УхуакIуэ Дол Анатолэ и Iэужь нэхутхьэхур
2020-12-24
- Аргуэру къыщIокI бжьыхьэ дыгъэр. ЩэкIуэгъуэ пасэм хуабэ къэуаткIэ пэмыплъэж къалэ цIыкIур иджыри нэбэнэушэщ. Иджыри даущыншэщ уэрамхэр, къызэщыупакIэкъым уней пщIантIэхэри.
- Вырэ шырэ зэрыкIуадэ бжьыхьэ жэщ уэмыр зым и лъапсэ гущэпс быдэкIэ хуэупсэрэ пэт, адрейм и жьэгум мычэнджащэу хьэдэгъэпскI иреупсей. ДыкъэзыгъэщIым и губгъэн фэндыжьыр къыттепщахэу арагъэнщ, армыхъумэ, хэдэхэплъэншэу изыкъутыхьыж емынэ узым щхьэи димычыхрэт? Зилъахъэркъым, бетэмал! Зеудыгъу. МэщакIуэ…
- Дыгъуасэ хуэдэт мо пщIантIэм гуфIэжрэ къигурыгукIыу а лIы Iэчлъэчышхуэр къыщыдэкIтэр. Нобэщи… махуищкIэ зэIугъэзэщIыкIащ ар зэи зыдэмыхьэжыну куэбжэр. Зыхуэсакъыжурэ жылагъуэр унэимыкI хъуарэ пэт, Дол Анатолэ и пщIантIэм щыIувщ дыуэ зыщIхэр. Iыхьлы-Iэулэдыркъым… Куэдыщэ мэхъу Анатолэ и IэщIагъэ гуащIэдэкIым иужь лъэбакъуэ кIэлъызычыжхэр. ПщIантIэпс хьэлэлрэ жэуаплыныгъэкIэ гъэнщIауэ илъэс 65-рэ мы дунейм щыIа лIыщ гъуэгуанэ техьэр. Зыми ищIэркъым а гъуэгум и бгъуагъ — кIыхьагъыр, ауэ мыбы къри-
- хьэлIахэм я дэтхэнэми и щхьэкIэ зэгуэр игъэунэхуащ а ежьэжым и сэбэпыфI куэд. Щыхьэт лей хуэныкъуэкъым абы: Дол-ухуакIуэм ищIа унэхэр щхьэ-
- гъубжэ нэхукIэрэ щызэпоблэ Налшыки нэгъуэщI къалэхэми я уэрамдыхьэхэм.
- Университетыр къыщиу-ха гъатхэм щегъэжьауэ Анатолэ пэрытащ ухуэныгъэхэм пыщIа IэнатIэм. 1990 гъэхэм зэхакъутэжа къэралышхуэм и нэхъ фIыгъуэ дыдэу щыта лъэхъэнэм (70 илъэсхэм) Анатолэ лэжьэн щыщIидзащ «Гражданпроект» жыхуаIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIа институт цIэрыIуэм. ЩIэныгъэншагъэр къигъэлъеижу «уей-уей» жезыгъыIа IуэхущIапIэт ар. Абы къыщIэкIа проектхэр гуфIэжу зыIэрагъэхьэрт совет къэралышхуэм и къалэ куэдым. «Гражданпроектым» щылажьэ щIэны-гъэлIхэм зэхалъхьа есэп пщалъэхэмрэ ухуэныгъэ мэсхьэбхэмрэ яIэ пщIэм КъБР-р мыцIыкIуфэкIуу ириуэркъырт. АдыгэлI щIалэм, лэжьыгъэм зэрыхуэIэижьыр къалъытэри, дзыхь къыхуащIат къудамэ щхьэхуэ. «Конструктор бюро» жыхуаIэм и унафэщIыр лэжьыгъэкIэ гумызагъэт, лэжьэгъукIэ гу пцIанэт. «Гражданпроектым» и унафэщIу щыта Хъанэ Хьэсэнбий игу къегъэкIыж: «ИлъэсипщIым щIигъу ди зэхуакут Толэрэ сэрэ. Си къалэнхэм сащыпэрыхьам, ар проект зыгъэхьэзыр гуп щхьэхуэм я унафэщIт. Иджыпстуи слъагъу хуэдэщ уигу мамыр кърилъхьэу а щIалэ нэфIэгуфIэр. ЦIыху зэтетт. ЩIэныгъэ бгъэдэлът. Игъэлажьэ гупым псэрэ акъылкIэ япыщIат. Хуэхейт щхьэх е зыщIегъэх жыхуаIэм. Гупым пщIэ къыхуащIт. Илъэс зыбжанэкIэ дызэдэлэжьауэ сэ нэгъуэщI IэнатIэ сыкIуащ. Дол Анатолэ и пщэ къралъхьащ институтым и унафэщI къалэнхэр».
