ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Декабрь, 2018

Адыгэ лъэпкъым и насып ин  Темыркъан Юрий

2018-12-20

  • «Дуней псом щыцIэрыIуэ дирижёр», «Макъамэбзэм и пащтыхь», «Иджырей зэманым и дирижёр щэджащэ», «Дирижёр Iуэ- хум и тхьэ» цIэ лъагэхэр зыфIаща, дуней псом и макъамэ гъуазджэм зи цIэр щыпэрыт, зи щIыхьыр Урысей Федерацэм щы- нэхъ лъагэхэм ящыщ ди лъэпкъэгъу Темыркъан Юрий Хьэту и къуэм и ныбжьыр илъэс 80 щрикъур УФ-м и мызакъуэу, дуней псом щагъэлъэпIащ. Санкт-Петербург дэт Академическэ филармонием и оркестрым и унафэщI икIи и дирижёр нэхъыщхьэ Темыркъаным а филармонием къыщыхузэрагъэпэща фестивалым къэрал куэдым я лIыкIуэхэр еплъыну, макъамэм и IэфIымкIэ загъэнщIыну къэкIуат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и IуэхущIапIэ зыбжанэм щыIащ

2018-12-20

  • КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм: Республикэ клиникэ сымаджэщым, Шэджэм район сымаджэщым, Онкологие диспансерым щыIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Сабийхэм папщIэ

2018-12-20

  • «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм илъэс зыбжанэ хъуауэ еджакIуэхэм папщIэ тхылъхэр къыдегъэкI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

ТекIуахэр ягъэлъапIэ

2018-12-20

  • Бахъсэн район администрацэм щызэхэтащ «ЩIалэгъуалэр коррупцэм, терроризмым, экстремизмым и бийщ» социальнэ рекламэмкIэ ирагъэкIуэкIа щIыпIэ зэпеуэм щытекIуахэр щагъэлъапIэ зэIущIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэ

2018-12-20

  • ЦIыхухэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ
  • УФ-м Къэралым шынагъуэншагъэ къыщызэгъэпэщынымкIэ и органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
  • 1699 гъэм Пётр Езанэм Iэ тридзащ Урысейм ИлъэсыщIэр щыщагъэлъапIэ махуэу щIышылэм и 1-р гъэувыным теухуа унафэм. Нэхъапэм ар фокIадэм и 1-м ягъэлъапIэу щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Шагъдийм зыкъезыгъэужьыжа  зеикъуэдэс лIыхъужьхэр

2018-12-20

  • БлэкIам уасэ пэж хуэзыгъэувыр нобэрей махуэращ. ФIыр абы къыщынэмэ, ар щапхъэ, гъуэгугъэлъагъуэ мэхъу. ЛъэхъэнэщIэр ефIэкIмэ, япэ итахэм пхаша гъуэгур хэмыкIуэдэжауэ аращи, ухуэфэщэныр уэри къэкIуэнум и пащхьэ щыпхь пщэрылъщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэр дывгъэхъумэ!

2018-12-20

  • ЩэкIуэгъуэм и 25-м «Кабардино-Балкарская правда» газетым къытехуащ ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэм теухуауэ Битиров Эдуард и тхыгъэ. Ар, дауи, куэдым ягу дыхьащ. Иджы абы къыподжэж КъБР-м и Парламентым и депутат, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Щхьэгъэпсо Сэфарбий.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2018-12-20

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, дыгъэгъазэм и 24
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.35 «Кязим и дерсхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.05 «Нэхур гъуазэ пхуохъу». УсакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн и фэеплъу (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Пшэм хэт унэ

2018-12-20

  • Ацкъан Руслан
  • Поэмэ
  • СыныщIывэджам щхьэусыгъуэ иIэщ.
  • СфIызэтрихьащ гухэлъ куэдыIуэ.
  • Дуней зэрызехьэм си гур хэту,
  • жыгым я нэхъ иныр си щIыб дэту
  • сэ ныфхуэсIуэтэнут, хуит сыкъэфщIым,
  • сызэрытетар дунейм пIейтейуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэм

2018-12-20

  • Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм концерт гукъинэж щекIуэкIащ, Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэмрэ «Орешка» нэгузыужь центрымрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр

Медаль зэмылIэужьыгъуищ

2018-12-20

  • Красноярск дэт «Сопка» спорт комплексым щекIуэкIащ Iэпщэрыбанэ зэзауэхэмкIэ Урысейм и чемпионат. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 45-м щыщ спортсмен 250-м нэблагъэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

«Кавказым уи мылъку хэлъхьэ»

2018-12-20

  • Апхуэдэ фIэщыгъэ иIэу Грознэм иджыблагъэ зэIущIэшхуэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгухэм я экономикэм зэрызебгъэужьыфынум теухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Сабийм сыт и лажьэр?

2018-12-20

  • Япэм хьэгъуэлIыгъуэм трагъэкIуадэр мащIэу, унагъуэ зэтекъутэжхэр закъуэтIакъуэу щытамэ, ди зэманым нысашэр ехьэжауэ ящIрэ зэрышаитIыр куэд дэмыкIыу къызэрехьэжьэу апхуэдэщ. Си анэшхуэм жиIэрт япэм къуажэм щыщ зы къикIыжамэ, ар зэрыжылэу къащыщIа емыкIуу къалъытэу щытауэ. Абы лейуэ утемыпсэлъыхьыжми хъунущ, зэманым елъытауэ цIыхухэм я гупсысэкIэми, хьэл-щэнми, ди лъэпкъым нэхъ теухуауэ къапщтэмэ, адыгагъэми зехъуэжри. Ауэ сыт хуэдэ зэмани зызымыхъуэжу къэнэн хуей щыIэт — ар сабийм дызэрыхущытырщ. Зэщхьэгъусэхэр япэ илъэсым зэбгъэдэмыжыжамэ, псалъэ къыгурыIуэу, папэ, мамэ, дадэ, нанэ, адэ шыпхъу, адэ къуэш (цIыхубзми и лъэныкъуэри апхуэдабзэу) иIэрэ, а псоми я IэфI зыхэзыщIэу щIэзыдза, нэгъуэщIу жыпIэнумэ, зи дуней цIыкIу зиIэ хъуа сабийм а псор щыфIакъутэ къохъу балигъхэм я зэранкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

«Къуажэм щылажьэ егъэджакIуэ» программэ щаубзыхуащ Башкирием

2018-12-20

  • Урысей Федерацэм 2012 гъэм щаублащ «Земский доктор» программэр. А лэжьыгъэр ужьыхми, аргуэру къагъэщIэрэщIэжми, илъэсих лъандэрэ йокIуэкIри, къуажэхэм дохутыру щылэжьэну кIуахэм я бжыгъэр мин 15 хъуащ. ЗэрыфщIэщи, дэтхэнэ дохутыр ныбжьыщIэми сом мелуан ирату къыщIадзат, ауэ здэкIуэ щIыпIэм елъытауэ, иджы ар сом мелуани 3-м щIигъуащ. Дохутырым и ныбжьын хуейри илъэс 45-м нэс ягъэкIуэтащ, а IэщIагъэлIхэр зыхуримыкъу къуажэхэм кIуэну жэрдэм зыщIынум и ныбжьыр зэран къыхуэмыхъун папщIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку