Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2021-06-19
- ЖыIэгъуэхэр
- УкIытэ зымыщIэм Iуэху Iэджи зэIещIэ
- Псалъэ пэжым гъащIэшхуэ иIэщ.
- ПIащIэу уи унэм къыщIыхьами, узыхуэмей псори елъагъу.
- Лъагъуныгъэр гъащIитI зэпыщIэщ.
- ПасэIуэу къалъхуаи щыIэкъым, кIасэIуэу лIэжаи щыIэкъым.
- Хьэ къобэнырейм ущымышынэ, узыщышынэнур зыри жимыIэурэ и кIэр пхуэзыгъэджэгуращ.
- Дагъуэ гуэр зимыIэ ныбжьэгъу лъыхъуэурэ ныбжьэгъуншэу зыгуэр къэнауэ жаIэ.
- УкIытэ зымыщIэм Iуэху Iэджи зэIещIэ.
- Куэдрэ къамыгъэсэбэп псалъэхэм я мыхьэнэр мэкIуэд.
- Тхылъыр егъэджакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ — фIыщIи пщIэи зэи пIихыркъым.
- ПIащIэу зи гъащIэр зыхьхэм дунейм и дахагъэр зыкIи зыхащIэркъым.
- ГъащIэр зищIысыр къызэрызгурыIуэм кIуэ пэтми кIэроху, ауэ фIыуэ зэрыслъагъур нэхъ куу мэхъу.
- Жыжьэ щыIэ сомым укIэлъыкIуэ нэхърэ уи унагъуэм уисыжу къэблэжь сом ныкъуэр нэхъыфIщ.
- ЦIыху гъэсакIэ узэджэнур укIытэ зыхэлъырщ.
- Уи щIыхьымрэ уи пщIэмрэ зыми птрихыфынукъым, ауэ уэр-уэру бгъэкIуэдыжынкIэ хъунущ.
- Унащхьэм и быдагъыр къыщежьэр и лъабжьэрщ.
- Сымаджагъэ убгъэдэмылъмэ, жьы сыхъуащ жыпIэу щхьэхынэрэ лэжьыгъэншэрэ зумыщI.
- Ефэгъу зыгъуэтыр ныбжьэгъу хуэныкъуэкъым.
- ИщIэ тIэкIур псоми яжриIэу къэзыкIухьым имыщIэ нэхъыбэжи щIегъу.
- Зэи фемыдаIуэ адрейхэр иубурэ уэ къыпщытхъу цIыхум.
- КIурашын Алий.
- ГушыIэ
- Щхьэж хуэфащэ и щауэгъущ
- ЛIыжьым и башыр ину игъэбакъуэурэ, зы къуажэм икIауэ нэгъуэщI къуажэм макIуэ. Аддэ жыжьэу трактор щовэ.
- Тракторист щIалэм лIыжьыр зэрилъагъуу, и Iуэхур зэпигъэуауэ, абы кIэлъожэ, кIэлъыджэурэ:
- — Ей, тхьэмадэ, къэувыIэт!
- ЛIыжьыр къэувыIащ.
- ЩIалэр бауэбапщэу къыкIэлъысащ.
- — Тутын уиIэ?
- — Сыт щIызимыIэр? — жеIэ лIыжьым.
- — НтIэ, дыкъегъафэт зы тутын.
- Тутынымрэ тхылъымпIэрэ хъуржын цIыкIум илъу лIыжьым и жыпым кърех- ри ирет. ЩIалэм тутыныр ешыхьри:
- — КъытхущIэгъэнэжыт иджы мыр! — жеIэ тутын гъумышхуэр зыIуригъэсауэ.
- ЛIыжьым мафIэдзыр кърехри ирет. ЩIалэм тутыныр щIегъанэри, хъуржынри и гъусэу къыхуешииж.
- — Сыхуейкъым, а псори уэ узот, щIалэ! Уэ ныбжьэгъу укъысхуэзыщIа IэщIагъэр сэ нобэ щыщIэдзауэ хыфIызодзэ! — жиIэри, лIыжьыр и гъуэгу теувэжащ.
