Ди щIыналъэр зэрыгушхуэ цIыхухэм я гуащIэр
2021-01-26
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Кузьмин Валентин, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург IутIыж Борис, усакIуэ, тхакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Гуртуев Берт сымэ я творчествэхэм теухуа зэIущIэ-хэр.
- Ахэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзымрэ Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я Къэбэрдей-Балъкъэр зэгухьэныгъэмрэ. «ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и натIэр — лъэпкъ литературэхэм я ехъулIэныгъэщ» зыфIаща Iуэху дахэр къызэрызэщIакъуэжу щытащ мы зэхыхьэр. Псори зэхэту «стIол хъурейуэ» плIы ирагъэкIуэкIащ, япэр «Литературная Кабардино-Балкария» журналым, абы и зэхъуэкIыныгъэфIхэм ехьэлIауэ щытащ. ЗэрытщIэщи, литературэ журналхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ къытщIэхъуэ щIэблэм я къалэмыр ягъэунэхунымкIэ, я къэухьым зиужьынымкIэ. Абы къыхэкIыу «Литературная Кабардино-Балкария» къыдэкIыгъуэр тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я гъуэгуанэм и къежьапIэу убж хъунущ. КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и президиумым хэт, архивист, тхыдэдж икIи фило-сов Бейтыгъуэн Сэфарбий тепсэлъыхьащ журналым и мыхьэнэм. Апхуэдэ къыдэкIыгъуэм и редактору ущытыныр зэрыгугъур, абы иджыпсту и тхьэмадэ Мамыщ Владимир а къалэным фIы дыдэу зэрехъулIэр къыхигъэщащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым пщIэ зыхуащI и тхакIуэхэм я гуащIэм щытепсэлъыхьа пшыхьхэм кърихьэлIат республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм щылажьэхэр, тхакIуэ цIэрыIуэхэр, тхэн щIэзыдзагъащIэхэр, гъуазджэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэр, жылагъуэ IэнатIэ пэрытхэр, ветеранхэм я советхэм я лIыкIуэхэр.
- ЗэIущIэхэр ягъэдэхащ тхылъыр фIыуэ зылъагъу ныбжьыщIэхэм. КъызэгъэпэщакIуэхэм гулъытэншэ ящIакъым абыхэм я егъэджакIуэхэр, сыту жыпIэмэ ди лъэпкъ литературэхэр утыку къихьэнымкIэ, ар цIыхухэм я деж нэхьэсынымкIэ абыхэм ящIэм и мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ.
- Гуртуев Берт и гуащIэм ехьэлIа пшыхьым кърихьэлIахэр къыщеджащ балъкъэр литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зы тхакIуэм и IэдакъэщIэкI тхыгъэхэм, абы и гъащIэм щыщ Iыхьэхэр къызыхэщ сатырхэм. Дэтхэнэми езым и псэм зыхищIэр и къеджэкIэмкIэ къызэригъэлъэгъуэным хэтти арагъэнщ ахэр псори зэмыфэгъу щIэхъуар.
- Кузьмин Валентин ехьэлIа псалъэмакъри щIэщыгъуэт. КъызэгъэпэщакIуэхэм къыхагъэщащ щIэблэр гъэсэным Валентин гулъытэшхуэ хуищIу зэрыщытар, литератрэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьэхэр зэригъафIэр. Арагъэнщ «Мыбдеж си къуэпсхэр щыIэщ» зыфIаща Iуэхум хыхьэу Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIа «Мывэхэм ящIэж» зэхьэзэхуэм щытекIуа тхакIуэ ныбжьыщIэхэр пшыхьым щIыщагъэлъэпIар, абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрыт тхылъ цIыкIухэр щIратар.
- ЗэIущIэхэм я иужьрейуэ щытащ тхакIуэ, усакIуэ, литератор, щIэныгъэ лэжьакIуэ, сурэтыщI Iэзэ IутIыж Борис и гъащIэм- рэ и гуащIэмрэ ехьэлIар. УэрэдымкIэ КъБКъУ-м и «Амикс» театрым и унафэщI, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Къул Амир гуапэу и гугъу ищIащ IутIыжым икIи жи-Iащ абы куэдым зэрыхуигъэсар, и гъащIэ, и Iуэху еплъыкIэр зэрипсыхьар. Апхуэдэуи IутIыжым и усэхэр куэду щыIуащ зэIу-щIэм.
- — ЗэIущIэхэр гуапэу, хуабэу екIуэкIащ. ТхакIуэ цIэрыIуэхэри къалэмыр зыгъэунэхухэри зэхуэдэу тепсэлъыхьащ къыщалъхуа махуэр зыхуагъэлъапIэ тхакIуэхэм я творчествэми республикэ литературэм и Iуэхухэми, — жиIащ Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я Къэбэрдей-Балъкъэр зэгу-хьэныгъэм и исполкомым и унафэщI Шинкарёвэ Наталье. — Псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэнт зи гугъу тщIа тхакIуэхэм зэраIущIауэ щытам теухуауэ къызэхуэсахэм жаIэжа хъыбархэр. Мыпхуэдэ зэIущIэхэм ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ, литературэм ехьэлIа фэеплъхэр зэрахъумэм къыдэкIуэу тхакIуэ нэхъыжьхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я гуащIэм и зэпыщIапIэр наIуэ къащIри.
- ИСТЭПАН Залинэ.