ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Уэ умыщI Iумпэм  си  гуащIэр, Сэ уэ сырыуейщ (22.11.1920 — 1.05.1957)

2020-11-24

  • Уи псыхъуэшхуэм япэ дыдэ
  • усэ макъ щызэхэсхащ
  • ЩыIэщ цIыху, зэрихьа цIыхугъэм и лъэужьыр и ужькIи хэмыгъуэщэжу, псалъэ дахэу кIэлъыжаIэми гуапагъэу хэлъым гъунэ имыIэу. ЦIыхум ищIамрэ илэжьамрэ хуэдизщ и уасэр. Сыту пIэрэт и гум щыхъэр иужьрей жьы Iурыхьэгъуэр зыжьэдэзышэ щIалэщIэм — дунейм и IэфIым зэрыхэкIыжрат хьэмэрэ хузэфIэкIыну имыщIэу къанэрат? Куэд къэзымыгъэщIа цIыхур дунейм и нэхум къызэрыхуеIэнум шэч хэлъкъым, ауэ биишэр Iэджэрэ зыщхьэщыфиикIам, псэхэхыр мызэ-мытIэу зыщхьэщыхьам ар къридзэу игъэдзыхэщауи пхужыIэнукъым: цIыху нэсым и лъэужь къегъанэ къыхужаIэнырагъэнут и гупсысапIэ хъунур…

  • Илъэс 37-рэ… МащIэ ар хьэмэрэ куэд? Зым жиIэнщ ар къызэрымыкIуэу мащIэу, цIыхум къигъэщIэфыну щытам еплъытмэ, и зэхуэдитIи иримыкъуу, хузэфIэкIыну щытами уеплъмэ, и гъуни ирилъэну хунэмысауэ. Адрейм жиIэнщ цIыхум и зэфIэкIым зыкъызэкъуихыу ину къызэрыкIыну къыхуиухамэ, ар ныбжьым емыпхауэ, уэгум къыщыблэ вагъуэм и хъуэпсыр щIылъэм къызэрысым ещхьу щIэблэхэм ар ялъэIэсыну и натIэ къритхамэ, псалъэм хилъхьэ псэмрэ гуащIэмрэ я лъэкIми елъытауэ. ТIуми жаIэм хэлъ пэжыр къыхэбубыдыкIыфыну щытми, узыфIэмыкIыжынур лъэужь къэбгъанэм цIыхур, лъэпкъыр зэрахуеплъэкI щIыкIэрщ, абы ират мыхьэнэрщ.
  • Мы тхыгъэр зытеухуа щIалэм и цIэр уахътыншэ зыщIар псэуху хэлъа гулъытэмрэ пэжыгъэмрэ я закъуэкъым, абы и хуабагъыр щIэблэм ялъоIэс и усэм хилъхьа гугъэ-гурышэ IэфIхэмкIэ, пэжыгъэ мыухыжымкIэ, лъагъуныгъэ къабзэмкIэ. ГъащIэм и пIалъэ зыщIэ цIыху Iущым и фIэщхъуныгъэ гъунапкъэншэкIэ гъэнщIащ абы и псалъэр, дунейр тIэу пкIэгъуэ зыхуримыкъу щIалэщIэхэм я нэщхъыфIагъкIи гъэпсащ и усыгъэр. Апхуэдэущ зэрацIыхуари, апхуэдэущ ноби и цIэр къызэрыраIуэр къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэси 100 ирикъу адыгэ усакIуэшхуэ КIуащ БетIал Ибрэхьим и къуэр.
  • Шэрэдж  акъужьыр мэдэхащIэ
  • Зы гукъэкIыж къыхэтлъхьэнут мыбдеж. Зэгуэрым, гурыхь щымыхъун гуэр зэрызэхихар, абы зэрырибэмпIар и нэгум IупщIу къищу Нало Ахьмэдхъан еджакIуэхэм къытхыхьэри, занщIэу къыдэупщIат: «ЦIыхугъэкIэ зэджэр хэт къызжиIэн?» ДэркIэ гурыIуэгъуэт ар ди жэуап зэрыпэмыплъэр, псори щым дыхъуауэ и псалъэм къыпищэнуми дежьэрт. Ахьмэдхъани кIыхь зригъэщIакъым: «Лъэпкъ библиотекэшхуэм и щIыбагъкIэ екIуэкIыу щыт тетIысхьэпIэм зы цIыхубз тест. КIуащ БетIалрэ Балъкъэр Борисрэ зы лъэныкъуэкIэ кърикIуэрт, сэри, цIыхуитI-щы си гъусэу, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ сыкъикIырт. Гъыуэ щыс цIыхубзыр япэу къэзылъэгъуар БетIалти, зыхэпщIэу зричри, нэхъ псынщIэу хуэкIуэу къежьащ. И щхьэ кърикIуам щIэупщIа хъунти, цIыхубзми, къуажэм къызэрикIар и псэлъэкIэмкIэ къапщIэу, «Сыт напэр сиIэу згъэзэжыну, си ахъшэ тIэкIур здыкIэрыхуар сымыщIэу сфIэкIуэдащ», жиIэри, нэхъри нэхъ иныжу гъыуэ щIидзащ. Ар БетIал щызэхихым, цIыху хьэлэмэтт ар езыр, гуапэу дыхьэшхри, напэм теухуауэ апхуэдэ гуныкъуэгъуэ уиIэу удгъэкIуэжынкъым, мыр къащтэ, — жиIэри, и гуфIакIэм къыдихщ ахъшэ зэкIуэцIылъ хъарзыни, цIыхубзым IэщIилъхьащ. «Иджы, тэджи, укъызэмыплъэкIыу кIуэж!» — жиIэри, фIыщIэ щIыпIи иримыгъахуэу цIыхубзыр IуигъэкIыжащ. «Уа БетIал, уи мынэIуасэ цIыхубзым апхуэдизу сыт ущIедэхэщIар?» — жытIэри деупщIати, ар Шэрэдж акъужьырщ дэхэщIар, сэракъым», — къыфIигъэкIакъым абы нэгъуэщI. Мыр сигу къыщIэкIыжаращи, сыплъэмэ слъагъуу зы щIалэжь, къуажэм къикIа цIыхубз гуэрым и бохъшэр IэщIиудри, щIэпхъуэжащ. А щIалэм сыт хуэдэ псыхъуэм и акъужьт къедэхэщIар жысIэри сегупсысащ, ауэ цIыхугъэ пхэмылъмэ, псыхъуэм и даущ макъри зэхыумыхын, и акъужьри къыплъэмыIэсын, жысIэжащ. Уи щхьэ еппэсыр нэгъуэщIым деж щыплъагъунырщ цIыхугъэр», — иухащ и псалъэр Налом.
  • ЗыцIыхуу щытахэм зэраIуэтэжым-кIи, тхыгъэу къыщIэнахэм къазэрыхэщыжымкIи БетIал щалъхуа хэку цIыкIум хуигъадэ, абы ирилъыт щыIакъым. ИщIэри илэжьри Шэрэдж щIыналъэм ис и лъахэгъухэм къазэрыщыхъуным хуихьырт, абы къриха адыгагъэмрэ цIыхугъэмрэ я пщалъэкIи ипщырт. Шэрэдж щIыналъэр КIуащым дежкIэ икIи узыфэт, икIи хущхъуэгъуэт. Ар икIи и гъунапкъэт, икIи      и щIэплъыпIэт. Езыр щалъхуар Дохъушыкъуей адыгэ къуажэжьырщ, Агънокъуэ Лашэ, Къудащ Елбэздыкъуэ, Борыкъуей ТIутIэ сымэ къыщыхъуа икIи щыпсэуа жылэрщ. БетIал зэрысабийрэ зэхихырт Агънокъуэм и усэхэр — абы ижь къыщIихуагъэнти аращ ар IуэрыIуэдз жан щIэхъуар. КъыдэкIуэтея нэужьи Борыкъуей ТIутIэ и цIэр куэдрэ зэхихагъэнущ — арагъэнщ абы и гур щIэныгъэм хуэпабгъэ щIэхъуари.
  • БетIал къызыхэкIа унагъуэр тхьэмыщкIэу, хуэмыщIауэ псэуа унагъуэхэм ящыщу жыпIэ хъунукъым. Тыкуэн тIэкIу яIэти, абы къуэпсэукIырт, я щхьэ ирапIыжыну ар мылъку хэхыпIи яхуэхъурт. Хэгъэгум хужьхэмрэ плъыжьхэмрэ я зэрыхьзэрийр къизэрихьа нэужь, КIуащхэ я мылъкур хисхьащ. ТхьэмыщкIагъэм и жьапщэ щIыIэр къалъэIэсами, еджащ-епщащ жыхуаIэхэм яхуеплъэкI адэм, Борыкъуей ТIутIэ къищIыкIа цIыхум хуэдэу и быныр хъуну иIэ хъуапсэр къуэм блихакъым. Тхьэр Ибрэхьим къетати, бжьыпэр зыубыдахэм хъугъуэфIыгъуэу къалъытэр мылъкутэкъым — щIэныгъэт. Урыс тхылъ щрагъэдж еджапIэм ишэри и къуэр щIигъэтIысхьащ. Хъарзынэу еджэ БетIал, зэраIуэтэжымкIэ, еджапIэм щызригъэщIар урыс хьэрфми, хьэрыпыбзэми хуэмыхамэу къыщIэкIащ, абы уэрсэру ирипсалъэрт.
  • КIуащым и тхыгъэхэр зэхуэзыхьэсыжу тедзэным хуэзыгъэхьэзыра Нало Заур къыхудэхуэу игу зыгуэрхэр къыщигъэкIыжкIэ, Iэмалыншэу абы и гугъу къытхуищIырт. «БетIал «Мажнунрэ Лейларэ» гукIэ къеджэу, ар адыгэбзэкIэ кIуэрыкIуэм тету зэрызэридзэкIыжыр зэхэзымыхам гъэщIэгъуэну илъэгъуар мащIэщ, — жиIэрт Нало Заур. — Усэхэм къыщеджэкIэ, зэхыумыщIыкIми, къыIурыщэщ макъыбэр псыкъелъэу къызэрыхьти, ущIимыхьапэ щIыкIэ къыпидзэж адыгэбзэ дахэм и псыщхьэм укъыдрихьеижырт. Ауэ телъыджэлажьэ дыдэ ныбжьэгъухэм къытщыхъур Хъайям Умар и рубаихэм гукIэ къызэреджэрат. Езырауэ пIэрэт рубаихэр зи IэдакъэщIэкIыр хьэмэрэ рубаихэр зытеухуар езырауэ пIэрэт — зэхэхыгъуейт, апхуэдизкIэ къызэджэм КIуащым екIуу пкърышасэрти… А тхьэмадэ жьакIэхур сэ фIыуэ сэзыгъэлъэгъуари, зыщызмыгъэнщIу сызыщIари БетIалщ».
  • Ауэ, сыт хуэдизу БетIал дахэу икIи узыIэпишэу хьэрып, къэжэр, куржы, асэтин лъэпкъ усыгъэхэм я фIыпIэм халъытэхэм а бзэхэмкIэ къеджэу щымытами, абы сыт щыгъуи зызыхуигъэзэжыр и гущIэм щигъафIэ щалъхуа и къуажэжьым дэлъ адыгэ IуэрыIуатэхэрт, лIыжь хъыбархэрт. Ахэрат абы сыт щыгъуи узыщIигъэдэIунур, ахэрат абы и гущIэм къыщызэщIэушэ пшыналъэм я псыпэхэш хъури. ЕджапIэм къыдыщIэс и ныбжьэгъу-лъэгуажьэгъухэм мащIэрэ кърамыгъэIуатэрэт абы а псор. Езым и фIэщ хэлъу зэриIуэтэжрагъэнт, къыщыпкI-къыщиуду жиIэжхэм хэтым хуэдэу зэрызэкIэлъигъакIуэрагъэнти, псори теумэзэхауэ едаIуэрт икIи, пэжыр аращи, зригъэдэIуэфырт…
  • ИтIани, БетIал IуэрыIуэдзу щытауэ жаIэж ар зыцIыхуахэм. Дзакъэртэкъым икIи пыджэртэкъым абы и хъуэрыр, атIэ езым къыпих хуабагъым хуэдиз и псалъэми хэлъти, цIыхур нэжэгужэ ищIырт, гукъыдэж яритырт. Илъагъум апхуэдэу зэрытеусыхьыфыр гъэщIэгъуэн зэращыхъур щыжраIэкIэ, гушыIэ хуэдэурэ «Шэрэджыпс уефэмэ, апхуэмыди плъагъунущ», жиIэрти ежьэжырт.
  • Бгыхэри
  • щыхьэтщ…
  • И ныбжьыр илъэс пщыкIущ фIэкIа мыхъуу и щIэныгъэм щыпищэну 1933 гъэм Псыхуабэ дэт педагогикэ рабфакым еджакIуэ кIуа щIалэм зэфIэкI зэрыбгъэдэлъым, хэлъэт зэриIэм езыгъаджэхэми къыдеджэхэми щIэх гу лъатат. А илъэсхэрат япэ лъэбакъуэхэр зыч усакIуэ куэд литературэм къыщыхыхьари, ятхыр зэIэпахыу, жаIэр зэпрадзыжу щыщыт зы лъэхъэнэ гъэщIэгъуэнт. КIуащыр а псом пэIэщIэу лъэныкъуэкIэ зэрыщымытар хьэкъщ, ар щIэхи нахуэ хъуащ. Псалъэм зэрыхуэIэижьыр, ар мыбзаджэу зэрыхуэгъэIэрыхуэнур къызыгурыIуа егъэджакIуэхэм БетIал педагогикэ институтым и литературэ къудамэм щIэтIысхьэмэ зэрафIэигъуэр кърагъэщIащ. ЩIалэщIэми кърахьэлIа чэнджэщыр IэщIыб ищIакъым.
  • БетIал къыдеджахэм жаIэжырт ар нэгъэсауэ зэрыусакIуэпсэр. 1934 гъэм и зы гъатхэ махуэу комсомолым зэрыхагъэхьамкIэ щыхьэт тхылъыр къыщратыжым, абы егъэлеяуэ щыгуфIыкIа БетIал Iэуэлъауэшхуэ иригъэщIу общежитым щIэлъэдэжу, шэнтым дэлъейуэ, кIуэрыкIуэм тету усэ зэхилъхьам къеджауэ зэрыщытар куэдрэ ягу къагъэкIыжурэ къыдеджахэм жаIэжырт. Псори фIэхьэлэмэтт, щIэуэ къежьэмрэ щIэщыгъуэу къыкъуэкIымрэ пэджэжыну, зыгуэр хилъхьэну хэтт БетIал, сытми ухуэзыгъэуш псалъэ гуэр къахуигъуэтынуи хьэзырт.
  • Институтыр 1937 гъэм Налшык къахьыжа нэужь, КIуащыр анэбзэм и куэщIым къихуэжащ. Налшык къыщыкIуэжарщ БетIал ЩоджэнцIыкIу Алий нэIуасэ щыхуэхъуари, зэкIэлъыкIуэ-зэлъихьэу я зэхуаку ныбжьэгъугъэ къыщихъуари. ЗэраIуэтэжымкIэ, Алий зи гур зэIухауэ хуиту дунейм тетхэм ящыщ цIыхут, ауэ мащIэкIэ гурыщхъуэ къыпхуищIамэ, уекIуэлIэжыфынутэкъым. Алий япэу къыдигъэкIа и тхылъыр БетIал къыщритым къыхутритхауэ щыта псалъэ-хэм абы куэдкIэ зэрыщыгугъыр къыхэщырт: «Гурыщхъуэншэу си къуэш гъунэгъу КIуащ БетIал, мы си япэ лъэбакъуэу щытыр ныбжьэгъу фэеплъу узотыр. 16.11.1938» — а псалъэхэр къызыбгъэдэкIам и фэеплъыр БетIал псэухункIэ игу иригъэхуакъым. Зауаем и мафIэ лыгъейм здыхэтым, а тхылъыр абы хуэсакъыпэу зэрихьащ, дунейм тетыхункIи лъапIэныгъэ ирихыу ихъумащ. Зы мащIэкIи шэч къытумыхьэу жыпIэ хъунущ и усэ гуэрхэм БетIал Алий къыхуеджэу зэрыригъэдэIуам. КIуащым и тхэныр къебл къудей мыхъуу, и къалэмыпэм къыщIэкIым нэхъ набдзэгубдзаплъэу хущыт, зэпигъэувэ псалъэхэм я къыхэхыным хуэсакъ хъуауэ къыщIэкIынут. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, а илъэсхэращ КIуащ БетIал асэтин литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Хетагуров Коста и «Суд пащхьэм» поэмэр адыгэбзэкIэ щызэридзэкIар. Япэ лъэбакъуэр ину езыгъэча IуэхущIафэт ар…
  • Рабфакми къыдыщIэсауэ, институтми къыщыдеджауэ БетIал и ныбжьэгъут СССР-м альпинизмэмкIэ щIыхь зиIэ и тренер Тенишев Шакир. УсакIуэм и зы фэеплъ пшыхь гуэр ар кърагъэблэгъауэ игу къигъэкIыжырт КIуащым зекIуэныр къыщыхьамэ, институтым спортымрэ физкультурэмкIэ и къудамэм щеджэхэм яхэлъадэу къызэщIиIэтэу зэрыщытар. «Азаущхьи, Ушбэ ЦIыкIуи дыздэмыкIуэ къанэртэкъым, — жиIэжырт Шакир. — ДыдэкIыхункIэ и гушыIэмрэ и IуэрыIуэдзынымрэ зэпыуртэкъым, нэжэгужагъыр ди япэ иту дыдэкIырт. Дызэрешар зыкIи зыхыдамыгъащIэу абырэ Ольховников Андрейрэ хъуэрыбзэрэ IуэрыIуэдзынкIэ зэпеуэу бгым дыдэкIырт. Ауэ, бгы куэщIым дихьа нэужь, дызезыхуэу дыкъыдэзышарауэ умыщIэжыну БетIал нэхъ Iэси, хэгупсысыхьу пIэрэ жыпIэну нэхъ зэтеубыдаи хъурт… Къурш псыхъурейм щхьэщыту, бзу гуэрым тегъэпса фочри иIыгъыу, БетIал зыхэт сурэт сиIэжщ сэ… ИжькIэ дэбдзыхмэ щыхупIэу, сэмэгукIэ уебгъунлъэмэ гуэхупIэу щыт бгылъэм сакъ щыхъурт БетIал, лIы хуэдэуи хэти и нэIэ тригъэту, дэтхэнэми кIэлъыплъу и щытыкIэр ихъуэжырт. Ауэ сэ зэи сщымыгъупщэжыр зы къыр гуэрым и щыгу дыкъыщихьэм, БетIал абдеж къиувэу кIыхьу и усэ къызэреджарщ… Бзэр къызыгурыIуэхэ-  ми къызыгурымыIуэхэми зыри ялъагъужыртэкъым икIи зэхахыжыртэкъым БетIал фIэкIа… ГущIэм щызэригъэзэхуа псалъэхэр абдеж пшыналъэут къызэрыщыIур, апхуэдизкIэ малъхъэдисым ещхьу узыIэпишэу ину икIи дахэу ар и усэм къеджэрти…
  • Арыххэуи, БетIал и макъыр нобэми къоIу, ауэ ар зэхэзыхыр фи закъуэкъым, а макъыр абы лъандэрэ щоIу мо къурш бгъуэщIхэм, абы и гум илъа дахагъэ псом ахэр я щыхьэтщ. Зыхилъхьэ щыIэтэкъым БетIал бгыхэр, егъэлеяуэт ахэр фIыуэ зэрилъагъур. Зэкъым-тIэукъым бгым дызэрыдэкIар БетIал ди гъусэу, ауэ дапщэщи ипэрейм нэхърэ нэхъ къызэщIэрыуауэ пIэрэ жыпIэну и гурыщIэхэр уэру къызэрылъэлъырт».
  • УсакIуэм а лъэхъэнэм сыт итхами, сыт жиIами къытлъэIэса щыIэкъым… ГукъэкIыжхэм я джэрпэджэж къудейрщ нобэм зэхэтхыр… Сыт хуэдизу цIыхум БетIал фIыуэ ямылъэгъуами, щIалэ псэ хейм зиузэщIыну зыгуэрхэм я фыгъуэмрэ я ижэмрэ Iэмал къратакъым, и щхьэр Хэкум ирихыу икIын хуей хъуащ.
