Гъэмахуэ хъупIэхэм я мыхьэнэм хохъуэ
2020-12-31
- Иужьрей илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэмахуэ хъупIэхэм Iэщ щызыIыгъхэм я Iуэхур щефIакIуэ зэпытщ. Ар, дауи, дызыгъэгуфIэщ.
- Иджыблагъэ дэ телефонкIэ зыкъытпищIащ республикэм и гъэмахуэ хъупIэхэм щыIэ штабхэм я унафэщI, КъБР-м ветеринар медицинэмкIэ и центрым и тхьэмадэм и къуэдзэ Иуан Аскэрбий.
- — Къыхэгъэщыпхъэщ, гъэ блэкIахэм къриубыдэу, республикэм и Iэщыхъуэ-хэм ящыщу юридическэ лъабжьэ зиIэ IуэхущIапIэхэр къызэзыгъэпэщахэми уней хозяйствэ зыIыгъхэми хъупIэрэ мэкъупIэу бгылъэ щIыпIэхэм щыдиIэ щIы кIапэхэр бэджэнду къызэращтэным нэхъ хущIэкъу зэрыхъуар. Абыхэм 2020 гъэм и мэкъуауэгъуэ-жэпуэгъуэ мазэ- хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэмахуэ хъупIэхэм Iэщышхуэрэ Iэщ цIыкIуу щаIыгъам я бжыгъэр мини 130-м зымащIэкIэ щхьэдэхырт. Къэдгъэлъагъуэмэ, Iэщышхуэхэм я бжыгъэр мин 33,2-м щIигъуу (мини 2,4-р жэм къашщ), мэлхэр — мин 90-м нэблагъэу, шыхэр 6650-м нызэрыхьэсу щытащ. Нэгъабэрейм елъытауэ, Iэщышхуэм я бжыгъэр — 5642-кIэ, мэлхэр — 19298-кIэ, шыхэр — 473-кIэ нэхъыбащ.
- — Гъэшымрэ лымкIэ я Iуэхур дапхуэ-дэу зэрыщытар?
- — 2020 гъэм и мэкъуауэгъуэ-жэпуэгъуэ мазитхум республикэм и гъэмахуэ хъупIэхэм Iэщ щызыIыгъа хозяйствэхэм, псори зэхэту, шэуэ тонн 3120-рэ къыщашащ (2019 гъэм елъытауэ тонни 160-кIэ нэхъыбэщ), Iэщым лыуэ тонн 1611-рэ кърагъэщтащ (нэгъабэрейм елъытауэ тонн 600-кIэ нэхъыбэщ). Республикэм и гъэмахуэ хъупIэхэм, псори зэхэту, мэкъумылэу щызэрагъэпэщащ тонн 19514-рэ. Къущхьэхъум ита Iэщыр зыхуей хуагъэзащ цIыху 1000-м нэблагъэм (нэгъабэрейм елъытауэ лэжьакIуэхэм я бжыгъэм 200-кIэ хэхъуащ). КъыжыIэпхъэщ, республикэм и фермерхэм ящыщ куэдым бгылъэ щIыпIэхэм бэджэнду щаIыгъ щIы кIапэхэр гъэм и сыт хуэдэ зэманми къагъэсэбэпыф зэрыхъуари. Къэдгъэлъагъуэмэ, дызэрыт илъэсым кърамыгъэхыжу къуршылъэ щIыпIэхэм къранащ Iэщышхуэу мин 20-м нэблагъэ, мэлу мин 40-м щIигъу, шыуэ мини 2500-м нызэрыхьэс.
- — Аскэрбий, Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыщыту къэтщтэнщи, и бгылъэ щIыпIэхэм хъупIэрэ мэкъупIэу щыхагъэунэхукIа щIы кIапэхэр дапщэ хъурэ?
- — Республикэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и реестрым хъупIэрэ мэкъупIэу 550-рэ щатхащи, абыхэм псоми гектар 136 987-м щIигъу къызэщIаубыдэ. ЩIы кIапэхэм ящыщу 340-р (гектар 85 703-рэ) Дзэлыкъуэ щIыналъэм итщи, абыхэм ящыщу мы зэманым бэджэнду къащтар и процент 56,7-рщ. Iуащхьэмахуэ районым 144-рэ (гектар 33 328-рэ) щIы Iыхьэу щыхатхыкIащи, абыхэм ящыщу бэджэнду къащтар гектар 8 697-м зымащIэкIэ щIигъурщ (процент 26,1-рэ). Мы районым хъупIэрэ мэкъупIэу къыщыхагъэкIам ящыщу мы зэманым ирихьэлIэу къагъэсэбэпыр щIэмащIэм и щхьэусыгъуэу къалъытэр щIы кIапэхэм я нэхъыбэр къуршылъэ пхыдзахэм, къуейщIейхэм, гъуэгу дахэ-дахэу зэмыкIуалIэхэм, Iэщым ирагъэфын псы щамыгъуэтхэм зэрыщыIэрщ.
- — Хьэмащэ хъупIэм и закъуэ къэтщтэнщи, абы щыхагъэунэхукIа щIы кIапэхэм я бжыгъэр дапщэ хъурэ?
- — Мы лъэхъэнэм ирихьэлIэу а Iэшэлъашэм бэджэнду щатащ гектар 26 618-рэ зыубыд щIы кIапэу 102-р (щыIэм я процент 68-р). ЗэрытщIэщи, Хьэмащэ хъупIэм къызэщIиубыдэ Iэшэлъашэр республикэм и районитIым — Дзэлыкъуэмрэ Iуащхьэмахуэмрэ — ярытщ. А тIум хъупIэрэ мэкъупIэу щыхагъэунэхукIам ящыщу 150-р (гектар 40 811-рэ) — Дзэлыкъуэм, 143-р (гектар 33 327-р) — Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм ярытщ. Дзэлыкъуэ районым, дызэрыщыгъуазэщи, итщ Аурсэнтх хъупIэ телъыджэри. Абдежым щыдиIэ щIы кIапэхэу 180-м (гектар 42 584-рэ) щыщу бэджэнду къащтар и процент 71,6-рщ.
- — Республикэм и гъэмахуэ хъупIэхэм мы лъэхъэнэм бэджэнду щамыта щIы Iыхьэхэр дапщэ хъурэ?
- — 204-рэ. КъыжыIэпхъэщ, хъупIэрэ мэкъупIэу хагъэунэхукIахэм ящыщу иджыри къыздэсым къамыщтахэм языхэзри ди республикэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм зыкъыхуэзыгъазэ дэтхэнэми, щIым теухуа хабзэм къызэрезэгъыу, зыIэригъэхьэфыну хуитыныгъэ зэриIэри. Мыдрейуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэмахуэ хъупIэхэм хыхьэ щIым щыщу зы гектар бэджэнду къэпщтэнумэ, сом 98-м къыщегъэжьауэ 300-м нэблагъэ (здэщыIэм елъытауэ) и уасэщ.
- — ХущхъуэхэмкIэ, ахэр Iэщым зэрефхьэлIэ IэмэпсымэхэмкIэ щIэгъэкъуэн къыфхуэхъур къэралра хьэмэрэ езы Iэщыр зейра, Аскэрбий?
- — Iэщым етхьэлIэну хущхъуэхэм я нэхъыбэр хъупIэр зыIыгъхэм ябгъэдэлъщ. Дэри, зимыIэхэм дадэIэпыкъун папщIэ, дызыхуеину-сытхэмкIэ ирикъуу дызэгъэпэщащ.
- Тхыгъэри сурэтри
- КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.