ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЕхъулIэныгъэщIэхэр  зи  плъапIэ

2021-08-24

  • Республикэм щыщ щIалэгъуалэ куэд къэралым и къалэшхуэхэм зэфIэкI  лъагэхэр къыщагъэлъагъуэу щолажьэ. Абыхэм я хъыбарыфIхэр къыщалъхуа щIыналъэм щIэх-щIэхыурэ къосыж икIи хамэ щIыпIэ зи зэфIэкIыр къыщалъытэ уи лъахэгъум и цIэр фIыкIэ    жаIэу щызэхэпхкIэ, шэч хэмылъу,  гушхуэныгъэ къыпхелъхьэ.

  • КъызыхэкIа лъэпкъми къыщыхъуа щIыналъэми я пщIэр лъагэу зыIэт щIалэщ гу дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Къэнэмэт Теймураз Нартщауэ и къуэр. Зыпэрыхьа Iуэхур нэгъэсауэ зыфIэзыгъэкI щIалэм, ныбжьышхуэ имыIэми, и IэнатIэм ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьащ,  щытхъушхуэ хужаIэуи   къокIуэкI.
  • Шэджэм къалэм дэт курыт школ №2-р къиухри, Къэнэмэтыр щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ-рал университетым медицинэмкIэ и къудамэм. ФIы дыдэу ехъулIэу еджа щIалэм адэкIэ и щIэныгъэм щыпищащ Сеченовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт Япэ къэрал медицинэ университетым и интернатурэм, абы къыкIэлъыкIуащ Бакулевым и цIэр зезыхьэ Гу-лъынтхуэ хирургиемкIэ лъэпкъ медицинэ-къэхутакIуэ центрым и ординатурэмрэ аспирантурэмрэ. Илъэсибгъу хъуауэ Теймураз а центрым щыIэщ, апхуэдэуи Урысейм          и кардиохирург нэхъыщхьэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием и академик, профессор цIэрыIуэ Бокерие Лео и гупым хэту мэлажьэ.
  • Дэзыхьэха Iуэхум езэш имыIэу пэрытщ Теймураз, ар сытым дежи хущIокъу и Iэзагъэм, зэфIэкIым зэрыхигъэхъуэным. Абы жыджэру зыхегъэгъуазэ медицинэм щIэуэ къыхы-хьэ Iэмалхэм.
  • — ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэм уащыдэлажьэм деж абыхэм уазэрыхуэфэщэным ухущIокъу, — жеIэ Къэнэмэт Теймураз. — Сызыхэт гупым я нэхъыбэр дохутыру зэрылажьэм къищынэмыщIауэ, медицинэ щIэныгъэм зи гуащIэ хэзылъхьа, нобэ цIыхухэм зэреIэзэ Iэмал куэдым       зи къэхутэныгъэхэр лъабжьэ хуэхъуа щIэныгъэлI лъэрызехьэхэщ. Сэ си насып кърихьэкIащ хамэ къэралхэми фIыуэ къыщащIэ кардиохирург цIэрыIуэ, «Дуней псом и хирург нэхъы- фIи 100»-м хыхьэу къагъэлъэгъуахэм зи цIэр хэхуа Бокерие Лео (Урысейм и дохутырхэм ящыщу абы и закъуэщ хэтыр) и нэIэм сыщIэту сылэжьэну. А цIыху щэджащэм и гупым ухэтыныр,  и IуэхущIафэм укIэлъыплъыныр лэжьыгъэ и пIалъэ къэпщIэнымкIэ уасэншэщ. Апхуэдэ цIыхухэр гъуазэ пхуэмыхъууи къанэркъым. Сэ къызгурыIуащ дохутыр къудей мыхъуу, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIи си къэухьым хэзгъэхъуэну сызэрыхуейр икIи си мурадщ а унэтIыныгъэм и зыужьыныгъэм си гуащIэ хэслъхьэну, медицинэр ипэкIэ кIуэта хъунымкIэ зэрысхузэфIэкIкIэ дэIэпыкъуэгъу сыхъуну.
