ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мы махуэхэм

2020-02-15

  • Мазаем и 15,
  • щэбэт
  • Лышх узыр зэфыкI сабийхэм ядэIэпыкъуным и дунейпсо махуэщ
  • Урысей Федерацэмрэ Беларусь Республикэмрэ щагъэлъапIэ я къалэн ягъэ­защIэу нэгъуэщI къэ­ралхэм щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ махуэр
  • США-м и президентхэм я махуэщ
  • Канадэм и лъэпкъ ны­пым и махуэщ (ар 1965 гъэм къащтауэ щытащ)
  • Сербие Республикэм и къэралыгъуэм и махуэщ
  • 1895 гъэм макъамэм щыху­ра­гъаджэ Урысей академиер, абы и къызэгъэпэщакIуэ Гнесинхэ зэшы­п­хъу­хэм я цIэхэр иджы зезы­хьэр къы­зэ­Iуахащ.
  • 1919 гъэм Петроград теат­рыщIэ къыщызэIуахащ. Иджыпсту ар Товстоногов Георгий и цIэр зезыхьэ Драмэ Театр Инырщ (БДТ).

  • 1921 гъэм НКВД-м хыхьэу гъунап­къэхъумэ дзэхэр къы­зэра­гъэ­пэщащ.
  • 1947 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къыдигъэкIащ совет цIыхухэм нэгъуэщI къэ­ралхэм щыщхэм нэчыхь хуаIэну хуит зымыщI унафэ.
  • 1957 гъэм Громыкэ Андрей СССР-м нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министру ягъэуващ. Илъэс щэ­щIым нэблагъэкIэ тетащ ар а къулыкъум.
  • 1960 гъэм Къэбэрдей­-Балъкъэрым и Композиторхэм я зэгухьэныгъэр къы­зэрагъэпэщащ.
  • 1976 гъэм Инсбрук (Австрие) щы­зэхуащIыжащ ХII ЩIымахуэ Олимпиа­дэр.
  • 1989 гъэм советыдзэхэр Афганистаным къишы­жы­ныр зэфIэкIащ. Абы 1988 гъэм накъыгъэм и 15-м щIадзат.
  • 1994 гъэм УФ-м и президент ­къу­лыкъум и дамыгъэу къыщащтат Урысей Федерацэм и Президентым   и штандартыр — мыхьэнэ хэха зиIэ ныпыр.
  • Италием щыщ, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа щIэ­ныгъэлI щэджащэ Галилей Галилео къызэралъхурэ илъэс 456-рэ ирокъу.
  • Тэтэр усакIуэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Джалиль Мусэ къызэралъхурэ илъэси 114-рэ ирокъу.
  • Япэ адыгэ сурэтыщI-скульптор ­Къалмыкъ Фёдор къызэралъхурэ илъэс 88-рэ ирокъу.
  • Къэрал, жылагъуэ лэжьа­кIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-мрэ КъШР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Зумакулов Борис и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
  • Жылагъуэ лэжьакIуэ, публицист, ЩIДАА-м и член-корреспондент, ­УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Котляровэ Марие и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу.
  • Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шыдакъ Рашид и ныбжьыр илъэс 69-рэ ­ирокъу.
  • Израилым щыпсэу адыгэхэм ящыщ, щIэныгъэхэм я доктор, Кавказымрэ Шэрджэс щIыналъэмрэ ятеухуа тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Хъун Яхья и ныбжьыр илъэс 50 ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ, къешх-къесу щы­щы­тынущ. Хуабэр махуэм градус 1 — 2, жэщым 1 градус щыхъунущ.
  • Мазаем и 16,
  • тхьэмахуэ
  • Литвам щагъэлъапIэ Урысеймрэ Германиемрэ я унафэм къыщIэкIыу я къэралыгъуэр щызэфIагъэувэжа (1918 гъ.) махуэр
  • 1571 гъэм Грозный Иван Iэ тридзащ «Плъырхэм, гъу­напкъэхъумэ IэнатIэхэм я IуэхукIэ» унафэм. Аращ Урысейм и дзэм теухуа япэ хабзэу къалъытэр.
  • 1722 гъэм Пётр Езанэм къыдигъэкIащ «Пащтыхьыгъуэр зылъысынум теухуауэ» унафэр. Пащтыхьыр текIа нэужь абы и пIэ и къуэ нэхъыжьыр иувэу зэры­щыта хабзэр ­икъутэжащ а унафэм. Иджы къэрал унафэр зыIэщIэлъынур зыгъэувынур пащтыхьырт.
  • 1946 гъэм ООН-м Экономикэ, социальнэ IуэхухэмкIэ и советым и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ комиссэ.
  • 1943 гъэм советыдзэхэм Харьков къалэр хуит къащIыжащ.
  • 1957 гъэм СССР-м къыщащтащ «Псым итхьэлэхэр къызэрыригъэлам папщIэ» медалыр
  • 1976 гъэм СССР-м и Камскэ автомобиль заводым КамАЗ автомобиль лIэу­жьыгъуэщIэр къыщыщIагъэкIащ.