- КъардэнгъущI Зырамыку.
- Теплъэгъуэхэр
- Гуэгушыхъу
- Къэхъуа
- Зэкъуэшхэм ди сабиигъуэр Къаншыуей къуажэм щыкIуащ. Ди адэжь лъапсэр пщIантIэшхуэти, джэдкъазыр куэду зетхуэрт, къищынэмыщIауэ, Iэщи диIэт. Зэкъуэшхэр унагъуэ псэущхьэхэм дахуэсакъыу дыкIэлъыплъырт. БалигъыпIэ сиува нэужь, къалэм сыIэпхъуэри, къат куэду зэтет унэм илъэс зыбжанэкIэ сыщыпсэуащ. Ауэ сытым дежи си хъуэпса-пIэт щIым щыт унэ-лъапсэ зэзгъэпэщыныр, си хадэ сиIэжрэ джэдкъаз хъушэ згъэхъуу сыпсэуныр.
- Зэман дэкIри, си мурадыр къызэхъулIащ. Налшык къалэ и Горнэ хьэб-лэм унэ къыщытщэхуащ. Ар мыин дыдэми, абы къедза хадэр цIыкIутэкъым. Сызыхуейр къыщызэхъулIэм, зызмыгъэгувэуи джэдэщ цIыкIу сщIащ. Махуэ гуэрым бэзэрым сыкIуэри, джэдкъурт къэсщэхуащ, джэдыкIэхэр кIэщIэлърэ матэшхуэм исыжу. Джэдкъуртыр джэдыкIэм сабыру тест, сэ абы сызэрыщыгуфIыкIри бэзэрым щекIуэкI зэрызехьэри зы-уи къыфIэмыIуэхуу. Гуэгуши бабыщи кърезгъэшыну си мурадти, абыхэм я джэдыкIэхэри къэсщэхури сыкъэкIуэжащ. Джэдэщым и нэхъ кIыфIыпIэм деж плIанэпэм хуэзэу, зыри зэран хуэмыхъуну, матэр згъэуващ. Джэдкъуртым джэдыкIэ къыхэсщэхуэжахэри кIэщIэслъхьати, зыкIи гурыщхъуэ имыщIу, езым ей дыдэм хуэдэу, пэкIэ зыкIэщIигъэкIуатэри, игъэхуабэу тетIысхьэжащ. Зы мазэ хуэдиз дэкIауэ, си джэдкъурт цIыкIум къришащ джэди, гуэгуши, бабыщи зэхэту.
- А зэрызехьэ гуп цIыкIум къахэщырт зы гуэгуш шыр: и инагъкIи, и макъкIи, и шхэнкIи. Ауэрэ, къыгурыIуауэ къыщIэкIынщ джэдыр зэримыанэр, абы и деж и Iуэху къызэрыщимыкIынур. Иджы абы си ужьым иту къикIухьырт, щIакхъуэ щыкъуей хуэспхъыным пэплъэу, апхуэдэуи хугур щыхуагъавэ ди пщэфIапIэр къиуфэрэзыхьырт. Гуэгушым и ныбэ из хъуа нэужь, къызыхэкIа гупым яхыхьэжырт. Ар адрейхэм зэремыщхьым, унагъуэм нэхъ къыдэсауэ зэрыщытым папщIэ «Вася» фIэтщауэ, абыкIэ деджэрт. «Вася, Вася!» — жытIамэ, джэдэщым къыщIэжырти, IэфI гуэр сывгъэшх жыхуиIэу, дыкъиуфэрэзыхьырт.
- МазитI-щым Вася зричащ, зыхэтым къахэщырти, зигъэнэхъыжьу, и дамэхэр зэгуэпхъауэ, щIым хилъафэу къикIухьырт, зыри къыфIэмыIуэхуу. Сэ сыкъилъэгъуамэ, си ужьым къиувэрти, дэнэкIэ згъазэми, накIуэрт, зы лъэбакъуэкIэ зыкъыскIэримыгъэхуу.