  • Нобэ ирихьэлIэу Къэнэмэтым хузэфIэкIари мащIэкъым. ЩIалэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 30-м щIигъу, яхэтщ абыхэм медицинэм теухуа дунейпсо журналхэм къытехуахэри. Апхуэдэу США-м, Испанием, Франджым щекIуэкIа медицинэ зэхыхьэхэм и Iуэху еплъы-кIэр къигъэлъагъуэу жыджэру къыщыпсэлъащ. 2019 гъэм Урысейм и гу дохутырхэм я зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIа, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм «Зыми хуэмыдэ къэхутэны-гъэ нэхъыфI» унэтIыныгъэмкIэ Теймураз текIуэныгъэр къыщихьащ.
  • Хабзэ хъуауэ, Бакулевым и цIэр зезыхьэ, Гу-лъынтхуэ хирургиемкIэ лъэпкъ медицинэ къэхутакIуэ центрым и IэщIагъэлIхэр Урысейм и щIыналъэхэм кIуэурэ сымаджэм я узыншагъэр къапщытэ, чэнджэщхэр ират. Дэ дызэрыщыгъуазэмкIэ, а Iуэху щхьэпэм и жэрдэмщIакIуэри и къызэгъэпэщакIуэри Къэнэмэт Теймуразщ. Апхуэдэ «зекIуэхэм» я фIыгъэкIэ илъэс къэс сымаджэ 1000-м щIигъум я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэж.
  • Ди хэкуэгъу щIалэр волонтёр Iуэхухэми, жылагъуэ гъащIэми жыджэру хэтщ. Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым медицинэ Iуэхухэм    нахуэу щытопсэлъыхь, «эфир занщIэ-хэр» щрегъэкIуэкI, упщIэкIэ зыкъыхуэзыгъазэ дэтхэнэми абдеж жэуап щагъуэт. Узыншагъэр егъэфIэкIуэным теухуауэ «Дохутырым и гъусэу къэкIухьын» зэщIэхъееныгъэм и къызэгъэпэщакIуэри Теймуразщ, абы езы щIалэри щIэх-щIэхыурэ хэтщ, и чэнджэщхэр цIыхухэм ярихьэлIэу.
  • — ЦIыхум и узыншагъэр зыхуэдэнур  и нэхъыбапIэкIэ зэлъытыжар езы-   ращ, — жеIэ Къэнэмэтым. — Гу  узыфэ-хэр иджырей кардиологиер, къапщтэмэ, зэрыщыту медицинэр зыIууэ   гугъуехь нэхъ хьэлъэхэм ящыщщ.  Урысейм илъэс къэс цIыху мин 700-м щIигъу гу узыфэхэм щолIыкI. Абы къыхэкIыу дэтхэнэри хущIэкъун хуейщ щIэх-щIэхыурэ и узыншагъэр къызэрипщытэным. И чэзум къэпхута узыр гъэхъужыгъуафIэщ.
  • Спортми щыхуэмыхукъым Къэнэ-мэт Теймураз. Ар дехьэх боксым. КъищынэмыщIауэ,  Iуащхьэмахуэ и    щыгум дэкIыныр мураду зыхуигъэувыжри, 2020 гъэм и шыщхьэуIу ма- зэм  бгым и къухьэпIэ лъагапIэм нэсащ, а илъэс дыдэм Гуэл щхъуантIэм и лъащIэми ехащ. Ерыщу и мурадым хуэкIуэ цIыхум, гува-щIэхами, ехъулIэныгъэ зэриIэнур щынэрылъагъущ Теймураз деж.
  • ЩIалэм и гъуэгуанэ щIэдзапIэр дахэщ, нэхъыбэж зэрызригъэхъулIэфынум ухуагъаплъэу. Шэчыншэщ Къэнэмэт Теймураз и цIэр фIыкIэ дэ иджыри  куэдрэ  зэрызэхэтхынур.
  • ЩхьэщэмыщI  Изэ.