ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-06-11

  • Гупсысэр – псалъэкIэ
  • Насып гъуэгу
  • Щэхуу, бзыщIауэ зэрыщытынуми уемылIэлIэжу, уи гурылъхэмрэ уи нитIым я хъуаскIэхэмрэ къызэбутIыпщрей хъуащ. Си ныбжьым укъыздытридзэу, си макъым уриджэрпэджэжу си гъащIэм укъыхэбэкъуэну ухэтщ. ЩIэчэ имыIэуи жыIэщIэ, дэубзэ укъысхуэхъуну узэрыщIэхъуэпсри убзыщIыну уигу къэбгъэкIыххэркъым. СыткIи уи деж къыщызлэжьа езэш уимыIэу къысхуэбгъаблэ уэздыгъэм къыпих нур гуакIуэр, щысхьырабгъу лъэпкъ хэмылъу къысхуупхъ псалъэ хэщыпыхьахэр?.. ПщIэрэ, уигурэ уилрэ къысщIэузу къысщагъэхъу къудейщ абыхэм, къэуат гуэри зыхэсщIэркъым.

  • Ауэ гурыIуэгъуэкъым гущIэгъу сыхущыщIэу къыщIэплъытэр, насыпым и курыхыр си Iэрылъхьэу сызэрыпсэум уи нэр щIыхуэбуфIыцIыр. Пэжщ, зэманым и IэмыщIэ икIуэдэнкIи мэхъу, елъэхъшэхыу дэужьыхыпэнкIи зыхуэIуа щыIэкъым а насыпыр, ауэ иджыкIэ гущIэгъу гуэри сигъэлъыхъуэркъым. Уеблэмэ зыхущыщIэ гуэрым срихуэупсарэт, срихуэщхьэпарэт жысIэну Iэмал къызэзыт хъуэпсапIэ пычахуэхэри къыщыздэхуэ, къыщызэлыж къохъу.
  • МыгурыIуэгъуэр уи псэр нэхъуеиншэу си лъэмбым къыщIипчэ зэпытырщ. Лейуэ укъызэрысхуэсакъым щIыIагъ гуэр си гум кърагъэнтIэIуу къысфIагъэщI, щхьэхуимытуи сегъэпIейтей. Бгъащхъуэм щахъумэ джэджьей быну, си псэм укъыхуосакъ, ущытехьэулеикI къыхэмыкIыу. Сытым щхьэкIэ? Езэш хэмыту зыгуэр къыщолъыхъуэ си деж. Ауэ сыту пIэрэ а «зыгуэрыр»? Си насып кIапэри? Ар дауэ? ПыпщIэнуи ууейм? ПщIэрэ а тIур гуэгъу зэхуэхъункIэ Iэмал зимыIэщ, зэпэжыжьэу къигъэщIащ ахэр, зэпэжыжьащэу. IэрыхьакIэщ ар нэгъуэщIым, екIупсрэ хуэфIыпсуи къигъуэтыжащ и насып гуэгъур — гъащIитIыр зэпищIэрэ гугъэм хиш лъагъуэр ишэщIу.
  • ЖАМБЭЧ Рабия.
  • ГъащIэм  щыщ теплъэгъуэхэр
  • Адыгэбзэ ныкъуэ
  • Ди кхъэхэм уихьа нэужь, сынхэм тетхам уеплъмэ, укъоуIэбжь. Языныкъуэхэм щыуагъэ зыхэт адыгэбзэкIэ, адрейхэм урысыбзэкIэ тратхэ. А цIэ-унэцIэ тIэкIум щыуагъэу хащIыхьыр сыт хуэдиз. КъимыдэкIэ, ущыадыгэкIэ, уи цIэ-унэцIэри адыгэбзэкIэ тетхэн хуейщ. Ярэби, апхуэдэу IэхъуэгъуэтегъэкIыу щхьэ бгъэдыхьэу пIэрэ а Iуэхум? Дунейм ехыжар зейхэр адыгэбзэкIэ тэмэму мытхэфмэ, къуажэм дэскъэ ди бзэр езыгъэдж е щыуагъэншэу тхэ? Абыхэм ечэнджэщ хъунукъэ?