- Бжьыхьэм дыщытехьам Вася и инагъым фIыуэ хэхъуат, абы и хьэлъагъыр килограмм щэщIым нэсырт, и теплъэкIэ ар гуэгушыхъум нэхърэ страусым нэхъ ещхьт. Тыкуэным си гъусэу накIуэрти, уэрамым зыгуэрхэм дащыхуэзамэ, захуигъэщIагъуэу и гуэгуш къафэм щIидзэрт. Ди уэрамым тесхэр Вася зэрызищIхэр ягъэщIагъуэу къыкIэлъыплъырт.
- Ар апхуэдизкIэ хьэлъэ хъуати, лъэуейм имыIыгъыжу, зы жэщ гуэрым зэпыщIыкIри, псори зэрызехьэу къелъэлъэхат. Абы иужькIэ Вася и лъэуейр чырбышкIэ хузэтеслъхьат. ЗигъэщIагъуэу абы дэкIуейрти, пщым хуэдэу джэдкъаз хъушэм къахэплъэу и тIысыпIэр зригъэгъуэтыжырт.
- Апхуэдэурэ щIымахуэр икIри, гъатхэм дытехьащ. Джэдхэм гъуэлъхьэжын щIадзащ, ауэ гъэщIэгъуэныракъэ, джэдыкIэ хъушэр яIэми, гуэгушищым апхуэдэ Iуэху зэрахуэртэкъым. Щымыхъужым, а фэ фщIэ Вася джэдыкIэхэр зэрылъ абгъуэм сакъыпэурэ итIысхьащ. Ар щыслъагъум, бабыщ джэдыкIэ зытIущ къэсщэхури кIэщIэслъхьащ, хэт ищIэрэ къришмэ жысIэри. А телъыджэр хэт хуэзмыIуатэми, псоми ягъэщIагъуэрт, апхуэдэ къэхъункIэ хъунукъым жаIэрти, я фIэщи хъуртэкъым. Баз къыспихьи яхэтт, къасшэу гуэгушыхъу зыкъизыхыр джэдыкIэм тесу ялъэгъуа нэужь, жаIэнур ямыщIэу къанэрт, зыкъащIэжырти зэрылъэлъу дыхьэшххэрт. Апхуэдэу Вася къришат джэди, бабыщи, гуэгуши зэхэту щэщIрэ щым нэс.
- Махуэ къэс гъэщIэгъуэн куэд дигъэлъагъурт Вася. И шыр цIыкIухэр пщэфIапIэ бжэIупэм деж къишэрти, и «гур, гур, гур» макъым зригъэIэтырт, мыхэр вгъашхэ жиIэу къыдиIуэкIыу. Гуэгушыхъушхуэм дежкIэ тынштэкъым зэщымыщу апхуэдиз джэджьейр и закъуэу ипIыну, абы нэмыщI хадэри пщIантIэри яхурикъуртэкъым. Арати, унагъуэм щIэсхэр дызэчэнджэщри, унафэ тщIащ Вася и шырхэр жэщым къыкIэщIэтхыу сыкъыщалъхуа къуажэм дэс си благъэхэм я деж едгъэшэну, абы ахэр сыт и лъэныкъуэкIи нэхъ зыхуей щыхуэзэнут. Апхуэдэуи тщIащ, ауэ пщэджыжьым Вася къэушу и шырхэр щимыгъуэтыжым, абы къигъэхъуам ущIэмыуп-щIэ, джэдэщым щIэсу хъуар къыщIихуу Iэуэлъауэшхуэ къиIэтат. ЧырбышкIэ хуэсщIа лъэуейм тетIысхьэжри, махуэ зыщыплIкIэ зыкъигъэхъеякъым, ауэ мэжалIэ щыхъум, къежьэжащ, хуэмурэ и гуэгуш къафэми щIидзэжащ.
