ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIымахуэ  усэхэр

2021-02-18

  • Хьэту Петр
  • Сабийхэм  папщIэ
  • ЩIымахуэеджэ
  •  
  • Ей, ЩIымахуэ, ди ЩIымахуэ,
  • Къытхуэупсэ — ухъу тхуэмахуэ!
  • Уэсыр къабзэрэ щабабзэу
  • Къытхуегъэс, узэрихабзэу!
  • Дэ уэсгуащэ дахэ тщIынущ,
  • Абы джэгухэр етщIэкIынущ,
  • Хъуэхъу-уэрэдхэр хужетIэнущ,
  • Дади нани дгъэгуфIэнущ!

  •  
  • Ди  кхъужьейр
  •  
  • Ди кхъужьейм гъэ дихати,
  • И пкъым зигъэпсэхужат.
  • Бжьыхьэр къэсри, щIыIэ хъуати,
  • Тхьэмпэри пылъэлъыжат.
  • Ауэ нобэ — сыт телъыджэ! —
  • Кхъужьеижьыр нэху къекIащ,
  • Мо Iумыл зытелъ гъурыджэм
  • Къуаргъхэр пызу къыпыкIау!
  •  
  • Хьэпшырым и
  • тхьэусыхафэ
  •  
  • СеуфэнщIыр уэшхым,
  • уэс къыстосэ,
  • Сэрей щIыIэжьым сыкIэщIэлъщ…
  • Сыхэлъщ ныжэбэ къеса уэсым, —
  • Си дзапэм си псэ тIэкIур фIэлъщ…
  • Мы пщIантIэм сэ сыкъэзыхьахэр
  • Нэхушхуэщ, хуабэщ зыщIэс унэр…
  • Абы къыщIэкIмэ, Iэ къыздалъэ,-
  • СхуащIын ягу
  • къэкIыркъым хьэунэ!..
  •  
  • ЩIымахуэр къэсыпащ
  •  
  • Уэсыр къосыр, уэсыр къосыр,
  • Жыгми унэми ятосэ,
  • Губгъуи псыхъуи щоджэрэзыр,
  • ЩIихъумащ ди бгыщхьи, мэзи…
  • Къосыр укхъуэу, къосыр щабэу,
  • Мы дунейм щIегъэкI и хуабэр,
  • УвыIакъым зы тхьэмахуэ…
  • Арти, къэсыпащ щIымахуэр!
  •  
  • Гъэрэ щIырэ
  •  
  • Жэщым жьыр къугъащ хьэмыщэу,
  • Бжэ-щхьэгъубжэм теухьащ…
  • СыщыщIэкIым нэху зэрыщу,
  • Дадэ жери: «ЩIыр къихьащ!
  • ТIэкIу нэхъ хуабэу зыкъэхуапэ,
  • Хьэнцэр къащти уэсыр тхъу!..»
  • Сэ ар зыуэ хъуат си гуапи,
  • СыгуфIэжу жысIащ: «Хъунщ!»
  • Сэ куэд щIауэ сежьэрт уэсым —
  • Дадэ Iэжьэ гъэм схуищIат…
  • Си лъэгуажьэм нэс къысхуэсми,
  • Iуэхур псынщIэу згъэзэщIащ.
  • СыщыдэкIым дэсшу Iэжьэр,
  • Сыту Iейуэ згъэщIэгъуа —
  • ЦIыкIуми инми ди Iуащхьэжьыр
  • ХъумпIэцIэджу яуфэбгъуат!
  •  
  • ЩIыIэлIэх
  •  
  • Джэду цIыкIум зегъэхуабэ —
  • Уэс къесамэ, абы пыкI! —
  • Махуэ псом кIэрысщ хьэку джабэм,
  • ЩIыбым ауи пхущIэмыкI.
  • Гъурнэ-гъурнэм тIэкIу зегъафIэ,
  • Абы фIэфIыр гъатхэ щIыбщ.
  • Нобэ ар щIэмышыгъуафIэ,
  • Бжэр Iупхамэ, иц къолыб.
  • ЩIэупщIауэ щысщи и кIэр,
  • Дэнэ ар щыпхущIэкIын!..
