Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм зыщIэгъэкъуэныр псом япэ ирагъэщ
2020-12-15
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъэгъазэм и 12-м щыIащ Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым. А IуэхущIапIэм и къудамэ зыбжанэ илъэс куэд хъуауэ зэрызэрамыгъэпэщыжам теухуа тхьэусыхафэхэр иужьрей зэманым мызэ-мытIэу къабгъэдэкIащ сабий сымаджэхэм я адэ-анэхэм.
- КIуэкIуэ Казбек сымаджэщым и унэм зыщиплъыхьащ, федеральнэ бюджетым и хьэкъкIэ абы къыхуащэхуа оборудованэхэр зригъэлъэгъуащ, «Узыншагъэ» лъэпкъ проектым хыхьэу зыIэрагъэхьа МРТ аппаратыщIэри яхэту. Сымаджэщым и унафэщIхэм щепсэлъылIэм абы зыщигъэгъуэзащ IуэхущIапIэм зегъэужьынымкIэ Iэмалхэм, ар зыхэт гугъуехьхэм.
- Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым къепхащ КъБР-м сабийхэм я узыншагъэм кIэлъыплъынымкIэ и IэнатIэр икIи абы медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт унэтIыныгъэ 15-кIэ. Апхуэдэу щытми, зэрамыгъэпэщыжауэ къонэ неврологиемкIэ, тэмакъ, пэ, тхьэкIумэ узыфэхэм щеIэзэ къудамэхэр, эндокринологие къудамэм и махуэ стационарыр щылажьэ унэхэр. Сымаджэщым лышх узыфэр зыпкърытхэм технологие лъагэхэр зи лъабжьэ дэIэпыкъуныгъэ сабийхэм щрату хуежьащ, ауэ апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ унэтIыныгъэ псомкIи ящIэн папщIэ унэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжын хуейщ, хьэуар зыгъэкъабзэ IэмэпсымэщIэхэр щIэгъэувауэ адэкIи медицинэ Iэмэпсымэ лъэщхэмкIэ къызэгъэпэщыпхъэщ.
- Республикэм и Iэтащхьэм жиIащ а Iуэхур зэфIэгъэкIынымкIэ УФ-м и Президентыр щIэгъэкъуэн къазэрыхуэхъуар: унафэ къащтащ унэр зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыным теухуауэ, псори зэхэту сом мелуани 104,2-рэ зытекIуэдэну лэжьыгъэхэм я проект-сметэ тхылъхэри хьэзыр ящIащ. Сымаджэщыр зэрагъэпэщыжым и мызакъуэу, абы сымаджэхэр зэкIуалIэ къудами къыпащIыхьыну я мурадщ, диагностикэ къудамэмрэ сымаджэщ нэхъыщхьэмрэ узэрыкIуэ хъуну зэпрыкIыпIэхэр иIэу.
- КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ узыншагъэр хъумэн IэнатIэм зыщIэгъэкъуэныр, абы зегъэужьыныр япэ ирагъэщ Iуэхухэм зэращыщыр икIи Iэмалу яIэр абы къызэрыхуагъэсэбэпыр. Иджыпсту нэхъыщхьэу гулъытэ зыхуащIыр цIыхухэм япэу зызыхуагъазэ IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэнырщ. А лэжьыгъэм хохьэ ухуэныгъэщIэ 13 егъэкIуэкIыныр, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и IуэхущIапIэ 35-рэ сыткIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыныр, медицинэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр, нэгъуэщI куэди. «ЦIыхухэм япэу зызыхуагъазэ IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэным хуэгъэпса программэр илъэситхум тещIыхьащ, апхуэдэу щытми, дэ къалэну зыхудогъэувыж абы щыубзыхуа Iуэху нэхъыщхьэхэр илъэсищым къриубыдэу зэфIэдгъэкIыну», — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.