Ислъамым и нур
2020-02-01
- Уаз
- Сэджытым ехьэлIа къалэнхэр
- Ди газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрылъэIуам ипкъ иткIэ, сэджытым ехьэлIа Iуэхугъуэхэр иджыри зэ фигу къэдгъэкIыжынщ. Ар къалэн зыщыхъур, зэрыгъэзэщIапхъэ мардэхэр КъурIэн лъапIэм щызэпкърыхащ.
- Сэджытым теухуауэ Iэят куэди къыщыкIуащ КъурIэн лъапIэм. Абыхэм ящыщщ:
- «Уэ Iиман къэзыхьахэ, ерыскъы фэттам псапэ хэфщIыкI, гуэныхьыр упшыныж щымыхъу, ныбжьэгъуи къыпщхьэщыжыни щыщымыIэж махуэр къэмыс щIыкIэ». «Зи мылъкур Алыхьым папщIэ зыгъэкIуэдыр хуэдэщ щхьэмыжиблу къыхэкIа жылэм, щхьэмыж къэскIэ хьэдзищэ илъу. Алыхьым щхьэж зэрыхуэфащэкIэ ар хуегъэбагъуэ. Тхьэм псори къызэщIеубыдэ, ещIэ».
- «Фэ сэджытыр наIуэу вгуэшмэ, ари хъунущ, ауэ щэхуу тхьэмыщкIэм яхуэвгуэшмэ фэркIэ нэхъыфIщ — ар поув къемызэгъыу фщIам. Тхьэр щыгъуазэщ влэжь псоми».
- «Алыхьым ахъшэ телъхьэхэр (процентырщ зи гугъу ищIыр) егъэжэщIри, сэджыт зыхатыкIар егъэбагъуэ. Алыхьым илъагъу хъуркъым дэтхэнэ гуэныхьгъэбагъуэ джаурри».
- «ФIыгъуэм зэи унэсынукъым, уи гум къыщIитхъым щыщ умыгъэкIуэдмэ. Фэ сыт вгъэкIуэдми, абы Тхьэр щыгъуазэщ».
- «Алыхьым къарита фIыгъуэм тегужьеикIахэм къафIремыщI ар абыхэм я дежкIэ фIыуэ. Хьэуэ ар (зытегужьеикIа мылъкур) абыхэм я дежкIэ мыгъуэщ! Ар абыхэм Къемэт махуэм хьэзабу къапщIэхилъхьэжынущ. Алыхьым щIэину къыхуэнэжынущ уафэхэри щIылъэри. Тхьэр щыгъуазэщ фэ фщIэ псоми».
- «ЕхъулIащ муIминхэр: зи гур къабзэу нэмэз зыщIхэр, псалъэ надэм зыщызыдзейхэр, сэджытыр зытхэр».
- «Алыхьри и ЛIыкIуэри фи фIэщ фщIы, фи IэмыщIэ кърилъхьами сэджыт хэвгъэкI. Фэ фщыщу Iиман зиIэу зи мылъкум хэзытыкIхэм псапэшхуэ къахь».
- Сэджытым ехьэлIауэ хьэдис куэди щыIэщ. Мыри абыхэм ящыщ зыщ.
- «Зы лIы гуэр бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) еупщIащ: «Уа, Тхьэм и ЛIыкIуэ лъапIэ! Ди Iэдакъэ щIэкIахэм ящыщу сыт хуэдэм нэхъ псапэ пылъ?» — жиIэри. Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа бегъымбарым итащ мыпхуэдэ жэуап: «Уузыншэу, уи псэр хъуапсэу, мылъкур уи гум пымыкIыу, абы уэ ухуэныкъуэжынкIэ ушынэу уи Iэдакъэ икIыращ нэхъ псапэ зыпылъри, мис абы пIалъэ къыхумыгъэкI; псори къурмакъейм къэсу (улIэу утелъу) «мыр мобы лъос, модрейр адрейм лъос» щыжыпIэну зэманым нумыгъэс».