- А цIыху зэтетым и нэIэ щIэту «Гражданпроектыр» щIэлэжьэн хуей хъуам щхьэусыгъуэхэр иIэт. Япэрауэ, къызэрыгуэкIтэкъым езы институтым щыIэ щIэныгъэлIхэр… Еджа-епщам и гугъу умыщIыххи, а лэжьакIуэхэр щхьэж къызыхэкIа лъэпкъкIэ «къуэлэныфI бжьабэ» зыхужаIэм хуэдэт; къищынэмыщIауэ, гупым и нэхъ пэрытхэр… журтт. ЩIэныгъэпсэу, кIэрэпIинэу, Iущыцэ-Iущыжьу апхуэдэхэт бжьыпэр зыIыгъхэр. ЕтIуанэу: унафэщIыр езы лэжьакIуэхэм IэIэткIэ хахыну къэрал хабзэхэм иджы къизэгъат…
- НтIэ, зэраIуэтэжымкIэ, апхуэдиз лъэпкъ хьэрис- кхъуэрисыр зи гуэн лъапэ щIэлъ «Гражданпроектым» и унафэщIу Дол Анато- лэ къыщагъэлъэгъуам, зы адыги, зы журти, зы урыси, зы балъкъэри «Iым» къыхагъэкIатэкъым! Зи зэфIэкIыр ямыщыпэлъагъуу, здыхунэмысам чэнджэщкIэрэ гу лърагъатэу къадекIуэкIа я ныбжьэгъур зэдэарэзыуэ хахыжат.
- Долыр фIыуэ зыцIыхуа, абы илъэс куэдкIэ дэлэжьа Хъуэжэ Любовь къыджеIэж: «Зэпэубыдауэ щIэупщIэшхуэ яIэт ди институтым щагъэхьэзыр проектхэм. Анатолэ ящыщт «абы ищIам и дзэ удэмыплъэж» жыхуаIэ лэжьакIуэхэм. Ар езыри цIыху зэгът, я нэхъ мызэгъми пщIэ-нэмыскIэ декIуэкIыфырт, ныбжь зиIэхэм чэнджэщ тэрэз къыпихыфырт. Езыми гупыр къыхуэарэзыуэ я Iуэху зэрихьэрт. Зы щапхъэ къэсхьынщ. «138 серие» фIэщыгъэр зиIэу, къатибгъу е къатипщIу зэтет унэхэр щаухуар а лъэхъэнэрщ. Долым и гуащIэшхуэ хэлъщ а ухуэныгъэхэм. Апхуэдэ унэщ сэ иджыпсту сыздэщыпсэур. Ахэр дэтщ Налшык и хьэблэ зыбжанэм. ЗэIузэпэщт, Iэбыдэ-лъэбыдэт. Зыжьэу зэдыхэтха ди генеральнэ директорым гупыр нэхъри дэгушхуэрт. Анатолэ цIыху нэхутхьэхут, гу хьэлэл иIэт. Щхьэж и щхьэкIэ дгъэунэхуащ ар. ЛъэIукIэ абы бгъэдыхьар зэи къигъэщIэхъуакъым».
