ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIэблэм я ущиякIуэ

2023-03-16

  • ЕгъэджакIуэныр ар лэжьыгъэ къудейкъым — ар къыбдалъхуауэ уи лъым хэту щытын хуей IэщIагъэщ. А IэнатIэ мытыншым гурэ псэкIэ бгъэдэтыф ди егъэджакIуэхэм, щIэблэм я ущиякIуэ пажэхэм ящыщщ Балъкъэр Маритэ Хьэсэнбий и пхъур. ФIыуэ илъагъу IэщIагъэм ирилэжьэн зэрыщIидзэрэ зэи къэхъуакъым ар къызэрыхихам щыхущIегъуэжа, и къалэнхэр щIыхьрэ пщIэрэ иIэу щызэфIимыха.

  • Илъэс 50-м нэсащ Балъкъэр Маритэ егъэджакIуэу япэу сабийхэм я пащхьэ зэриувэрэ. 1974 гъэм абы лэжьэн щыщIидзащ Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Хьэтуей жылэм дэт курыт школым. Илъэс зыбжанэкIэ абы щыIауэ, лэжьыгъэми зыхэт гупми хэзэгъауэ, егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэр ягъэкIуащ апхуэдэ IэщIагъэлI зыхуримыкъу IуэхущIапIэм: Ерокъуэ къуажэм дэт курыт школым. Абы лъандэрэ илъэс 45-рэ хъуащи, Маритэ а жылэм щолажьэ, зыпэрыт IэнатIэм и гуи, и пси ирихьэлIэу, жылэм къыдэхъуэ щIэблэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ яригъэджу.
  • — ГупсысэкIэ тэмэм, щытыкIэ дахэ зиIэ, балигъ гъащIэм хичэ япэ лъэбакъуэр махуэ зыхуэхъун ныбжьыщIэ бгъэсэныр къалэнышхуэщ. Адэ-анэм хуэдэ дыдэу, егъэджакIуэхэри хуабжьу долIалIэ ди нэхъыжьыфIхэм яхуэфа- щэ нэхъыщIэ къазэрытщIэувэным. «Гъэсэныгъэр дыщэ жыгщ», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. Дыщэ жыг бгъэкIыну тынш хьэмэрэ гугъу? Апхуэдэщ сабий бгъэсэнри. АтIэми а лэжьыгъэр къызэхъулIэ лъэпкъхэр, цIыхухэр щогуфIыкIыж а «дыщэ жыгым» къит хъерым, абы ирогушхуэ икIи иропагэ лъэпкъри къэралри, — жеIэ зыпэрыт IэнатIэм теухуауэ егъэджакIуэм. — ГъэсэныгъэфIым и лъабжьэ быдэр зи щэным хэлъ сабийм щIэныгъэ куу бгъэдэплъхьэныр тыншщ, гур хэзыгъахъуэщ, псэр зыузэщIщ. Абы хуэщIащ иджырей егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм щызекIуэ Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэри. ЕгъэджэныгъэмкIэ федеральнэ къэрал мардэм (ФГОС) школ лэжьакIуэхэм къахуигъэув къалэнхэм ятещIыхьауэ къызыдогъэпэщ ди дэтхэнэ дерсри, ахэр щIэщыгъуэ, щIэ гуэрхэр зыхэт зэрытщIыным дыхущIокъу.
  •  А лэжьэкIэфIым тету, Маритэ егъэпс и дэтхэнэ дерсри. Абы и дежкIэ нэхъыщхьэр ныбжьыщIэм и анэдэлъ-хубзэр фIыуэ егъэлъагъунырщ, абы и IэфIагъыр зыхищIэу и гупсысэхэр абыкIэ къригъэIуэтэнырщ. А мурадыр къехъулIэн папщIэ, Балъкъэрым Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къегъэсэбэп, урокхэр щIэщыгъуэу еухуэ. ЕгъэджакIуэм мыхьэнэшхуэ ирет дэтхэнэ сабийри лэжьыгъэм къыхэша хъуным.
  • — «Зыгуэр жызыIэм зыгуэри ещIэ», — жыхуиIэр аращи, псалъэм псалъэр къешэ, зэхэша хъуа псалъэм гупсысэ иIэ мэхъу. Гупсысэр зыбгъэдэплъхьа еджакIуэм и зэхэщIыкIым нэмыщI, бзэми зеужь, — пещэ егъэджакIуэм и псалъэм.
