ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор ЛУКАШЕВ Александр: Вирусыр хуабэм щошынэ

2020-03-31

  • Ди  дежкIэ   иджыпсту  нэхъыщхьэр   гъэмахуэ  пщIондэ  абы  зедмыгъэубыдынырщ
  • ВирусыщIэм дуней псор бэлыхь хидзащ: COVID-2019 зыфIаща а узыфэ зэрыцIалэр къэралищэм щIигъум нэсащ. Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм къигъэуващ пандемием и хабзэхэм псори тетын хуейуэ. Къэралхэм я гъунапкъэхэр зэхуащI, цIыху кърихьэлIэу зэхашэу щыта дауэдапщэхэр ирагъэкIуэкIыу ядэркъым.

  • Апхуэдэу щытми, дохутырхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ цIыхухэр къыхураджэ мыгужьеину, псори езыхэм я нэIэ щIэтуи жаIэ. Iуэхур зытетым топсэлъыхь, цIыхухэм мы зэманым ящIэн хуейхэр ягурегъаIуэ УФ-м и вирусолог нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщ, РАН-м и член-корреспондент, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор Лукашев Александр.
  • Сыт пандемием и хабзэхэр
  • щIагъэувар?
  • — ЦIыхухэр зэрыгъэгужьеяуэ, хъыбар шынагъуэхэр зэIэпах. Псалъэм папщIэ, Москва и закъуэ цIыху мин тIощIым а узыфэр къащыпкърыхьауэ, ауэ ар къэрал унафэщIхэм ябзыщIу жаIэ.
  • — Сымаджэ мин тIощI пхуэгъэпщкIунукъым. Ар пцIы зэфэзэщщ.
  • — Коронавирусыр зищIысым къытхутепсэлъыхьыт. Ар лIэужьыгъуэ куэд дыдэ хъууэ жаIэ.
  • — Ахэр ди планетэм къыщы-щыунэхуащ илъэс мелуан бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ. Иджыпсту щIэныгъэр щыгъуазэщ куэдым — хьэхэми, джэдухэми, Iэщышхуэхэми, бдзэжьейхэми къапкърыхьэхэу зэщхьэщедз ахэр. ЦIыхум къеуалIэ хабзэ лIэужьыгъуип-лIыр ди Iэпкълъэпкъым къемыгуэуащэурэ тпкърокI, ОРЗ жыхуэтIэхэри абыхэм ящыщу. Гъэм и лъэхъэнэ зэблэкIыгъуэ къэс, ар къапкърохьэ пыхусыху зиIэу къалъытэхэм я проценти 10 — 15-м. 2002 гъэм Китайм къыщыунэхуауэ щытащ SARS коронавирусыр, атипичнэ пневмониекIэ дызэджэ узыфэр къызыпкърыкIар. Абы иубыдахэм я процентибгъур илIыкIауэ щытащ. 2012 гъэм — MERS коронавирусыр къежьащ. Ар нэхъ шынагъуэт — зэуэлIахэм я процент 37-м я гъащIэр ихьащ.
  • — Иджы COVID-2019-р къытхыхьащ. Абы илIыкIыр зыпкърыхьэхэм я проценти 2 — 3-рауэ жаIэ. Узэхуеплъмэ, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIахэм нэхърэ нэхъ мащIэщ. АтIэ сыт цIыхухэр апхуэдизу хьэжэпхъажэ щIэхъуар, карантин щIагъэувыр, гъунапкъэхэр щIызэхуащIыр? Грипп узыфэм Америкэм зы илъэсым цIыху минипщI бжыгъэхэр щолIыкI, дунейм — мин 650-м нэблагъэ. Апхуэдэу щытми, пандемие зэи ягъэувакъым.
  • — ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа вирус лIэужьыгъуитIми зэхэту икIуэдыкIар зы мин ирикъуртэкъым. Ар куэдым къайуэлIатэкъым, щIыпIэ-щIыпIэкIи зиубгъуатэкъым. COVID вирусыр къэралищэм щIигъум нэсащ — цIыху мин 200-м щIигъум япкърыхьащ. Абы къыхэкIыу унафэ ящIащ пандемие ягъэувыну. АдэкIэ абы зэрызиубгъунур къэщIэгъуейщ. Гриппым ебгъапщэмэ, COVID-2019-м илIыкIхэр нэхъыбэщ. Гриппым и зэранкIэ дунейм ехыжхэр процент 0,1-мэ, мыдрейм, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, а бжыгъэр процент 0,5 — 0,7-м нэсыну къэплъытэ хъунущ — ар пыхусыхум илIыкIым нэхърэ хэпщIыкIыу нэхъыбэщ. КъимыдэкIэ, гриппым теухуауэ куэдым дыщыгъуазэщ. ЦIыхухэм абы зэрызыщахъумэфыну Iэмалхэри щыIэщ, псалъэм папщIэ, илъэс къэс халъхьэ мастэхэр. Коронавирусым «IэпапIэ хужьхэр» иджыри и куэдщ.
  • Хущхъуэхэр мазэ гъунэгъухэм
  • зэхалъхьэным
  • фыщымыгугъ
  • — Коронавирусыр къызэрыгуэкI пыхусыхум, ОРЗ-м къызэрыщхьэщыкIыр сыт, дауэ ар къызэрыпщIэнур?
  • — ИкъукIэ гугъущ ахэр зэхэпцIыхукIыныр. Коронавирусыр къыщыпкърыхьа къудейм деж цIыхум ар къефыкIыу къыпхуэщIэх-хэнукъым. Грипп щыпкърытым хуэдэ дыдэу, и пэпсыр къыпож, и тэмакъыр мэуз, мапсчэ. Плъыржьэрми, ар градус 39-м щыщIигъу куэдрэ къэхъуркъым, гриппым елъытауэ. Аращи, ар къэпщIэн щхьэкIэ лабораторнэ къэпщытэныгъэхэр егъэкIуэкIын хуейщ.
  • — Вирусыр къызэрежьэрэ мазищым щIигъуащ. Абы зэребэнын хущхъуэ лъэщхэр къамыгупсысауэ пIэрэ?
  • — Мыр а вирусым пэщIэтыф хущхъуэгъуэщ жаIэу, зэкIэ зыми трагъэчыныхьыфынукъым. Дохутырхэм хущхъуэ лIэужьыгъуэ куэд дыдэ сымаджэхэм ирахьэлIэурэ еплъами, дэтхэнэр сэбэп хъуами зэкIэ зэIубзкъым.
  • — ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм иужьрей тхьэмахуэхэм хэIущIыIу ящI зэм зы къэралым, зэм адрейм, псалъэм папщIэ, Израилым, Инджылызым, Урысейм, я щIэныгъэлIхэм коронавирусым текIуэфыну хущхъуэхэр зэхалъхьэ, абы и фIагъыр къапщытэ хуэдэу.
  • — Мыбдежми щытыкIэр къы-зэрыгуэкIыу щыщыткъым. Вирусым пэщIэт хущхъуэм и зэхэлъыкIэм куэд дыдэ елъытащ — зы пкъыгъуэр пцIыуэ хэплъ- хьэмэ, е куэдагъ-мащIагъкIэ ущыуэмэ, абы узыфэм нэхъри псынщIэу Iэпкълъэпкъым зригъэгуэшэнкIэ, абы зригъэужьынкIэ хъунущ. Ар къэбгъэхъункIэ Iэмал зимыIэщ. Медицинэм и хабзэ нэхъыщхьэм — зэран ухуэмыхъу — жыхуиIэм уебэкъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Мыхьэнэшхуэ иIэщ иджыпсту цIыхум ирахьэлIэ вакцинэр илъэс куэд дэкIыжа нэужь абы зэран хуэмыхъунми. Аращи, а псори зэпэлъытыпхъэщ икIи коронавирусым пэлъэщын, лицензэ зрата вакцинэ зэман гъунэгъум къытIэрыхьэну угугъэ хъунукъым.
  • — Карантин Iэмалри мыбдежым нэсу сэбэп щыхъуу пхужыIэнукъым. Абы щыхьэт техъуащ Китайм Iуэхур зэрыщыщекIуэкIар.
  • — Вирусым зимыубгъуххэу къыпхузэтегъэувыIэнукъым, ауэ сымаджэ хъуахэр, карантиным и фIыгъэкIэ, а пIалъэм къриубы-дэу наIуэ къыпхуэщIынущ. Абы гугъапIэ къет узыфэм нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ зимыужьынымкIэ — Урысейм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъэмахуэ пщIондэ «зиIыгъыным». Коронавирусым и япэрей лIэужьыгъуэхэм я «шыфэлIыфэм» къызэрагъэлъэгъуащи, ахэр нэхъыбэу щыятэр дыгъэгъазэ — мэлыжьыхь мазитхурщ. Ди къэралым гъэмахуэм ар нэхъ лъэрымыхь щыхъунущ — дунейм и хуабагъыр градус 20-м щIигъу-мэ, угугъэ хъунущ узыфэр икIуэтыну.
