Бахъсэндэсхэр чемпионыгъэм аргуэру хуокIуэ
2021-02-09
- Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и щIымахуэ чемпионатым и зи чэзу джэгугъуэм Бахъсэн и «Автозапчасть»-м и пашэныгъэр нэхъри игъэбыдащ. Нэгъаби хуэдэу, ар ерыщу дыщэ медалхэм хуокIуэ.
- Республикэм и щIымахуэ чемпионым гу лъимыта хуэдэщ и зи чэзу хьэрхуэрэгъум. «Автозапчасть»-м жэуапыншэу топитху худигъэкIащ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и футболистхэм.
- Бжьыпэр зыIыгъым адрейхэр нэхъ къыкIэрыху зэпытщ. Иджыри къэс бахъсэндэсхэм я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэу щыта «Шэрэджыр» «Бабугент»-м къыхигъэщIащ. Абы ипэжкIэ «ХьэтIохъущыкъуейм» зэрыпэмылъэщар къыхыхьэжри, старэшэрэдждэсхэр еплIанэ увыпIэм нэс къещэтэхащ.
- «Автозапчасть»-м нэхъ пэгъунэгъу Налшык и «Мурбек»-р бахъсэндэсхэм иджы очкоиплIкIэ къакIэроху. Джэгугъуэ блэкIам «Тэрчым» къызэрыхигъэщIам и губжьыр абы трикъутащ зэкIэ псоми къакIэрыху Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и командэм. Студентхэм я гъуэм «Мурбек»-м жэуапыншэу топий дигъэкIащ.
- КIуэ пэтми нэхъ зыкъаIэт иужь зэIущIэхэм щытекIуа «Кэнжэмрэ» «Бабугент»-мрэ. Куэд щIакъым ахэр къыкIэрыхухэм зэрахэтрэ, иджы курыт зэфIэкI зиIэхэм къахэхутащ.
- Гъуащхьауэхэм я зэпеуэм бжьыпэр щиIыгъщ Тамаев Алан. Зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэрэ ар блэнейрэ къыхэжаныкIащ. АрщхьэкIэ а Iуэхугъуэр зи пашэ «Ансар»-м къызэрыхуэщхьэпэ щIагъуэ щыIэкъым, къыхудагъэкIыр куэдкIэ зэрынэхъыбэм къыхэкIыу.
- Я лъэр щIэхупащ Налшык и «Спартак-Д»-м и футболистхэм. «Автозапчасть»-м еныкъуэкъуу зэхьэзэхуэр езыгъэжьа щIалэщIэхэр къыпхуэмыцIыхужынщ. Иджы ахэр турнир таблицэм щыепщыкIущанэщ.
- АдэкIэ фыщыдгъэгъуэзэнщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и щIымахуэ чемпионатым и зи чэзу джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм: «Маисэ» (Налшык) — «Инал» (Къэрэгъэш) — 2:3, «Спартак-Д» (Налшык) – «Кэнжэ» (Кэнжэ) — 0:1, «Шагъдий» (Зеикъуэ) — «Ислъэмей» (Ислъэмей) — 1:0, «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъущыкъуей) — «Автозапчасть» (Бахъсэн) — 0:5, «КъБКъУ» (Налшык) — «Мурбек» (Налшык) — 0:8, «Малка» (Малкэ) — «Ансар» (Налшык) — 6:1, «Тэрч» (Тэрч) – «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — 2:2, «Бабугент» (Бабугент) — «Шэрэдж» (Старэ Шэрэдж) — 3:1.
- «ДыгъафIэ къалэм» и стадионым къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэм щызэIущIэнущ: щэбэтым — «Ислъэмей» — «Маисэ», «Кэнжэ» — «ХьэтIохъущыкъуей», «Тэрч» — «КъБКъУ», «Инал» — «Малка», «Мурбек» — «Спартак-Д»; тхьэмахуэм — «Автозапчасть» — «Бабугент», «Шэджэм-2» — «Ансар», «Шэрэдж» — «Шагъдий» командэхэр.
- Хьэтау Ислъам.