- Зы пщыхьэщхьэ гуэрым, лъэуейм нэхъ ищхьэкIэ дэкIуеин и гугъэу Вася зыщиIэтым, и хьэлъагъым и зэранкIэ, къехуэхри зиуIэжащ. Унагъуэм щIэсхэм икъукIэ ди жагъуэ хъуати, хуэтщIэнур тщIэртэкъым. НэгъуэщI зыгуэрхэм яукIыжынти яшхынт, ауэ дэ абы апхуэдизкIэ десати, ар тхуэщIэнутэкъым. Апхуэдэу щыхъум, гузавэм сигу къигъэкIащ, тыкуэным и деж щызыкIэрызгъэхуну, езы гуэгушыхъушхуэр уи нэм къыфIэмынэнкIэ Iэмал иIэтэкъыми, зыгуэрым къищтэнщ, хэтми и хьэлэлщ жысIэри. Арти, си гъусэу тыкуэным къыдэсшри, езыр щытеплъэкъу-кIым къэзгъанэри, сэ унэм псынщIэу сыкIуэжащ. Дакъикъитху дэкIа нэужь, уэрамым сыкъыдэкIри, Вася бгъуэтмэ къащтэ, уэрамым тетыжтэкъым, машинэ блэжхэм ящыщ зыгуэрым иригъэтIысхьэри, макIуэ мэлъей! Мазэ бжыгъэкIэ унагъуэр Вася дытепсэлъыхьащ, ди гум тхуимыгъэхуу, и Iуэхур зэрыхъуам дегупсысу, къэзыщтам игъэхъужыфа хьэмэрэ ягъавэу яшхауэ пIэрэ жытIэурэ.
- КIэрашэ Михаил.
- Тхыгъэ кIэщI
- ЗэгъунэгъуитI
- ЗэгъунэгъуитI псэурт. Зыр апхуэдизкIэ быдэт, мылъкукIэ хьэсыти, «къызэт» фIэкI, «мэ» жыхуаIэр ищIэртэкъым, адрейр лIы Iущт, хьэлэлт. Зэманыр Iейти, цIыхухэм шхыныр къаIэщIэмэщIат, ауэ шыгъу яIэжыххэтэкъыми, зэгъунэгъуитIым шыгъушэ зэгъусэу ежьэну, мурад ящI. МылъкукIэ хьэсым игу техуакъым и гъуэмылэр и гъусэу ежьэну лIы нэхъ хуэмыщIам гъуэгум щыдишхыну икIи щызэгурыIуа пIалъэр къэсыным зы махуэ иIэжу, и закъуэу йожьэ. Ар къыщищIэм, мыдрейри и гъуэгуанэ тоувэ.
- Зи гъуэмылэр къызыIэщIэуха лIы хьэсыр къуажэ гуэрым носри, япэ зыхуэзэ унагъуэм йолъэIу шхын тIэкIу къратыну. «Уэттынт, — жаIащ модрейхэм, — ауэ дэ езыхэр гъавэкIэ дыхуэмыщIащ». ЕтIуанэ махуэм а къуажэ дыдэм нос мыдрей лIыр. Ар лъэIуакъым, къыщыувыIа бысымым я щIалэ цIыкIур зыбгъэдишэри, гуапэу и щхьэм Iэ дилъащ, зы мыIэрысэ закъуэ и къэлътмакъым илъти, и IэщхьэмкIэ илъэщIри, сабийм иритащ. Сабийр гуфIащи, мыIэрысэр и адэ-анэм ярегъэлъагъу. «Мы щымыIэжыр дэнэ къипха, хьэщIэ?» — жаIэри, ахэр гу щабэ къохъу, лIыр Iэнэм ягъэтIысри, яIэ мащIэр кърагъэшх, зыгуэрхэри гъуэмылэу кърат.
- МылъкукIэ хьэсыр шыхъуэ гуэрым хуозэ. «КхъыIэ, зыш къызэт, апхуэдизкIэ сешащи, си лъакъуэхэм адэкIэ сахьыжыркъым», — жеIэри абы йолъэIу. АрщхьэкIэ модрейм идэркъым: «Iагъу, ар шыр зей пщым къысхуидэн?! Уэлэхьи, уэзмытыфыну», — жеIэ.
- Махуэ дэкIауэ, а шыхъуэ дыдэм IуощIэ мыдрей лIыр. Сэлам зэрахри, жьауапIэм тIури щIотIысхьэ. Шыхъуэр мэжалIэу гу лъитати, и гъуэмылэр къэлътмакъым кърехри, къегъэтIылъ, къыздэшхэ, жеIэри. ЛIитIыр машхэ. Шыхъуэр къоупщI: «Жыжьэ укIуэрэ?» ЗдэкIуэр щыжриIэм: «Уэлэхьи, ар мыгъунэгъу, лъэсу нэсыгъуафIи умыхъун, — жеIэри зыш кърет. — Къэбгъэзэжмэ, къызэптыжынщ».
- Япэрей лIыр дауэ хъуми здэкIуэм нэсащи, мо шыгъу къомыр щилъагъум: «Мыпхуэдиз шыгъу зиIэм сэ сызыхуей тIэкIур ауэ къызитынщ», — жеIэри, шыгъу уасэр къыдигъэхуэн и мураду, шыгъур зейм йолъэIу путитI хуэдиз къритыну. АрщхьэкIэ къритыркъым: «Уэ пхуэдэу лъаIуэр куэдщ», — жеIэри. Щымыхъум сыт ищIэнт? Къещэху.
- Мыдрей лIыри нос. ЗанщIэуи гу лъетэ шыгъур къызэрыIуаш шыхэр хуабжьу зэрешам. Зыри жимыIэу, и шыр гум щIещIэри, махуэ ныкъуэкIэ шыгъу къыIуеш. УнафэщIым абы гу лъитэнтэкъэ? Лъетэ икIи фIыщIэ къыхуещI, лэжьапщIэуи шыгъу къэпищ кърет.
- Ар къызэришэн шыгу зэригъэпэщын хуейти, унагъуэ гуэрым ягъакIуэ, я шыр зэрылIэрэ мазэ мэхъу, шызакъуэгу къэнауэ яIэщи, къуатынкIэ хъунщ, жаIэри. АрщхьэкIэ къратыркъым. Дауи къратын лIы ямыцIыхум?! «НтIэ абы щыгъуэм сэ шыгъу къэпищ схуздэхьынукъым, путитI-щы къыхэсхынщи, адрейр фыфейщ», — яжреIэ икIи и шыр гум щIещIэри шыгъур къахуешэ. «Хьэуэ, ар хъункъым, шыгъум и ныкъуэм фIэкIа дыхуейкъым, шызакъуэгур удот», — къыжраIэ апхуэдиз хьэлэлагъ зыдалъэгъуа лIым.
- Ар къыздэкIуэжым, модрей хьэсым хуозэж, уэшх къытешхарэ и плIэм илъ шыгъу тIэкIур псыф хъуауэ. Ар гум къредзэри, лIыри кърегъэтIысхьэ. Зыкъомрэ тIури щымщ. ИтIанэ мылъкукIэ хьэсым жеIэ: «Уа, уэри лъэсу укъежьат, мы шыр дэнэ къипха? Мыпхуэдиз шыгъу дауэ къыпхуэщэхуа? Мы шызакъуэгури дауэ зэбгъэпэща?»
- ЛIы Iущыр погуфIыкI.
- — Абы щэхуу зыри хэлъкъым: сиIэр зимыIэм естурэ, симыIэр зиIэм къызитауэ аращ, — жеIэ.