  • Совет дзэ къулыкъущIэ, Совет Союзым и Маршал Тухачевский Ми­хаил къызэралъхурэ илъэси 127-рэ ирокъу. 1937 гъэм, пцIы тралъхьэри, яукIауэ щытащ ар.
  • Урысей шахматисткэ, цIыхубзхэм я дунейпсо зэпеуэм япэу чемпион ­щыхъуа Менчик Верэ къызэралъ-хурэ илъэси 114-рэ ирокъу.
  • Корее ЦIыхубэ-Демократие Республикэм и унафэщIу (1994 — 2011 гъэхэм) щыта Ким Чен Ир къызэралъхурэ илъэс 79-рэ ирокъу.
  • Кубаным ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIы­хъужь, Краснодар крайм и губернатору, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и сенатору, Къэрал Думэм и депутату щыта Кондратенкэ Николай къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу.
  • Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, ­ЩIДАА-м и член-корреспондент, жылагъуэ лэжьакIуэ Болэ Ильзитэ къыщалъхуа махуэщ.
  • Америкэм щыщ теннисист, Шле­мышхуэр къэ­хьыным папщIэ екIуэкI зэхьэзэхуэхэм 17-рэ щытекIуа ­Макинрой Джон и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэс тIэкIу къыщесынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 — 5, жэщым 1 градус щыхъунущ.
  • Мазаем и 17,
  • блыщхьэ
  • ГумащIагъэр къэгъэлъэгъуэным и дунейпсо махуэщ
  • Урысей студент гупхэм я махуэщ. УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэм ипкъ иткIэ ар 2016 гъэм къыщыщIэдзауэ щагъэлъапIэ ди къэралым.
  • Косовэ Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 2008 гъэм ­Косовэ и парламентым унафэ къищтащ къэрал щхьэхуэ зэрыхъум, ахэр Сербием къызэрыгуэкIым теухуауэ.
  • 1600 гъэм Рим къалэм щагъэсащ Италием щыщ дин лэжьакIуэ, философ, усакIуэ Брунэ Джорданэ (и цIэ дыдэр Филиппщ).
  • 1852 гъэм Эрмитажым, пащтыхь ­гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм зэхуихьэса сурэтхэр щахъумэ IуэхущIапIэу 1764 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытам, и бжэхэр абы зыщызыплъыхьыну хуейхэм къахузэIуихащ.
  • 1863 гъэм Дунейпсо Жор Плъы-жьыр къызэрагъэпэщащ.
  • 1880 гъэм урыс пащтыхь Александр ЕтIуанэр яукIыну етхуанэу теуащ, ауэ лагъымыр нэхъ пасэу къауэри, пащ­тыхьми абы и унагъуэми зэран яхуэхъуакъым.
  • 1935 гъэм СССР и цIыхубэ комиссархэм я Советымрэ ВКП(б)-м и ЦК-мрэ «Москва Союзпсо мэкъумэш выставкэ къыщызэгъэпэщыным теу­хуауэ» унафэр къащтащ.
  • 1947 гъэм «Америкэм и макъ» ра­диостанцым и нэтынхэр Совет Союзми къыщиубыду щIидзащ.
  • 1993 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ «Газпром» акционер зэгухьэныгъэр.
  • 2008 гъэм Косовэ Республикэм и парламентым унафэ къищтащ Сербием къызэрыгуэкIым теухуауэ.
  • Урыс тхакIуэ, сабийхэм яхуэтхэ усакIуэ цIэрыIуэ, Сталиным, Лени­ным я щIыхькIэ ягъэувауэ щыта ­саугъэтхэр зрата Барто Агние къызэ­ралъхурэ илъэси 114-рэ ирокъу.
  • Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ, ЩIДАА-м и академик ­Къумахуэ Башир къызэралъхурэ илъэс 97-рэ ирокъу.
  • ТIасхъэщIэх, Совет Союзым и ЛIыхъужь Вартанян Геворк къызэралъ­хурэ илъэс 96-рэ ирокъу. Ар зи ­пашэ гупырщ Сталиным, Черчилль, Руз­вельт сымэ Тегеран 1943 гъэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэр къызэпаудыну ­хущIэкъуа нэмыцэ тIасхъэщIэх гуп­ ­хэхахам япэщIэтар, къэрал лIыщ­хьэхэм я шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщар.
  • УэрэджыIакIуэ, усакIуэ, композитор, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Малежик Вячеслав и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу.
  • КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, республикэм и Правительствэм и саугъэтыр зыхуагъэфэща Хьэгъундо­къуэ Сэлисэт къыщалъхуа махуэщ.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэтекIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 5 — 8, жэщым 1 градус щыхъунущ.
  • Зыгъэхьэзырар
  • ЖьэкIэмыхъу Маринэщ.