ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Аргуэру  зы  махуэгъэпс

2020-12-31

  • Дызытехьэну 2021 гъэм и адыгэ махуэгъэпс зэIузэпэщ къыдигъэкIащ адэжь Хэкум къэзыгъэзэжыну зи мурад ди лъэпкъэгъухэм я дэIэпыкъуэгъуу Канадэм щылажьэ Адыгэ Хасэми. Ар нэгъуэщI къэралхэми къыщыдагъэкIауэ щызэбграгъэкI Европэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, ди лъэпкъэгъухэр зэуIуу щыпсэу адрей щIыналъэхэм.

  • АДЫГЭ махуэгъэпсыр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуагъэзащ икIи ар саугъэт папщIэуи хьэщIэщыр зэрагъэдахэ хьэпшыпуи къэщхьэпэнущ. Абы елэжьащ ди республикэм и дизайнер цIэрыIуэ Щоджэн Жаннэ. Мазэ пщыкIутIым тещIыхьауэ зэбгъэдзэкI хъу махуэгъэпсым къыщыгъэлъэгъуащ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм къыддекIуэкI пасэрей Iэмэпсымэхэр, тхыпхъэхэр, дуней псом къыщащта ди лъэпкъ бзылъхугъэ фащэхэр, зэрызагъэдахэ хьэпшып телъыджэхэмрэ цIугъэнэхэмрэ, нэгъуэщIхэри. Махуэгъэпсыр Iэпэгъу зыхуэхъуну дэтхэнэми а сурэтхэм къищ хьэпшыпхэм ягу къигъэкIыжми ярейщ: «Узэрыадыгэр, махуэ къэс адыгэ дунейр бгъэдэхэну, ебгъэфIэкIуэну, нэхъри бгъэбеину къызэрыплъысыр зыщумыгъэгъупщэ!».
  • Махуэгъэпсыр къыщIыдагъэкIа щхьэусыгъуэхэм ящыщщ адыгэ IэпэIэсэхэмрэ абыхэм я IэрыкI телъыджэхэмрэ къадэкIуэу ди лъэпкъ щэнхабзэм и зыужьыныгъэр здынэса лъагапIэр дуней псом хэIущIыIу щащIыныр, къыпэкIуэну ахъшэмкIэ адэжь Хэкум къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэмрэ къэкIуэжыну зи жэрдэмхэмрэ ядэIэпыкъуныр. КъищынэмыщIауэ, дуней псом адыгэ щыпсэу и дэнэ щIыпIи махуэгъэпсыр щаIэрыгъэхьэным ехьэлIа Iуэху дахэм псапащIэхэри къыпэкIуэнущ. Апхуэдэхэщ щIэныгъэм къыхэжаныкI студентхэм, анэдэлъхубзэм теухуа зэпеуэхэм щытекIуа ныбжьыщIэхэр гъэгуфIэныр, Сирием къинауэ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ е абы къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъухэм хьэрычэт Iуэху цIыкIухэр къызэIуахынымкIэ ядэIэпыкъуныр, нэгъуэщIхэри.
  • Махуэгъэпсыр зыIэрызыгъэхьэну зи мурадхэр фепIэщIэкI, сыту жыпIэмэ, ди республикэм щызэбграгъэкIыну къашам и бжыгъэр куэд хъуркъым! Ар къыщывгъуэтынущ адыгэ шхыныгъуэхэр щагъэхьэзыр «Лейлэ» шхапIэмрэ (Нэгумэ Шорэ и цIэр зезыхьэ уэрам №76-м) «Пэрыт» Хасэм я хэщIапIэмрэ (Нэгумэ Шорэ и цIэр зезыхьэ уэрам №45-м).
  • ТЕКIУЖЬ  Заретэ.