Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрехъуэхъур
2020-12-31
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- 2021 ИлъэсыщIэр къихьэным къэнэжар мащIэ дыдэщ. Мы дакъикъэхэм дэ тщыщ дэтхэнэ зыми зэпелъытыж кIуа илъэсыр, къэкIуэнум мурадыщIэхэр хузэпещэ икIи нэхъыфIым щогугъ.
- ИкI илъэсыр къызэрымыкIуэу гугъуу щытащ, коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зэрызиубгъуар дэтхэнэ зым и дежкIи гъэунэхупIэшхуэу щытащ.
- Апхуэдэу щытми, ди жылагъуэр зыIууа гугъуехьхэм нэхъри наIуэ къащIащ ар зэрызэкъуэтыр, быдэу зэрызэпыщIар, гъащIэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэм зэрыхуэфащэр.
- Дэ дызэкъуэту къызыдонэкI а гугъуехьхэр.
- ЦIыхухэм зэхэщIыкI лъагэ зэрахэлъым, медицинэ лэжьакIуэхэм къагъэлъагъуэ лIыхъужьыгъэм я фIыгъэкIэ дэ тхузэфIокI хэщIыныгъэхэр дгъэмэщIэн, щытыкIэр едмыгъэкIэкIуэн.
- Дызэрызэкъуэтыр, Iуэхур зэрефIэкIуэжынур ди фIэщ зэрыхъур, ди къару дыкъызэригъэгугъэр дэ щIэгъэкъуэн къытхуохъу экономикэмрэ социальнэ IэнатIэмрэ мураду щыдиIахэр зэдгъэхъулIэнымкIэ, щытыкIэр сыт хуэдэу гугъуу щымытами, лъэпкъ проектышхуэхэр гъэзэщIэным хуэунэтIа лэжьыгъэр къызэтедмыгъэувыIэнымкIэ икIи ахэр щIэмыужьыхэнымкIэ.
- Егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, спорт ухуэныгъэщIэхэр къызэрызэIутхар, гъуэгухэмрэ псэупIэхэмрэ зэрыдухуар, медицинэ IуэхущIапIэхэр иджырей Iэмэпсымэ лъэщхэмкIэ къызэрызэдгъэпэщар, фэтэр куэд зыхэт къалэ унэхэм я пщIантIэхэмрэ цIыху зэхуэсыпIэхэмрэ зэIузэпэщ зэрытщIар, инвестицэ проектхэр зэрыпхыдгъэкIар, мэкъумэш IэнатIэмрэ промышленностымрэ къыщIагъэкIхэм зэрыхэхъуар, хуэмыщIахэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ зэрызащIэдгъакъуэмрэ цIыхухэр езыхэм яфIэфIу псапащIэ Iуэхухэм зэрыхэтымрэ — а псори зыужьыныгъэм хуэгъэзауэ зэфIэдгъэкIхэм кърикIуауэ аращ икIи дызыхуэкIуэ илъэсым а лэжьыгъэхэр нэхъри щIэдгъэхуэбжьэну къытпэщытщ.
- Си гум къыбгъэдэкIыу псоми фIыщIэ яхузощI я лэжьыгъэфIым, жэуаплыныгъэ, шыIэныгъэ зэрахэлъым, зэхэщIыкI зэраIэм, дыкъыщалъхуа республикэм зэрыхуэпэжым папщIэ.
- Шэч къытесхьэркъым, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъу гъэм цIыхухэм къагъэлъэгъуа зэкъуэтыныгъэр ди ехъулIэныгъэхэм, республикэм кIуэ пэтми зэрызиужьынум я лъабжьэу зэрыщытынур.
- Дэ псори дызыхущIэкъур, ди хъуэпсапIэхэр зыщ — Къэбэрдей-Балъкъэрым зэманым декIуу зиужьынырщ, ар ефIэкIуэнырщ.
- Си фIэщ мэхъу, дызэгъусэу дылажьэмэ, псоми ди зэхуэдэ фIыгъуэм дэтхэнэ зыми хилъхьэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр зыхэтщIэмэ, дэ дгъэува гъунапкъэхэм дынэсыныр, дэтхэнэ унагъуэми и псэукIэр, республикэ псом и Iуэхухэр едгъэфIэкIуэныр тхузэфIэкIынущ.
- ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ!
- Дэ иджыпсту дыпIейтейуэ дыпоплъэ ИлъэсыщIэр къыщихьэнум, дыщогугъ ди гурылъ псори Iэмал имыIэу къыдэхъулIэным. Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ я нэхъыжьхэр узыншэным, я сабийхэр, Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ насыпыфIэу щытыным.
- Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, зэIузэпэщыгъэ фиIэну.
- МахуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу, си лъахэгъу лъапIэхэ! 2021 ИлъэсыщIэмкIэ!