Дау Хъусен и Iулыдж лъагэр
2021-02-16
- Илъэс блэкIам и кIэухым хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэмрэ спортымрэ. И ныбжьыр илъэс 85-м иту дунейм ехыжащ бжы дзынымкIэ 1961 гъэм дунейпсо рекорд зыгъэува, ди республикэм щыщу атлетикэ псынщIэмкIэ япэу спортым и мастер хъуа, КъБКъУ-м спорт дисциплинэмкIэ и кафедрэм и доцент, тренер Iэзэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дау Хъусен.
- Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Сэрмакъ къуажэм ар къыщалъхуат. И ныбжьым хиубыда дэтхэнэми хуэдэу, абы и сабиигъуэм игъэващ Хэку зауэшхуэм къытхуихьа бэлыхь псори. Зи ныбэ изу шхэхэм, щыгъын зэхъуэкI зиIэхэм, нэгузыужь гуэр зрагъэлъагъухэм ахэр ящыщакъым. Хъусен къызыхэкIар и пщIэнтIэпс хьэлэлкIэ лажьэрэ щхэж мэкъумэшыщIэ унагъуэ къызэрыгуэкIт. Адрей и лъэхъэ-
- нэгъухэми хуэдэу, ар пасэу унагъуэм щIэгъэкъуэн хуэхъуащ, ауэ лэжьэнымрэ еджэнымрэ къыщыдэхуэ зэман кIэщIым Балъкъ псыхъуэм куэдрэ щалъагъурт. Къызыхихар ямыщIэу, а ныбжьыщIэм бжыр ерыщу идзырт. Бжы папщIэу къигъэсэбэпри езым ищIа бжэгъу папцIэ кIыхьырт. Абы щыгъуэм хэт ищIэнт а сабий зэштегъэукIэм Дау Хъусен и цIэр къэралми дунейми иужькIэ ину щигъэIуну?!
- Сэрамакъ щыщ адыгэ щIалэм щхьэхи еши иIакъым а лъагапIэм лъэIэсын папщIэ. Пасэу спортым гу хуэзыщIа ныбжьыщIэр щIэхъуэпсырт атлетикэ псынщIэмкIэ ирагъэкIуэкI зэпеуэхэм хэтыну, бжьыпэр щиубыдыну. А зэманым къыдэкI газетхэм спортым теухуауэ щатххэр нэхъуеиншэу щIиджыкIырт, дерс хуэхъун хуэзамэ къыхипхъуэтыкIырт. Школым щыщIэсам щыгъуэ и ныбжьэгъу еджакIуэхэр къигъэдаIуэурэ бэнэнымкIэ, зэдэжэнымкIэ, лъагагъым щхьэпрылъынымкIэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр Балъкъ псыхъуэм къыщызэригъэпэщырт.
- Курыт еджапIэр къиухыху Хъусен и ныбжьэгъухэр щIыгъуу, районми республикэми щрагъэкIуэкI зэхьэзэхуэхэм жыджэру хэтащ. Школ нэужьым ар ягъэуващ Дзэлыкъуэ щIыналъэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и IэнатIэм и къызэгъэпэщакIуэу. Еджэным зи нэр къыхуикI щIалэр, зы илъэс нэхъ дэмыкIыу щIэтIысхьащ Тбилиси къалэм дэт ФизкультурэмкIэ институтым. Мис а илъэсхэрщ абы зыкъыщызэкъуихар.
- ГъэщIэгъуэнщ институтым зэрыщIэхуа хъуари. Абы укъащтэн папщIэ, псом япэу къалъытэр спортым ущиIэ зэфIэкIырт. Атлетикэ псынщIэмкIэ экзаменым къыщигъэлъэгъуахэм ящыщу егъэджакIуэхэм телъыджэ дыдэ ящыхъуар адыгэ щIалэм и гранатэ дзыкIэрт. Япэ бгъэдыхьэгъуэм ар метр 96-кIэ иутIыпщри, иджыри къэс ятхам метр 20-м нэскIэ щIригъэгъуат. Я нэгу щIэкI гъэщIэгъуэным ирагъэплъыну еджапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIыр къыщрагъэблагъэм, а жы-жьагъ дыдэм аргуэру Даум нигъэсащ. ИужькIэщ къыщащIар гранатэр япэу щидзам щыгъуэ Хъусен и лъэнкIапIэр зэгуитхъуауэ зэрыщытар. Тбилиси къалэм дэт ФизкультурэмкIэ институтым щыщIэтIысхьа гъэм абы игъэува рекордыр нобэми яхуэкъутакъым.
- Куржым и Леселидзе, Бакуриани щIыпIэхэм зыщызыгъасэ Совет Союзым атлетикэ псынщIэмкIэ и командэ къыхэхам дэщIыгъуу зэхьэзэхуэхэм зыхуигъэхьэзырыну Хъусен къыхуихуащ щеджэ лъэхъэнэм. Абы и Iэзагъым хэпщIыкIыу хригъэгъэхъуащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым щыяпэу СССР-м спортым и мастер а спорт лIэужьыгъуэмкIэ хъуащ.
- ИужькIэ, 1961 гъэм, Даум и цIэр дуней псом щыIуащ. Бжыр дзынымкIэ абы щыгъуэ щыIа ЩIы хъурейм и рекордыр зэрыхъур метр 75-рэ сантиметр 26-рэт. Хъусен а жыжьагъым метритIрэ ныкъуэрэ зэуэ хигъэхъуауэ щытащ. Адыгэ щIалэм къихьа текIуэныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэт, а зэманым хьэрхуэрэгъу зыхуэхъуар сыт щыгъуи къыдэныкъуэкъу США-м и спортсмен лъэрызехьэ Уэлкенсонти. 1961 гъэм и накъыгъэ (май) мазэм къыдэкIа «Советский спорт» газетымрэ «Спорт за рубежом» журналымрэ дыкъыщоджэ: «1. Дау Хъусен (СССР). 2. Уэлкенсон Джон (США) … ».
- БэнакIуэ цIэрыIуэу щытауэ иджы спортым хэтахэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щитхьэмадэ Къуэдзокъуэ Анатолэ къызэриIуэтэжымкIэ, Совет Союзым бжы дзынымкIэ щынэхъ лъэщ дыдэ Лусис Янис телъыджэ щыхъуат ди лъахэгъум и ехъулIэныгъэхэр икIи Тбилиси зэрыщеджэм къыхэкIыу зыхигъэгъуэща «куржы щIалэ къуэгъум» къэкIуэну дахэ иIэну хуигъэфащэрт. Пэж дыдэуи Хъусен ди гъунэгъу къуэш пэлъытэ лъэпкъым теплъэкIэ ещхьт, ауэ зэи зы Iэмал къигъанэр-тэкъым тхыдэ къулей зиIэ адыгэхэм (шэрджэсхэм) зэращыщыр къыхимыгъэщу.
- Сэрмакъ къуажэжьым къыдэкIа щIалэм и фIыгъэкIэ ди къэралым и ныпыр дуней псом куэдрэ щаIэтащ. Зэкъым икIи тIэукъым Совет Союзми, Европэми я утыкухэм абы бжьыпэр зэрыщиубыдар.