- ЗэпэщIэдзи зэхъуцаци къапемыкIуэкIыжу гуп зыгъэгупыфыр лIыщ. Долым апхуэдиз дзыхь къыхуэзыщIа лэжьакIуэхэр хэукъуатэкъым. Зэманым къигъэлъэгъуащ: гупым я дэщIакIуэу Анатолэ зэкъым шэсыпIэ зэриувар. Ар зи нэгу щIэкIахэр ноби псэущ. Къэрал лъэлъэжам и къутахуэ нэхъ нэфIэIуфIэхэм хьилагъэ IэмалкIэрэ щIыхуэ трагъахуэурэ зэхуащIыжу къаублат. 2000 гъэхэм и япэ илъэситхум къриубыдэу «Гражданпроект» институтми иращIэкIащ а Iэмалищэм я нэхъ бзаджэр. Нэ мыгъуэжьыр зращахэм ящыщт институт ехьэжьар. УнафэщIым дууэ къыкъуэува лэжьакIуэхэр къару-псэрууэ яIэмкIэ пэщIэтт езыхэм къещакIуэхэм. Мыхьыр зыхьыр, дауи, унафэщIырт. КъикIуэтыртэкъым езы Долри: зи гуащIэр хьэлэлым игурэ и щхьэрэ зэтелъщ сыт щыгъуи… КъызыгурыIуэхэр къэуIэбжьауэ а зэпэщIэтыныгъэм кIэлъыплъырт: «Апхуэдэ IуэхущIапIэ зэхуэпщI хъунукъым!» — трагъэчыныхьырт абыхэм.
- 2005 гъэм къызэкIэлъыкIуащ «Гражданпроект» институтыр зэрыщымыIэж унафэмрэ Дол Анатолэ зэпэщIэтыныгъэ хьэлъэм хиха гупщIэузымрэ. Инфаркт зэуа генеральнэ директорым и пщIыхьэпIэ къыхэхуэу пIэрэт и лэжьакIуэ гупыр къыздыщIа- гъэтIысыкIа IуэхущIапIэм иджы иIэ фIэщыгъэр?! Къыхэхуэртэкъым-тIэ… УхуакIуэт ар. НэгъуэщI хьэгъэщагъэхэм зэи хущIамыгъэджыкIауэ, и Iэужьым цIыху цIыкIур къыхузэпещэу ухуакIуэт. Институтым и лэжьакIуэу зэгуэр щытахэр иджы къалэдэс къызэрыгуэкIыу уэрамым ирикIуэмэ, ялъагъу, дауи, я бжэщхьэIум щыплъырхэр.
- ЛэжьакIуэжь жьэгудэнэкъым. Анатолэ спортым дихьэхырти, Iуэхунши хъуртэкъым. ЖыпIэнурамэ, ищIэн игъуэтт. ИтIани ухуэныгъэм пэгъунэгъу IэнатIэ гуэр, сыт щыгъуи жылагъуэр зыхуеин и псэм къилъыхъуэрт. ЩIыуэпсыр узэщIа зэрыхъуну Iэмалхэм языхэзу Долым къилъытагъэнщ псыкIэ щIыр къызэгъэпэщыным тещIыхьа IуэхущIапIэр. «Каббалкводмелиорацием» и унафэщIым и къуэдзэу илъэс 13- кIэ лэжьащ Дол Анатолэ. Зи гугъу тщIы IэнатIэми абы къыщинащ щэн-Iэдэб дахэмрэ цIыхугъэ лъагэмрэ я фэеплъ.