  • ФIыщIэ къалэжьу пIэрэ?
  • Къуажэм лъагъунлъагъу дыщыIауэ, ди сабиитIыр тщIыгъуу дыкъежьэжат къалэм дыкъэкIуэжыну. Автобусыр къэмыкIуэу уэрамым куэдрэ дытетащ. Бжьыхьэт, жьы щIыIэ къепщэу щыхуежьэм, сабийхэм я анэр къэгузэващ, «щIыIэ къахыхьэмэ» жери. Автобусыр къыщымыкIуэм машинэ блэжхэм Iэ сщIыуэ щIэздзащ. Сытми, зы зэман «Жигули» гуэрым гулъэф ирет. Шофёрым къыбгъурысу зы щIалэщIи ист. Машинэм дызэритIысхьэу рулым дэсыр къызоплъэкIри жеIэ:
  • — Сабийхэм я хьэтыркIэ фидгъэтIысхьащ, армыхъумэ …
  • АдэкIэ къыпищакъым. ГурыIуэгъуэтэкъэ жиIэнур. ЦIыкIуитIыр тщIымыгъуамэ, къэувыIэнутэкъым. Абы фIыщIэ хуэпщIыну къилэжьу пIэрэ? СщIэркъым.
  • НэгъуэщI зы Iуэхугъуи сигу къокIыж 70 гъэхэм я пэщIэдзэм срихьэлIауэ. Налшык пэгъунэгъу къуажэхэм щыщхэр нэхъ псынщIэу нэсыжын щхьэкIэ е гувамэ, къалэ къыдэлъэдапIэ-дэжыжыпIэм (Дубки хьэблэм) кIуэрти, Лэскэн щIыналъэмкIэ, Владикавказ лъэныкъуэмкIэ зи гъуэгу автобусхэм итIысхьэрт. КъагъэувыIэмэ. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым ди жылэмрэ къалэмрэ зэпызыщIэ автобусым сыкъыкIэрыхуауэ, сыкIуат къалэ дэжыжыпIэм. Пшапэр зэхэуауэ, уэшх тIэкIуи къригъэжьауэ, жьауи сымыIыгъыу. Зы сыхьэт ныкъуэфIкIэ сытетауэ, «згъэзэжын?» жысIэу сегупсысу, зы машинэ псынщIэ дблэжри къэувыIэжащ. Ар зейр къокIри, уэшх къытешхэ щхьэкIэ къимыгъанэу, гъунэгъу зыкъытхуещIри къоджэ:
  • — Ярэби, Псыгуэнсу кIуэж къыфхэт? ЦIыхуиплI фихуэнущ, фыкъакIуэ.
  •  Мис аракъэ фIыщIэ зыхуэфащэр? Мис аракъэ псапэр?
  • Мылъкур ягъэнэхъапэтэкъым
  • Совет властым и зэманым, дауи, мыхъумыщIагъэ, ущIэшхыдэн куэд щыIащ ди псэукIэ-зэхэтыкIэм теухуауэ. Ауэ а лъэхъэнэмрэ нобэреймрэ зэбгъапщэмэ, уи гур ириныкъуэну, уи гукъыдэжыр ириудыхыну ди зэманым тлъагъур, ди нэгу щIэкIыр пхуэмыIуэтэщIыным хуэдизщ. Псом хуэмыдэу мылъку и лъэныкъуэкIэ иджы щыIэ зэхуэмыдэныгъэм теухуауэ.
  • 80 гъэхэм икухэм и унэ сригъэблэгъат зауэм хэта ди зы лъэпкъэгъу лIы хэкIуэтам. И пэшхэр Iэзэвлъэзэвт, уи нэм къыфIэнэну зы унэлъащIи щIэттэкъым. ЗгъэщIэгъуащ апхуэдэ псэукIэ къызэрыгуэкI фIэкIа абы зэримыIэр. Сыту жыпIэмэ нэхъапэхэм а лIым иIыгъат къулыкъушхуэ зыбжанэ. Уеблэмэ КГБ-м и унафэщIуи лэжьат. НтIэ, иджы щыIэ къулыкъущIэшхуэхэр пхущIэсыну пIэрэ апхуэдэ унэ? Сыти жыIи а лъэхъэнэм унафэщIышхуэхэм я нэхъыбэм цIыхубэм щхьэкIэ гууз-лыуз яIэт, яхузэфIэкIыр ящIэрт. Жэуап яхьырт я IэнатIэм щекIуэкIым папщIэ. Мылъкур япэ ирагъэщу щытауэ схужыIэнукъым, апхуэдэхэри яхэтами. Иджы диIэхэм «фу, цIыхумэ» жаIэ хуэдэщ, я къулыкъум тетыху мылъку нэхъыбэ зэрызралъэфэлIэным иужь иту къыпщохъу.
