Къэбэрдей-Балъкъэрым мардэхэр мащIэ-мащIэурэ щыIуахыж
2020-07-03
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм коронавирус узыфэм земыгъэубгъуным хуэгъэпсауэ щагъэувауэ щыта мардэхэр Iухыжыным и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэм хуокIуэ. ЩIыналъэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. мэкъуауэгъуэм и 30-м Iэ щIидзащ абы теухуа Указым.
- КIуэкIуэ Казбек гъубж кIуам ВКС мардэм тету иригъэкIуэкIащ коронавирус уз зэрыцIалэм республикэм зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIа профилактикэ лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщымрэ а узыфэм зэрыпэщIэтымрэ теухуа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ Оперативнэ штабым и зэIущIэ. Абы щедэIуащ республикэм щыIэ санитар-эпидемиологие щытыкIэм теухуауэ ар зи нэIэ щIэт къулыкъущIэхэм жаIахэм.
- «Роспотребнадзор»-м и щIыналъэ къудамэу республикэм щыIэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн зэрыжиIамкIэ, мэкъуауэгъуэм и 30-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым COVID-19 узыфэр къайуэлIауэ цIыху 5010-рэ щатхащ, абыхэм ящыщу 3386-р хъужащ, цIыху 53-рэ абы илIыкIащ. Узыфэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщхэм щIэлъщ цIыху 1282-рэ, амбулаторэ кIэлъыплъыныгъэм щIэтщ 1688-рэ. Узыфэр къызэрежьэрэ республикэм тест щрагъэтащ цIыху мин 89-м щIигъум, КТ-къэпщытэныгъэ мин 16-м драгъэкIуэкIащ.
- Пагуэ Жыраслъэн апхуэдэу жиIащ, эпидемиологие щытыкIэр зэрефIэкIуам и фIыгъэкIэ, республикэм нэхъ пасэу щагъэувауэ щыта мардэхэр щыIухыжыным хуэгъэза къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэхэр ич зэрыхъунур.
- КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам жиIащ COVID-19 зэуэлIахэр гъэхъужыным КъБР-м и медицинэ IуэхущIапIиблым я лэжьыгъэр зэрытраухуар. Сымаджэщхэм гъуэлъыпIэ 1583-рэ щIэтщ, абыхэм ящыщу 791-м узыр зыпкърытхэр кислородкIэ зэрагъэбауэ Iэмэпсымэхэр егъэувэлIащ. Хуей хъумэ къагъэсэбэпын хуэдэу нэщIу яIэщ гъуэлъыпIи 160-рэ. Сымаджэм и тхьэмбылым инвазивнэ Iэмал хэмыхьэу зэреIэзэ Iэмэпсымэу 76-рэ бгъэIэпхъуэ хъу УЗИ-аппарату 4-рэ ягъэувауэ абыхэми иролажьэ. ИВЛ аппарату 8-рэ монитору 80-рэ мыгу- вэу къаIэрыхьэну поплъэ.
- Узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщхэм зы тхьэмахуэм къриубыдэу къашэхэм я бжыгъэр процент 15,2-кIэ, хьэлъэ дыдэу къаIэрыхьэхэр проценти 4,7-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ, къыхигъэщащ Къалэбатэ Р. М. COVID-19 узыфэр я тхьэмбылхэм зэран зэрыхуэхъуар белджылыуэ къапэщIэхуэхэм я бжыгъэри хэпщIыкIыу нэхъ мащIэщ.
- Республикэм и Iэтащхьэм унафэ зэрищIам тету, КъБР-м и медицинэ IуэхущIапIэхэм хущхъуэхэр ират унагъуэхэм зыщызыгъэхъужхэми. ЗрахьэлIэну хущхъуэхэр иратакIэщ цIыху 852-м. А узыфэр зыпкърыту амбулаторэхэм зыщызыгъэхъужхэм ятеухуа хъыбархэр КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм махуэ къэс къыIэрохьэ.
- «Республикэм и санитар-эпидемиологие къулыкъущIапIэмрэ Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэмрэ икъукIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ, — къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек. — Узыфэм куэд зэрырамыгъэцIэлар, сымаджэщхэм щIэлъхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар я щыхьэтщ абы епха IэнатIэ псори зэдэууэ зэрылэжьам, абы и фIыгъэкIэ нобэ тлъагъухэр къыдэхъулIащ. Дауи, а Iуэхум хэлъхьэныгъэ нэхъыбэ дыдэ хуэзыщIар медицинэ лэжьакIуэхэрщ, абы папщIи фIыщIэшхуэ яхудощI. Шэч къытесхьэркъым, адэкIи зэкъуэту дызэдэлажьэмэ, абы фIы къызэрыдэкIуэнум икIи мардэхэм я къыкIэлъыкIуэ Iыхьэхэри IутхыжынымкIэ мыгувэу Iэмал зэрыдгъуэтынум».
- КъБР-м и Iэтащхьэм къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ, щыIэ санитар мардэхэм тету, лэжьэн щIадзэжынущ МФЦ-хэм (нэхъапэм зэрылэжьам хуэдэу), гъэмахуэ шхапIэхэм, бэзэр, жармыкIэ зэIухахэм, зоопаркхэм. Зи сату щIыпIэхэр метр зэбгъузэнатIэ 400 хъухэм я лэжьыгъэм пащэжауэ щытамэ, иджы метр зэбгъузэнатIэ 800-м нэс зиIэхэми апхуэдэ хуитыныгъэ яIэ хъуащ. Абы къыдэкIуэу, нэхъапэми хуэдэу, абыхэм уэрамым узэрыкIуэ хъу щIыхьэпIэ щхьэхуэ яIэн хуейщ, зэуэ щIэтыну зыхуит цIыху бжыгъэми мардэ пыухыкIа иIэщ.
- КъимыдэкIэ, КъБР-м и Правительствэр, «Роспотребнадзор»-м КъБР-м щиIэ Управленэр щIыгъуу, хоплъэ зэман гъунэгъум мардэхэр республикэм и зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэм щыIэ хьэщIэщхэм ящхьэщыхыжыным теухуа Iэмалым.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.