Лъэпкъым и шу пашэ МэшбащIэ Исхьэкъ
2021-05-28
- Адыгейми, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми я цІыхубэ тхакІуэ, СССР-м, Урысей Федерацэм, Адыгэ Республикэм я къэрал саугъэтхэм, Шолохов Михаил и цІэкІэ щыІэ, ДАХ-м я дунейпсо саугъэтхэм, Островский Николай и цІэкІэ щыІэ саугъэтым я лауреат МэшбащІэ Исхьэкъ и ныбжьыр нобэ илъэс 91-рэ ирокъу.
- МэшбащІэ Исхьэкъ 1930 гъэм накъыгъэм и 28-м Уарп Іуфэ Іус адыгэ къуажэжьым, ЩхьэщэхужкIэ зэджэм, къыщалъхуащ. Щхьэхынэрэ псэлъабэрэ зэхуэдэщ, жаIэ. А псалъэр щыщыгъупща, пщэрылъ зыщищIыжам щытеплъэкъукIа зэи къэхъуагъэнкъым, тхьэмадэ махуэм и гъащIэр Iуэху бащIэу къехь. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэр Мэзкуу дэт Литературэ институтым щызэригъэгъуэту щалъхуа Хэкум къызэригъэзэжрэ гуащІафІэу икIи купщIафIэу лъэпкъ литературэм хуолажьэ. КъикIуа литературэ гъуэгуанэр щызэщIэкъуауэ нэгъабэщ тхылъ тIощIрэ тхууэ зэхэт зэужьыр къыщыдигъэкIар. Ауэ тхакIуэ гумызагъэм и къалэмыр игъэтIылъакъым — ар ноби матхэ, романыщIэм йолэжь.
- Тхылъ 70-м щІигъу зи Іэдакъэ къыщІэкІа МэшбащIэ Исхьэкъ адыгэ литературэм хуищІа хэлъхьэныгъэр инщ. Апхуэдэ дыдэу бгъуэщ икIи куущ иригъэкIуэкI жылагъуэ лэжьыгъэри — гу зылъимытэ адыгэ гъащIэм щIагъуэ къыщыхъуркъым, лъэпкъым и гупсэм къипсэлъыкІыу, и блэкІамрэ и нобэмрэ зэпишэчу щІэблэр пщэдейм хуригъэплъэкІыу щытщ.
- И щыхьэт тхылъхэр зы илъэскIэ гувауэ къыдихыу адыгэбзэм и губгъуэм псалъэр кърихыу къихьами, МэшбащIэр дунейм къыщытехьа илъэсыр иджы убзыхуа хъуащи, щIэмкIи жьымкIи ди гуапэу дохъуэхъу нэхъыжь махуэу ди япэ итыну, и гулъытэр мыкIащхъэу, и псалъэр мыубзэщхъуу, и гуащIэр щIэмыкIыу узыншэу икIи гукъеуэншэу тхуэпсэуну!
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, ДАХ-м и вице-президент Щоджэн Iэминат, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и тхьэмадэ Къанокъуэ Арсен, ЩIДАА-м и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Мурат.