  • Саут СулътIан.
  • Гукъинэж
  • Уэрэдым  моторыр дежьууэ
  • Зэгъусэу Ригэ дызэрыщыIэрэ зэныбжьэгъужь дыхъуарэ дызэгушыIэгъуу екIуэкIыурэ, ПащIэ Ахьмэд махуэ гуэрым сыщыхуозэ Лениным и уэрамышхуэмрэ КIыщокъуэм и цIэр иджыблагъэ зыфIаща нэхъ уэрам цIыкIумрэ я зэблэкIыпIэм деж. И «Жигули» хужь цIыкIум егъэщIауэ щытщи, дызэщIоупщIэ, Ригэ дыщыщыIари, нэгъуэщI Iэджи дигу къыдогъэкIыж…
  • — НакIуэ-тIэ, иджы, ди щхьэр щIедгъэщэнщ, Ахьмэд, жьакIэупсыпIэм деж ущIыщытыр арагъэнщ, — щыжысIэкIэ:
  • — Уэ кIуэи зегъэгъэдахэ, Мухьэмэд, сэ нобэкIэ апхуэдэ Iуэху сиIэкъым. Зы журт цIыкIу къэсшауэ ящри мобы щIэсщи, зэфIэкIмэ, ар Колонкэм есшэхыжын хуейщ, — жи.
  • Ахьмэд зи Iуэху зэрихуэ журтыр къызгурымыIуэу си дамэр щыдэсшейм, фIэфIыпсу кърегъажьэри къысхуеIуатэ.
  • — Мы ди Налшык журт цIыкIухэр си ныбжьэгъушхуэщ сэ, Мухьэмэд. Уэлэхьи, уэ дзыхь пхузощIри бжызоIэ, ауэ ахэр мыхъуамэ, мы дуней къызэIыхьам сыхэкIуэдэнкIэ хъунутэм, — тIэкIу зэрырихьэжьэIуар къыгурыIуэжри зыкъызэжьэдикъуэжауэ, Ахьмэд и Iуэху зытетым нэхъ гупсэхуу щыгъуазэ сещI:
  • — СыщыщIалэ цIыкIум щыгъуэ ди къуажэ Нартан накIуэу щытащ Ефим жари журт сатуущI гуэр. «Адыгэхэр фызгъэунэну сыкъэкIуащи, мы си хьэпшып къомыр псынщIэу фщэху, жылэр къызэжэу зэбграмых щIыкIэ…», — жиIэрти, и шызакъуэгур ди куэбжэм нрихулIэрт. Абы Яшкэ жари щIалэ цIыкIу дэщIыгъути, мобы сату ищIыхукIэ дэ тIум Iэджи дгъахъэрт. Дызэбэнурэ, сыбэлэрыгъауэ лъакъуэпэщIэдз къысхуищIри сыкъытридзат. Дызэгъэзауэт-тIэ щыжысIэм, адыгэр пэм мауэ, жери идакъым… Сытми, апхуэдэурэ зэныбжьэгъу дыхъури, я дежи зэ-тIэу сыкъашауэ щытащ. Иджы а Яшкэ цIыкIур нэхъ журт сондэджэр ехьэжьахэм ящыщ хъуауэ сымыщIэххэу дызэхуозэж. И журтэгъу сондэджэрхэм сакъригъэцIыхуащи, сахузэрыгъэгъуэтыркъым. Щхьэщэ къысхуащIу къызолъэIухэри, мы си машинэмкIэ зыкърызагъэшэкI. Моуэ Хьэрунхэ я деж сынэгъэс жари, зы километрыфIкIэ пшамэ, тумэн зытхух къранэри йокIыж. ИтIанэ а журт сондэджэр цIыкIухэр гъэщIэгъуэнщ. Ахэр Iэджэм япыщIащи, зым икIмэ, адрейм дей кIуэн хуей мэхъу. Машинэ бэджэнд къащтэри, сыхьэтым тумэнипщI ирату зыкърырагъэшэкI. Хамэм апхуэдиз идот, уэ удикъуэшщ, жари къыстракIутэ. Моуэ дынэгъэс жаIэу къыщыппэувкIэ, уоукIытэри ибогъэтIысхьэ, щикIыжхэкIэ жумартщ. Апхуэдэу цIыхугъэ схуэхъуа гуэр зыщIыпIэ сшэуэ, уи уэрэдхэр фIыуэ солъагъу жери, зы жесIэну къызэлъэIуащ. ФIыщIэшхуи къысхуищIу и щхьэр къысхуигъэщхъри, гъуэгупщIэм хуэдиз уэрэджыIапщIэуи къыщIимыгъуу идакъым. Ар и журтэгъухэм яжриIэжа? Иджы псори къызолъэIури, уэрэд жызагъэIэ. Уэлэхьи, Мухьэмэд, зысчэтхъэжу мазэкIэ сценэм уэрэд щыжысIэм къызатым хуэдиз зы махуэм си машинэм къранэм си журт цIыкIухэм. Ахэр бзаджэу ди гугъэ щхьэкIэ, хуабжьу жумартщ. Щэн-къэщэхуным деж зыгуэр къыщыдагъэкIми, я хьэлэлщ, армыхъумэ нэгъуэщIкIэ укъагъэпцIэнукъым. Ахэр япэ зыхуэзэ машинэхэм итIысхьэркъым. Зэ дзыхь къыпхуащIамэ, удрахьеинущ. Зи щхьэр езыгъэщу мобы щIэс си Яшкэ цIыкIу и къуэшым нысэ къишауэ къызжеIэ, мы ди хьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкIыху тхухэт, тхуэгъэдахи, унэ уасэ къэблэжьауэ усшэжынщ, жи. Ар хуэздакъым, ауэ хъуэхъуакIуэ сыкIуащ, уэрэд зытIущ жысIати, мазитI-щым си улахуэм хуэдиз си жыпым кърамылъхьэу ядакъым.
  • Аращ, Мухьэмэд, си Iуэхур зытетыр, къэзжыхьыр мащIэу, уасэр тIуащIэу журт цIыкIухэр къызошэкI, уэрэд яжесIэу. Зы журт уэрэд зэгъащIи, ахъшэ къэп уиIэщ, жари къыспаубыдати, схузэгъэщIакъым. Мес, си Яшкэ цIыкIуи щIалэ зригъэщIыжауэ къокIуэжри, Колонкэм сшэжынщ, уэри кIуэи уи щхьэ згъэузар егъэщ, — жери Ахьмэд Яшкэ зыбгъуригъэтIысхьэри ежьэжащ, сэри щхьэегъэщыпIэм сыщIыхьащ, «мыр зэгуэр птхыж мыхъуну пIэрэ?» жысIэу сегупсысурэ.
  • КЪЭРМОКЪУЭ Мухьэмэд.
  • Жыжьэ-гъунэгъу
  • ЛIэщIыгъуэ кIыхьхэм япсыхьащ
  • Адыгэ хабзэкIэ зэджэм ныбжьышхуэ зэриIэр нарт эпосым къыхощ, абы и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр, нарт хъыбархэр щыхьэт зэрытехъуэщи, пасэ дыдэу къежьащ, пасэрей адыгэхэм — синдхэм, мэуэтхэм, керкетхэм, зиххэм я деж щызэфIэувэри, лIэщIыгъуэ кIыхь Iэджэм къыщхьэдэхащ, ефIакIуэу, заузэщIу, щIэблэхэм щапхъэрэ бзыпхъэрэ яхуэхъуу.