  • Адыгэпсэр — хамэщIым
  • ЕджапIэр 1940 гъэм къиуха нэужь, БетIал Урысей пхащIэм нэс ягъакIуэ. Ар къыщыщIидзащ КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыIэ Совет Гавань къалэм километрищэрэ щэ ныкъуэкIэ пэIудза Тэтэр псыдэжым и Iуфэм Iус Нельмэ жылагъуэм. Зэгуэр бдзэжьеящэхэмрэ мэзауэхэмрэ я къуажэу щытам нобэ цIыхуибл фIэкIа щыпсэужыркъым. Ауэ БетIал мы жылэм щыдэса лъэхъэнэм абы пщIэ иIэт — цIыху минитIрэ щищым щIигъу щыпсэурт, гъащIэри щхъуэкIэплъыкIэу щекIуэкIырт. ЩIыхэкIуэдэжам и зы щхьэусыгъуэщ Хэку зауэшхуэр къыщыхъейм зэуапIэм Iухьа нельмэ щIалэхэм ящыщу зыми къызэримыгъэзэжар, абы иужь къэна тIэкIури зэрызэбгрыкIыжар…
  • Къуажэ пхыдзам дэт еджапIэм БетIал урысыбзэмрэ литературэмкIэ щригъэджэну ягъэкIуащ. Адыгэ щIалэм и псэр езы Тхьэ дыдэм иужэгъужа щIыпIэм щигъэтIылъауэ жыпIэныр гугъущ, ауэ IэнатIэ зыпэрытыр Iуэху джэгутэкъым — захуагъэ хэлъу ехьэкIын хуейт.
  • Тхыгъэр щыдгъэхьэзырым БетIал и лъэужь а къуажэм къыщынамэ зэхэдгъэкIыну тедухуащ. Нельмэ къуажэм и хъыбар нэжэгужэ зыщIыпIи щыбгъуэтыну щыттэкъым, зэрыхэкIуэдэжыр къыхэщу фIэкIа узытепсэлъыхьыни щыIэтэкъым. Ауэ, ди насып кърихьэкIри, къуажэм и къекIуэкIыкIам хъарзынэу щыгъуазэу, а лъэхъэнэхэми зи сабиигъуэр хиубыда Щепель Владимир къэдгъуэтащ. Дызэпсэлъа лIым занщIэу къыгурыIуащ зи гугъу тщIыр хэтми, икIи кIыхь дыди зримыгъэщIу жиIар мыращ: «Зауэм ипэ ди къуажэм цIыху хъарзынэ дэсащ, IуэхущIапIэхэр диIэу, тхылъ щеджэ унэхэр дэту, уеблэмэ еджапIэ мыIеи дащIыхьат. Ди щIыпIэхэм зэрыщымыщыр, и нэгум уиплъэмэ, къыумыщIэнкIэ Iэмал имыIэу щIалэ хэщIыхьа, ауэ зытеувэ щIым гушхуауэ щыбакъуэу, урысыбзэр еджапIэм щригъэджэну къытхуагъэкIуат. Ар ди гъунэгъу Шальновхэ я деж фэтэртесу щIэсащ. Сэ абы сригъэджакъым, еджапIэ кIуэгъуэ ныбжьым ситтэкъым, ауэ ди анэр гъунэгъум щекIуэкIкIэ, сыздишэрти, ари абы щыслъагъурт. Гуапэт. Лъагэу сыкъиIэтырти сыдридзейрт, къыздэгушыIэрт. Ар куэдрэ дэсакъым ди жылэ. Зауэр къэхъейри дэкIыжащ. Пэжыр жысIэнщи, щIагъуэу сыщIэупщIэжатэкъым абы, ауэ зауэм хэкIуэдауэ къыщIэкIынщ, и хъыбар къыщымыIужакIэ, жысIэрт. И сурэт е тхылъымпIэ щыIами, сыщымыгъуазэ, еджапIэр къуажэм щыдахыжым, Гавань яхьыжауэ къыщIэкIынщ».
  • Апхуэдизщ зэрыхъур. Псэр Хэкум къеIэмэ, хамэщIыр щIыIэрэ гум емыхуэбылIэмэ, гугъущ лъэужь гуэр зыщIыпIэ къыщыбгъэнэну. БетIали и щхьэ кърикIуар арагъэнущ. Къиуха еджапIэм къигъэхьа и зы тхыгъэм къыщыхощ къыщыщIидза щIыпIэхэр зэрыгъэщIэгъуэныр, ауэ «ди къуршхэр нэхъ дахэщ, ди уафэр нэхъ лъагэщ, дипсхэр нэхъ къабзэщ, ди дыгъэр нэхъ нурщ…», — жери етх.
  • Куэд дэмыкIыу зауэр къэхъеящ. АрщхьэкIэ еджапIэм и унафэщI къалэныр и пщэ къыщыдалъхьэм, БетIал дзэм щыдэкIын хуей пIалъэр ягъэIэпхъуэн хуей хъуащ. Зауэр щIэх зэрымыувыIэнур нахуэ щыхъум, адыгэ щIалэм нэхъ ерыщу Совет Гавань къалэм дэт военкоматым тхэуэ хуежьащ, дзэм дашыну лъаIуэу. И лъэIу тхылъхэми псынщIэу жэуап ягъуэтащ…
  • Дунеижь  губгъуэр
  • уэ  зэуапIэ  бзаджэти…
  • Езым фIэфIу зэуапIэм хуеIэ щIалэр, итхауэ щыта рапортым ипкъ иткIэ, 1941 гъэм и фокIадэ мазэм Дзэ Плъыжьым ираджащ, занщIэуи Хы Щэху флотилием и 69-нэ фочауэ бригадэ щхьэхуэм и зауэлI хъуащ. Абдеж щригъажьэри, КIуащыр 1942 гъэм и мэлыжьыхь мазэ пщIондэ политунэтIакIуэу щытащ. БетIал и къекIуэкIыкIар и IэкIэ щитхыжа тхылъымпIэм зэритымкIэ, абы и псэр а здэщыIэм щызагъэртэкъым, зауэр иухыхукIэ абдеж зыщиIэжьэнуи и нэ къыхуикIыртэкъым. Абы тету БетIал зэхех хьэуа-десантыдзэхэм хагъэхьэн папщIэ цIыхухэр езыхэр яфIэфIу къызэрыхахыр. Зимыгъэгувэу БетIал рапорт етх, медицинэ къэпщытакIуэхэм хъарзынэу яфIокIри, 1942 гъэм и накъыгъэ мазэм абы Мэзкуу пэмыжыжьэу щыIэ 8-нэ хьэуа-десант корпусым еджэн щыщIедзэ. АрщхьэкIэ БетIал а корпусым хэту зэуэну къыхуихуакъым. Ставкэм къикIа унафэм ипкъ иткIэ, щIэуэ къызэрагъэпэщ 35-нэ фочауэдзэм ар ягъакIуэ.
