Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Мэкъумэш хозяйствэмрэ мэкъумэшхэкIхэм елэжь промышленностым и лэжьакIуэхэмрэ я махуэм теухуа и хъуэхъу
2020-10-10
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
- Сынывохъуэхъу Мэкъумэш хозяйствэмрэ мэкъумэшхэкIхэм елэжь промышленностым и лэжьакIуэхэмрэ я махуэмкIэ.
- Фи IэщIагъэр ящыщщ ди жылагъуэм пщIэ нэхъыбэ зыщыхуащIхэм. Фэ уасэ зимыIэ хэлъхьэныгъэшхуэ хувощI Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм зегъэужьыным, республикэмрэ къэралымрэ я ерыскъыпхъэ шынагъуэншагъэр гъэбыдэным, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным. Иужьрей зэманым хэп- щIыкIыу хохъуэ ди мэкъумэш IэнатIэм зэрызиужь хуабжьагъым, абы хъеру къитымрэ езым хуэдэхэм япеуэнымкIэ бгъэдэлъ зэфIэкIымрэ. Дызэрыт илъэсми, щIыуэпс зэфIэмыхьэныгъэхэми, эпидемиологие щытыкIэр зэрыгугъуми емылъытауэ, IэнатIэм хузэфIэкIащ здынэса лъагапIэхэм зыщигъэбыдэн. А псор зи фIыгъэр фегугъуу фызэрылажьэрщ, фи IэщIагъэм фызэрыхуэIэзэрщ. Си гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ фхузощI фызэрылэжьакIуэфIым, къыхэфха IэщIагъэм фызэрыхуэпэжым, дыщалъхуа щIыналъэр фIыуэ зэрыфлъагъум папщIэ.
- Мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыныр къонэж гулъытэ нэхъыбэ дыдэ зыхуэщIыпхъэхэм ящыщу. Ди къалэн нэхъыщхьэри IэнатIэм и зэфIэкIыр нэсу къызыкъуихынымкIэ щIэгъэкъуэн дыхъунырщ. Абы папщIэ адэкIи зэрытхузэфIэкIкIэ дыхущIэкъунущ АПК-р техникэ, технологие я лъэныкъуэкIэ гъэлъэщыным, мэкъумэш-фермер IуэхущIапIэхэмрэ къуажэ кооперацэмрэ зегъэужьыным. Шэч хэмылъуи, къуажэм ущыпсэуныр нэхъ тынш, нэхъ удэзыхьэх щIыным яужь дитынущ.
- Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, насып, зэIузэпэщыгъэ фиIэну, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым ифI зыхэлъ Iуэхухэм ехъулIэныгъэщIэхэр щызыIэрывгъэхьэну.