  •  Маритэ, анэм хуэдэу, сабий къэс зыгуэркIэ дихьэхыу, хуэсакъыу щIэныгъэ зэрыбгъэдилъхьэным яужь итщ. Адыгэбзэр фIыуэ яригъэлъагъукIэрэ, егъэджакIуэм хузэфIокI абыхэм хабзэр зыхригъэлъхьэн, лъэпкъ тхыдэм щигъэгъуэзэн. А Iуэхугъуэхэм хуэгъэпсащ         абы къызэригъэпэщ «Адыгэбзэр мэбзэрабзэ», «Лъэпкъым и псэр и бзэрщ», «Фащэм я нэхъ дахэр нэмысщ», «Щикъухьащ адыгэр дунеижьым» урок зэIухахэр, зэпеуэхэр, викторинэ зэмылIэужьыгъуэхэр.
  • Сабийхэм зэрадэлажьэм хуэдэу, сакъыу, набдзэгубдзаплъэу Балъкъэрыр ядолажьэ абыхэм я адэ-анэхэми. Ар абыхэм ягу дыхьэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэщ икIи ущиякIуэщ, цIыху щыпкъэщ, зэпIэзэрытщ. Зи IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу, Iэдэбагъ зыхэлъ егъэджакIуэ Iэзэм, сабийхэм къазэрыгурыIуэнкIэ, чэнджэщ дахэкIэ, ущие защIэ-кIэ щIэныгъэ нэс ябгъэделъхьэф. Апхуэдэ лэжьыгъэфIым хъер къетыж: Маритэ иригъаджэхэр жыджэру хэтщ школым щекIуэкI гъащIэм, районым, республикэм анэдэлъхубзэмкIэ къыщызэрагъэпэщ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэми жыджэру зыкъыщагъэлъагъуэ а ныбжьыщIэхэм, увыпIэ нэхъыщхьэхэр къыщахьу.
  • Зыпэрыт IэнатIэм зигури зи псэри ета лэжьакIуэм и лъэужьым ирикIуахэри мащIэкъым. Маритэ егъэджакIуэ Iэ-щIагъэм дригъэхьэхауэ, абы хуеджауэ республикэм и школхэм мы зэманым адыгэбзэмрэ  литературэмрэ  щрагъэдж  цIыху зыбжанэм. Абыхэм ящыщщ Маритэ ипхъу нэхъыжь Лани. ЕгъэджакIуэм зэрыжиIэмкIэ, ари уи лэжьыгъэм адэкIи утезыгъэгушхуэ, уи лъэр жан зыщI Iуэхугъуэхэм ящыщщ.
  • И лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэ мардэхэмкIэ, IэщIагъэм хэлъ щэхухэмкIэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэр фIэфIу ядогуашэ IэнатIэм пэрыхьагъащIэхэм. Абы иригъэкIуэкI урок зэIухахэр гукъинэжщ, класс щIыб лэжьыгъэхэр купщIафIэщ, и чэнджэщхэмрэ ущиехэмрэ акъыл зыхэлъщ. Маритэ и лэжьыгъэ- хэр мызэ-мытIэу утыку къыщрахьащ щIыналъэм щрагъэкIуэкI хабзэ «Методикэ чэнджэщ» зыфIаща зэпеуэм, увыпIэфIхэри къыщихьащ. Езыми и нэIэм щIэт ныбжьыщIэхэми зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм къапэкIуащ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкI щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр, саугъэт лъапIэхэр.
  • Балъкъэрыр илъэсипщIым щIигъукIэ щытащ школ унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэу. Абдежми  абы зыкъыщигъэлэгъуащ лэжьыгъэм хуэIэижь, жэуаплыныгъэр зыхэзыщIэ цIыхуу.
  • Зыпэрыт IэнатIэми жылагъуэми пщIэшхуэ щызиIэ бзылъхугъэ щыпкъэм дохъуэхъу адэкIи лэжьыгъэм ехъулIэныгъэщIэхэр щызыIэригъэхьэну, и щхьэгъусэ Аслъэмырзэрэ езымрэ зэкIэрымыхуу, я бынищым я гуфIэгъуэ, насып ялъагъуу, узыншэу куэдрэ зэдэпсэуну. Зи бзэр зи псэу къэзылъытэу дунейм тет адыгэ бзылъхугъэм и мурад псори Тхьэм къыхузэпищэ!
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.