Зыхуей хуэзэу екIуэкIащ
2020-07-03
- Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм теухуа IэIэтыр ди къэралым зыхуей хуэзэу щекIуэкIащ. Бадзэуэгъуэм и 1-м, бэрэжьейм, иухащ IэIэтыр. Ар махуиблкIэ екIуэкIащ. Иджырей IэIэтыр адрейхэм емыщхьу кIыхьу зэрекIуэкIам къыщымынэу, зэIухауи щытащ — абы кIэлъыплъащ цIыху мелуан ныкъуэм щIигъу. Къапщтэмэ, IэIэтыр хабзэм тету къызэгъэпэща хъуащ, ныкъусаныгъэ егъэлеяи къыхэкIакъым.
- ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэр протокол псоми хэплъэжа нэужь, хъыбар къитащ: Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ ди цIыхухэм я процент 77,92-р арэзыщ, процент 21,27-м мыарэзыурэ Iэ традзащ, псори зэхэту IэIэтым процент 65-рэ къекIуэлIащ.
- ЦIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэнт
- Къэралым ис цIыхухэр иджы нэхъ жыджэру хэтащ IэIэтым, 1993 гъэм екIуэкIа референдумым нэхърэ. Iэ щаIэт щIыпIэхэм псом нэхърэ нэхъыбэу екIуэлIар Шэшэн Республикэмрэ (92%), Тывамрэ (90%) я цIыхухэрщ. Урысейм и Курыхыр къапщтэмэ, Брянск областым и цIыхухэр нэхъ «хуэмыхуу» къыщIэкIащ, процент 86-ращ зи еплъыкIэр къэзыгъэлъэгъуар.
- «ЦIыхухэр куэду IэIэтым зэрекIуэлIар и фIыщIэщ ар махуэ зыбжанэкIэ зэрекIуэкIам, щхьэж и Iуэху щыхуэкIуэ дэкIащ», — жеIэ ЦИК-м и УнафэщI Памфиловэ Эллэ.
- Абы къыдэкIуэуи Iэ Iэтыным Iэмал зыбжанэ къыхуагупсысат: дызэса участкэхэм нэмыщI, цIыхухэм я унэхэм, пщIантIэхэм, хэгъэгуитIым (Москварэ Новгород Ищхъэрэ областымрэ) интернеткIэ Iэ щыпIэт хъурт. Апхуэдэ дыдэуи иджыпсту дызэрыт щытыкIэм теухуауэ шынагъуэншагъэр фIыуэ къызэгъэпэщат, дэтхэнэми уз зэрыцIалэм зэрызыщихъумэн хьэпшыпхэр иратырт икIи цIыху зэтрихьэ щыIэтэкъым. КъищынэмыщIауэ, цIыхухэм я еплъыкIэр къагъэлъэгъуэну, Урысейм и Хабзэ нэхъыщхьэхэм халъхьэжа зэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэдэр зрагъэщIэну зэман яIащ, абыкIэ сэбэп хъуащ унэм щыщIэса зэманыр.
- Памфиловэм зэрыжиIамкIэ, IэIэтыпIэхэр зэхуащIыжыху хабзэр къыщызэпауда къэхъуакъым, а махуэхэм къриубыдэу ЦИК-м зы хъыбарегъащIэ къыIэрыхьакъым, кIуэуэ Iуэхур зэхагъэкIыну лъаIуэу. Апхуэдэуи кIэлъыплъакIуэхэр къыщыщIагъэкIа, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм щыщ щыщIамыгъэхьа зэи къэхъуакъым. Бюллетенхэм, сейф-пакетхэм ятеухуауэ къаIэрыхьа Iуэху мыщхьэпэхэр зэхагъэкIащ, ауэ ахэр IэIэтым зыкIи зэран хуэхъуакъым.
- КIэлъыплъакIуэхэр арэзыщ
- ЦIыху мелуан ныкъуэм щIигъу кIэлъыплъакIуэу лэжьащ УФ-м и Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм теухуа IэIэтым и махуэ нэхъыщхьэм — бадзэуэгъуэм и 1-м. Ахэр я лIыкIуэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ политикэ парт 20-м нэсымрэ.
