ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ермэлыхэр зэтраукIауэ къэзылъытэхэм Сириер яхохьэ

2020-02-15

  • Сирием и ЦIыхубэ Советым (Пар­ламентым) мазаем и 13-м зэ­дэ­арэзыуэ Iэ щаIэтащ Уэсмэн Тыркум ермэлыхэр хьэлэч къызэрыща- щIар зымыдэ резолюцэм и телъ­хьэу.
  • ХъыбарегъащIэ агентствэхэм къы­зэратымкIэ, Уэсмэн империем ермэлыхэм лъапсэрых къызэрыщы­хуагъэкIуар къалъытащ къэрал 30-м. Ауэ езы Анкара зиу­мы­сы­жыркъым ермэлыхэр зэры­зэт­ра­у­кIамкIэ. Абы къыдощI, Азербайджанри яхэту, къэрал зыбжанэ.
  • Сирием и ЦIыхубэ Советым къищта унафэм пэджэжащ Армением нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и ми­нистерствэр: «Дэ пщIэшхуэ худощI Сирием Уэсмэн империем ермэлыхэр зэрыщызэтраукIар къы­зэ­рилъытар.

  • А хьэкIэкхъуэкIагъэр  а зэманым Уэсмэн империем и теп­щэныгъэм щIэта Сирием и ­щIыналъэм  нэхъыбэу щалэжьащ, абы къыхэкIыу Армениемрэ Си­риемрэ я цIыхубэм ар я зэхуэдэ ­тхы­дэм  хэтщ».
  • Тыркум и МИД-р пэджэжащ Сирием и Парламентым къищта унафэм. Абы ар «фэрыщIыгъэу» къилъытащ: «Нобэ Сирием и Парламентым 1915 гъэм Тыркум хьэкIэкхъуэкIагъэ щалэжьа хуэдэу къищта унафэр фэры­щIыгъэ зэфэзэщщ. Езы Сирием илъэс куэд хъуауэ цIыхухэр щызэтраукIэ, мелуанхэр щтапIэ ихьэжащ, я унэхэр ябгынэри. ИтIани мыукIытэу мэпсэлъэф».
  • Дауи, Дамаск илэжьар политикэ Iуэхуу зэрыщытым шэч гуэри къы­тумыхьэми хъунущ. Щхьэ ирагъэ­хьэлIа а унафэр мы зэманым? Ар къызыхэкIар Сириемрэ Тыркумрэ я зэхущытыкIэхэр Идлиб щIыналъэм щекIуэкIхэм я ужькIэ хуабжьу зэры­зэщIэплъарщ.
  • Дамаск ича лъэбакъуэм ­КъуэкIы- пIэ Гъунэгъум щы­щыIэ щы­ты­кIэр нэхъри ткIий ещI. Абы нэхърэ нэхъыфIт иужь илъэсхэм Сирием щекIуэкIхэм хэпщIа къэралхэм а щIыналъэм щытыкIэр зэтес зэрыщащIыжыну Iэмалхэр къагъуэтамэ.
  • Шал   Мухьэмэд.