  • Щхьэукъуауэщи,
  • къыхоскIыкIыр, —
  • Дзыгъуэ ещэу къыщIэкIынщ.
  •  
  • ЩIымахуэ шу
  •  
  • ПщIэгъуалэм тесыр сыт зезыхуэр?
  • Къэсауэ — куейм зыщейкъуэдий,
  • Шым и пэм щIыIэуей кърихум
  • Псы цIыкIухэр мылу егъэдий!..
  • Уэсукхъуэ джэгур и ужь иту,
  • Фиижу, хьэблэм къыдыхьащ,
  • ДыкъыщIэплъыну дыхуимыту,
  • ЩIымахуэ уае къытхуихьащ!
  •  
  • Жэщ щIыIэ
  •  
  • ЩIыбым сыкъыщIокIри —
  • Сыту щIыIэ! —
  • Iэгур щIичу,
  • Бжэкъур къызэпхъуащ.
  • Дуней псор мэпIэнкIыр,
  • ЗэщIоцIычэ,
  • Сытхъум ди кхъужьейр
  • ЗэщIигъэтхъуащ.
  • Жьыбгъэ Iэлхэр,
  • Фийхэу,
  • Зэподжэжыр…
  • Аддэ жыжьэу
  • Бзу макъ къыщыIуащ…
  • Мазэ ныкъуэм —
  • КъакIуэри —
  • И пэплъыр
  • Уэнжакъ хуабэм,
  • Месыр,
  • ИриIуащ.
  • Ди Хьэмыщэ
  • КъыщIэмыкI и унэм,
  • Зишыхьауэ,
  • Мы жэщ псом мэжей.
  • И шы Iэжьэм иту,
  • Папщэ-хъущIэу,
  • Уэс Дадэжьыр
  • МэзымкIэ дожей…
  •  
  • Уэс дадэжь
  •  
  • Хэт бгъэдэтыр ди щхьэгъубжэм,
  • ТхыпхъэщIыпхъэ мыл трищIыхьу,
  • Шхыдэу къытеуIуэр ди бжэм,
  • Уаер къыщIихуэн и пщIыхьу?
  • Ар Уэс Дадэщ, зи гур щIыIэщ,
  • Къыдыхьауэ пщIантIэм дэтщ,
  • ГущIэгъу лъэпкъ абы имыIэ,
  • Псори дигъэщтыну хэтщ!
  • Дэ абы дыщымышынэ,
  • Унэ хуабэм дэ дыщIэсщ,
  • КIущэ Гъурни, схуеуэу пшынэ,
  • Хуабэ-хуабэу къыскIэщIэсщ.
  •  
  • ЩIымахуэ пщэдджыжь
  •  
  • Къудащ Рае Iэдэм и пхъум и фэеплъу
  •  
  • Къепсыхащ ЩIымахуэ
  • Дыжьыныфэр,
  • ЩIылъэр уэс чэсейкIэ
  • ЗэщIибгъащ,
  • Губгъуи мэзи махуэм
  • ЕгъэбжьыфIэ,
  • ЖэщкIэ зэхекIухь
  • Жылагъуэу хъуар.
  • КъыщIэкIащ ЩIымахуэр
  • СурэтыщIу,
  • Сеплъри ди щхьэгъубжэм —
  • Ар къэсщIащ.
  • ТхыпхъэщIыпхъэ абджым
  • ТрищIыхьыр
  • Дуней псом и теплъэу
  • Къыпхыщащ.
  • ИлъэсыщIэм пежьэу,
  • КъикIухьами,
  • Ди жьакIащхъуэ
  • Дадэр емыша, —
  • Iэжьэ зыкъизыхкIэ
  • Пщэдджыжьыпэм
  • Псей дахащэ тыгъэу
  • Къытхуишащ.
  •  
  • Дадэ и щэху
  •  
  • Нобэ псей дахэшхуэ
  • Дадэ къытхуихьар,
  • Дгъэувынщ Махуэшхуэм,
  • Ди гум ирихьар.