- Иужьрей илъэсхэм ар щыIащ ЩIыуэпсым и министерствэм и ухуэныгъэ инхэр гъэлэжьэнымкIэ къэрал-кIэзонэ IуэхущIапIэм и тхьэмадэм и къуэдзэу. Абы и унафэщI, Анатолэ дэлэжьа Ахъуэхъу Хьэсэнбий жеIэ: «Долым и нэщхъ зэи зэхэуэртэкъым. ЗэIухат игу. Нэхъыщхьэрати, дэтхэнэ зыми и сэбэп екIырт. Нэхъыжьри нэхъыщIэри гуапагъкIэ зыIэпишэрт. ЧэнджэщэгъуфIт езыр. СыткIи деупщIырт, дызыщIэупщIамкIэ зэи дыщигъауэртэкъым. Хуабжьу дызыхуэныкъуэн цIыху тхэкIащ гупым. Дол Анатолэ и щIэныгъэр, жэуаплыныгъэр, и пыгуфIыкI угъурлыр зэщIыгъуу зы цIыхум щыдэбгъуэтыр зэзэмызэщ. А зэзэмызэр зритар лэжьыгъэ къыддрихьэлIэу зэрытщIымыгъужыр гуауэщ дэркIэ».
- ЦIыхуфI… Лъабжьэ- шхуэщ а псалъэ кIэщIыр. Псэр жыжьэ къикI щхьэкIэ абы ихь фIыр къыздыщежьэр адэ-анэм я бжэ- щхьэIурщ. Абдеж къытумыхар зыщIыпIи къыщыпхуэхьэхунукъым. Дол Аби- залрэ Тамарэрэ я жьэгу мамырым къыщыхъуа щIалэм зэгурыIуэ-зэдэIуэжыр и гущащхьэт. ЗэшыпхъуитIым — Розэрэ Раерэ я дэлъху нэхъыщIэт ар.
- Налшык и уэрамдыхьэхэм ящыщу Гастеллэ и фIэщыгъэр зезыхьэм щыпсэухэм иджыри ящIэж Толэ и цIыкIущхьэр. Долхэ я къуэр адрейхэм нэхърэ нэхъ зыIэщIэлът, бланэ цIыкIут, гумащIэт.
- Вы хъунур шкIэ щIыкIэ нэрылъагъущ, жи. А щIалэ цIыкIур лIы балигъи хъуат, и зэфIэкIми лъагэу зиIэтат.
- Анатолэ щхьэгъусэ хуэхъуа Балъкъэр Маринэ цIыху тыншт. Ар зэрыхьа унагъуэм дыщырыкI хабзэ щыпхигъэкIыну хэтакъым. Нэхъыщхьэ дыдэр илът унэм: пщIэ, нэмыс, зэгурыIуэ. Маринэ игу къегъэкIыж: «Адэмрэ анэмрэ лIым якIэлъызэрихьэ пщIэр гу лъумытэххэурэ езым хубогъэтIылъыж. Ар адэ-анэм я псэм дэщIа къуэт. Езым ейхэм я мызакъуэу, сэ сыкъэзылъхуамкIи… КъэсщIэжыркъым зыгуэрым убэу щытепсэлъыхьа. БынкIэ фIыт, ауэ яхуэткIийтэкъым щIалэ цIыкIу-
- хэм. ИунэтIынут, гу лъаригъэтэнут. Иукъуэдийуэ япиубыдынутэкъым езым фIэкъабылыр. Адэшхуэ-анэшхуэм я пщIэр сыт щыгъуи яриIуэкIырт. Езым яригъэлъагъу щапхъэкIэ игъасэрт».
- Дол Маринэ дохутыр-невропатологщ. ЩIалитI яIэщ Дол зэщхьэгъусэхэм — Азэмэтрэ Астемыррэ. Анатолэ и къуэхэм я IэщIагъэхэр щхьэж зэрыфIэфIу къыхахыжащ. Зыр юристщ, адрейр — компьютер программэхэмкIэ щIэныгъэлIщ.