  • — ГъэщIэгъуэнщ, вирусым Индием егъэлеяуэ зэрызыщимыубгъуар — абы цIыху мелардым щIигъу щопсэу, къабзагъэми гулъытэ щыхуащIу пхужыIэнукъым.
  • — Сэри япэщIыкIэ згъэщIэгъуащ ар. Си гугъат вирусым псом япэу Индиер, Индонезиер иубыдыну. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, мыбдежым сэбэп щыхъуар дуней щытыкIэрщ. Узыфэм нэхъ зыщиубгъур хьэуам и хуабагъыр градус 15-м щыщIимыгъу щIыпIэхэрщ. Градус 20 нэхърэ щынэхъ хуабэхэм щытыкIэр щыапхуэдэкъым. ИкъукIэ сыщогугъ хуабэ хъуным.
  • — Апхуэдэу уегупсысмэ, гурыIуэгъуэ мэхъу Италиер виру-сым псынщIэ дыдэу щIызэ- щIищтар. Абы и ищхъэрэ                 щIыналъэхэрщ, нэхъ щIыIэтыIэхэрщ узыфэр щыетар, иужькIэ къэрал псор зэщIищтащ.
  • Къалэдэс
  • нэхъыжьхэр
  • я уней хадэ
  • цIыкIухэм кIуэмэ нэхъыфIщ
  •  — Пыхусыху узыфэхэр нэхъ зыхуэлъэр сабийхэмрэ зи ныбжь хэкIуэтахэмрэщ. Китайм къызэритамкIэ, илъэс иримыкъухэм къыщыщIэдзауэ тIощIым нэсхэр зызыхьэ гупым щыщу зы процентырщ а узыр зыпкърыхьахэр.
  • — Апхуэдэущ зэрыщытыр, зэуэлIахэми ар къаймыхьэлъэкIыу япкърыкIащ. Зэрыщыту къапщтэмэ, илъэс 30 иримыкъуахэм я дежкIэ мы узыфэр апхуэдэ ды-дэу шынагъуэкъым. Вирусыр япкърыхьэнкIэ нэхъ дызытегузэвыхьхэр илъэс 80-м щIигъуахэрщ, псом хуэмыдэу уз гъэтIылъа зиIэхэрщ.
  • — Сыт хуэдэ узхэр зиIэхэра ар нэхъ зыхуэлъэр?
  • — Гу-лъынтхуэ, тхьэмбыл, фошыгъууз, лышх узыфэхэр гъэхъужыным хуэунэтIа хущхъуэхэр зэзыхьэлIэхэм нэхъ захъумэжыпхъэщ. Пенсэм щыс нэхъыжьхэр иджыпсту я уней лъапсэхэм, къуажэ хадэхэм кIуэуэ абы щыпсэуныр нэхъ тэмэмщ.
  • — ЦIыхум и Iэпкълъэпкъыр псыхьыным, узыфэхэм япэщIэтыфыным хуэунэтIауэ сыт щIэн хуейр? Иммуномодулятор жыхуаIэхэр абыкIэ сэбэп хъурэ?
  • — Абы теухуауэ жыпIэнIауэ гугъущ. Щыхьэт сытехъуэфынукъым апхуэдэ хущхъуэхэр зи медицинэм и зэфIэкIыр жыжьэ нэса къэралхэм къызэрагъэсэбэпым, ахэр къэпщытэныгъэхэм пхыкIыу абыхэм арэзы щытехъуауэ цIыхухэм зэрызрагъэхьэлIэм. Иджырей цIыхум и Iэпкълъэпкъым нэхъыбэ дыдэу егуауэр и псантхуэм игъуэт удынырщ. Абы къикIращи, Iуэху мыщхьэпэхэм къапэкIухьын, ирикъуу жеин, гъащIэм къыщыхъухэм нэхъ зэпIэзэрыту яхущытын хуейщ — сэбэп нэс хъури аращ икIи пщIэи щIэптынукъым.
  • Апхуэдэуи коронавирусым егъэлеяуи ущышынэ хъуну- къым. Абы игъэгужьейхэрщ ар нэхъ псынщIэу къэзыубыдынкIэ хъунур. Шэч лъэпкъ къытезмыхьэу вжызоIэ ар.
  •  
  •  Епсэлъар
  • ЧЕРНЫХ  Евгенийщ.