- Тбилиси щеджэ зэманым Даур хэтащ Грузие ССР-м атлетикэ псынщIэмкIэ и командэ къыхэхам. Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжа иужькIэ «Спартак» спорт обществэм щылэжьащ. Абыи зэфIэкI лъагэ щиIэу гумызагъэу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи, гу къылъатэри, республикэм атлетикэ псынщIэм зыщригъэужьынымкIэ Iэмал нэхъыбэ иIэн папщIэ, КъБКъУ-м егъэджакIуэу ирагъэблэгъащ. Дау Хъусен, зэхьэзэхуэхэм зэрыхэтым хуэдэурэ, щIэблэ хъарзынэ игъэхьэзыращ. Студент минхэр абы хуригъэджащ икIи хуигъэсащ атлетикэ псынщIэм и Iэмал гъуэзэджэхэм. Ди щIыналъэм и щIыпIэ псоми ахэр щыплъагъунущ. КъищынэмыщIауэ, СССР-м спортым и мастеру плIы игъэхьэзыращ. Нэхъ лъагапIэ ин дыдэм нэсыфар Хъусен сыт щыгъуи зэрыгушхуэу щыта и гъэсэн Сухомлинов Игорщ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щеджэу абы Европэм и кубокыр зыIэригъэхьащ, къэралым и олимп командэ къыхэхам ирагъэблэгъащ икIи дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер хъуащ.
- ГуащIафIэу, емызэшу куэдрэ утыкум ита спортсмен лъэрызехьэщ Даур. Илъэс 60-м щхьэдэха спортым и ветеранхэм 1996 гъэм Сочэ щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм Хъусен дыщэ, дыжьын, домбеякъ медалхэр къыщихьащ. ИлъэситI дэкIри, ар ирагъэблэгъащ ЮАР-м и Дурбан къалэм икIи атлетикэ псынщIэмкIэ абы щызэхаша ветеранхэм я дунейпсо чемпионатым ещанэ увыпIэр щиубыдащ.
- Илъэс 45-кIэ Дау Хъусен щригъэджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Ар щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, зыбгъэдэт IэнатIэм хуэIэзэ цIыху телъыджэт, къыдэлажьэхэми и гъэсэнхэми пщIэрэ нэмысрэ къыхуащIу. ЖыпIэну ирикъунщ илъэс 26-м щIигъукIэ зэкIэлъхьэужьу ар кафедрэм и унафэщIу зэрыщытар.
- — Хъусен гушыIэ дахэ зыхэлъ цIыху гъуэзэджэт, ауэ лэжьыгъэм Iуэхур нэса иужькIэ хуабжьу ткIий къэхъурт. IэхъуэтегъэкIрэ жэуаплыныгъэншэрэ абы къызэрыпхуидэн щыIэтэкъым, езыри щхьэх имыщIэу, зыщымысхьыжу и IэнатIэм бгъэдэтт, — жеIэ 1979 гъэ лъандэрэ Даум и гъусэу лэжьа, КъБКъУ-м и доцент, университетым IэщIагъэм щыхагъахъуэ и центрым и унафэщI, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Тхьэзэплъ Аниуар. — Сыт и лъэныкъуэкIи ар щIэгъэкъуэн, чэнджэгъу нэс къыпхуэхъуфынут икIи гъащIэм сыщиегъэджакIуэу къэслъытэу, дызэрыгъэпэжу илъэс куэдкIэ дызэбгъэдэтащ.
- Апхуэдэу псэуащ сэрмакъдэсхэм къищынэмыщIауэ, ди республикэр зэрыщыту зэрыгушхуэ, КъБКъУ-м спорт дисциплинэмкIэ и кафедрэм и доцент, тренер Iэзэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дау Хъусен. И гуащIэдэкI хьэлэлым къыпэкIуэу абы къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэ куэдым яхэтт «За доблестный труд» медалыр, КъБР-м и Правительствэм и ЩIыхь тхылъыр, нэгъуэщIхэри. Нэгъабэ и кIэухым зи дунейр зыхъуэжа лIы ахъырзэманым и фэеплъ нэхум къищынэмыщIауэ, къытхуигъэнащ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу къэгъуэгурыкIуа и унагъуэ хъуэпсэгъуэм къыщыхъуа щIэблэ узыншэмрэ и Iуэху дахэхэм пызыщэ и гъэсэнхэмрэ.
- Жыласэ Заурбэч.