  • БетIал зыхэхуа дивизэр зауэм и курыкупсэм хэтащ. 1942 гъэм и гъэмахуэм Россошкэ ЦIыкIу и Iэгъуэблагъэм БетIал и щхьэм уIэгъэ хьэлъэ къытохуэри, Омск дэт уIэгъэщхэм языхэзым бжьыхьэ пщIондэ къыщохутэ. НэхъыфI зэрыхъужу зэуапIэм Iухьэжыну хуеIэ щхьэкIэ, зыхэта дивизэм хэмыхуэжу, ар Калинин фронтым и 39-нэ армэм ягъакIуэ, лейтенант нэхъыщIэхэм я курсым щрагъэджэну. Ауэ щIалэм и ерыщагъыр зылъэгъуахэм абы лейтенант нэхъыщIэ фIэщыгъэм и пIэкIэ лейтенант цIэр къратри, взводым и пашэу дзэм егъэзэж, куэд дэмыкIыуи, 1942 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм, 158-нэ фочауэ дивизэм и 879-нэ ротэм и дзэпашэу ягъакIуэ.
  • 1943 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэу лейтенант нэхъыжь цIэр зыхуагъэ-фэща КIуащым и гупыр зыхэт дивизэм бийм Смоленск щIыналъэм хыхьэ Починок, Ефремовэ, Вежечек къуажэхэм зэребгъэрыкIуэнум зыхуагъэхьэзыру щIадзащ. А щIыпIэм щекIуэкIа зауэ гуащIэм нэмыцэдзэр къащыпэщIэт щIыпIэр пхрызытхъар, бийм и лъэсыдзэ къапэщIэувари зэтезыукIар 879-нэ полкырщ. Духовщинэ къалэм пэмыжыжьэу щыс Клячинэ къуажэм деж ротэм и дзэ-пашэ БетIал и лъакъуэ ижьыр уIэгъэ хъуащ. УIэгъэм еIэза нэужь, 1943 гъэм и бжьыхьэм БетIал 879-нэ полкым и фочауэ батальоным и адъютант нэхъыжьу дзэм игъэзэжащ.
  • Белоруссием и щIыналъэм хыхьэ Лиознэ къалэ цIыкIур къащтэну щебгъэрыкIуэм, абдеж щекIуэкIа зауэ хьэлъэм куэдым я щхьэр халъхьащ. КIуащым и шхужьым, къупщхьэм куууэ хэмыхьэу, уIэгъэ къытехуэри, 1944 гъэм и мэкъуауэгъуэ пщIондэ уIэгъэщым щIэлъащ. 158-нэ фочауэ дивизэм абдеж щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Лиознэ цIэр фIащауэ щытащ.
  • ЗэуапIэм зыгъэзэжа щIалэр 158-нэ дивизэм и 881-нэ фочауэ полкым и 2-нэ батальоным и адъютант нэхъыжьу ягъакIуэ. Ар къыщыхъуари 3-нэ Белорус фронтым Витебск къэщтэжыным теухуауэ зи ужь ихьэну операцэшхуэм ипэкIэщ. ПсэзэпылъхьэпIэм ихуэ дэтхэнэми «мы уахътыр нэхъыфIти» жиIэркъым,    абы и гъащIэ псор и нэгу щIэту, къигъэщIа дэтхэнэ зы дакъикъэри гукIэ зэпишэчэжу къылъыса IэнатIэм йокIуалIэ. Витебск деж щекIуэкIа зауэзэрылI мафIэсыр апхуэдэ зы гъэунэхупIэт, абдеж КIуащым щызэри-хьа лIыгъэри щтэи зэщIэкIуэжи             зимыIэ   адыгэлIым  и щытыкIэ щыпкъэм и щапхъэщ. Къалэр къэпщтэн  щхьэкIэ,  уэрамым щекIуэкI зэхэуэми упхыкIын, бубыда щIыпIэхэри бгъэбыдэн хуейт. Къыхалъхьа унафэм ипкъ иткIэ, Витебск къалэм дэт ухуэныгъэ пщыкIухым нып плъыжьхэр къыфIадзэн хуейт. Абыхэм  языхэзыр  фIэзыдзари КIуащ БетIал зи унафэщI зауэлI гупырщ.
  • Витебск щызэрихьа лIыгъэм папщIэ КIуащым «Бэракъ Плъыжь» орденыр къыхуагъэфэщауэ щытащ. Каунас операцэ цIэрыIуэм батальоным и командиру хэта КIуащым уIэгъэ тIэу къыщытехуащ. Абдеж щызэрихьа лIыгъэм папщIэ адыгэ щIалэм Невский Александр и цIэр зезыхьэ орденыр къратат. Зауэр капитану Берлин къыщызыуха БетIал Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэри и бгъэм къыхалъхьащ. Абы къищынэмыщIауэ КIуащ БетIал къратащ «Вагъуэ Плъыжь» орденри, медаль зыбжани.
  • Зауэм уи нэгу щIигъэкIым узэримыщIыкIыу укъызэтенэныр къызэрымыкIуэу хьэлъэщ. ТекIуэныгъэр плIэкIэ къахьу къэзыгъэзэжа уса-кIуэ-тхакIуэхэм ялъэкIащ я нэгу щIэкIам зрамыгъэпIытIу адэкIэ псэуныгъэм зратыжыну. Ар щыгъэтауэ, абыхэм яхузэфIэкIащ псалъэм хэплъхьэфыну лъэщагъ псор къащIэхъуэ щIэблэр мамырыгъэм и лъыхъуакIуэ, и хъумакIуэ, и щхьэщыжакIуэ зыщI гурыщIэкIэ зэщIаузэдэн. БетIал и ныбжьэгъуфIу щы-та КъардэнгъущI Зырамыку дзапэ уэрэду къыщыхидзэ къэхъурт «Дунеижь губгъуэр уэ зэуапIэ бзаджэти…» жиIэу зауэм и лъэхъэнэм яусауэ зы уэрэд кIапэ. И макъамэ-     ри гущIэм нэсу апхуэдэт. ТIэкIу къыпыжьыукIа нэужь, Зырамыку игу къигъэкIыжырт: «БетIал щIалэ гу-мащIэ дыдэт. «Дауэ уеплърэ, Зырамыку, пщэдейрей махуэхэм джэну мы усэр?» — жиIэрти, хъунущ, жысIэмэ, нэку-нэпс къэхъурти, мы уэрэд кIапэр къыхидзэрт…» КъагурыIуэрт Iэщэ лIыгъэри дунеижь губгъуэм зэрыщызэрахьэм хуэдэу, псалъэ лIыгъэри абдеж зэрыщыпэкIур. Зауэ нэужьми мамырыгъэр псалъэкIи къазэууэ псэуащ…
  • Псыхъуэгуащэ  и  нэм
  • къыщIих  нурыр
  • КIуащыр 1947 гъэ пщIондэ Хэкум къэкIуэжакъым. Зауэр зэрыувыIэу, Лейпциг къалэм и дзэ администрацэм и унафэкIэ ар пэрагъэуват цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ инспектор IэнатIэм. АрщхьэкIэ дзэ хуэIухуэщIэхэм епха щIэныгъэ зимыIэ щIалэм ар увыIэпIэ зэрыхуэмыхъунур къыгурыIуэри, и гупэр щалъхуа щIыналъэмкIэ къигъэзэжмэ нэхъыфIу къилъытащ. Куэди дихакъым, 1948 гъэм БетIал СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием академик Марр Николай и цIэр зэри-   хьэу хэт институтым и аспиранту-    рэм щIэтIысхьащ. Мыбдеж щIалэм ныбжьэгъу къыщыхуэхъуащ иужь-   кIэ лъэпкъ бзэщIэныгъэмрэ адыгэ IуэрыIуатэ щIэныгъэмрэ гуащIафIэу хуэлэжьа Балъкъэр Борисрэ Сэкий Мусэрэ. Ахэр сыт щыгъуи зэрыгъэпэжащ, ныбжьэгъугъэ ин я зэхуаку илъу IэфIу икIи гуапэу зэхущытащ.