  • Дэтхэнэ лъэпкъри ирогушхуэ и хабзэхэм, пщIэ лей хуещI, ирогъуазэ, иропсэу, щIэблэхэм къахузэренэкI, зрагъэузэщIынкIэ, яхъумэнкIэ, ягъэбэгъуэнкIэ гугъэу. Хабзэхэм я нэхъыбэм гъуэгуанэшхуэ къызэпачащ, щIэблэ Iэджэм я акъылым къилэжьащ ахэр, лIэщIыгъуэ кIыхьхэм япсыхьащ. Адыгэхэр «адыгэ хабзэкIэ» йоджэ абыхэм, ахэр щыцIэрыIуащ адыгэхэм я гъунэгъу лъэпкъхэм я дежи. ЦIыху гъэса ялъагъумэ, адыгэхэм я гъунэгъу лъэпкъхэм жаIэрт: «Адыгэ хуэдэщ». АркъудеймкIи гурыIуэгъуэщ адыгэм хабзэшхуэ зэрахэлъар, абы и фIыцIэ жыжьэ Iуауэ зэрыщытар. Адыгэ хабзэм хурагъэджэн щхьэкIэ, гъунэгъу лъэпкъхэм адыгэхэм я деж къан къашэрейуэ щытащ. Псоми ящIэрт адыгэ хабзэм цIыхур цIыхугъэм зэрыхуиущийр, лIыгъэм, пэжыгъэм зэрыхуигъасэр, цIыхум и пщIэмрэ и щIыхьымрэ илъытэфу абы щIэблэр къызэрыщIэтаджэр. Унэм щисми, цIыхум щахыхьэми, IэнатIэ пэрыхьэми хабзэм ткIийуэ тетын хуейуэ и къалэнщ адыгэм, и щхьэр хилъхьами, ебакъуэ хъунукъым абы.
  • Хабзэр къэзыгъэщIыр зэманымрэ гъащIэмрэщ, гъащIэмрэ зэманымрэ захъуэжыху, хабзэхэми зэхъуэкIыныгъэ ягъуэт, зым и къуэпсыр мэгъуж, зыр нэхъ Iэпэдэгъэлэл ящI, апхуэдэм и пIэ къоувэ цIыхум нэхъ яфIэкъабыл нэгъуэщI хабзэ — аращ Къэзанокъуэ Жэбагъы «Къебгъажьэр хабзэщ» щIыжиIар, итIани лъэпкъ хабзэхэм я нэхъыбапIэр къызэтонэ, уахътыншэ мэхъу. Уахътыншэ хъуауэ Iэджэ щIауэ къогъуэгурыкIуэ, псалъэм папщIэ, адыгэхэм хьэщIэм кIэлъызэрахьэ хабзэхэр.
  • Хабзэшхуэ кIэлъызэрахьащ адыгэхэм нэхъыжьым — абы пщIэ хуэзымыщIыр цIыхум хабжэртэкъым, гупми зыхагъэхьэжыртэкъым. Унагъуэми жылагъуэми пщIэрэ нэмысрэ щиIащ цIыхубзми: лъыкIэ зэбий хъуар абы и псалъэм фIэлIыкIырти, зэкIужырт; шур, гъуэгум цIыхубз щрихьэлIамэ, епсыхырт, абы и ужь иувэрти, и унэ нигъэсыжырт, цIыхубзыр ихъумэну и къалэнти; цIыхубз щытмэ, цIыхухъум Iэщэ кърихыртэкъым, Iэщэ кърахауэ цIыхубз кърихьэлIамэ, Iэщэр ягъэтIылъыжырт.
  • Дяпэ итахэр лъэпкъ хабзэхэм ткIийуэ зэрытетар къаIуэтэжащ абыхэм щыгъуазэ хъуауэ щыта куэдым. Адыгэ хэкум къихьэ дэтхэнэми телъыджэ щыхъурт, псалъэм папщIэ, хьэщIэм кIэлъызэрахьэ хабзэр. «Дунейм теткъым абыхэм нэхърэ нэхъ хьэлэлрэ хьэщIэкIэ нэхъ гуапэрэ», — итхыгъащ Италием къикIа гъуэгурыкIуэ гуэрым адыгэхэм щхьэкIэ. 1830 гъэм адыгэхэм къахыхьа урыс офицерым итхыжащ: «Адыгэ хэкум ихьэн мурад зиIэр хэгъэрей гуэрым деж екIуэлIэн хуейщ япэщIыкIэ. Абы и унэм исыху, ар щIэшынэн щыIэкъым. Натхъуэджым деж щыхьэщIа нэужь, Шапсыгъым кIуэнумэ, бысымым хьэщIэр абы ешэри, и благъэ е и цIыхугъэ гуэрым анэмэт хуещI, шапсыгъ бысымым ар, хуеймэ, Абэзэхэм иришэнущ, дэнэ къыщымыхутэми, бысым иIэмэ, и щхьэ щIытешыныхьын щыIэкъым, хэку псор апхуэдэххэурэ зэлъищIысыфынущ…»
  • Хабзэр зыдэгъуэгурыкIуэр къэзыгъэщI лъэпкъыращ, лъэпкъым къигъэщIынукъым икIи зэрихьэнукъым езым фIэмыдахэ, фIэмызахуэ хабзэ. Зы лъэпкъым фIэзахуэр, фIэдахэр адрей лъэпкъым егъэлеяуэ къыщыхъункIэ, фIэемыкIункIэ е къыгурымыIуэнкIэ мэхъу. НэгъуэщIхэм къагурымыIуэнкIэ мэхъу, псалъэм папщIэ, адыгэм нэхъыжьым и гъуэгур щIызэпимыупщIыр; щхьэгъусэм и цIэкIэ щIемыджэр; цIыхум и пащхьэ иувэу щIыщымытхъур — и нэ щIэпIуу цIыхум и щытхъуцIэ жыпIэнри и нэщIыбагъкIэ бубынри зэхуэдэ икIагъэу къыщIилъытэр; уахыхьамэ, гупыр щIэтэджыр; нэхъыжьым упэпсэлъэжыныр (и псалъэ зэпыбудыныр) къызэрыримыгъэзэгъыр; нэхъыжь щыту нэхъыщIэ щIэмытIысыр… ЦIыхум и пщIэр зыгъэлъагэ апхуэдэ хабзэ дахэ къэзыгъэщIа лъэпкъым игурэ и щхьэрэ зэтелъу, иригушхуэу жиIэу щытащ: «Сэ сыадыгэщ!»
  • КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.
  • Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
  • Мы сурэтым щыволъагъу хьэтхэмрэ мысырхэмрэ я зэхэуэр. Ар щекIуэкIащ илъэс 3500-рэ и пэкIэ Къэдеш щIыпIэм деж

  • ЖыIэгъуэхэр
  • ЩIалэгъуэм джэгуар жьыгъэм къыдоуджыж
  • ХъуэнкIэ щIэзыдзэ хъуэхъукIэ ущымыгугъ.
  • Чым и къэгъэшыпIэ умыщIэмэ, пфIызэфIощIыкI
  • Щхьэщытхъурэ кIыгуугурэ зэхуэдэщ.
  • Щхьэщытхъум и щхьэм шэч хуищIыжыркъым.
  • Щхьэщытхъум и бжэн щынэ къелъху.
  • ЩыгъыныщIэ бгъуэтыху, щыгъыныжьри къэдабэщ.
  • Щыуэр щIогъуэжри, щIегъуэжар щыуэжыркъым.
  • Щыудафэм и фэр къезэвэкIыжащ.
  • ЩIалэгъуэм джэгуар жьыгъэм къыдоуджыж.
  • ЩIэгъуэм хъуапси, шхэгъуэм ухъуэпсэжынкъым.
  • ЩIыхуэ зытебгъэхуамэ, уIуэхутхьэбзащIэщ.
  • Ябгынэжа хэку псыкъуий къыщатIыркъым.
  • Ягъэделар делэм къыхощ.
  • Iэнэ щагъэувым къыщыхутэр фадэ щрагъахъуэм щохуэх.
  • IитIрэ пэт зэрымытхьэщIу зэгурыIуэркъым.
  • КIЭРЭФ Хьэсэнбий.
  • Псалъэжьхэр
  • Бзаджэм фIыр доунэхъу
  • Нахуэ жыIэнрэ нэ ищIынрэ.
