Анэдэлъхубзэр фIыуэ ирагъэлъагъу
2021-04-08
- Бзэр лъэпкъыр зэрыщыIэм и нэщэнэ нэхъыщхьэщ. Адрейхэм дахэмышыпсыхьыжын щхьэкIэ ди анэдэлъхубзэр щIэблэ къыдэкIуэтейм яIурылъу, абыкIэ гупсысэу къэдгъэхъун хуейщ. «Чы щIыкIэ къыумыгъэшмэ, бжэгъу хъуа иужь къыпхуэгъэшыжынукъым», — жыхуиIэращ адыгэми, ди щIалэгъуалэм адыгэбзэр ящIэн щхьэкIэ ахэр иджыри цIыкIуу дегъэхьэхын хуейкъэ я бзэм и дахагъэм, и къулеягъэм?! Абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэ хъарзынэу щрагъэкIуэкI Бахъсэн къалэм дэт прогимназие №1-м.
- Иджыблагъэ, Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу, а IуэхущIапIэм усэ гъэхуауэ къеджэнымкIэ зэпеуэ щрагъэкIуэкIащ.
- — Ди деж къекIуалIэ сабийхэм япэ илъэситIым адыгэбзэкIэ нэхъыбэу дызэрепсалъэным иужь дитщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а ныбжьым деж я бзэр яIэщIэхумэ, адэкIэ нэхъ къэщтэжыгъуей хъунущ. Абы къыхэкIыу я анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъунымкIэ мыпхуэдэ зэхыхьэхэр щIэх-щIэхыурэ зэхыдошэ, — жеIэ прогимназием и унафэщI Быф Маринэ.
- IуэхущIапIэм и методист Беслъэней Эльвирэ иригузавэу къыхе-гъэщ иужьрей илъэсхэм я деж къекIуалIэ цIыкIухэм я анэдэлъхубзэр зэращIэм нэхъ кIэрыху зэрыхъуар, абы къыхэкIыуи зэрыдрагъэхьэхын Iэмал гъэщIэгъуэнхэр я лэжьыгъэм къызэрыщагъэсэбэпыным хущIокъу. Апхуэдэу ахэр адыгэ таурыхъхэм ирагъэплъ, бжыгъэхэр, махуэхэм, мазэхэм я цIэхэр адыгэбзэкIэ щрагъащIэкIэ нэхъ щIэщыгъуэ ящыхъун, нэхъ псынщIэу ягу ираубыдэн папщIэ джэгукIэ жыпхъэм иту дерсхэр къызэрагъэпэщ.
- — Мыпхуэдэ зэпеуэ 2019 гъэм едгъэкIуэкIауэ щытат, ауэ, пэжыр жыпIэмэ, сабий мащIэщ хэтар. Нэгъабэ пандемием и ягъэкIэ къызэдгъэпэщыну Iэмал диIакъым. Мы гъэм зэпеуэр щыдублэжым дыгугъакъым куэд къытхухэшэну, арщхьэкIэ зи ныбжьыр илъэси 5 — 7-м ит сабийуэ 35-рэ къыхыхьащ, уеблэмэ абыхэм яхэтащ зы урыс щIалэ цIыкIуи. Нэхъыбэу жаIар бзэм теухуа усэхэрщ. Сабийхэм гукъыдэж яIэу зэпеуэм зэрыхэтам, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми яфIэгъэщIэгъуэну зэрыхыхьэм дрогушхуэ икIи шэч хэмылъу, адэкIи дыхущIэкъунущ я бзэр нэхъ куууэ зэредгъэщIэнум, — жеIэ прогимназием и гъэсакIуэ ХьэцIыкIу Iэминэ.
- — ЩIэблэм я анэдэлъхубзэр яIурылъу къэдгъэхъуныр ди къалэн нэхъыщхьэу къыдолъытэ, абы ипкъ иткIэ сабийхэм ядедгъэкIуэкI лэжьыгъэхэр адэкIи едгъэфIэкIуэнущ, — къыхигъэщащ IуэхущIапIэм и унафэщIым. — Ди мурадщ усэ къеджэнымкIэ зэпеуэр, хабзэ тхуэхъуу, илъэс къэс зэхэтшэну. КъищынэмыщIауэ, адыгэ таурыхъхэм, хъыбархэм къытращIыкIа теплъэгъуэхэмкIэ зэхьэзэхуэхэр едгъэкIуэкIыну ди гугъэщ. А Iуэхум и лъэныкъуэкIэ зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр мащIэкъым икIи дэтхэнэри зэрызэдгъэхъулIэным иужь дитынущ.
- Нэрылъагъу тщыхъуащ сабийхэм я гъэсэныгъэм, зыужьыныгъэм хуэунэтIауэ мы IуэхущIапIэм лэжьыгъэ щхьэпэхэр зэрыщра-гъэкIуэкIыр. Шэч къытумыхьэу пхужыIэнущ Бахъсэн къалэ дэт прогимназие №1-м и гъэсэн цIыкIухэм я анэдэлъхубзэр яIурылъу, лъэпкъ хабзэр ящIэу къызэрытэджынур.
- Бакъ Мадинэ.