УсакIуэ Балкъыз Батий дунейм ехыжащ
2020-02-15
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. Дунейм ехыжащ усакIуэ Балъкъыз Батий Ахьмэд и къуэр.
- Ар Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм 1948 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м къыщалъхуащ. 1967 гъэм къуажэ школыр къиухри, а гъэ дыдэм дзэм къулыкъу щищIэну ираджащ. Усыгъэм дихьэх щIалэм хуэфащэ щIэныгъэ зригъэгъуэтыну мурад ищIри, 1981 гъэм Горький Максим и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературэ институтым заочнэу щIэтIысхьащ икIи ар 1987 гъэм хъарзынэу къиухащ. 1991 гъэм щыщIэдзауэ Урысейм и ТхакIуэхэм я союзым хэтащ.
- Балъкъыз Батий и усэхэр республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къытрадзэрт, уэрэдхэр къытращIыкIырт. Илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм абы и усэхэр щызэхуэхьэса тхылъу тху «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкIащ. УсакIуэ-зэдзэкIакIуэ цIэрыIуэ Латынын Валерий игъэхьэзырурэ, ахэр «Молодая гвардия», «Аврора» журналхэм къытрадзащ, Кавказ Ищхъэрэм и иджырей усакIуэхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Псэ зэIыхьлыхэм я вагъуэбэ» тхылъым 2017 гъэм хагъэхьащ. А гъэ дыдэм «Российский пи-
- сатель» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ Батий и усэхэр, баллабалладэхэр, «Тхыдэм и гъуэгухэр» поэмэр щызэхуэхьэса «Псэм и нур» тхылъыр.
- 2018 гъэм Балъкъыз Батий «Урысейм и къыу хужьхэр» лъэпкъ литературэ фестивалым и лауреат хъуащ.
- ЗэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъа а цIыху хьэлэмэтыр КъБР-м исхэм зэи ящыгъупщэнукъым.
- КъБР-м ЩэнабзэмкIэ
- и министерствэ,
- КъБР-м и ТхакIуэхэм я союз,
- Дунейпсо, Къэбэрдей
- Адыгэ Хасэхэр.