  • Сэ соцIыху Уэс Дадэр —
  • Ар си дадэращ,
  • Ауэ ар сэ дадэ
  • ЖезмыIэнуращ…
  • Псейр ИлъэсыщIэм
  • Сэ згъэщIэрэщIэнщ, —
  • Сэ щэху гуэр зэрысщIэр
  • Зым къезмыгъэщIэн.
  • Тыгъэ и гъунэжу,
  • Дадэ къыщIыхьэнщ,
  • Макъым зригъэхъуэжу,
  • Хъуэхъухэр къыджиIэнщ.
  •  
  • ИлъэсыщIэ  жэщ
  •  
  • ИлъэсыщIэр къытхуопIащIэ,
  • КъокIуэ, къокIуэ… Уей, къэсащ!
  • Ди НыбжьыщIэм иугъащIэ!..
  • Дэри, мис, дызэхуэсащ!
  • ПщIантIэр нэхущ,
  • уэсышхуэ къосыр,
  • Ди куэбжэшхуэр зэIутхащ,
  • Сыхьэт бжыгъэр и щхьэм носыр,
  • Уей, ди хьэщIэр къыдыхьащ!..
  • Ар ди унэм къыщIыхьэнущ,
  • Ёлкэм вагъуэхэр фIидзэнщ,
  • Дадэ хъуэхъухэр къыджиIэнущ,
  • Дэ «Псей цIыкIур» къыхэддзэнщ.
  •  
  • Дуней  хужь
  •  
  • Уэсым щIылъэр зэщIибгъауэ —
  • Гур хигъахъуэу — уэсчэсейщ,
  • Жыгхэр пфIощIыр къэгъэгъауэ, —
  • Уэсбзууплъхэр щыдолъей.
  • Жьыр кхъужьейм хэгъуэщыхьауэ
  • ЩещI, фиижу, «ислъэмей…»
  •  
  • Ди Хьэмыщэ зишыхьауэ,
  • Гъуэм къиплъыну зикI хуэмей.
  • Пэжу, щIыIэщ, пэр писыкIыу,
  • Уэс Дадэжьми зефыщIыж…
  • Ауэ сфIэфIщи, сыхэмыкIыу,
  • Дуней хужькIэ зызотIыж.
  •  
  • СогъэщIагъуэ
  •  
  • «Мы уэс цIыкIухэр хэтми сщIарэт
  • ТхыпхъэщIыпхъэу хэзыбзыкIыр,
  • Зэмыщхь защIэ-тэрэфарэу
  • Iэпэ Iэзэу зи IэрыкIыр?» —
  • ЖысIэу уэм сыдэплъеяти,
  • Уэс Дадэжьыр пэм къепхъуащ:
  • «Псори пщIэуэ си гугъати
  • Уэ, тхылъеджэм… Ин ухъуащ!
  • Класс етIуанэми укIуащи,
  • СыпцIыхуну игъуэ хъуащ!..»
  • Еплъыт, а Дадэжьым жиIэр,
  • Ар сэ сымыцIыху нэхъей,
  • ТхыпхъэщIыпхъэхэр зэрищIри
  • Сэ куэд щIауэ сощIэ, ей!
  • Ауэ, пэжу, уэс щабабзэр
  • СогъэщIагъуэ: налъэ къэс
  • ЦIыху IэпапIэхэм хуэдабзэу,
  • Зэмыщхь защIэу къытхуегъэс.
  •  
  • Ди  хадэм
  •  
  • Сыту бзаджэ ЩIыIэ Дадэр!
  • КъыщекIухьри итщ ди хадэм,
  • Умылъагъуу Iулъщ нэщыпхъуи,
  • Дунейм теткъым ар зэмыпхъуэ:
  • Ди пэр плъыжьу писыкIащ,
  • Ди нэкIущхьэр трижьыкIащ,
  • Хадэ псор зэщIегъэцIычэ,
  • Дыхигъэткъым мы уэсмычым!
  • КIий къытфIощIыр:
  • «ФикI мы хадэм!
  • Мыр си лъапсэщ!.. Сы-Уэс Дадэщ!..
  • Сыпащтыхьщи, Уаеу щыIэм
  • Сыкъеджэнщи —
  • фисынщ щIыIэм!..»
