ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бзылъхугъэ  гъащIэ  мащIэхэр

2019-07-18

  • ЦIыхур щылэжьэф ныбжьым ит бзылъхугъэхэм щыщу дэтхэнэ еплIанэри зэрылIыкIыр лышх узыфэхэрщ (процент 23,8-рэ), апхуэдизым нэс (процент 22,9-рэ) лъынтхуэ узыфэхэм яукI, процент 19,2-р — машинэ зэжьэхэуэм хэкIуадэхэмрэ, зызыукIыжхэмрэщ.

  • Зэрыщыту къапщтэмэ, цIыхубз минищэ къэс 209-рэ малIэ, «и псэугъуэт» жыхуаIэ ныбжьым иту.
  • Минищэм тещIыхьауэ нэхъ мащIэ дыдэу щылIэр Ингуш Республикэращ (мини 100-м хуозэ 54-рэ), Дагъыстэным (75-рэ), Шэшэным (93-рэ), Къэрэшей-Шэрджэсым (93-рэ), Къэбэрдей-Балъкъэрым (116-рэ), Осетие Ищхъэрэ — Аланием (126-рэ), Къалмыкъым (137-рэ), Москва (142-рэ), Ставрополь крайм (146-рэ), Ямало-Ненецкэ автоном округым (146-рэ).
  • Ауэ Урысей Федерацэм иIэщ мы Iуэхур щыхьэлъэ. Къапщтэмэ, Тыва бзылъхугъэ щIалэу щылIэм я бжыгъэр хуэдитIкIэ нэхъыбэщ адрей хэгъэгухэм елъытамэ — минищэм 440-рэ хуозэ. Чукоткэм, Кемеровэ, Новгород, Иркутск, Амур, Тверь, Псков областхэмрэ Хабаровск, Приморск крайхэмрэ Iуэхур мащIэу щынэхъыфIщ Тыва елъытауэ.
  • ЗэрыжытIащи, цIыхубзхэр нэхъыбэу зэрылIыкIыр лышх узыфэхэрщ. ОнкологиемкIэ Евразие федерацэм и IэщIагъэлIым къегъэлъагъуэ абы и щхьэусыгъуэр. Япэрауэ, а узыфэхэм зэрыпэщIэт щIыкIэмкIэ Европэми США-ми дакIэщIыхьэркъым. Абыхэм зытращIыхьыр, я Iуэхур нэхъыфI зыщIри цIыхухэм я узыншагъэр пIалъэ пыухыкIам тету къызэрапщытэрщ, уз гъэтIылъа ямыIэн папщIэ. Абы и фIыщIэщ Европэмрэ США-мрэ ягъэхъужыф зэрыхъуар бгъэм хищIэ лышхыр. Урысейм нэгъуэщIщ щытлъагъур. ЦIыхубзым и узыфэр къыщахутэр лышхыр етIуанэ, ещанэ лIэужьыгъуэм хыхьа нэужькIэщи, къахуегъэлри нэхъ мащIэщ.
  • ЕтIуанэрауэ, ди къэралым къомэщIэкI дохутыр IэщIагъэ зиIэхэр. Псом хуэмыдэу яхуримыкъур гистологхэмрэ цитологхэмрэщ. Мединститутхэр куэдщ, ауэ хэхауэ апхуэдэ дохутырхэр ягъэхьэзыркъыми, икIэщIыпIэкIэ а Iуэхур ямыгъэзэкIуэжмэ, нэгъуэщI къэралхэм кърашын хуей хъунущ ягъэлэжьэн.
  • Ещанэрауэ, дохутыр псори щыгъуэзэн хуейщ лышх узыфэхэр зыхуэдэмрэ абы зэрызыкъуигъащIэ щIыкIэмрэ. Псалъэм папщIэ, терапевтым и чэзум гурыщхъуэ ищIу сымаджэр онкологым деж имыгъакIуэмэ, узыр хотIасэ.
  • ЭкономикэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэм ДемографиемкIэ и институтым и унафэщI Вишневский Анатолий зэрыжиIэмкIэ, цIыхухэм я узыншагъэр хъумэным теухуа Iуэхухэр тэмэму зэтеубла зэрымыхъуар, цIыхубзхэм тутынрэ аркъэрэ ефэ куэду зэрахэтыр щхьэусыгъуэ хуохъу лышхым бзылъхугъэ щIалэхэр зэрихьым. «Иджы щыщIэдзауэ а щыщIэныгъэхэр дгъэзэкIуэжыным яужь дихьэмэ, илъэсипщI нэужь тлъагъуну аращ абы къыпэкIуэнур», — жеIэ Вишневскэм.
  • Iуэхур иригъэфIэкIуэну дыщыгугъ хъуну къыщIэкIынущ 2019, 2020 гъэхэм Урысейм и цIыху балигъхэм я узыншагъэр щIэкIыу къызэрапщытэнум.
  • Ар зэрекIуэкIым кIэлъыплъыну я къалэнщ ОМС-мкIэ фондым и щIыналъэ къудамэхэм.
  • ЦIыхухэм хъыбар егъэщIэным, мы Iуэхум и мыхьэнэр къагурыгъэIуэным министерствэу 7 елэжьынущ: Узыншагъэр хъумэнымкIэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ, ЩIэныгъэмкIэ, СвязымкIэ, СпортымкIэ, ТранспортымкIэ, ЛэжьыгъэмкIэ министерствэхэр. Абыхэм телевиденэ, радио, интернет IэмалхэмкIэ социальнэ рекламэр цIыхухэм я деж нагъэсынущ.
  • ЗэрытщIэщи, ди къэралым мы гъэм щIэрыщIэу щагъэбелджылащ диспансеризацэр зэрекIуэкIыну щIыкIэр. Иджы зэрыщытращи, илъэс 40 ныбжьым щыщIэдзауэ илъэсым нэхъыжьхэм зэ я узыншагъэр кърагъэпщытэну хуитщ. Илъэс 18 — 39-м итхэм — илъэсищым зэ.
  • Пенсэм щыкIуэну ныбжьым нэсахэм диспансеризацэм щхьэкIэ лэжьэгъуэ махуитI зы илъэсым къагъэсэбэпыну хуитщ. Адрейхэм — зы махуэ. А махуэхэм техуэ улахуэри лэжьапIэм щыIам хуэдабзэу ират. Ауэ поликлиникэм кIуэну зэримурадыр тхауэ унафэщIым хущIахьэу Iэ къытрагъэдзапхъэщ.
  • ГурыIуэгъуэщ, узыр къахутэ къудейкIэ зэрызэфIэмыкIынур, цIыхухэр ягъэхъужын зэрыхуейр.
  • Диспансеризацэм къызэщIиубыдэу сыт хуэдэ анализ етын, сыт хуэдэ дохутырхэр къеплъын хуейми теухуа хъыбар поликлиникэхэм яIэщ. Дохутырхэр зэплъа цIыхухэм узыншагъэкIэ зыхэхуэ гупыр ягъэбелджылынущ, уз гъэтIылъа зиIэхэм я узыншагъэр илъэсым тIэу къапщытэнущ. ФымыгъэщIагъуэ, фыкIуэну къыфщыгъупщэмэ, дохутырхэр къэпсалъэу фигу къагъэкIыжын хуейуэ къалэн зэрыщащIари.
  • Къэрал куэдым щыхабзэщ диспансеризацэм пхымыкIа цIыхур зыгуэркIэ сымаджэ къэхъумэ, езым и ахъшэкIэ зигъэхъужын хуейуэ. ПхыкIа- мэ — медицинэ страхованэмкIэ зэфIокI. Диспансеризацэм къыпамыкIухьынымкIэ IэмалыфIщ ар. Дэри абы дыхуэкIуэфамэ, езы цIыхухэм хэгъэзыхь щымыIэу я узыншагъэр кърагъэпщытэну къыщIэкIынт.