ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Анзорей сымаджэщыр къызэIуахыж

2020-09-08

  • Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм пэщIэтыным хузэрагъэпэщауэ щыта сымаджэщхэр зэрызэхуащIыжым теухуа хъыбархэм дызэрыщыгуфIыкIрэ куэд щIатэкъым — зы мазэ хъуауэ арат.

  • COVID-19-р зэуэлIахэр гъэхъужыным къыхуамыгъэсэбэпыж хъуауэ щыта Анзорей сымаджэщыр а узыфэр зыпкърытхэр гъэхъужыным тегъэпсыхьауэ аргуэру къызэрызэIуахыжыр щыжаIащ республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм. И щхьэусыгъуэри сымаджэ хъухэм я бжыгъэм иужьрей махуэхэм къызэрыхэхъуарщ.
  • «ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм еIэзэ-ным хуэщIа сымаджэщу Анзорей къуажэм дэтым лэжьэн щIидзэжащ. ЦIыхур кислородкIэ зэрагъэбауэ Iэмэпсымэхэр зэшэлIа гъуэлъыпIи 142-рэ щIэтщ сымаджэщым», — щыжеIэ министерствэм къита хъыбарым.
  • Республикэм сымаджэхэм я бжыгъэм щIыщыхэхъуэжам и гугъу щащIкIэ, дохутырхэм къыхагъэщ гъэмахуэм цIыху куэд хамэ щIыналъэхэм зыгъэпсэхуакIуэ зэрыщыIар. Абы нэмыщI, республикэм къакIуэ туристхэми япкърыту къыздахьынкIэ хъуну узыфэр.
  • ЩыIэ щытыкIэр къэлъытауэ, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм цIыхухэр къыхуреджэ санитар-эпидемиологие хабзэхэр уэим ямыщIу абыхэм тетыну.
  •  Джатокъуэ  Марьянэ.