  • Нэгур гум и гъуджэщ.
  • Бзаджэм фIыр доунэхъу.
  • Гум илъыр нэгум къыуегъащIэ.
  • Гъуабжэ псори мыщэкъым, лыд псори дыщэкъым.
  • Джэгум хэту зэшам нэхъей.
  • ЩIым и IэфIрэ IэфIым и дагъэрэ.
  • Джэду гъунэгъурыпщщ.
  • Зи Iуэху мыхъунум фэндибгъу кIэрыщIащ.
  • Нэпкъым тетыр кхъуафэ хукIэкIэ Iэзэщ.
  • Къуажэхьхэр
  • Лъакъуэ зимыIэу къэзыжыхь
  • Щабэрэ пхъашэрэ
  • зэхэзыдз,
  • Дзы зимыIэурэ зедзэн.
  •  
  • ХьэжьитI зэрошхри,
  • ЩэкI кIапэ пашхыкI.
  •  
  • Мылым щIилъыкI,
  • Щылъмэ, улъий.
  •  
  • Зи щхьэр мафIэ,
  • Зи лъэр пхъакIэ.
  •  
  • ПхъэкIэ зэпыдза,
  • Блынджабэ кIэрыдзэ.
  •  
  • Лъакъуэ зимыIэу
  •  къэзыжыхь,
  • Дамэ зимыIэу зелъатэ.
  •  Зэхэзылъхьар ЩОДЖЭН Леонидщ.
  •  
  •  Жэуапхэр: Кхъузанэ. Лэныстэ. Лъэрыжэ. МафIэдз. ПкIэлъей. Топ.
  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Лы гъэжьа, бжьын упщIэта щIэлъу
  • Мыр пщIын щхьэкIэ нэхъыфIыр мэлыл, былымыл пшэрырщ. ЛыпцIэр грамм 40 — 50, щэр грамм 15 — 20 хъууэ зэпаупщI. Псы дагъэжэхри, тебэм иралъхьэ, псы щIыIэ щIакIэ, мафIэр ину, и щхьэр тепIауэ зэ къытрагъэкъуалъэ. ИтIанэ шыгъу хадзэ, мафIэр цIыкIу ящIри, дакъикъэ 60 — 65-кIэ ягъавэ. А зэманым псыр щIэвэщIэн, лыр вэн хуейщ. Ауэ псыр щIэващIэрэ лыр хьэзыр мыхъуамэ, псывэ щIакIэжри ягъавэ. Абы иужькIэ зэIащIэурэ дакъикъи 6 — 8-кIэ, тхъуэплъ хъуху ягъажьэ лым къыщIэкIа дагъэмкIэ.
  • ИтIанэ мафIэр цIыкIу ящI, пIащIэу упщIэта бжьыныщхьэр халъхьэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 7 — 8-кIэ ягъажьэ бжьыныр тхъуэплъ хъуху. Шыбжий сыр хьэжа хадзэри, псори зэIащIэурэ дакъикъэ зытIукIэ ягъэжьэж хьэзыр хъуху.
  • Iэнэм тепщэч чэнжкIэ трагъэувэ. ПIастэ дашх,               махъсымэ, шху, лэпс трафыхьыж.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): былымылу е мэлылу — г 400, псыуэ — г 150-рэ, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 100, шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
  •  
  • Нартыху хьэжыгъэ еудауэ хугу пIастэ
  • Псы къэкъуалъэм хугу лъэсар хакIутэ зэIащIэурэ, и щхьэм къыдрихьеяхэр чымчыркIэ къыщхьэщахри, мафIэ мыгуащIэм тету ягъавэ хугу хьэдзэхэр зэрыутIыпщыху. Зы цIыху Iыхьэ хьэнтхъупс къыщхьэщах. ИтIанэ псынщIэу бэлагъкIэ зэIащIэурэ еуд ираудри, бэлагъкIэ япщурэ пIастэр хьэзыр хъуху ягъажьэ.
  • Хьэнтхъупсым шыгъу хадзэ, шху, шатэпс хакIэурэ ираф. ПIастэ жьар псы щIыIэ зыщыхуа Iэнэм трагъэщатэри, псынщIэу яубэ.
  • Халъхьэхэр (цIыхуибгъу Iыхьэ): хугуу — г 1000, псыуэ — г 3000, еуду (нартыху хьэжыгъэу) — г 200.
  •  Къубатий Борис.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу:1. МышхумпIэ къызыпыкIэ жыг. 3. Щхьэусыгъуэ гуэркIэ жылэр зыбгынауэ нэгъуэщI щIыпIэ зыщызыгъэпщкIуу щытам зэреджэ. 7. Унэм ибгъу. 8. Iэлъынхэм, тхьэгъухэм ирагъэтIысхьэ мывэ. 10. Уэрэд куэд зытраусыхьа къуалэбзу лъакъуэ псыгъуэ кIыхь, пщэ псыгъуэ. 11. Адыгэш. 15. Уаем, уэлбанэм ущызыхъумэу ящыгъыу щыта цIыхухъу щыгъын хуабэ. 16. Жьэгу блыным шыуаныр зэрыфIащIэ гъущI. 18. ГъуэлъыпIэхэм дищIэ хьэпIацIэ цIыкIу. 19. Майор, подполковник, полковник, … 24. Къуаншагъэ зылэжьа цIыху. 25. ЩIы щхьэфэ тещтыкIа. 29. Лъахъстэн вакъэ пIащIэ. 31. ХадэхэкI. 32. Шым и фэ, и теплъэ. 33. Щыкъум яхыхьэжа щIалэжь. 34. Уи … еплъи, уи лъэ укъуэдий. 35. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ.
  • Къехыу:1. Iэщ кIуэцIфэцIым къыхэщIыкIа адыгэ шхыныгъуэ. 2. МэкъумэшыщIэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь … Хьэлий. 4. Зи пхъэр щабэ, зи гъэгъахэм бжьэм фо къызыпих жыг. 5. Арщыдан къыщалъхуа къэбэрдей усакIуэ, зи IэдакъэщIэкIхэм япкъ иткIэ уэрэд дахэ куэд яуса. 6. Нартыху гъэлыгъуа хьэжыгъэ. 9. ЩIэжьей. 12. … жьгъей. 13. … из хъужыркъым. 14. Адыгэ композитор Iэзэ. 17. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу, зи щхьэ бжыгъэкIэ нэхъыбэ лъэпкъитхум ящыщ зы. 20. Iузэв (Азов) тенджызым и Iуфэм Iус къалэ. 21. IэмыкIуэлъэмыкIуэ. 22. Къум щIыIэжьым къинэу Сосрыкъуэ къригъэла нартхэм ящыщ зы. 23. Псалъэ дахэм … гъуэмбым къреш. 26. Хьэрып къэрал къулейщ … Зэгуэтхэр. 27. Районищым чэзууэрэ я тхьэмадэу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 28. МэкъупIэхэм, мэз лъапIэхэм къыщыкI, гум иреIэзэу адыгэм къагъэсэбэпу щыта удз. 30. Композитор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ … ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 95-рэ ирокъу. 32. А къэкIыгъэм щэкI къыхащIыкI, шхыIэн, кIагуэ хуэдэхэр щадкIи къагъэсэбэп.
  •  Зэхэзылъхьар  МЫЗ Ахьмэдщ.
  • Мэкъуауэгъуэм и 5-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:3. Екатеринбург. 6. Къум. 7. Лъэмб. 8. Дэ. 11. Хьэлъкъ. 12. Налъэ. 13. Лулэ. 17. Щэлъахъэ. 19. Пщы. 20. Гуэдз. 21. Iэлъхьэм. 24. Бгъэн. 26. Сэмб. 28. ШыкIэ. 29. Iус. 30. Лъагъуэ. 31. Фо. 32. IэпхъуамбэжьакIэ.
  • Къехыу:1. Беслъэн. 2. Дурдыл. 4. Акъмыкъ. 5. Ныбгъуэ. 9. Гъуэз. 10. Кхъулэ. 14. ПщыIэ. 15. Нэгумэ. 16. Гъупщ. 18. Бдзы. 22. Гугъэ. 23. ШкIэ. 25. «Насып». 26. СулътIан. 27. Бжьэпэ. 28. Шэфтал.