Я хьэрхуэрэгъухэр ЕсэнтIыгу щыхагъащIэ
2021-02-13
- Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 — 2021 гъэхэм щыIэ зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм Нартсанэ (Кисловодск) зыщыхуэзыгъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» зэныбжьэгъугъэ зэIущIитI зэкIэлъхьэужьу мазаем и 10-м ЕсэнтIыгу щригъэкIуэкIащ.
- Сыхьэт 11-м «ЕсэнтIыгу-арена»-м къихьащ етIуанэ дивизионым и Япэ гупым зэгъусэу хэт хэгъэрейхэмрэ ди щIалэхэмрэ. Нэрылъагъут налшык дэсхэр абы зэрыщынэхъ лъэщыр, арщхьэкIэ лъэныкъуэхэр зэрытемыгъакIуэу командэхэр загъэпсэхуну икIащ. Ахэр топ зырызкIэ зэхъуэжат, Гугуев Магомед къызэрыхэжаныкIам «ЕсэнтIыгум» хуэфэщэн жэуап къритыжауэ.
- Джэгум и етIуанэ Iыхьэм «Спартак-Налшыкым» и тепщэныгъэр нэхъ иныж хъуащ. Абы и фIыгъэкIэ Пащты Русланрэ Джатэрывэ Къазбэчрэ бжыгъэр 3:1-м нагъэсащ икIи ди командэр трагъэкIуащ.
- Япэ зэIущIэр зэриухыу етIуанэми а стадион дыдэм щыщIидзащ. Хэгъэрейхэм ядэджэгуахэм загъэпсэхуну Iэмал иратри, налшыкдэсхэм адрейхэр кърагъэхьащ. Я хьэрхуэрэгъури нэгъуэщIт — Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щыпашэхэм ящыщ Мэхъэчкъалэ и «Легион Динамо»-рат.
- Мы зэIущIэр нэхъ хьэлэмэтыж икIи нэхъ гуащIэж хъуащ. Аргуэрыжьти, «Спартак-Налшыкым» тепщэныгъэр джэгупIэ губгъуэм псынщIэ дыдэу щиубыдащ. Апхуэдэу щыт пэтми, бжыгъэр къыщызэIуихыфар сыхьэт ныкъуэ джэгуа иужькIэщ. Ар зыхузэфIэкIар гъуащхьауэ Бацэ Къантемырщ.
- Джэгум и етIуанэ Iыхьэм командэхэм я футболист куэд яхъуэжащ. Абы «Спартак-Налшыкым» и тепщэныгъэр фIигъэкIуэдакъым икIи мыгувэу бжыгъэр игъэбэгъуащ — Iэпщацэ Марат зэуа топыр мэхъэчкъалэдэсхэм ящыщ зым техуэщ, и кIуэкIэм зихъуэжри, гъуэм дыхьащ.
- 0:2-уэ зэрыфIахьым «Легион Динамо»-р игъэгубжьащ. Ар къаруушхуэкIэ ебгъэрыкIуэ хъуащ икIи апхуэдэхэм ящыщ зым пенальти къилэжьащ. Метр пщыкIузым и деж щытуи Дагъыстэным къикIахэм ди гъуэр яхухэгъэщIакъым. Абыхэм я гъуащхьауэ Магомедов Рашид зэуа топым ди гъуащхьэтетым къригъэгъэзащ!
- Джэгур и кIэм нэблэгъэпауэщ «Легион Динамо»-р къыщыхэжаныкIыфар. Метр пщыкIузым и деж щыту хузэфIэмыкIар Магомедовым иужькIэ ди штрафнойм иту зригъэхъулIащ.
- Арати, мазаем и 10-м ЕсэнтIыгу щыIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIитIми «Спартак-Налшыкыр» щытекIуащ. ЗэрыфщIэжщи, махуищ ипэкIэ ардыдэр ди щIалэхэм Нартсанэ щахузэфIэкIащ. Мазэ дэкIмэ щIэзыдзэжыну Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щыIэну зэхьэзэхуэми апхуэ-дэу зыкъыщагъэлъэгъуамэ, драгъэхъулIат.
- Жыласэ Заурбэч.