ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамым и нур

2020-10-31

  • Уаз
  • Фадэр хьэрэмщ
  • Хьэрэмышхуэхэм ящыщу нобэ зи гугъу тщIынур фадэращ. Ислъам диным игъэхьэрэмащ фадэр. Куэдми мащIэми емылъытауэ, фадэр хьэрэмщ.
  • Фадэр зэуэ игъэхьэрэмакъым. Ар тIэкIу-тIэкIуурэ хьэрэм тщищIауэ аращ. Абы теухуауэ зыбжанэрэ къехащ Iэят лъапIэхэр.

  • Фадэм теухуа япэ Iэяту КъурIэным къыщыкIуар: «Уа, фIэщхъуныгъэ зиIэхэ! Нэмэзым фытемыувэ фычэфу, фи акъылым фыкъихьэжыхукIэ».
  • Дызэрыщыгъуазэщи, фадэр хьэрэм щищIыпар хьиджрэм и еплIанэ илъэсыращ. Абы и пэ къихуэу муслъымэнхэм яхэтащ шагъыр ефи Алыхьым игъэхьэрэма узыIэпызышэ джэгукIэхэм джэгухэри.
  • Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэр Мадинэм Iэпхъуа нэужь цIыхухэр нэхъ щIэупщIэ хъуащ фадэм ехьэлIауэ ислъам диным къигъэув мардэхэм. Мис абы щыгъуэм Алыхьым и пащхьэ къикIащ фадэм теухуа етIуанэ Iэятыр: «Уэ (ЛIыкIуэ лъапIэращ зи гугъу ищIыр) къоупщIхэр шагъырымрэ узыIэпызышэ джэгукIэмрэ ятеухуауэ. ЯжеIэ абыхэм: «Абы хэлъщ хьэрэм куэд, ауэ щыхъукIи, сэбэпынагъ гуэри хэлъщ. Ауэ хьэрэму хэлъыр нэхъыбэщ сэбэпынагъым нэхърэ». Мы Iэятыр къеха нэужь языныкъуэ муслъымэнхэм шагъырыр IэщIыб ящIащ, адрейхэм ефэн щагъэтакъым.
  • Зы махуэ гуэрым нэмэз ищIыну теува лIы чэфым КъурIэн Iэятхэр зэхигъэзэрыхьри, къыжьэдэкI псалъэхэм мыхьэнэ ямыIэж хъуат.
  • Мис абы иужькIэ ещанэ Iэятыр къехащ: «Уа, фIэщхъуныгъэ зиIэхэ! Нэмэзым гъунэгъу зыхуэвмыщI, къэфпсэлъым и мыхьэнэр къывгурыIуэжыхукIэ».
  • Мы Iэятым иужькIи, языныкъуэ муслъымэнхэм щагъэтакъым шагъыр ефэныр. Ауэ итIанэ КъурIэн лъапIэм аргуэру къыщыкIуащ фадэр хьэрэм зэрытщищIыпа Iэятыр: «Уа, фIэщхъуныгъэ зиIэхэ! Фадэр (акъылыр зыгъэутхъуэ псори хеубыдэ), узыIэпызышэ джэгукIэхэр, тхьэнэпцIхэр, хьэпэщыпхэр шейтIаным къыбгъэдэкI Iуэхугъуэ икIэщ, защыфхъумэ абыхэм. Шэч хэлъкъым а IуэхугъуэхэмкIэ шейтIаным Алыхьым пэжыжьэ фызэрищIым. ПэIэщIэ зыфщI а Iуэхугъуэхэм».
  • Мис мы IэятымкIэщ фадэр хьэрэм дыдэ зэрытщищIар. ДымыгъэзащIэмэ, къытхуэмыгъуну Алыхьым къыттрилъ-хьа фарзитхум ящыщщ нэмэзыр. Фадэ ефам нэмэз ищI хъунукъым. Аращи, фадэр — хьэрэмщ.
  • Акъылыр зыгъэутхъуэ псоми Алыхьым и гъуэгум утраш, Алыхьым и гъуэгум утезыш псори хьэрэмщ.