  • БетIал дихьэхырт адыгэ псалъэм, абы щIэлъ щIэжьыуэ дахэри зыпищI щыIэтэкъым. КъэIуэта хъуа псалъэм и къарур къызэрупщыфынури абы КIуащым хуищI фIэщхъуныгъэрауэ къыщIэкIынт. БетIал и нэхъыжьхэм къабгъэдихауэ  щыта псыхъуэгуащэм и хъыбарыр Нало Заур къызэриIуэтэжым нэхърэ нэхъыфIу тхузэкIэлъыгъэкIуэну къыщIэкIын-къым: «СыщIалэ цIыкIуу, жиIэжырт усакIуэм, псыхъуэгуащэм и хъыбар зэхэсхащ. ЛIыжьхэм жаIэрт, псыхъуэгуащэр хъыджэбз зи ишэгъуэм ещхьу, абы и дахагъым пэувыфын дуней псом темыту… Гъэмахуэ жэщ мазэгъуэхэм, жэщ ныкъуэ зэры-         хъуу, псым адрыщIкIэ мывэшхуэ гуэрым къытотIысхьэри, и нэ нагъуитIым нур къыщIихыу тесщ, жаIэрт, и щхьэцыгъуэ кIыхьышхуэр аргъей дзажэкIэ ежьри. Абы къимылъагъуу бгъэдыхьэу и бгъафэ чэсейм зыщIэзыдзэфыр, имышхыу къелмэ, илъэс минкIэ псэунущ. Сэ арыншэ-ми нэхъыбэж сыпсэуну си гугъэт, жиIэрт БетIал, ауэ си псэм сыхуимытыжу сызытхьэкъуу щытар аращ. Сышынэу, сышынэ пэтми, сещакIуэу щIэздзэри, сыздэщыIэр ямыщIэу, куэдрэ сылъыхъуаи сэ а джаурым… СыкIэзызу сыкIуэрти, мывэ къуагъхэм сыкъуэсу псым сызэпрыплъырт. Зы жэщ гуэрым Шэрэдж сызэпрыкI-ри къуацэ-чыцэм сыхэлъу зыздэсплъыхьым, псыр къиущ аби, сыкъыщикIыжым ситхьэлэ пэтащ… Абдеж щыпысчат псыхъуэгуащэ лъыхъуэныр…». Мис апхуэдэт адыгэ псалъэм КIуащыр зэрыхущытыр: хуэнэхъуеиншэт, и щIыб къыдэлъыр къызэрыкIыху кIэрыкIыртэкъым, фIэщхъуныгъэ ин хуиIэт.
  • БетIал аспирантурэм щыщIэтIысхьэм псыхъуэгуащэм и Iуэхур IэщIэужьыхауэ  къыщIэкIынутэкъым, щIэныгъэ Iуэхум зритын хуей щыхъум  IуэрыIуатэ гъуэгуращ къыхихар. Лэжьыгъэ хъарзынэхэр щилэжьауэ иIэщ БетIал а IэнатIэм, IуэрыIуатэщыпэ зекIуэ зыбжани хэтащ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэм IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным, ар тхыжынымрэ тедзэнымрэ ехьэ-   лIа тхыдэр щызэпкърех, куууэ хохьэ лъэпкъ мифологиемрэ нарт эпосымрэ. КIуащ БетIалщ, псалъэм щхьэкIэ, щIэныгъэм япэу къыщызыхутар нарт пшыналъэхэм я зэхэлъыкIэр, абыхэм я макъамэр зыхуэдэр. Сыт хуэдэ Iуэху пэрымыхьэми, ар щыщIагъэншэу ищIыну зэрыхущIэкъур и гупсысэ зэкIэлъыгъэкIуэкIэми, ар къызэриIуатэ щIыкIэми хэплъагъуэрт. Ауэ БетIал щIэныгъэм зыщиIэжьакъым. Нало Заур шэрыуэу зэрыжиIащи, къыпыпсэлъыкIыртэкъым КIуащым и гур, къыпыусыкIыу арат.
  • Аспирантурэм щыщIэса илъэс хэм КIуащым кIуэгъужэгъу хуэхъуауэ и цIыхугъэ дахэт совет тхакIуэшхуэ Фадеев Александр, а илъэсхэм Литературэ институтым щеджа Гамзатов Расули и ныбжьэгъут. Апхуэдэу ар япыщIат Къэбэрдейм щыIэ литературэ лэжьакIуэхэм, гупсысакIуэхэм, интеллигенцэм. Абыхэм яхуиIэ пыщIэныгъэм зэ ужьыхыу, зэ къызэщIэрыуэжу хуежьа усэн гуращэр нэхъри къызэщIигъэблэжыпауэ къыщIэкIынущ: БетIал и усыгъэхэр нэхъыбэ хъууэ, ар цIыхум ялъэгъэIэсыным нэхъ щIэхъуэпсу хъуащ. Арагъэнущ ар аспирантурэм иужькIэ здэувауэ щыта щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым къыIукIыжу «Къэбэрдей» альманахым жэуап зыхь и секретару кIэщIу щIэкIуэжари. Тхэным дихьэх щIалэм дунейр зэрызэхэт псор имылъагъуу хъунутэкъым. ПIалъэ кIыхьи димыхыу БетIал зэрыгушхуэ «Си гъащIэм и гуащIэ» зыфIища и япэ усэ тхылъри дунейм къытехьат… «Зимыумысыжа щхьэкIэ БетIал псыхъуэгуащэм и нэ нагъуитIым щIэплъагъэнущ, армыхъумэ усэныр щхьэ нэхъ къыхихыжауэ пIэрэт абы», — жиIэурэ Нало Заур загъуэрэ гушыIэрт.
  • АдрыщI уэрамым
  • и гъатхэр
  • КIуащ БетIал удзыпцIэм кIыхьу хэлъу, тутын кIапэфри Iурылъу зы сурэт иIэщ. А сурэтыр кIэщI-кIэщIурэ усакIуэм и фэеплъ пшыхьхэм щагъэлъагъуэ, газетхэм, журналхэм къытрадзэуи урихьэлIэнущ. КIуащым  и  зы фэеплъ литературэ пшыхь щекIуэкIырт университетым. Хэти абы и усыгъэм тепсэлъыхьу, хэти и усэ гъэпсыкIэм и гугъу ищIу къекIуэлIахэм уэршэр дахэ ирагъэкIуэкIырт, усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэми егъэджакIуи еджакIуи зэблэкIыурэ ирипсалъэрт. Филологие институтым урысыбзэмкIэ и кафедрэм и до-     цент Башиев Хъусенрэ хамэ къэ-     рал литературэмкIэ кафедрэм и доцент, критик Къэжэр Хьэмидрэ зэбгъэдэсти, я Iущащэ макъыр щIэс-   хэм псоми зэхахыу пIэрэ жыпIэну ин хъууэ хуежьащ. Арати, зи чэзу псэлъакIуэр щытIысыжым, Хъусен къэтэджщ, «Хъунумэ, псалъэ къызэфт», — жиIэри къыдэкIащ. Хъусен нэкIуэпакIуэу пхъэшыкъум къыдэкIщ, и Iэр зи гугъу тщIа сурэтымкIи ишийри къыхидзащ: «ЩIалэгъуэ зимыIарэ    ар иджыпсту зыщIэмыкIрэ зыри къытхэткъым — пыплъхьэн щымыIэу ар зэрыдахэри псоми дощIэ. Ауэ фэ фщыщу хэту пIэрэ а щIалэгъуэр, гъащIэм и гъатхэр, цIыху пыухыкIа гуэрым езыгъэпщэфар? Зэгуэр абы фегупсысауэ пIэрэ? ГурыIуэгъуэщ, хэти и псэлъыхъу хъыджэбзым, хэ-     ти  и  ныбжьэгъу щIалэм я цIэ къраIуэнущ, щыуагъэ хъунуи къыщIэкIынкъым, ауэ сэ щIалэгъуэр мис мы сурэтым итым изогъэщхь. БетIал сэ зэи сыхуэзакъым икIи сепсэлъакъым. Ауэ ар соцIыху урысыбзэкIэ зэрадзэкIыу 1955 гъэм дунейм къытехьа и «Сэлам» усэ тхылъ цIыкIур къызэрысIэрыхьэрэ… А тхылъыр щIэзджыкIа нэужь, зыдэзмыщIэжу сиIэ хъуа гурыщIэм и щыхьэт сылъыхъуэу тхылъыр зейм и сурэтым сыщIэупщIэу щIэздзащ. Къэжэр Хьэмид къызита сурэтым си гурыщIэмрэ зи нэгу сиплъэмрэ зэрызэщхьыр, ар зы лъэхъэнэ къызэдикIа щIалэгъуалэм ди сурэту зэрыщытыр мис абдеж си фIэщ хъуащ. Куэдым фщIэуэ къыщIэ-кIынщ 1956 гъэм совет киногъэлъэгъуапIэхэм япэ дыдэу щагъэлъэгъуа «АдрыщI уэрамым и гъатхэр» («Весна на Заречной улице») жыхуиIэ совет  кинофильмыр.  Абы  хэт лIыхъужь нэхъыщхьэм — Савченкэ Сашэ — зедгъэщхьырт дэ, и зыхуэпэкIэкIи,     и зыIыгъыкIэкIи, ауэ дэ дыкIэлъыщIыхьакъым КIуащ БетIал, апхуэдизкIэ сэ абы къыхэсцIыху-    кIар мо лIыхъужьым ещхьти. Сыт щхьэкIэ  жыфIэт?  Дэ   зыпытщIы-жырт, Савченкэ къигъэлъэгъуа сэфэт-шыфэлIыфэм БетIал псэкIи теплъэкIи ещхьт. Мо и Iэгушхуэр и щхьэцышхуэм хигъэлъадэрэ, жьы щабэм зэрихьэ и джанэмрэ гъуэншэдж быхъумрэ зэдэуджу уэрамым ирикIуэу… Мыбдеж дыщыту адрыщIымкIэ дызэпрыплъу слъагъу хуэдэщ а щIалэ нэфIэгуфIэр. Мис апхуэдэ жьы къабзэ къыхихьат             гъащIэм БетIал, мис апхуэдэ гузэхэщIэ яритат цIыхум абы и усыгъэм… И насыпщ а гъатхэ уэраму ар зэрыкIуам нобэ тетхэм…» Хъусен зи гугъу ищIыр къыбгурымыIуэнкIэ Iэмал зимыIэт: КIуащым  и  усыгъэм  щIалэгъуэм  и         акъужь щабэр щызопщэ, къыптелъэщIыхьу, уигъэгуфIэу, узэщIиIэтэу. ИпэжыпIэкIи  аращ зэрыщытыр — ныбжьышхуэ къэзымыгъэщIа щIалэм къытхузэ-   Iуихыр и ныбжьым хуэкIуэн гугъэ гъэушэ дунейрщ.
  • БетIал игъащIэкIи щIалэу къыхэнащ лъэпкъ литературэм. 1957 гъэм накъыгъэм и 1-м къызыхэкIари мыгурыIуэгъуэу, зэрыхъуари мыIупщIу КIуащ БетIал дунейм ехыжащ. Куэдым жагъуэ фIыцIэ ящыхъуащ ар. АтIэми, пэ зиIэм кIэ иIэщ, жаIэ, лъэужь къигъэнащ БетIал, уахътыншэу, зэпымычу ушэу, пшыналъэ дахэу зэхэлъу…
  • ТАБЫЩ Мурат,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым
  • и щIэныгъэ обозреватель.
  • КIУАЩ  БетIал  и  усэхэр
  • ШЭРЭДЖ
  •  
  • Сигу къэхъугъэм фIыу къыхуэкIыр
  • Дэпхьэхау уэ къыпхуотэдж,
  • Къэспщытау щIыу схузэфIэкIыр,
  • СынокIуэж уи деж, Шэрэдж!
  •  
  • Си мыжурэм нэху къыпихыу
  • Зэпысщащ сэ хамэщI куэд,
  • Псыи сикIащ, лъы нэпсхэр блихыу,
  • ЦIыхухэм хуэхъууэ ар псэкIуэд.
  •  
  • А хамэпсэхэм зы пхуэмыдэ!
  • Псом нэхъ унэхъ сфIэдэхащ.
  • Уи псыхъуэшхуэм япэ дыдэ
  • Усэ макъ щызэхэсхащ.
  •  
  • Махъшэ сыдж сатырщ уи Iуфэр,
  • Уи щIэм мывэр щызэрошх,
  • ЕгъэщхъуантIэр уи псым тафэр,
  • ТкIуэпс быутххэр уэшхыу къошх.
  •  
  • Ауэ дищIуэ гъунапкъэншэм
  • Щыслъэгъуащ сэ уэщхь псы куэд,
  • Къуэш гупыфIэуэ фыгъуэншэм
  • Къыпхуэсхьащ сэ я уэрэд.
  •  
  • Ахэр псори Iуфэ бэвкIэ
  • ГъащIэ дахэм допэгэф,
  • Бгым зыдашхэр, бгъуэнщIагъ зэвкIэ
  • Къолъэ — вагъуэ щIагъэнэф.
  •  
  • Куэд дэкIынкъым — бетон джанэ
  • Уи IуфитIми щыттIэгъэнщ,
  • Къару псори уэ итIанэ
  • Къыдэптынщи — удыгъэнщ.
  •  
  • IэгъуапищкIэ къыпщIэфуэ
  • Колхоз губгъуэм уилъэдэнщ,
  • ТщIынщ, дыхуеймэ, ущIэтщIэфуэ,
  • Уи псыр фIыкIэ тхуэбудэнщ.