- Дол Анатолэ и адэ-анэм яухуа лъапсэм зи сабиигъуэ къинар езым и къуитIым я закъуэкъым. Анэшым зэи къимыкIыххэу щыта пхъурылъхухэр — Лацэ, Залинэ, Заремэ сымэ — иджы бын балигъ зиIэ унэгуащэхэщ. Абыхэм ягу пыкIыркъым аддэ зы зэман я анэ дэлъхум ахэр игъафIэу щыджэгуа пщIантIэр. Къэзан Заремэ иджыпстуи зохъуэпсэкIыж: «Дэ къытфIэщIырт а псысэр зэи имыухыну… ДыкъуейщIеймэ — къыщытщыгуфIыкIыу, дызэрызехьэурэ хъурджауэмэ, зыри къыдэмышхы-дэу щыщыта анэшыр. Толэ зэи къызэрыдэмышхыдэм и закъуэтэкъым… Ар къыхыхьэрт дыдэзыхьэх джэгукIэхэм. ТфIэфIыр езыми къыддищтэрт. Балигъ дыщыхъуами, Толэ дигу щIэныкъуэ гуэрхэмкIэ чэнджэщакIуэ Iущт. ХуэтщIэну дызыхунэмыса гулъытэхэм иджы дронэщхъеиж. Нобэрэ пщэдейуэ илъэтащ гъэхэр. Иджыпстуи къысфIощI, си анэшым сыдэлъадэмэ, мультик здеплъым, гухэхъуэу дыхьэшх Толэ къэслъагъуну. Сабий фIыуэ илъагъут абы. И нэ къыхуикIт къуэрылъху цIыкIухэр иIэну. Зэи хуэбгъэфэщэнтэкъым ди анэ дэлъхум илъэс 60-р иуныкъуауэ! Нур хьэлэмэт иIэт а цIыху нэфIэгуфIэм… Сыт щыгъуи дгъэщIагъуэрт Толэ къелъэIуар зэримыгъэщIэхъур. УщIыбгъэдыхьар тIэужыIэ ищIыртэкъым. ПсынщIэу, IэфI щIэлъу къыпхуищIэрт, къыпхуищIари нэхъ псынщIэжу зыщигъэгъупщэрт. ИтIанэ… Толэ зыми къыIихыжыфыртэкъым щIыхуэ, абы къыхэкIыуи пщIэншэ уадэм и насып хэлът. Дапхуэдиз проект псапэрылажьэу яхуищIа абы цIыхухэм!».
- Заремэ хужымыIар хамэхэм нэхъыфIу къаIуатэ: «А лIым гъащIэу къигъэщIам къриубыдэу ахъшэ щIыхуэ папщIэ цIыху игъэпIейтеиныр щыгъэтауэ, ириIуэкIыххэу щытакъым. Тепсэлъыхьтэкъым, игъэхъыбару зэи зэхэпхынтэкъым».
- ФIэгуэныхьт цIыху игъэукIытэн… Е фIэемыкIут? Хьэмэрэ езым и щхьэ хуимы-
- гъэфащэрэт апхуэдэ укIытэм и гуэныхь къищтэн? Сыт апхуэдэм зэреджэр? Щысхьырабгъу… Гудзакъэ. Гууз-лыуз е гущIэгъу?
- НетIэ зэ къэпIэжьэжьа гупсысэр къыткIэлъымысыжауэ пIэрэ иджыпсту? Гъуэгуанэрщ жыхуэсIэр. Хэт ищIэрэ зы цIыху закъуэм тIэунейрэ къызыкъуихыфа а зы жэуапыр дызыщымыгъуазэ бгъуагъкIыхьагъым и пщалъэмэ-щэ?! И насыпщ псэу щIыкIэ а щIагъыбзэр зыIурыцырхъам. IэнэщIыпсу мы дунейм къытехьа лIым зыхищIагъэнт IэщI джафабзэу гъуэгу зэрытехьэжынури.
- ЗдэщыIа тафэм жьы къащIэмыпщэрэ псы къащIэмыуэу унэ дахэшхуэхэр къахущинэри и Iэужь нэхутхьэхум хыхьэжащ цIыхуфI гуэр. Иребжьыхьэ е ирегъатхэ, иджыри Iэджэрэ къыщIэкIынущ ар дыгъэу. НэгъуэщI щIалэ цIыкIуи зэгуэр щыджэгунущ иджыпсту кхъаблэм кIэлъыплъ куэбжэпэм. Куэбжэуи куэбжэкъым ар… Зи Iэужь нэхутхьэхум и къэрэгъул бжыхьщ.
- КЪАРМЭ Iэсият.