КъыщыкIуэжыр ди плъапIэт
2021-01-16
- ЩыIэщ цIыху, ущыIущIэкIэ уи щIалэгъуэ пасэм — дунейр щынэхъ нэхум, дыгъэр щынэхъ гуапэм — и пщIантIэм удыхьэжауэ къыпщыхъуу. Апхуэдэт сэркIэ АфIэунэ Iэминат. Дэ, сабийуэ едгъажьэри, дыкъыздэхъуащ. ЕгъэджакIуэу деджэнщ жытIэу къалэм дыкъыщыкIуам балигъ хьэлу тхэлъ щыIэтэкъым. Ди гупым щIалэу, хъыджэбзу щIэсыр, кIуэаракъэ, зэдэлъхузэшыпхъум хуэдэ дызэхуэхъуат а илъэсиплIым. Зэман тынштэкъым ди студент гъащIэр зыхиубыдар, дызыхуэныкъуэр Iэджэт. Ауэ ди щIалэгъуэ пасэт, фIыуэ дызэрылъагъурти, зэрыжаIэу, дунейр тIэу пкIэгъуэ тхуэхъуртэкъым.
- Ныбжьэгъуу щыIэм къахэбгъэщу, уи гум нэхъ зыкъыдищIу зы къыхокI. Апхуэдэт сэркIэ Iэминат. Педучилищэ нэужьым сэ Къулъкъужын егъэджакIуэу сыкIуэжащ, ар Ставрополь къалэм унагъуэ щихьащ. Ди IэнатIи, ди гъуэгуи зырыз хъуащ. Сызыхыхьа унагъуэм благъагъэкIэ къагухьэрти, Iэминат и хъыбар сщIэрт, дыщызэхуэзи къэхъурт.
- Гупыр зы дыщыхъужауэ къэплъытэнур илъэс плIыщIым щIигъу дэкIыжа нэужьщ. Иужьрей илъэсих-блым дэнэкIэ щыIэри дызэрыгъуэтыжауэ дызэхуозэ, фIыри Iейри зэдэдгуэшу, зэIыхьлым хуэдэу дызэкъуэтщ. Языхэзри зыхэслъхьэ щымыIэу фIыуэ слъагъуми, Iэминат нэхъ ищхьэ къысфIэхъурт. Жэщ-махуэ имыIэу къыслъыгъуазэрт. СыгуфIэмэ, къыздэгуфIэрт, сынэщхъеймэ, къыздэнэщхъейрт, си гукъыдэжыр къызэриIэтыным иужь итт.
- Iэминат Налшык къыщыкIуэжынум сабийм хуэдэу дыпэплъэрт. ЗэрыщыIэну махуитI-щым къыдалъхуахэри и ныбжьэгъухэри зэщIигъэхьэрт. ГъащIэр, цIыхур апхуэдизу фIыуэ илъагъурти, псоми ялъэIэсырт, зыIущIэм и псэ къару лъигъэсырт.
- Хэт ищIэнт ар апхуэдэу пасэу тхэкIыну? «ТхэкIащ» жысIэ щхьэкIэ да-хэу къыджиIахэмкIэ, дызэригъэгушхуэу щыта и псэ къабзэмкIэ ноби тщIыгъущ. ЗыпэпщI щымыIэу фIыуэ плъэгъуа лъахэр, ди фIыгъуэр щыдгъэкIуа щIыпIэхэр ныпхуэзэшынущ, ди шыпхъу! Мы усэ кIэщIыр фэеплъ пхузощI.
- Апхуэдэ псалъэ щыIэу
- къысхуэгъуэткъым,
- Мы си гум пхуилъыр
- къризгъэлъэгъуэну,
- Си нэгум жэщи махуи
- уэ ущIэкIкъым,
- Зы цIыху уэ пхуэдэу
- сэ схуэмылъагъуну.
- Гугъуехьу куэд мы
- гъащIэм щызиIами,
- Уи зы Iуплъэгъуэм псори
- сщигъэгъупщэрт,
- Уи псалъэ закъуэ махуэм
- зэхэсхамэ,
- Гупсысэ жагъуэу щыIэр
- IэщIыб хъужырт,
- УпыгуфIыкIыу зэ укъызэплъамэ,
- Гугъуехьу сиIэр хуэмурэ
- сщхьэщыкIырт.
- Хуэзмыгъуэтыф си лъагъуныгъэм
- псалъэ,
- Си гум уэ пхуилъу хъуар
- къызэщIикъуэну.
- Уэрат си дыгъэу си гур хуабэ
- зыщIыр,
- Уэрат си мазэу жэщыр зыгъэнэхур,
- Хьэуа сызэрыбауэр зэIузыщэр.
- Уи псалъэрт си гум
- зезыгъэгъэпсэхур.
- Нэхъ дахэм ухуишэну
- сыпхуохъуахъуэ,
- ЖэнэткIэ уи псэр
- Тхьэшхуэм игъэгуфIэ!
- Щомахуэ ХьэIишэт.