ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Куэд  зыщыгуфIыкI  илъэсыщIэ  тыгъэ

2020-12-31

  • Ди щIыналъэм шэщIауэ щолажьэ УФ-м и Президентым къыхилъхьауэ щыта лъэпкъ проектхэр. Дгъуэт зыужьыныгъэм и джэлэсу къалъытэ а IуэхугъуэщIэхэм къапыкI фIыгъуэ куэд дыщрохьэлIэ нобэрей гъащIэм. Апхуэдэхэм ящыщщ Бахъсэн щIыналъэм илъэсыщIэм и пэ къихуэу хьэзыр щыхъуа сабий гъэсапIэщIэхэр.

  • ЩIыпIэм щыпсэухэр щогуфIыкI псори зэхэту сабий 200-м нэс зыхуей щыхуэзэу щаIыгъыну а гъэсапIэхэм. Абыхэм языныкъуэхэр куэд лъандэрэ лажьэ IуэхущIапIэхэм къыгуащIыхьащ, адрейхэр щIэуэ яухуащ. Апхуэдэу, Зеикъуэ дащIыхьащ илъэсищ иримыкъу ныбжьым ит сабий 60 зыщIэхуэну гъэсапIэщIэ. УхуакIуэхэм зэфIагъэкIащ унэ кIуэцI лэжьыгъэхэр, гъэсапIэм и щIыбри зэрахьащ. Зыхуей хуагъазэ IуэхущIапIэм и пщIантIэр, абы къедза щIыпIэр. Зи гугъу тщIы сабий нэхъ цIыкIу дыдэхэм хуэщIа IыгъыпIэ щаухуащ ХьэтIохъущыкъуей, Куба къуажэхэм. Ислъэмей жылэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ апхуэдэ етIуанэ IэнатIэщIэ. А гъэсапIэхэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщащ унэлъащIэхэмкIи, техникэщIэкIи, абыхэм хэтщ шхапIэ, пщэфIапIэ хъарзынэхэр, гуфIэгъуэ зэхуэсхэр щрагъэкIуэкI хъуну пэшышхуэхэр, сабийхэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ медицинэ пэшхэри.
  • А лэжьыгъэфI псоми я лъабжьэр «Демографие» лъэпкъ проектыращ. Абы и федеральнэ Iыхьэу бзылъхугъэхэр лэжьапIэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ зи ныбжьыр илъэсищ иримыкIу цIыкIухэм гъэсапIэхэм екIуэлIэн Iэмал егъэгъуэтынымрэ хуэгъэпсам къыщыгъэлъэгъуащ ахэр. Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къэзан Заур зэрыжиIэмкIэ, сабий нэхъ цIыкIухэр щаIыгъын, абыхэм щакIэлъыплъын IуэхущIапIэщIэхэр къызэIуха зэрыхъум и фIыгъэкIэ, бын зыгъуэта бзылъхугъэхэр нэхъ пасэу пэроувэжыф я IэнатIэхэм икIи я IэщIагъэ и лъэныкъуэкIэ ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм куэд хэмыщIу лэжьыгъэр яублэжыф, унагъуэри зыхуей нэхъ хуэзэу мэпсэуф.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, дызытепсэлъыхь «Демографие» лъэпкъ проектыр 2019 — 2024 гъэхэм ди къэралым щылэжьэну траухуащ. Абы хыхьэ федеральнэ Iыхьэхэм ящыщщ «Бын зыгъуэт унагъуэхэм мылъкукIэ ядэIэпыкъун», «Бзылъхугъэр лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщын», «Ди нэхъыжьхэр», «Жылагъуэм узыншагъэр щыгъэбыдэн», «Спортыр псэукIэм и хабзэу гъэувын», нэгъуэщIхэри. А унэтIыныгъэхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр къызыхуэтыншэу зэфIэгъэкIа хъуным толажьэ ди республикэм и унафэщIхэр. Абы и щыхьэт наIуэхэм ящыщщ сабий нэхъ цIыкIухэм папщIэ ди щIыналъэм къыщызэIуах гъэсапIэщIэхэр.
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.