Депутатхэм коронавирусым пэщIэтыф мастэр зыхрагъалъхьэ
2021-02-09
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпащэ коронавирусым ущызыхъумэ мастэр цIыхухэм яхэлъхьэным. Вакцинэр щыхаIу щIыпIэхэр яубзыхуащ, а лэжьыгъэм къыхузэрагъэпэща гупхэр лэжьапIэхэм кIуэурэ мастэр абы щыхаIу. Республикэм и хабзэубызыху органми «Гам-Ковид-Вак» урысей вакцинэр иджыблагъэ щыхалъхьащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэмрэ Аппаратым и лэжьакIуэхэмрэ.
- Депутат зыбжанэм нэхъ пасэу зыхрагъэIуауэ щытащ мастэр. КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим ар япэу зыхалъхьахэм ящыщщ.
- — Зи Iуэху еплъыкIэр сфIэкъабыл дохутырхэм сечэнджэщати, коронавирус узыфэ зэрыцIалэм ущызыхъумэ мастэр зыхегъалъхьи, тыншу псэу къыщызжаIэм, я чэнджэщым седэIуащ. Абыхэм дзыхь яхуэсщIри, а лъэбакъуэр счащ. Япэу мастэр дыгъэгъазэм и 12-м зыхезгъэлъхьащ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед сригъусэу. Къыхэзгъэщынщи, тIуми мастэр хъарзынэу тпкърызэгъащ. ЕтIуанэу вакцинэр щIышылэм и 3-м къысхалъхьащ. Вакцинэм и хэIугъуитIри къызэхьэлъэкIакъым. Дохутырхэм я чэнджэщхэм сытетащ, си щытыкIэм зихъуэжауи зыхэсщIакъым. ЕтIуанэу къысхалъхьа нэужь зы тхьэмахуэ дэзгъэкIри, анализхэр стащ. Абыхэм къагъэлъэгъуащ си Iэпкълъэпкъыр а узыфэ зэрыцIалэм зэрыпэщIэтыфынур. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ а вакцинэр ди хэку медицинэм и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр. Коронавирусыр къызэмыуэлIэн папщIэ мастэ зэрызыхезгъэлъхьар тэмэму сщIауэ къызолъытэ икIи цIыхухэр къыхузоджэ, ар зрахьэлIэ щIэмыхъун щхьэусыгъуэ ямыIэмэ, ди щапхъэм ирикIуэну, — къыхигъэщхьэхукIащ Жанатаев Сэлим.
- А махуэм мастэр зыхезыгъэIуну жэрдэм зыщIахэм ящыщт КъБР-м и Парламентым Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и комитетым и унафэщI Кривко Михаил.
- — Вакцинэр къызэрыдагъэкIам и хъыбар зэрызэхэсхыу мурад сщIат ар зыхезгъэлъхьэну, ар республикэм къыщысынум сыпэплъэу арат. Вакцинэр псоми зрахьэлIэн хуейуэ къызолъытэ. Абы къегъэлъагъуэ уи щхьэми узыхэтхэми уазэрыхуэсакъыр, жэуаплыныгъэ зэрыпхэлъыр, — къыхигъэщащ депутатым.
- А махуэм депутатхэм гъусэ яхуэхъуащ КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу щыIэ Зумакулов Борис.
- — СыщогуфIыкI УФ-м и цIыхухэм вакцинэр зэрыхалъхьэм. Урысей вакцинэм дзыхь хузощI — ар щащIащ къэралым и академическэ медицинэ IуэхущIапIэ лъэрызехьэхэм. Сэ а хущхъуэм шэч къытесхьакъым. КъБР-м и Парламентым цIыхухэм мастэ щыхалъхьэ пункт къызэрыщызэрагъэпэщар къэзгъэсэбэпри, мыбы чэзум зыщыхезгъэтхащ икIи ар зыхезгъэIуну сыкъэкIуащ. Ар псоми зыхрагъэлъхьэн хуейуэ къызолъытэ, дэ шынэм зедгъэубыд хъунукъым, адэкIэ дыпсэун, дызэса зэхэтыкIэм дытехьэжын хуейщ, — и Iуэху еплъыкIэмкIэ журналистхэм ядэгуэшащ Зумакуловыр.
- «Спутник-V» препаратыр зыхезыгъэIуну хуейхэр нэхъ пасэу ятхат икIи ахэр мащIэ хъуртэкъым.
- Къалэ поликлиникэ №3-м и дохутыр терапевт Щоджэн Iэминэ цIыхухэм вакцинэм зэпкърыхауэ яхутепсэлъыхьащ, хущхъуэр уз гъэтIылъа зиIэхэм щIемызэгъынур ягуригъэIуащ, мастэр халъхьа нэужь зытетыпхъэ мардэхэми къытеувыIащ.
- Мастэр халъхьэн ипэкIэ псоми дохутыр еплъащ. Абыхэм я давленэр, сатурацэр зыхуэдизыр къапщытащ, уз гъэтIылъа зиIэ яхэтмэ щIэупщIащ. Вакцинэм и етIуанэ хэIугъуэр махуэ 21-рэ дэкIмэ ирагъэкIуэкIынущ.
- КъБР-м и Парламентым
- и пресс-IуэхущIапIэ.