КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIащ Коронавирус узыфэм земыгъэубгъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр зи нэIэ щIэт оперативнэ штабым и зэIущIэ
2020-12-31
- Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету дыгъэгъазэм и 29-м иригъэкIуэкIащ Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщымрэ а узыфэм зэрыпэщIэтымрэ теухуа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ оперативнэ штабым и зэIущIэр.
- Абы щыхэплъащ КъБР-м щыIэ санитар-эпидемиологие щытыкIэр зыхуэдэмрэ COVID-19-м пэщIэтыным хуэунэтIауэ медицинэ IуэхущIапIэхэм щызэфIагъэкIхэмрэ.
- «Роспотребнадзор»-м и Управленэу КъБР-м щыIэм къызэритамкIэ, 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм коронавирус узыфэр цIыху 15.621-м къащеуэлIауэ ятхащ, абыхэм ящыщу 13.737-р хъужащ, 261-рэ абы илIыкIащ. Узыфэр иужьрей жэщ-махуэм цIыхуи 103-м къеуэлIауэ къахутащ. Псори зэхэту тест къэпщытэныгъэу мин 360-м щIигъу ирагъэкIуэкIащ. Госпиталхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт сымаджэ 1406-м, абыхэм ящыщу 85-р реанимацэхэм щIэлъщ. Сымаджэ 2.365-р амбулаторнэу ягъэхъуж.
- Нобэм ирихьэлIэу эпидемиологие щытыкIэр иджыри гугъущ, сымаджэ хъухэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуркъым, апхуэдэу щытми, сымаджэщхэм щIэлъхэм я бжыгъэми къыхэхъуэркъым.
- ИлъэсыщIэ махуэшхуэхэм республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр зэрызэтраухуэну щIыкIэм теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам.
- Абы къызэрыхигъэщамкIэ, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и амбулаторнэ къудамэхэр ягъэлъэщащ автомобилыщIэ 20-кIэ (абы ипэкIэ 76-рэ яIащ), социальнэ IэнатIэм и автотраспорт 13-рэ щIыналъэхэм я администрацэхэм я автомобиль 13-рэ а Iуэхум ирагъэбыдылIащ. Абы Iэмал къитащ амбулаторно-поликлиникэ IэнатIэм и дэIэпыкъуэгъу псынщIэ къудамэм и лэжьыгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ, хущхъуэхэр цIыхухэм зэрыхуашэм трагъэкIуадэ зэманыр ягъэмэщIэнымкIэ. Поликлиникэхэм къыщызэрагъэпэщащ колл-центр 19, коронавирус узыр зыпкърытынкIэ хъуну шэч зыхуащIхэм ар къефыкIрэ къемыфыкIрэ щызэхагъэкI амбулаторнэ центру 6, медицинэ IуэхущIапIийм, абыхэм унейхэри яхэту, яIэщ компьютер томографу 9, лэжьыгъэр жэщ-махуэ ямыIэу ирагъэкIуэкI. Зы жэщ-махуэм КТ-къэпщытэныгъэу 500-м нэблагъэ ящI, фIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэм къарит Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ, псори зэхэту компьютер томографие къэпщытэныгъэ 70226-рэ ирагъэкIуэкIащ.
- СOVID-19-р и чэзум къахутэн мурадкIэ, фIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэм тету, зыгъэпсэхугъуэ махуэ зэкIэлъыкIуэхэми цIыхухэм я узыншагъэр къыщапщытэнущ лабораторипщIым, абыхэм унейхэри яхэту.
- СOVID-19 вирусым и РНК-м и ПЦР-диагностикэр езыгъэкIуэкI лабораторэхэм ядэлажьэ медицинэ IуэхущIапIэхэр нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ лэжьэн папщIэ къэпщытэныгъэхэр езыгъэкIуэкI лабораторэхэмрэ цIыхухэм еIэзэ IуэхущIапIэхэмрэ хъыбархэр электроннэ IэмалкIэ зэIэпах. Къэпщытэныгъэхэм кърикIуахэр сыхьэт 24-м къриубыдэу наIуэ къащIыф а Iэмалым и фIыгъэкIэ.
- Гъэм щыщу къэнэжа зэманми зыгъэпсэхугъуэ махуэ зэкIэлъыпытхэми «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» IэнатIэр шэщIауэ лэжьэнущ.
- 2021 гъэм щIышылэм и 2-м пащэнущ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм пэщIэтыф вакцинэр цIыхухэм яхэлъхьэным хуэунэтIа лэжьыгъэм. Мы зэманым ирихьэлIэу республикэм къыIэрыхьащ вакцинэ хэIугъуэ 1442-рэ, цIыху 772-м ар халъхьащ.
- ЗэIущIэм хэтхэр тепсэлъыхьащ цIыхухэр узыфэ зэрыцIалэм земыгъэубгъуным хуэунэтIа Iуэхухэм нэхъ куууэ щыгъуазэ щIыным, махуэшхуэхэм цIыху куэд зыхэт зэхыхьэхэм мыкIуэным жылагъуэр къыхуеджэным, сымаджэхэр хущхъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыным, госпиталхэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа къалэнхэм.
- ЗэIущIэм и кIэм КIуэкIуэ Казбек жиIащ: «Властым и орган псоми, къэрал властым и федеральнэ органхэм я зэдегугъуныгъэм и фIыгъэкIэ дэ тхузэфIэкIащ коронавирус узыфэм ебэныным хуэгъэза лэжьыгъэр зэтедгъэпсыхьыну. Дэ къыдэхъулIащ республикэм узыфэм зэуэ зыщедмыгъэубгъуныр, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и лэжьыгъэр зэблэу щымыIэу, тэмэму а шынагъуэм пэщIэтыным хузэтеухуэныр, абы сэбэп хуэхъунуIэмал псори зэщIэдгъэуIуэныр. Зэрыщыту къапщтэмэ, дэ тхузэфIэкIащ республикэм и дежкIэ тыншу щымыта мы лъэхъэнэм зэпIэзэрытагъыр къызэдгъэпэщыну».
- Республикэм и Iэтащхьэм зэIущIэм хэтхэм иджыри зэ ягу къигъэкIыжащ гуфIэгъуэ махуэхэм, илъэсыщIэм и пэщIэдзэм цIыхухэм зыкъызэрыхуагъазэм псынщIэу япэджэжын зэрыхуейр, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм лэжьыгъэр щыщызэблэу къэмыгъэхъуным гулъытэ хэха зэрыхуащIыпхъэр, апхуэдэуи ехъуэхъуащ илъэсыщIэм ехъулIэныгъэхэр яIэу лэжьэну.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.