ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъ  газетхэм  я  гукъеуэхэр

2021-05-28

  • Вэсэмахуэ Владикавказ щекIуэкIащ лъэпкъ газетхэр нобэ зыIууэ гугъуехьхэмрэ ахэр къызэнэкIынымкIэ лэжьыпхъэхэмрэ ятеухуа етIуанэ дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференц. Абы жыджэру хэтащ икIи купщIафIэу къыщыпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэри.

  • Иджы етIуанэу конференцыр къызэзыгъэпэщ Осетие Ищхъэрэ — Аланием Печатымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетымрэ Хетагуровым и цIэр зезыхьэ Осетие Ищхъэрэ къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетымрэ зэIущIэм хэтхэм мы гъэм зрагъэубгъуащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэри ирагъэблагъэри. Ди республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я цIэкIэ абы щыIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ-къэпщытакIуэ Мэремыкъуэ Элеонорэ, «Адыгэ псалъэ», «Заман» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэм я къуэдзэхэу Жыласэ Заурбэчрэ Жангуразовэ Нэжэбатрэ.
  • ХьэщIэхэмрэ конференцым хэтхэмрэ фIэхъус псалъэхэмкIэ Осетие Ищхъэрэ — Аланием Печатымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Фидаров Юрэ гуапэу иригъэблэгъа иужькIэ, зэIущIэр езыгъэкIуэкI Хетагуровым и цIэр зезыхьэ Осетие Ищхъэрэ къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетым и декан Хабаловэ ФатIимэ утыкур хуит яхуищIащ къэпсэлъэнухэм. Апхуэдэхэр куэдт икIи пщыкIутхум нызэрыхьэст. Дэтхэнэри къызэхуэсахэм ядэгуэшэну хуейт куэд щIауэ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм. Къапщтэмэ, «Радзинад» осетин газетым и редактор нэхъыщхьэ Хозиев Борис тепсэлъыхьащ лъэпкъ хъыбарегъащIэ IэнатIэм нобэ къызэщIиубыдэ цIыхухэм хэпщIыкIыу зэрыхэщIам, «Осетие Ипщэр нобэ» МИА-м и редактор Цховребовэ Залинэ и гугъу ищIащ я республикэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр зэтемыхуэу СМИ-м къызэрыщагъэлъагъуэм, Осетие Ищхъэрэ — Аланием и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, ВГТРК-м а республикэм щиIэ къудамэм и унафэщI Кусов Тимур зи IэщIагъэм пэрыт ди лэжьэгъухэм яхэлъын хуей хабзэмрэ нэмысымрэ, Хетагуровым и цIэр зезыхьэ Осетие Ищхъэрэ къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетым и кафедрэм и унафэщI Бабочиевэ Мадинэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм папщIэ лъэпкъ IэщIагъэлIхэр зэрыхуагъэхьэзыр щIыкIэм. КъаIэта Iуэхугъуэхэм ящыщщ куэдыр зыгъэпIейтей газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ тедзэныр зэрекIуэкI щIыкIэмрэ «Урысейм и пощтым» и лэжьэкIэмрэ, тхылъымпIэкIэ ягъэхьэзыр къыдэкIыгъуэхэмрэ интернет-сайтхэм иралъхьэмрэ къызэрызэдэгъуэгурыкIуэм, нэгъуэщIхэми.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и нобэрей журналистикэм лъэпкъ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щаIыгъ увыпIэм дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцым зыубгъуауэ щытепсэлъыхьащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Жыласэ Заурбэч. Абы къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ ди республикэм и СМИ-м и тхыдэмрэ нобэмрэ, зыIууэ гугъуехьхэмрэ ахэр къызэнэкIынымкIэ и Iуэху еплъыкIэхэмкIэ. ЕдэIуахэм ахэр яфIэхьэлэмэт къазэрыщыхъуам и щыхьэтщ доклад ищIын иуха иужькIэ упщIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ зыкъызэрыхуагъэзам. Дэтхэнэ зыми хуэфэщэн жэуап игъуэтащ.
  • ЗэIущIэм и кIэухым къащтащ Лъэпкъ газетхэр нобэ зыIууэ гугъуехьхэмрэ ахэр къызэнэкIынымкIэ лэжьыпхъэхэмрэ ятеухуа етIуанэ дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцым и чэнджэщхэр.
  • Я къалэн нэхъыщхьэр зэфIагъэкIа иужькIэ Осетие Ищхъэрэмрэ Ипщэмрэ я хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я футбол командэхэм я зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ хьэлэмэт екIуэкIащ. ИлъэситI ипэкIэ щыIам «ипщэхэр» зырыщытекIуам «ищхъэрэхэм» хуэфэщэн жэуап иджы иратыжащ.
  • Дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцым хэтахэм адэкIэ зыщрагъэплъыхьащ Осетием и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм хиубыдэ Куржым пэгъунэгъу дыдэу щыт Фиагдон щIыпIэм. ИужькIэ къагъэува Iэнэ берычэтым щаIэта хъуэхъухэм наIуэу къагъэлъэгъуащ ди гъунэгъуфI осетинхэм пщIэ лъагэ къызэрытхуащIыр икIи Хетагуров Коста и «ФатIимэ» поэмэм и щIэдзапIэм адыгэхэр игъэлъапIэу хэт Iыхьэм щыщ пычыгъуэ я нэхъыжьым къыщыхидзэм, ар адрей къызэхуэса куэдми гукIэ зэращIэр наIуэ къащIащ, къыдежьуун ирагъажьэри:
  • … Къэбэрдей хэкуу пщIэ зыхуащIым,
  • Мыбы щыгуапэщ хьэщIэ псори,
  • Зэуэным къыдэхуауэ цIыхухэм,
  • Загъэпсэхужу гуми псэми,
  • ЗрагъэшэщI я хъыбар нэхухэм.
  • Тетщ жыIэдаIуэу я лъэпкъ хабзэу
  • Нэхъыжьхэм я щIэин уахътыншэм…
  • Апхуэдэущ зэпыщIэныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ зэрагъэбыдэр, IэщIагъэм и щэхухэмкIэ зэрызэдэгуашэр. Абы къыпащэну я мурадщ гъэ къакIуэ Осетие Ипщэм щрагъэкIуэкIыну траухуа «Лъэпкъ газетхэр нобэ зыIууэ гугъуехьхэмрэ ахэр къызэнэкIынымкIэ лэжьыпхъэхэмрэ» ятеухуа ещанэ дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцым.
  • Хьэтау Ислъам.
  • Сурэтым: Лъэпкъ газетхэр нобэ зыIууэ гугъуехьхэмрэ ахэр къызэнэкIынымкIэ лэжьыпхъэхэмрэ ятеухуа етIуанэ дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцым и къызэгъэпэщакIуэхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэмрэ.