ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къардэн Мурат и щапхъэ

2020-12-31

  •  Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэхэм ящыщ зыщ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Олимп чемпион (2000 гъэм), Дуней-псо кубокыр щэнейрэ къэзыхьа (1992, 1995, 1997 гъэхэм), Европэм щытекIуа (1998 гъэ), иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министру, республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу щыта, иджы КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат.

  • Къардэн Мурат сыт щыгъуи фIыкIэ игу къегъэкIыж гъащIэм и гъуэгу захуэм тезыгъэувахэр. Апхуэдэхэм ящыщащ ГъуэплъащIэ Замири. Аращ бэнэным япэ лъэбакъуэхэр щезыгъэчар. АбыкIэ фIыщIэ куэд бгъэдэлъщ и япэ тренерхэм ящыщу щыта Къалмыкъ Юри.
  • Мурат и ныбжьыр илъэсипщI ирикъуауэ арат я унагъуэр Налшык щыIэпхъуам. Дауи, спортым зыщыхуебгъэсэну абы Iэмалхэр щынэхъыбэт икIи ахэр нэсу къигъэсэбэпащ ныбжьыщIэм. Псом япэу Мурат зыхригъэтхащ бэнэкIэмкIэ секцэм. АрщхьэкIэ зыхэхуар иджыри къэс дэзыхьэха бэнэкIэ хуитыракъым, атIэ алыдж-урым бэнэкIэращ. Зи нэIэ щIэхуа Лобжанидзе Владимир абы а спорт лIэужьыгъуэр фIы дыдэу иригъэлъэгъуащ икIи и гъащIэ псокIэ зэрихъуэжын щымыIэу ищIащ.
  • Чехословакием щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэ иныр Къардэн Мурат и дежкIэ зэхэгъэкIыпIэ инт. Япэ дыдэ зэIущIэм абы къыщыпэщIэхуащ хэгъэрейхэм ящыщ бэнакIуэр. Пэшым щIэсхэр зэрогъэкIий, мэфий, я спортсменыр трагъэгушхуэу. Мурати Iэнкун хъуауэ и хьэрхуэрэгъум пэщIэтщ. Абы и ныкъуэкъуэгъуми и Iуэхур хэплъэгъуэщ: къыдэщIхэм ялъагъуу текIуэну щIохъуэпс, ауэ къыхагъэщIэнкIи хуабжьу мэшынэ. Ар Мурат зыхищIэщ, чех щIалэр ипхъуатэри, идзащ. Къардэныр зэрытекIуар пэшым зэрыщагъэIуар хьэлэмэтущ: «ТекIуэныгъэ къабзэр къихьащ Къардэн Мурат, Совет Союзым къикIа шэрджэс щIалэм», — жиIащ, микрофоныр къищтэри, судья-хъыбарегъащIэм.
  • А псалъэхэр зэхэзыха зы щIалэ зыIэщIэлъ утыкум къилъэдащ, спорт фащэ щыгъыу. Абы Мурат быдэу IэплIэ къыхуищIри, къыжриIащ: «Сэри сышэрджэсщ. Тыркум и командэ къыхэхам сритренерщ, къызэрызэджэр Табур Билалщ. УкъимыкIуэт, шынэхъыщIэ, дэ уэ дыбдэщIынущ!»
  • Финалым хуэзыша зэIущIэращ Къардэным нэхъ къехьэлъэкIар. Нэмыцэ бэнакIуэр инт, къарут, ерыщт. АрщхьэкIэ ари хигъэщIащ, 6:2-уэ.
  • АдэкIэ Франджым къикIам ефIэкIын хуейт, дыщэр зыIэригъэхьэн папщIэ. ЗэIущIэм и пэ къихуэ дакъикъэхэм Мурат апхуэдизу и гур сабырт, зэпIэзэрытти, текIуэныгъэр къызэрыпэплъэр псэкIэ зыхищIэрт. Пэж дыдэуи, гугъу емыхьыщэу абы и хьэрхуэрэгъур хигъэщIащ икIи дунейпсо чемпион хъуащ. ЗэкIэ щIалэгъуэлэ зэпеуэм. Илъэс тIощI фIэкIа зи ныбжьыр мыхъуа Къардэн Мурат адэкIэ къыпэплъэрт и пщIэр нэхъ лъагэжу зыIэтыну балигъхэм я зэхьэзэхуэ гуащIэхэр.
  • КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Дунейпсо кубокыр япэу зыIэригъэхьащ. ИужькIэ тIэунейрэ (1995, 1997 гъэхэм) а ехъулIэныгъэм къытригъэгъэзэжащ. 1998 гъэм Европэм и чемпион хъуащ. А псори Олимп лъагапIэм хуэзышэ лъагъуэ дахэт.
  • Къардэн Мурат 2000 гъэм Сидней зэрыкIуэнур щызэхэкIар Олимп Джэгухэм щIадзэным махуитху иIэжущ. А лъэхъэнэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ килограмм 76-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж щынэхъыфIу къалъытэ Мишиныр хигъэщIа иужькIэщ, Австралием кIуэ гъуэгур абы къыщыхузэIуахар.
  • ИгъащIэ лъандэрэ Олимпиадэм хэтыну зи хъуэпсапIэ адыгэ щIалэм къыхукъуэкIа Iэмалыр нэсу къигъэсэбэ-пащ. Сидней и алэрыбгъухэм къыщыпэщIэува и хьэрхуэрэгъу псоми ар ефIэкIащ. Псом хуэмыдэу удэзыхьэхт кIэух зэIущIэр. Абы къыщыпэщIэтащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIа бэнакIуэ лъэщ дыдэ Линдлэнд Мэтт. Ар 3:0-у хигъащIэри, ди лъахэгъур Олимп чемпион хъуащ.
  • Спортым хэкIыжа иужькIэ Къардэным къулыкъушхуэ зыбжанэ къыхуагъэфэщащ икIи дэтхэнэри фIы дыдэу, и акъылрэ цIыхугъэрэ пэлъэщу зэрехьэ. Ар илъэс зыбжанэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президентым, иужькIэ — Iэтащхьэм, я чэнджэщэгъуу щытащ. ИтIанэ КъБР-м и Парламентым Физкультурэмрэ спортымкIэ и комитетым и Iэтащхьэу, спортымкIэ министру, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу лэжьащ. Иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэщ. Мурат педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, спортым щIыхь зиIэ и мастерщ, ЩIыхь орденыр зэрехьэ. Ар лъэпкъри Хэкури зэрыгушхуэ, зэрыпагэ адыгэлI нэсщ.