  • Дэ уэсгуащэ дощIри хадэм,
  • Къидмыдзэххэ а Уэс Дадэр…
  • Псэ хэтлъхьэнщи ди Уэсгуащэм,
  • ПщIэ хуэтщIынщ абы хуэфащэу:
  • Усэ цIыкIу дыкъыхуеджэнщ,
  • Джэгу хуэтщIынщ — дыкъыдэфэнщ!
  •  
  • ХъумакIуэ
  •  
  • Дадэ пщIантIэм щыхисауэ
  • Зы псей щхъуантIэ дахэ дэтщ,
  • Ди мэзщIэсхэр къехъуэпсауэ,
  • Къощэр — ядыгъуну хэтщ.
  • Едгъэжьэжу Илъэсыжьыр,
  • ПщIантIэм Гуащэ дэтщIыхьащ,
  • Фоч къутауэ зэгуэтыжьыр
  • Дадэ къихьри, кIэрищIащ…
  • Ар бгъэдэтщи ди псей щхъуантIэм,
  • ТфIэтелъыджэщ ди Iэужь, —
  • Мис иджы си Iуэхущ ди пщIантIэм
  • Къыдыхьэфмэ зы дыгъужь!
  •  
  • Уэсгуащэ
  •  
  • Жьы бгъакъэ щIыкIейхэр
  • Зэпеуэу мэхъущIэ, —
  • ЖыгыщIэ хэтсар
  • ЯудыныщIэ, яфыщI.
  • Уэс Дадэу жьакIащхъуэм,
  • ГущIэгъур зымыщIэм,
  • ЕIуящIэ щыкIахэм
  • ФIыщIэшхуэ хуимыщI…
  • Уэс Дадэр шууейуэ
  • КуэбжэпэмкIэ блэжти,
  • Къуаншагъэр щилъагъум,
  • Абы къегъэзэж,
  • Уэс щабэ къауцыр
  • И Iэпэ къыпыщу,
  • И шыгъуэм къопсыхри,
  • Кхъужьейм къыщхьэщож.
  • «Уэсгуащэщ!» — жыпIэну,
  • Жыг цIыкIур ехуапэ, —
  • И пыIи, и вакъи,
  • И Iэлъи къауцщ.
  • Иджы къауц щабэм
  • Кхъужьейр егъэхуабэ…
  • Мис, сэри, сыгуфIэу,
  • Щхьэгъубжэм сыIусщ.
  •  
  • Къуажэхьхэр
  •  
  • *   *   *
  • Iуигъэщту щIыIэр, Дадэ Уаер,
  • Къопхъуэну зищIу, ар мэбзае,
  • ГъуркI IэплIэ дэ зэхуэтхьэсар
  • Дакъикъэ бжыгъэм игъэсащ.
  • (ЩIымахуэ губгъуэ мафIэ)
  • *   *   *
  • Тхьэгъэлэдж щохьэжэ уафэм,
  • И кхъузанэм щIегъэпщыж,
  • Къелъэлъэхым къуакIи тафи
  • Къимыгъанэу есеиж.
  • (Уэс)
  • *   *   *
  • ТхыпхъэщIыпхъэ вагъуэ дахэу
  • Щэхурэ щабэу уафэм къох,
  • Жьым зэрихьэу ахэр махэщ —
  • Узэпхъуар уи Iэгу щобзэх.
  • (Уэс цIыкIу закъуэхэр)
  • *   *   *
  • Гъуэрыгъуэххэу зыр зым тежу,
  • ЗэкъуэшитIыр къызэдожэ,
  • Зыщыджэгур ахэр мылщ,
  • Дыжьыныфэхэщ, масилщ.
  • (Лъэрыжэхэр)
  • *   *   *
  • Джабэр лъагэщ, уафэм нэсу,
  • Ар щыдэсшкIэ, сегъэмэх,
  • Сэ абы сызэрышэсу —
  • Жьым дытежу дыкъожэх.
  • (Iэжьэ)
  • *   *   *
  • ЩицIывыгъуэ гъэмахуэкуми
  • Щхьэримых абы и пыIэр,
  • И уардагъ-инагъкIэ хэкуми
  • Къыпэхъун абы щымыIэ.
  • (Iуащхьэмахуэ)