- Къагъырмэс Борис.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:5. ЦIыху быхъутIэ, лъахъшэ. 8. Арджэным къыхащIыкI алэрыбгъу, лъэгурыдз. 9. Къуалэбзугъащтэу хадэм ирагъэувэ. 10. Фэ кIапсэшхуэр зэрызэхэлъ Iыхьэхэр, былымыфэм къыхаха фэдэн. 12. «Махуэр уейщи, жьы зэпихум хуарзэу уэсыр кърехьэкI, къуакIи тафи къимыгъанэу, … хужьыр кърешэкI» — ЩоджэнцIыкIу Алий и усэ «ТекI бжэщхьэIум» щыщщ. 15. ФIыуэ мыгъущауэ зэтралъхьа, Iей хъуа мэкъу. 18. КIыщокъуэ Алим и поэмэ. 19. Мывэ блыну дэкIуей бгы задэ. 20. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Министрхэм я Советым и УнафэщIу щыта. 22. Щыгъын. 25. ЕгъэджакIуэм классым щIэсхэм ящыщ зым иредз: «ЖьэкIэ … уемыщэу, жысIэм къедаIуэ». 26. МафIэ бзий къыдидзу, уафэм къыщоуэ. 27. ХадэхэкI. 30. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь … Алий. 31. Къэнжал хьэку цIыкIу. 32. Къэрмокъуэ Мухьэмэд и повесть цIэрыIуэ «Щихухэр иджыри …». 34. Къуажэ унагъуэ куэдым я гъавэ хъумапIэ. 35. Тхьэмпэ кIыхь зэгуэбза куэд зытет, дэнэ щIыпIи узыщрихьэлIэ удз. 38. Сабийм и пыIэр жьым щхьэрезымыгъэх кIапсэ цIыкIуитI. 40. МыIэрысэ … Е плъыжьыфэ. 43. Дунейм ехыжам щхьэкIэ жаIэ хабзэщ: «… нэху Тхьэм кърит!» 44. Пщыхьэщхьэм … ин къыкъуэуащ. 45. Вакъэ лъапщэ кIыхь.
- Къехыу:1. Сабий цIыкIу гъыринэр абыкIэ ягъэудэIу хабзэщ. 2. …- Абхъаз зауэм адыгэ щIалэ куэдым лIыгъэ щызэрахьащ. 3. Фадэ гуащIэ. 4. ИлъэситI-щым ит шыщIэхъу мыгъасэ. 6. ЩэкI кIапэ. 7. Псым ихьыр … йопхъуэ. 11. Мэзым ухуэзышэ лъэс … цIыкIу. 13. Псыежэх. 14. ПхъэIэщэм къызэригъэдзэкI щIы Iыхьэ. 15. …-шыхъуэ. 16. Зи пэр хужьыфэ къуаргъ фIыцIэ. 17. ФутболымкIэ дуней псом и чемпион тIэу хъуа къэрал, Америкэ Ипщэм щыщу. 21. … пыIэ. 22. Щхьэл мывэр зэкIэрэхъуэкI гъущI яе. 23. ХьэкIэпычым гу кIуэм … къыкIэреуд. 24. Уэрэдыжь зыгъэзащIэм къыдэзыIыгъ гуп. 28. …-урым бэнэкIэ. 29. Тафэ, щIыпIэ сэтей. 33. ЩIалэ цIыкIу къуейщIеям … зищIыжащ. 34. Къудамэхэр зыгуаупщIыкIа, яухъуэнщIа жыгым къыхэнэ IэпапIэ. 36. Жьэгу натIэм хэщIыхьа тегъэувапIэ. 37. УэрэджыIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист … МуIэед. 38. Жыджэрагъ зыхэмылъ, хуэм дыдэу фIэкIа Iуэху зымылэжь цIыху. 39. Тырку дзэзешэхэм зэреджэ. 41. Iэщым хузэхащIэ Iус. 42. Жэм … шкIэ иукIрэ?
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Мэкъуауэгъуэм и 11-м ди газетым тета19псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:1. Жыгей. 3. Абрэдж. 7. Шындэбзий. 8. МыщIэ. 10. Къру. 11. Хуарэ. 15. ЩIакIуэ. 16. Лъахъш. 18. Гъуанэдэс. 19. Генерал. 24. Мысэ. 25. Iумыл. 29. Мест. 31. Пхъы. 32. Брул. 33. Малъхъэунэгъу. 34. ТепIэн. 35. Ацкъан.
- Къехыу:1. Жэрумэ. 2. Емышэ. 4. Бзииху. 5. Джэдгъэф. 6. Хьэкъурт. 9. Щынэ. 12. Ахъшэ. 13. ИкIута. 14. Балэ. 17. Нэгъуей. 20. Ейск. 21. Арму. 22. Имыс. 23. Блэр. 26. Эмират. 27. Ахъмэт. 28. Блэгын. 30. ТхакIуэ. 32. Бжьэхуц.