  • Медицинэм спиртыр къимыгъэсэбэпынкIэ Iэмал иIэкъыми, ар хьэрэму щыткъым.
  • Мэжджыт цIэрыIуэхэр
  • Иерусалим дэт «Къубэт Ас-Сэхьрэ» мэжджытышхуэр дуней псом щынэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарыр лIа нэужь, илъэс 50 дэкIри, яухуауэ щытащ ар.
  • Зи гугъу тщIы мэжджытыр дунейпсо щIэин хъугъуэфIыгъуэм хагъэхьащ. Апхуэдиз зи ныбжь мэжджытыр, дауи, куэдым къелащ, ар зыкъомри къагъэщIэрэщIэжащ. Тхьэм и уардэунэр нобэр къыздэсым мэлажьэ.
  •  
  • Сыт хуэдэ ныбжьым итми
  • Зи ныбжь хэкIуэта лIыжьыр дин щIэныгъэлI Хьэсэн Аль Бэсри и деж къэкIуащ. Абы жиIащ Алыхьым и гъуэгум тету зэрымыпсэуар, блэкIа и гъащIэм хуабжьу зэрыхущIегъуэжар икIи дин щIэныгъэлIым лъэIукIэ зыхуигъэзащ Алыхьыр арэзы зыщIын гъуэгу пэжыр наIуэ къыхуищIыну.
  • ЩIэныгъэлIым абы жэуап иритащ: «ТIэкIу укъыкIэрымыхуауэ пIэрэ?» (иджыри къэс пщIар сыт жыхуиIэ щIыкIэу). ЛIыжьым жиIащ: «Тобэр къабыл щымыхъуж махуэр къэсакъым иджыри, дыгъэр къухьэпIэмкIэ къыщыщIэкIакъым. Сэ си гугъащ Алыхьым и гъуэгум сытехьэнымкIэ щIэгъэкъуэн укъысхуэхъуну, ауэ сыщыуауэ къыщIэкIынщ, къысхуэгъэгъу».
  • АрщхьэкIэ дин щIэныгъэлIым щIэх дыдэу къыгурыIуэжащ и щыуагъэр икIи жиIащ: «Зэ, къызэтеувыIэ! Уэракъым щыуар, сэращ. Дыгъэр къухьэпIэмкIэ къыщыщIэкIыху тобэ къэпхьыж хъунущ. Дызэгъусэу къэдгъэхьыж тобэ. Алыхьыр къызэрыбдэIэпыкъунумкIэ фIэщхъуныгъэ мыухыж узэриIэм и хьэтыркIэ сэри къысхуигъэгъункIэ хъунущ си щыуагъэр».
  • Мы хъыбарым куэдым дыкъыхуреджэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ куэдрэ урохьэлIэ: «Дыгъуасэ зэрыщытар имыщIэжу, нобэ нэмэз ещI, КъурIэн йоджэ», — жаIэу. Апхуэдэу жыпIэ хъунукъым. ЦIыхур зэрыщыуар къыгурыIуэжрэ гурэ псэкIэ тобэ къихьыжмэ, абы и блэкIам дэ дытепсэлъыхьыну апхуэдэ хуитыныгъэ Тхьэм къыдитакъым. Зыми тщIэркъым абы и Iиманыр зыхуэдизыр. Абы щыгъуазэр Алыхь закъуэращ. ЦIыхум тобэ къихьыжыну зэи кIасэкъым.
  • Шейхъ Хьэббас  Гъуми и  нэмысыфIагъыр
  • Шейхъым бгъэдэлъ дин щIэныгъэм хигъахъуэу къалэм къэкIуэжа нэужь, тхылъ телъыджэ къыдигъэкIат ислъам диным теухуауэ. Ауэ, ар апхуэдизкIэ нэмысыфIэти, тхылъыр езым и къалэмыпэ къызэрыщIэкIар зыщIыпIэ дежи къыщыхигъэщакъым.