- Хабзэм къызэригъэувым тету, кIэлъыплъакIуэхэм я Iуэхур зэзыгъэзэхуар УФ-м и Жылагъуэ палатэрщ, хэгъэгухэм щыIэ апхуэдэ палатэхэрщ. КIэлъыплъакIуэхэр мэкъуауэгъуэм и 29 пщIондэ къыхахащ икIи жылагъуэ зэгухьэныгъэу 1600-мрэ парт 18-мрэ я лIыкIуэхэр къыхыхьащ.
- «Iуэхум хэтыну хуей кIэлъыплъакIуэхэр псори къыхэдгъэхьащ, я политикэ еплъыкIэм, оппозицэм щыщ-щымыщым, зэхъуэкIыныгъэхэм я телъхьэми ар ягу дэмыхьэми емылъытауэ», — жиIащ КIэлъыплъыныгъэмкIэ лэжьакIуэ гупым и Iэтащхьэ Григорьев Максим.
- Бадзэуэгъуэм и 1-м Iуэхур зэрекIуэкIыр зи нэIэ щIэт центрым кIэлъыплъакIуэхэм запищIэу, хабзэр къыщызэпауд щыIэмэ, хъыбар кърагъащIэу, ахэр занщIэу ятхрэ Iуэхур зэхагъэкIыу лэжьащ.
- Хэгъэгу 11-м IэIэтым щыкIэлъыплъащ УФ-м и Президентым деж Граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ щыIэ советым и лэжьакIуэ гуп. «Ди лIыкIуэхэр здэщыIа щIыналъэхэм IэIэтым зэран хуэхъун къемызэгъ гуэри яIэщIэкIауэ ятхакъым. Абыхэм я кIэлъыплъыныгъэм кърикIуам тепщIыхьмэ, цIыхухэр арэзыуэ псори екIуэкIащ», — жиIащ Граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ советым и Iэтащхьэ Фадеев Валерий. Иджыри а лэжьыгъэм теухуа доклад ягъэхьэзырынущи, абы щызэпкърахынущ зрихьэлIа ныкъусаныгъэ цIыкIуфэкIухэр.
- Апхуэдэуи ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу УФ-м щыIэ Москальковэ Татьянэ и лэжьэгъухэр и гъусэу здэщыIа щIыпIэхэм щилъэгъуар, IэIэтыр тэмэму зэрекIуэкIар, Iуэхум зэран хуэхъун ныкъусаныгъэ кIэлъыплъакIуэхэм къызэрыщIамыгъэщар жиIащ.
- Ди къэралым щыщ кIэлъыплъакIуэхэм нэмыщI, IэIэтым хэтащ хамэ къэрал къикIа политик, жылагъуэ лэжьакIуэ 50-м нэс. Абыхэм зыжьэу жаIащ Iуэхур зэрекIуэкIым арэзы къищIу къэмынэжу, IэIэтыр къызэгъэпэща зэрыхъуа щIыкIэм хуабжьу зэрыдихьэхар. Языныкъуэхэм къыхагъэщащ Урысейм и Iуэху зехьэкIэр езыхэми къагъэсэбэп хъуну зэрыщытыр, псом хуэмыдэу — дистанционнэ IэIэтымрэ «мобильнэ хэхакIуэхэмрэ».
- Электроннэ IэIэтыр ягу дохьэ
- IэIэтым и махуэ нэхъыщхьэр, бадзэуэгъуэм и 1-р, къэмыс щIыкIэ дистанционнэ электроннэ IэIэт екIуэкIащ. Абы хэта къызэгъэпэщакIуэхэри цIыхубэри арэзыуэ къэнащ апхуэдэ IэмалымкIэ.
- Урысей Федерацэм бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министр Шадаев Максут зэрыжиIамкIэ, къэрал Iуэхутхьэбзэ порталым цIыху мелуани 3-м Iэ щаIэтащ.
- «Бжыгъэр зи лъабжьэ хэхыныгъэ технологиер дяпэкIэ Iэрыхуэу къэдгъэсэбэпын хуейщ, сэ къызэрыслъытэмкIэ. Ар иджыпсту псэуныгъэм гуэпхынкIэ Iэмал зимыIэ хэкIыпIэфI хъуащ», — жиIащ министрым.
- НэщIэпыджэ Замирэ.