  •  
  • Большевикхэм — пщIыхькъым сIуатэр! —
  • Хуагъэзэфыр я мурад,
  • Гугъум лIыгъэкIэ покIуатэр,
  • Iуэхум фIэщуэ гур ират.
  •  
  • Сигу къэхъугъэм фIыу къыхуэкIыр
  • Дэпхьэхау уэ къыпхуотэдж,
  • УэзгъэщIэнуэ пхузэфIэкIыр,
  • СынокIуэж уи деж, Шэрэдж!
  • Мэзкуу, 2.02.1948 гъ.
  •  
  •  КЪЫТЕХЬЭ БГЫПЭМ
  •  
  • Ешауэ дыгъэ-мафIэ шэрхъым
  • Къурш тажхэр пшэплъкIэ щихуапэу,
  • Шхупс щIыIэу гуащIэу ахъшэ нэщхъым
  • КъуэкIыпIэр жыжьэу хуэпшапэу,
  •  
  • КъыдэкI Шэрэдж и бгыпэм, дахэ,
  • Жэнэт и теплъэр уэ нэгу щIэкI
  • Пхуэхъунщ: а бжьэпэм темытахэм
  • «УмыкIуэ» жаIэми, къыдэкI.
  •  
  • Плъагъунщ: ди ныджэм щынэ гуартэм
  • Бухъар пыIэгъуэр натIэ тес
  • ХуищIауэ: тесуэ къунан уардэм,
  • Шэрэджуэ гъащIэм и щIэр зэрес.
  •  
  • ПсыщIагъ щIэлъ мывэм къищI
  • толъкъунуэ,
  • Зэпыу имыIэу зэрыщыт:
  • Хэхъуэным, пIалъэм хурикъунуэ
  • Ди гъащIэр мыхъумэ, щыIэр сыт?
  •  
  • По натIэр зи бгъэу IэмыщIэбгхэм
  • Нарт лIыгъэр ныджэм щыхагъэпщ,
  • ПщIэгъуалэ Iэлхэу щIыфэ жэпхэм
  • ЩауэфI и уанэм зыхуагъэпс.
  •  
  • Къыхэплъуэ пшэплъым Бещтоужьым
  • «НэхулъэфI фыкъикI!» —
  • жиIэфуэ щытщ,
  • Я сокур щIихуэу и акъужьым,
  • Шагъдийхэр щыщхэу фэхум итщ.
  •  
  • Гува чыракIуэ махъшэ сыджхэу
  • Чэзу къухьэпIэм зыхуащIащ,
  • Кавказ къыр дзэхухэм, пшэм епыджхэу,
  • ПIэ хуэплъэ пщащэу затIэщIащ.
  •  
  • Яжьафэ къырхэм пшэплъ сырымэр,
  • Ужьыхмэ дыгъэр, тегъуэлъхьэнщ…
  • КъыдэкI! Дахагъэм и махъсымэр
  • Чэф IэфIуэ, жануэ щхьэм къихьэнщ.
  •  
  • Къэхъугъэр пащхьэм алэрыбгъууэ
  • Фэ куэдкIэ лыдуэ къигъуэлъхьэнщ,
  • ДаущкIэ псыхъуэм зыщиубгъууэ
  • Дунейм пщыхьэщхьэр къытехьэнщ.
  •  
  • Плъагъунщ а псори, щIэ уэрэдуэ,
  • И макъыр гъащIэм зэхэпхынщ,
  • Дияуэ си нэр, гъэпщкIуа плъыруэ,
  • Абы уеплъыху, уэ сыноплъынщ.
  • 13.07.1948 гъ.
  •  
  • НЭПС
  •  
  • Узикуэд, е узимащIэ —
  • СщIэну сыхуэмей,
  • Ауэ уэ мы зыр зэгъащIэ:
  • Быдэу нэм щыжей.
  •  
  • Сэ сыхуейкъым уискIутыну,
  • МащIэ сигу къеуэху,
  • Хуит сыкъэщI сэ сыпхуитыну,
  • ГъащIэр гъуэгукIэ кIуэху.
  •  
  • Сэ сыхуейкъым сигу къежэхукIэ
  • УискIутынуэ, щIэ!
  • Зэщ си гъащIэр къэзгъэщIэхукIэ
  • Ар щосщIэнур. ПщIэ
  •  
  • Уэ пхуэзмыщIу щытыгъамэ,
  • Нэгур уэзгъэсынт.
  • Уэ, си нэпс, умышыугъамэ,
  • IэфI гум лъызгъэсынт!
  •  
  • ЗэрегуакIуэу хэти, щыгъуэм,
  • И нэпс куэд щIреж,
  • Гу къыслъитэмэ си мыгъуэм,
  • ЗыкъикIут абдеж!
  • 1956 гъ.
  •  
  • СИ КЪУЭ
  •  
  • СытекIыжынкIэ хъунщ дунейм —
  • Къыпхузогъанэ гъащIэ пкъор,
  • Ди пщIантIэр, гъатхэр, ущыжейм
  • ПщIыхьэпIэу плъэгъуа псор.
  •  
  • Къыпхуэзгъэнэнщ гухэлъ сиIар,
  • Сэ слъэмыкIахэр бгъэзэщIэнщ.
  • Гущащхьэм уэрэд щыбжесIахэр
  • Си лъэпкъым ягурыбгъэIуэнщ.
  •  
  • УкIытэм лIыгъэр тегъэкIуэф —
  • Уи фIыцIэ ириIуэнущ бэм.
  • Къэхъунщ ущылъэпэрэпэн —
  • Уи напэр хужьу тэджыжыф.
  •  
  • МыщIау къыумыгъанэ уэ пхуэщIэн,
  • Уи лъахэм хуэпэжыф.
  • Мытыншми гъащIэр, лIэхукIэ ехь
  • Псэун къудейм хуалъхуам;
  •  
  • ТетыхукIэ уи лъэр гугъу ирехь,
  • Емыщхьу ари цIыху пхыхуам.
  • СытекIыжынкIэ хъунщ дунейм,
  • Гъуэгу сокIу, си куэдщ ныбжьэгъу;
  •  
  • Щызопхэ и жьэр си нэхейм,
  • ПхуэсщIынкъым ар гъуэгуэгъу.
  • Дахащэщ дыгъэр, къыттопсыхь,
  • Насып гъатхафIэм ухалъхуащ.
  •  
  • Гъуэгуанэ гугъу къыпумыкIухь,
  • Уэ адыгэлIым укъилъхуащ.
  • Ди Iуащхьэмахуэ фIыуэ лъагъу,
  • Пэрытхэм япэ уэ ищыф.
  •  
  • Бэм уэ фIы пщIэфым куэд къыщIегъу,
  • Сыт щыгъуи ар зэхэщIыкIыф.
  • ЖегъыIэ Родинэм урикъуэу.
  • Ар си адагъэу бэм язот.
  •  
  • Аращи, си къуэ, бжьэ соIэт!
  • 1957 гъ.