  • Тхылъ купщIафIэр зэуэ цIэрыIуэ хъуат. А къалэм щыщ дин щIэныгъэлI цIэрыIуэр махуэ къэс мэжджытым къащыхуеджэрт тхылъым щыщ Iыхьэ. Шейхъ Хьэббас и адэри махуэ къэс а мэжджытым кIуэрти гупсэхуу щIэдэIурт и щIалэм и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъым.
  • Зы махуэ гуэрым ар унэм къэкIуэжри, и къуэм жриIащ: «Си щIалэ, сэ сыхуейт лъагапIэм тету тхылъ цIэрыIуэм къытхуеджэ шейхъым хуэдэу уэри лъагапIэм утету тхылъ купщIафэхэм цIыхубэм уакъыхуеджэну. Си щхьэр лъагэу слъагъужынт, «тхылъым къеджэр си щIалэщ» жысIэнти.
  • Адэр щыгъуазэтэкъым тхылъыр и щIалэм и къалэмыпэм къызэрыщIэкIам. Ауэ и нэмысыфIагъым къыхэкIкIэ, шейхъ Хьэббас и адэм къригъэщIакъым тхылъыр езым зэритхар.
  • УпщIэхэмрэ   жэуапхэмрэ
  1. Ислъам диным тIууэ зэхедз гуэныхьхэр: гуэныхьышхуэхэмрэ гуэныхь цIыкIухэмрэ. Гуэныхьышхуэхэм ящыщу япэ дыдэу къакIуэр сыт хуэдэра?
  • Гуэныхьышхуэхэр блыщI мэхъу. Абыхэм ящыщу япэ дыдэр тIууэ егуэш: япэр — тхьэнэпцIхэм яхуэпщылIынырщ. ЕтIуанэр — фэрыщIынырщ.
  1. Iыхьлыр убгынэныр ислъам диным игъэхьэрэмащ. АтIэ, а Iыхьлым лей зэрихьауэ щытмэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, къокъуэншэкIамэ, абы хуэдэхэри убгынэ хъунукъэ?
  • Хъунукъым. Абы теухуауэ Алыхьым и псалъэу КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ мы Iэятыр: «Сэращ Iыхьлыр къэзыгъэщIар. Iыхьлыр зыбгынэр Сэри сыбгынэнущ».
  • Хьэдис куэди щыIэщ абы теухуауэ. Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «Алыхьымрэ Къемэт махуэмрэ зи фIэщ хъухэм я хьэщIэхэм пщIэ хуащIынущ; я Iыхьлыхэр ябгынэнукъым; фIым тепсэлъыхьынущ е зыри жиIэххэнукъым».
  1. ДымыгъэзащIэмэ къытхуэмыгъуну Алыхьым фарзитху къыттрилъхьащ. Абыхэм ящыщщ хьэж щIыныр. Ауэ хьэжыр зытехуэр мылъку зиIэхэращ. Дапхуэдиз а мылъкур зэрыхъун хуейр?
  • ХьэжыщI кIуэ цIыхур къекIуэлIэжыху и унагъуэр зрикъун (я шхынкIи, я щыгъынкIи) мылъку иIэн хуейщ. КъищынэмыщIауэ, езыр Мэккэмрэ Мэдинэмрэ щыIэхукIэ зрикъун ахъши иIэн хуейщ. Унагъуэм яшхын е щатIэгъэн ямыIэу, хьэж пщIыну къыптехуэркъым.
  1. Iулъхьэ тыным, Iыхыным сыт хуэдэ еплъыкIэ хуиIэр ислъам диным?
  • Iулъхьэ птынри къеIыпхынри зэхуэдэу хьэрэмщ. Абы теухуауэ КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ мы Iэятыр: «Хабзэр къызэпывудурэ зым и мылъкур адрейм зэвмылъэфалIэ. Iулъхьэр къэрал унафэщIхэм ефтурэ, хабзэр (законыр) фи лъэныкъуэ фымыщI, ар зэрыхьэрэмыр фщIэ пэтми».
