Зи псэр гъатхэ имыкIыжкIэ ушэ
2020-12-15
- «Iуэхум зэрыпхуэIэт хуэдиз и инагъщ» жиIащ адыгэм. Сыт хуэдэ гуащIэдэкIми узэрыбгъэдыхьэщ, гу къабзэ-псэ къабзэу узэрыбгъэдэтщ ар зэщIаи Iэтаи зэрыхъур. ЩIэныгъэм и гъуэгухэр пхышыгъуафIэу жыпIэфынукъым — къэхутэныгъэ Iуэхум хэщIыкI хууиIэу, шыIагъэ пхэлъу и лъащIэкIэ къыщIэбгъэлъэну иужь уиту щытмэщ купщIэр къыщызэрыкIынур, зэщIэмыкIуэж мыхьэнэр нахуэу къыщылъагъуэнур. Анэдэлъхубзэм и егъэджыным пылъ щIэныгъэр апхуэдэщ — и кIуэрабгъухэр къэгъуэтыным къыщынэркъым, хуэсакъыпэу къыгуах щIыгулъым ещхьщи, зэпхьэлIэнум и ныбжьыр къэлъытэн, къэунэхуа IэмалыщIэхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ хэпщэн хуейщ, ар цIыкIухэм я гум нэсрэ къыдалъхуа бзэм лъагъуныгъэ хуиIэу къэгъэтэджын папщIэ. И гъащIэ псор жэуаплыныгъэ зыпылъ апхуэдэ IэнатIэ пэрыту ирехьэкI нобэ къыщалъхуа махуэр зыгъэмахуэщI, зи цIэр адыгэ дунейм фIыуэ къыщащIэ лъэпкъ бзылъхугъэ нэс Балэ Людмилэ Фонэ и пхъур.
- Людэ илэжь Iуэхухэм я хъыбарыфI зэхэзымыха куэд щыIэу къыщIэкIынукъым, кIуэаракъэ, лэжьыгъэр фIыуэ плъагъумэ, щыблэжь дахэмрэ щхьэпэмрэ уи цIэри теIукIынущ, щызэбгъэхъулIэми и хъыбарыр куэдым зэлъащIысынущ. ЩIэныгъэ Iуэхури гъэсэныгъэ лэжьыгъэри тыншу зэхъулIэ Балэм зы махуи къыхухэкIауэ къы- щIэкIынкъым зыр адрейм пэщIихыу лэжьыгъэ къыщиIэта, а тIур щызэкъуича. Илъэс IэджэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЦIыхухэр егъэджэным, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм анэдэлъхубзэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр щызэфIэзыха Балэм хэт нэхъри нэхъы-фIу ещIэ щIэныгъэм и къигъэхъуапIэр гъэсэныгъэм и псынэщIэжу зэрыщытыр. А IэнатIэр къызэринэкIыу Кэнжэ (Къуэшыркъуей) къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщIым и къуэдзэу лэжьэн щыщIидзэми щIэх дыдэ Iуэхум хэсыхьат. Езы Балэм жиIэ зэпытщ: «ИIэкъым щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэмрэ зэгуэхыпIэ, уеблэмэ гъунапкъэ яIэу фIэщ щIыгъуейщ».
- Людэ сыт хуэдэ Iуэху и пщэ дэплъхьэми къызыхуэтыншэу зэфIэзых, сыт хуэдэ цIыху гуп хэмыхьэми, къыдихьэхрэ етIуанэу тлъэгъуащэрэт, и псалъэ зэхэтхащэрэт къыхужаIэу цIыху телъыджэщ. Нэгъэсауэ гъэсакIуэщ, къызэщIэмыкIуэжыну егъэджакIуэщ. ХужыпIэ хъуну дахэм гъунэ иIэкъым. Мы тхыгъэ кIэщIым Людэ и фIыщIэ псори къытхуегъэубыдыну жытIэркъым, ауэ ди гум хуилъ хуабагъыр, IэфIагъыр зыхедгъащIэмэ, и махуэщIыр дэдгъэлъапIэмэ, ди гуапэщи, дыхуейт дехъуэхъуну, ди фIыщIэгуапэр зэхедгъэхыну.
- Людэ, уи псэр гъатхэ имыкIыжкIэ ушэ зэпытщи, дунейри апхуэдэ нэхугъэкIэ къыпхуэушэу, узыхуеймрэ узыщIэхъуэпсымрэ къыбдэхъуу, уи ехъулIэныгъэм уи щхьэри, укъызыхэкIа адыгэ жылэри, ущIэпсэу уи бынри дэбжьыфIэу, дэину, жьыгъэр къыпщIэмызэрыхьу, уи унэ къихьэмрэ икIымрэ хъуэхъубзэу пхузэрахьэу, гумахэ узыщIын умылъагъуу, плъагъур зыкъэмынэу фIыгъуэрэ дахагъэ защIэу, узыншагъэкIэ уемыкIакIуэу, лэжьыгъэкIэ ущIэщыгъуэщIу, пщIэм и щхьэпэр дунейм куэдрэ екIыу Тхьэм ди япэ уригъэт! УэркIэ догушхуэ, доин, допагэ!
- ФIыуэ укъэзылъагъу, пщIэ къыпхуэзыщI,
- Къуэшыркъуей къуажэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэр.