащ икIи а къэралым къулыкъу пэж хуащIащ. Апхуэдэу Рюрикович пщы унагъуэм ящыщхэм щхьэгъусэ ящIауэ щытащ половецкэ хъанхэм япхъу куэд. А Iуэхугъуэхэм ятещIыхьа еплъыкIэщIэу 140-м нэс къыщигъэлъэгъуащ икIи шэщIауэ щызэпкърихащ тхылъым.
  • КъБР-м и къэхутакIуэхэм ящыщу Куэтэншы СулътIан и закъуэщ зи тхылъхэр хамэ къэралыбзэхэмкIэ зэрадзэкIыу а щIыналъэхэм къыщыдагъэкIар. Абы и щапхъэщ СулътIан и «Дочери половецких ханов в европейских королевс- ких династиях» тхылъыр (ар напэкIуэцI 86-рэ мэхъу) Венгрием, Болгарием я академическэ тхылъ тедзапIэхэм къызэрыщыдэкIар. Тхылъыр зыхуей хуэза лэжьыгъэу зэрыщытыр къыхагъэщу, абы теухуа псалъэ дахэ куэд жаIащ тхыдэ щIэныгъэхэм я докторхэу Эрдели Иштванрэ (Венгрие) Кипчакхэм я дунейпсо конгрессым и тхьэмадэ Кумеков Болэтрэ.
  • А Iуэхугъуэхэм ятеухуа доклад Куэтэншы СулътIан щищIащ 2004 гъэм зрагъэблэгъауэ щыта, «Венгрия и Восток» фIэщыгъэр иIэу Будапешт щызэхаша щIэныгъэ конференцым. А унэтIыныгъэращ къэхутакIуэм Джордж Сорос и щIэныгъэ гран-тыр къыщIыхуагъэфэщари. Куэтэншым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэр зи лъабжьэ тхыгъэ купщIафIэ куэд мызэ-мытIэу къытрадзащ «Эльбрус», «Литературная Ка- бардино-Балкария»,«Минги Тау», «Турам» (Венгрие), «Ас-Алан», «XXIV Крупновские чтения» по археологии Северного Кавказа», «Известия Кабардино-Балкарского научного центра РАН» журналхэм, «Кабардино-Балкарская правда», «Адыгэ псалъэ», «Заман» республикэ газетхэм, ахэр къыщыхьащ Джэдгъэф Аслъэмырзэ и «Соблировы Атажукино, Вольного Аула и Нартана» тхылъ хьэлэмэтым.
  • Мы зэманым Куэтэншы СулътIан йолэжь «Адыги в этногенезе русских, украинцев и казаков» тхылъым. А лэжьыгъэшхуэми ехъулIэныгъэ иIэу зэрыпэлъэщынур ди фIэщ мэхъу.
  • КЪАРДЭН  Маритэ.