  • Iулъхьэ зытми къеIызыхми зэхуэдэу гуэныхь къахь. Псом хуэмыдэу ар хуэгъэзащ судыщIэхэм. Ауэ хьэрэму къилъытэркъым Iуэхутхьэбзэ къыпхуэзыщIа цIыхум узэрыхуэарэзым къыхэкIкIэ уи гум къыбгъэдэкIыу хуэпщI тыгъэхэр.
  1. Куэдрэ урохьэлIэ «лIам и псэр къезджэри сепсэлъащ» жаIэу (Iэзэхэращ зи гугъу тщIыр). Дауэ апхуэдэхэм я Iуэху зэрыщытыр?
  • Ар хьэрэм къудейуэ къэнэжкъым, атIэ икIи дыхьэшхэнщ. Япэрауэ, Iэзэныр хьэрэмышхуэхэм ящыщ зыщ. ЕтIуанэрауэ, лIам и псэр Алыхьым и IэмыщIэм зэрилъыр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ мы Iэятыр: «ЛIахэмрэ жейхэмрэ я псэхэр Алыхьым къещтэ. ЛIахэм я псэхэр Езым и деж къегъанэ. Жейхэм я псэхэр Iэпкълъэпкъым хегъэхьэж. Ар Ди нэщэнэхэм ящыщ зыщ акъыл зиIэхэм я дежкIэ» («аз-Зумэр» сурэм и 42-нэ Iэятыр).
  • КъурIэным къызэрыщыкIуащи, лIам и псэр зэрыхэкIым хуэдабзэу, жейхэми я псэр пIалъэкIэ хокI. ЛIахэм я псэхэр Алыхьым ехъумэ, жейхэм я псэхэр Iэпкълъэпкъым иретыж. Алыхьым Езым и деж къигъэна псэхэм (лIахэращ зи гугъу тщIыр) хъумакIуэ лъэщхэр яритащ, псэхэр яхъумэну. Псэхэр хъумэным Алыхьым къыхуигъэщIа хъумакIуэ лъэщ дыдэхэм сыту яIэщIэкIрэт псэхэр?! Аращи, апхуэдэ делагъэхэр фи фIэщ фымыщI! Ар пцIыщ!
  • Псы   ткIуэпсым  и  уасэкъым
  • Хъалиф Хьэрун Ар-Рашид и тетыгъуэм абы и деж къэкIуащ ибн Сэммак лIы Iущыр. Ар хъалифым еупщIащ: «Iейуэ псы пхуэлIауэ, «уи мылъкум и зэхуэдитIыр къыдэптмэ, псы ткIуэпс уэттынщ» къыбжаIатэмэ, къэпхъуэжынт уи мылъкум и зэхуэдитIыр зы псы ткIуэпскIэ?». «Къысхуэхъуэжынут», — жэуап итащ хъалифым. Аргуэру ибн Сэммак щIэупщIащ: «АтIэ, а псы ткIуэпсыр Iэпкълъэпкъым къыхэмыкIыжу, хьэзабыр птригъэлъмэ, «уи мылъкум и адрей зэхуэдитIыр къыдэптмэ, псыр уи Iэпкълъэпкъым къыхэдгъэкIыжынщ», жаIатэмэ, ептыфынут мылъкуу къыпхуэна псори?». «Схуэтыфынут», — жэуап итащ хъалифым.
  • «АтIэ, апхуэдизу утегужьеикIауэ зэхуэпхьэса мылъкур псы ткIуэпс закъуэ и уасэкъым», — лIы Iущым щыжиIэм, хъалифыр къыщиудри гъа мыхъумэ, жэуап къыпидзыжын игъуэтакъым.
  • Юнус бегъымбарыръ
  • ЛIыкIуэхэм я гъащIэр
  • IисраIил и быным яхэтащ Алыхьым и арэзыщIыныгъэм телажьэ, МуткIэ зэджэ цIыху псэ къабзэр. Абы щIэблэ къыщIэхъуатэкъым, ауэ Iейуэ щIэхъуэпсырт. И ныбжьыр хэкIуэтами, Тхьэм елъэIурт ар бынкIэ къыхуэупсэну. ЛъэIур къабыл щищIынур Езы Алыхьым нэхъыфIу ищIэртэкъэ? ЛIыжьым щIалэ псэ къабзэ цIыкIу къритащ. Адэм и къуэм Юнус фIищащ.
