ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIэблэр  дыщэидэм, жьакIуагъэм  хуагъасэ

2020-08-25

  • Урысейпсо цIыхубэ фронтым (ОНФ) и «Равные возможности — детям» проектым хыхьэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и волонтёрхэм ныбжьыщIэхэмрэ гупыж зиIэ балигъхэмрэ хуагъасэ дыщэидэ, дыщэкI, IэпэIэсагъэм ехьэлIа пасэрей IэщIагъэ дахэхэм. ЩIэблэр а унэтIыныгъэхэм хэгъэгъуэзэным теухуа мастер-класс гъэщIэгъуэнхэр махуищкIэ ирагъэкIуэкIащ. Абы жыджэру хэтащ зи ныбжькIэ зэщхьэщыха пщащэхэр.

  • ЦIыхуиблым щыщIэдзауэ пщIым нэблагъэу къызэрагъэпэща ныбжьыщIэ гупхэм ядэлэжьащ КIэбышэ Алинэрэ Къущхьэ Iэсиятрэ. ПщIэншэу къызэрагъэпэща дерсхэм ятеухуа хъыбархэр интернетым щызэбграгъэкIащ, гукъыдэж зиIэ псори IэпэIэсагъэм хэзыгъэгъуазэ Iуэхугъуэхэм екIуэлIэну Iэмал яIэн папщIэ.
  • А зэхыхьэхэм я щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хъуар хъыджэбзхэм зэрызагъэдахэ цIугъэнэхэмрэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэмрэ езыр-езыру ящIыфу, дыщэидэ, уагъэ, хэдыкI IэпэIэсэ IэщIагъэхэр зрагъэщIэну зэрыщIэхъуэпсырщ. Бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIугъэнэ зэмылIэужьыгъуэхэр гъущIым къыхэIущIыкIыным ехьэлIа дэтхэнэ зы художественнэ дерсри сыхьэтищым щыщIэдзауэ тхум нэблагъэкIэ екIуэкIащ, дыщэидэм хухахахэми хуэдэу. А зэхуэсхэм пщащэхэм щIэ куэд къыщащIащ.
  • Иужьрей мастер-классхэр езыгъэкIуэкIар проектым и волонтёр Къущхьэ Iэсиятщ. Абы зэрыжиIамкIэ, щIыналъэм ис щIалэгъуалэр лъэпкъхэм къадекIуэкI дыщэидэ IэщIагъэм куэд щIауэ дахьэх икIи а IэпэIэсагъэм республикэм исхэр хэгъэгъуэзэныр, абы зыщрагъэужьыныр щхьэпэу къалъытэ. Аращ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ мастер-классхэр иджыри къызэрагъэпэщыну щIаубзыхуар. Апхуэдэ дерсхэр зыфIэгъэщIэгъуэну екIуэлIа дэтхэнэми ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьащ. Псом хуэмыдэу ахэр къахуэсэбэпынущ а пасэрей IэщIагъэхэм хуеджэну зи мурадхэм.
  • КъищынэмыщIауэ, Урысейпсо цIыхубэ фронтым (ОНФ) и «Равные возможности — детям» проектым хыхьэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и волонтёр жыджэр-хэм жьакIуагъэмкIэ мастер-класс къыхузэрагъэпэщащ Налшык къалэм и гимназие №4-м и гъэмахуэ лагерым зыщызыгъэпсэху ныбжьыщIэхэм.
  • Зэхыхьэр ирагъэкIуэкIащ 2 — 8 классхэм щIэс еджакIуэхэм папщIэ. Абы къриубыдэу ныбжьыщIэхэр Iуэху зэIумыбз зэмылIэужьыгъуэхэм «хэхуащ» икIи дипломат Iэмалыр къагъэсэбэпурэ хэкIыпIэхэр къагъуэтащ. Апхуэдэт цIыху акъылыфIэхэм я жыIэгъуэхэр зэпкърыхыныр, театр теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэм щыджэгуныр, жьакIуагъэмкIэ и лъабжьэхэм зыхэгъэгъуэзэныр.
  • НыбжьыщIэхэм къыхузэIуахащ жьакIуагъэм и щэхухэр — цIыху гупым я пащхьэм умышынэу икIи зэхуэсахэр уи псалъэхэм дахьэхыу укъызэрыщыпсэлъэну Iэмалхэр. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэу 25-м ящыщ еджакIуэхэр зэкIуалIэ гимназием щынэхъыщхьэу къагъэлъэгъуар ныбжьыщIэхэм яку ныбжьэгъугъэрэ зэгурыIуэрэ дэлъу къызэдекIуэкIынырщ.
  • Дерсхэр езыгъэкIуэкIахэм къыхагъэщащ пэщIэдзэ, курыт классхэм екIуалIэхэм щIэныгъэр занщIэу «зыщIашэ» икIи жьакIуагъэм хуеджа ныбжьыщIэхэм класс нэхъыжьхэм ар IэщIагъэ ящIыну мурад ящIмэ, къахуэщхьэпэжынущ.
  • НыбжьыщIэхэм дерсхэр щIэщыгъуэ ящыхъуащ, псалъэухахэм я къэпсэлъыкIэр егъэфIэкIуэным, цIыхухэм я пащхьэм къыщыпсэлъэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр яфIэгъэщIэгъуэну ирагъэкIуэкIащ.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысейпсо цIыхубэ фронтым и «Равные возможности — детям» проектыр 2017 гъэм и гъатхэпэ мазэм къыхалъхьащ, гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэм екIуэлIэну дэтхэнэ зы сабийми Iэмал иIэн папщIэ. КъыжыIапхъэщ, ар гъэзэщIэным къэралым и щIыналъэ псоми иджыри зэрыщыпащэр икIи абы хыхьэу еджакIуэхэр республикэм и IуэхущIапIэхэм яшэну, творческэ мастер-классхэр, прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэм я зэIущIэхэр къыхузэрагъэпэщыну зэраубзыхуар.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.