Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыгушхуэхэм я пшыхьхэр
2020-12-24
- ТхакIуэ, РСФСР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Кузьмин Валентин къызэралъхурэ илъэс 95-рэ зэрырикъум теухуа пшыхь дыгъэгъазэм и 25-м екIуэкIынущ. Абы щIидзэнущ сыхьэт 19-м.
- «Си Хэку — си уэрэд!» литературэ художественнэ фестивалым хыхьэу КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщ Iуэхугъуэхэм ящыщ зыщ ар.
- КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Гуртуев Берт къызэралъхурэ илъэси 110-рэ зэзырикъумтеухуа зэIущIэ дыгъэгъазэм и 26-м екIуэкIынущ. Абы щыщIидзэнур сыхьэт 15-ращ.
- КъыкIэлъыкIуэ махуэм УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъур ягъэлъэпIэнущ и фэеплъ пшыхькIэ. Ар зэхаублэнущ сыхьэт 17-м.
- Iуэхуищри щекIуэкIынур ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрырщ. Кузьмин Валентин, Гуртуев Берт, IутIыж Борис сымэ я гъащIэмрэ я гуащIэмрэ ятеухуа гъэлъэгъуэныгъэхэр, опен-эйр жыпхъэм иту, театрым и пщIантIэм щрагъэкIуэкIынущ.
- ЗэIущIэхэр псори иджыпсту къекIуэкI уз зэрыцIалэм ехьэлIауэ Роспотребнадзорым къигъэув мардэхэм тету ирагъэкIуэкIынущ.
- ИСТЭПАН Залинэ.