  • И къекIуэкIыкIар
  • IисраIил и быным цIыху 500 яхэтт дуней гъащIэ нэпцIым димыхьэхыу, Алыхьым и арэзыщIыныгъэм телажьэу. Абыхэм щыгъыну ящыгъыр цым къыхэщIыкIат, яшхри хьэм къыхэщIыкIа щIакхъуэт.
  • А зэманым щыIащ Зэкэрие лIыкIуэ лъапIэр. А лIыкIуэ лъапIэм Алыхьым Iэмыр къыхуищIащ а Iиман къэзыхьа цIыху 500-м ящыщу нэхъ Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъ цIыхуи 100 къахихыну. А унафэр лIыкIуэм игъэзэщIа нэужь, аргуэру Iэмыр къыщищIащ а цIыхуи 100-м ящыщу нэхъыфI 50-р къыхишыну. Ари игъэзэщIащ Зэкэрие. ИужькIэ, абыхэм цIыху 20 нэхъыфIу къыхишащ, итIанэ а 20-м щыщу нэхъыфI дыдэу зы къахишыну Тхьэм Iэмыр щищIым, Зэкэрие къахихар псом нэхърэ нэхъ Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъ Юнусщ. Алыхьым и лIыкIуэ Зэкэрие щыгъуазэ ищIащ Юнус лIыкIуэ зэрищIынумкIэ. А хъыбар телъыджэмкIэ Юнус ягъэгуфIащ, Алыхьым щхьэщэ хуищIащ.
  • Зы махуэ гуэрым Юнус ДжэбрэIил мелыIыч лъапIэр къыхуэкIуэри, къыжриIащ Ниневие къалэм кIуэуэ цIыхубэр Алыхьым и закъуэныгъэм къыхуриджэн зэрыхуейр. А зэманым а къалэм щыпсэурт мывэм хуэпщылI пщы щхьэрыуар.
  • Алыхь Iэмырыр игъэзэщIэн мурадкIэ, Юнус и щхьэгъусэмрэ и сабийхэмрэ гъусэ ищIри, гъуэгуанэ техьащ. Ниневие къалэм щынэсам, бгъуэнщIагъ гуэрым деж щетIысэхахэщ. ЛIыкIуэм и щхьэгъусэм жриIащ: «Сэ Алыхьым и Iэмырыр згъэзэщIэну сокIуэ, махуэ плIыщIым и кIуэцIкIэ къэзмыгъэзэжмэ, саукIауэ аращ».
  • Юнус лъагэу бгыщхьэм дэкIуейри, къэджащ: «Ла Iилахьэ Iиллэлахь, Юнус рэсулуллахь». Ар зэхэзыха гупыр зэуэ къызэхуэсащ. Абыхэм зэхаха къыхуеджэныгъэр ягу ирихьатэкъым, сыту жыпIэмэ, ахэр псори зыхуэпщылIыр мывэхэрат, я пщым и щапхъэм тетхэт. Апхуэдэу щыхъум, лIыкIуэр яукIыну мурад ящIащ. МывэкIэ къеуэурэ, удыныр хуэмышэчу Юнус къэмэхащ. Ар яукIа ягугъэри, цIыхухэр зэбгрыкIыжащ. Алыхь IэмыркIэ зи дамэхэр псыфу лIыкIуэм къыщхьэщылъэта къуалэбзум Юнус псы къытрикIэурэ зыкъригъэщIэжащ. АдэкIэ лIыкIуэм и къыхуеджэныгъэм пищащ.
  • Тутнакъэщым зэрисар
  • Жьыбгъэм зэбгриха абы и макъыр пщым и деж нэсащ. Iуэхур зыIутыр пщым къыщыгурыIуэм унафэ ищIащ Юнус ягъэтIысыну. БлыгущIэтхэм пщым и унафэр ягъэзащIэри, Юнус тутнакъэщым ирадзащ. Хьэпсыр кIыфIт, нэм щIэIэбэр умылъагъу жыхуаIэм хуэдэу. Хьэпсыр Юнус Алыхь IэмыркIэ хуэхъуат жэнэт тIысыпIэм хуэдэ. МелыIычхэм ягъашхэрт Тхьэм и лIыкIуэр, хьэпсми уэздыгъэхэр хуфIадзат.
  • Махуэ плIыщI дэкIа нэужь, пщым лIыкIуэр иукIын мурад ищIри, и блыгущIэтым унафэ хуищIащ ар хьэпсым къришу, пщым и пащхьэм къригъэувэну. БлыгущIэтыр Юнус и деж щыкIуам, и нэхэмкIэ илъэгъуар и фIэщ хуэгъэхъуртэкъым. «Мы телъыджэ слъагъур сыт, Юнус, дэнэ мы псори къыздипхар?» — еупщIащ ар лIыкIуэм. «Алыхь закъуэм къысхуигъэфэщащ», — жэуап итащ лIыкIуэм. Мывэм хуэпщылIу щыта пщым и блыгущIэтым Iиман щыпкъэ къихьащ Алыхьым и закъуэныгъэмкIэ, Юнус зэрылIыкIуэмкIэ. Iуэхур зыIутыр пщым щыжриIэжым, ар нэхъри губжьащ, ауэ щыхъукIи, Юнус иукIакъым, атIэ къалэр ибгынэну унафэ хуищIащ.
  • ЕтIуанэу къалэм зэригъэзэжар
  • ЛIыкIуэр бгъуэнщIагъым къыщигъэна и унагъуэм яхыхьэжа нэужь, аргуэру Алыхьым Iэмыр къыхуищIащ етIуанэу Ниневие къалэм игъэзэжу махуэ плIыщIкIэ Алыхьым и закъуэныгъэм цIыхубэр къыхуриджэну, Iиман къэзымыхьхэм къапэщылъ хьэзабми щыгъуазэ ищIащ: джаурхэм я нэкIухэмрэ я Iэпкълъэпкъхэмрэ япэ махуэм гъуэжьыбзэ, еплIанэ махуэм плъыжь, ебланэ махуэм фIыцIэ хъунут, епщIанэ махуэм хьэзабыр къатрилъхьэнут.
  • Махуэ плIыщIрэ жэщ плIыщIкIэ лIыкIуэм цIыхубэр Алыхьым и закъуэныгъэм къыхуриджами, Iиман къахьыртэкъым. Апхуэдэу щыхъум, Алыхьым и лIыкIуэм Iэмыр хуищIащ и унагъуэр зыщIигъуу къалэр ибгынэну.
  • Пщым Iиман щыпкъэ къызэрихьар
  • ЛIыкIуэм зэрыжиIам тету, Iиманыншэхэм я щIыфэр япэ махуэм гъуэжь щыхъум, ахэр пщым и деж тхьэусыхакIуэ кIуахэщ. Пщыр щтэIэщтаблэу, ищIэнур имыщIэу щыхъум, яжриIащ, я мывэ тхьэхэм елъэIуну. АрщхьэкIэ, абыхэм сыт къыпхуащIэнт?!.. Мыхьэнэ къыщимыкIым, пщым унафэ ищIри, тхьэнэпцIхэр зэхакъутащ. ЕплIанэ махуэр къэсри, цIыхубэм я щIыфэхэр плъыжь щыхъум, ахэр пщым аргуэру хуэтхьэусыхащ. ИтIанэ пщым къыгурыIуащ лIыкIуэм къызыхуриджам фIэкIыпIэ зэримыIэр. Апхуэдэу щыхъум, пщым жиIащ: «Юнус къэвгъуэт, дэ абы и жыIэр дгъэзэщIэн хуейщ». АрщхьэкIэ, къалэр зыбгына Юнус абыхэм ягъуэтакъым. ИужькIэ, Юнус хьэпсым щисам и Iуэху зыIутыр зылъагъуу Iиман къэзыхьам жиIащ: «Сэ Юнус жиIэу зэхэсхащ Алыхьым фIэкIа нэгъуэщI Тхьэ зэрыщымыIэр. Юнус тфIэкIуэдами, Алыхьыр щыIэщ, щхьэщэ хуэдвгъэщI абы». Юнус и нэр къызэрыхуикIам тету, пщыр я пашэу гупым псоми Iиман щыпкъэ къахьат. Ауэ, ЛIыкIуэр абы щыгъуазэтэкъым.
  • Алыхьым имыщIэ щэху щыIэкъым, абыхэм я Iиманыр зэрыщыпкъэм къыхэкIкIэ, я лъэIур Тхьэм къабыл ищIри, муслъымэнхэм яхибжащ, гузэвэгъуэ псори ящхьэщихащ. Абыхэм я хъуэпсапIэр зыт: Юнус къагъуэтыжу, Iиман щыпкъэ къызэрахьамкIэ я гуфIэгъуэр лIыкIуэм дагуэшыну арат.
  • ШейтIаным къызэригъэпцIар
  • Алыхьым и бий шейтIаным и гум щIыхьат цIыхубэм Iиман къызэрахьар.
  • Зэгуэрым ар цIыху сэфэтым иту Юнус хуэзащ. ЛIыкIуэр абы еупщIащ: «Дэнэ укъикIа?» «Ниневие къалэм сыкъикIащ», — жэуап итащ шейтIаным. Къалэм щыпсэухэм я Iуэхур зыIутым лIыкIуэр щыщIэупщIэм, шейтIаныр зыхуеиххэр арати, жэуап итащ: «Юнус жыхуиIа гузэвэгъуэм щыщ зыри ялъэгъуакъым къалэдэсхэм, Iиман къэзыхьа зыри яхэтыххэкъым, къищынэмыщIауэ, Юнус яукIыну къалъыхъуэ абыхэм». Хуабжьу и гум щIыхьащ лIыкIуэм а псалъэхэр.
  • Алыхьым зэригъэунэхуар
  • ШейтIаным жиIар зи фIэщ хъуа Юнус Алыхьым Iэмыр къыхуищIын и пэ къихуэу, и унагъуэр зэщIикъуэри, щIыпIэр ибгынащ. Апхуэдэу щыхъум, Алыхьым и пщылIым зыкъригъэщIэжын мурадкIэ, IэнатIэ мытынш Iуигъэуващ.
  • Тигр псыежэхым техьэ кхъухьым итIысхьащ ахэр. Алыхь Iэмырти, кхъухьыр щызэридзэм, и щхьэгъусэр къихури, псым ихьащ. И щIалитIымрэ езымрэ псы Iуфэм есылIа нэужь, къыкIэлъыкIуэ кхъухьым махуэ зыбжанэкIэ пэплъахэщ.
  • И щхьэгъусэр зэрыфIэкIуэдар гущIыхьэ щыхъуат лIыкIуэм. ЕтIуанэ кхъухьыр къэсауэ щитIысхьэм, лъагэу зыкъэзыIэта толъкъуным лIыкIуэм и зы щIалэр ирихьэжьащ. Юнус толъкъуным щыкIэлъыщIэпхъуэм, псы Iуфэм къыIуина адрей и сабийр дыгъужьым ихьащ. КъищынэмыщIауэ, лIыкIуэм и жыпым илъа ахъшэ тIэкIури псым ирихат. Лъэныкъуэ псомкIи гукъутэгъуэт лIыкIуэм и Iуэхур. Мис абы щыгъуэм къыгурыIуащ лIыкIуэм щыуагъэ гуэр зэрилэжьар (Алыхьым унафэ къыхуимыщI щIыкIэ щIыпIэр зэрибгынарат).
  • Джейм и кIуэцIым къызэрыщыхутар
  • Зи гур гуауэм ириха лIыкIуэр кхъухьым щыщхьэукъуащ. Гъуэгуанэм и зэхуэдитIыр хагъэщIауэ, кхъухьыр къэувыIащ адэкIи-мыдэкIи мыкIуэжыфу. Ауэ щыхъукIи, кхъухьым дагъуэ лъэпкъи иIэтэкъым. А зэманым Алыхь IэмыркIэ Iуэхур мыпхуэдэу къекIуэкIырт: щхьэусыгъуэншэу кхъухьыр къэувыIэмэ, Алыхьым и жыIэм темыт гуэр абы ису арат. Апхуэдэхэм деж кхъухьым ису хъуам я цIэхэр тхылъымпIэм тратхэрти, псым хадзэрт. Алыхьым и жыIэм темытым и цIэр зытет тхылъымпIэр псым щIилъафэрт, адрейхэр къанэрти. А цIыхур псым хадзэрти, кхъухьыр ежьэжырт.
  • «Алыхьым и гъуэгум текIа ис мы кхъухьым?» — жаIэу щыщIэупщIэхэм, Юнус жиIащ: «Исщ, сэращ ар». Хабзэ ягъэувам тету Iуэхур щрагъэкIуэкIым, псым щIилъэфар, дауи, Юнус и цIэр зытет тхылъымпIэращ.
  • Юнус псым зыхидзэжыну иужь щихьэм, толъкъуным зыкъиIэтащ, кIуапIэ лъэпкъ иримыту. Адрей лъэныкъуэмкIэ щыкIуэм, толъкъуным нэхъ иныжу зыкъиIэтащ.
  • Алыхьым джейм Iэмыр хуищIащ кхъухьым есылIэу, псым зыхэзыдзэж и пщылIыр и кIуэцIым къыщигъэхутэну. Джейм а къалэныр игъэзэщIащ. Юнус джейм и кIуэцIым къыщымэхат. ЗыкъищIэжа нэужь, къызэфIэувэри, нэмэз рэкхьэтитI ищIащ. Алыхьым и унафэм тету джейм хибл зэпиупщIащ. Юнус зэхихырт джейм и кIуэцIым къиIуэ макъ телъыджэр. Ар зэрылIыкIуэм къыхэкIкIэ къыгурыIуат а макъ телъыджэр зищIысыр — ар псы щIагъым щыпсэу псэущхьэхэм «тэсбихьу» («субхьанэллахь) жаIэу арат.
  • И духьэ лъапIэр
  • ЛIыкIуэр джейм и кIуэцIым махуэ 40-кIэ щыIати, и жьэр мыувыIэу жиIащ мы духьэ лъапIэр: «Ла Iилахьэ Iилла Iэнтэ субхьанэкэ Iинни кунту минэ залимин»
  • МелыIычхэр Алыхьым еупщIащ щIымкIэ щэхуу къыщыIу макъ телъыджэр зищIысымкIэ. Алыхьым абыхэм жэуап яритащ ар джейм и кIуэцIым илъ и лIыкIуэ лъапIэм и лъэIур зэрыарамкIэ. МелыIыч псоми щхьэщэ ящIри, Алыхьым елъэIуащ лIыкIуэм гущIэгъу хуищIыну.
  • Зи щыуагъэр къызыгурыIуэжу, гурэ псэкIэ тобэ къэзыхьыжа Юнус и лъэIур къабыл ищIри, джейм хуищIа унафэм тету, ар Тигр псы Iуфэм деж къришэлIэжащ. ДжэбрэIил мелыIыч лъапIэр щытт псы Iуфэм деж. «Сэлам узох, лIыкIуэ лъапIэ, Алыхьым и сэламри къыпхуэсхьащ», — жиIащ мелыIычым. Юнус лIыкIуэ лъапIэм и гуфIэгъуэм щIэи гъуни иIэтэкъым. Псэууэ, узыншэу джейм и кIуэцIым къикIыжащ Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэр.
  • АдэкIэ Юнус и гъащIэм кърикIуамрэ и унагъуэр зэригъуэтыжамрэ къыкIэлъыкIуэну къыдэкIыгъуэм тетынущ, Тхьэм жиIэмэ.