- Хьэдисым и мыхьэнэр мыращ: уи псэр зэрыхэкIыр къыщыбгурыIуам деж птыр къабыл хъужыркъым, псапи пылъыжкъым жиIэу аращ. НэгъуэщI хьэдисым мыпхуэдэу къыщыкIуащ: «Нэху къекIа цIыхум мелыIычитI къыщыхуемых махуэ щыIэкъым. А тIум я зым мыпхуэдэу жеIэ: «Я Алыхь, зытригъэкIуэдапхъэм тезыгъэкIуадэхэм я мылъкум берычэтыр яхухэлъхьэ». Адрей мелыIычым мыпхуэдэу жеIэ: «Я Алыхь, щысхьым, гужьеям и мылъкум кIуэдыр къыхуэгъакIуэ!»
- Зэгуэрым Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) деж лIитI къэкIуат. Абыхэм я зыр зэрыфакъырэм къыхэкIыу ЛIыкIуэм хуэтхьэусыхащ. Адрейр гъуэгум къыщытеуэ хъунщIакIуэхэм щхьэкIэ тхьэусыхащ. Бегъымбарыр абыхэм едаIуэри, яжриIащ: «Гъуэгум тет хъунщIакIуэхэр дяпэкIэ мащIэ дыдэрэ фIэкIа къыфтеуэжынукъым. Уеблэмэ, Мэккэм кIуэну чырэр хъумакIуэншэу ежьами, ягъэ мыкIыжу хъунущ. Факъырагъэращи, зэман къыфхуихуэнущ сэдэкъэуэ вгъэкIуэдынур фи Iэм IэщIэлъу, ауэ ар фIызыхын фымыгъуэту. Мис апхуэдэ зэман къыфхуимыхуауэ Къемэт махуэр къэсынукъым. ИтIанэ (Къемэт махуэм) дэтхэнэ зыри, шэч хэмылъу, Алыхьым и пащхьэм фиувэжынущ: фэрэ Алыхьымрэ фи зэхуакум Iупхъуэ дэмылъу, тэрмэши дэмыту. Мис итIанэ Алыхьыр цIыхум еупщIынущ: «Мылъку уэстатэкъэ?» Жэуап къитынущ: «НтIэ, къызэптат». Аргуэру къеупщIынущ: «ЛIыкIуэ ныпхуэзгъэкIуатэкэ?». «НтIэ, къысхуэбгъэкIуат». ЦIыхур ижьымкIэ плъэми сэмэгумкIэ плъэми мафIэ фIэкIа илъагъунукъым. Аращи, зы хъурмэ цIыкIу закъуэ нэхъ фимыIэми сэдэкъэуэ (Тхьэм папщIэ) вгъэкIуэди, мафIэм зыщыфхъумэ. Зы хъурмэ закъуэри фхузэфIэмыкIынумэ, псалъэ гуапэкIэ мафIэм зыщыфхъумэ — ари сэдэкъэщ».
- Сэджытыр зыхэгъэкIыпхъэ мылъкур:
- — ахъшэм (лIэужьыгъуэ псоми);
- — дыщэ-дыжьыным;
- — Iэщхэм;
- — гъавэм.
- Дыщэм и хьэлъагъыр грамми 100-рэ мискъал 20-рэ (грамм 94-рэ хуэдиз) мыхъуауэ сэджыт хэкIыркъым. Дыжьыныр грамм 700-м щIигъумэщ сэджыт щыхагъэкIыр.
- Сэджытыр хокI къыпхэхъуа ахъшэм, Iэщхэм, гъавэм. Абы щыгъуэми Iэщ пIащэхэм (хыв лIэужьыгъуэри хеубыдэ) я бжыгъэр 30-м нэсыху сэджыт хэкIыркъым. Гъавэу къэбгъэкIам сэджыту хуэзэр Iыхьэ пщIанэм и ныкъуэращ.
- Сэджытыр зэтыпхъэхэр:
- Факъырэхэр. Апхуэдэу къалъытэр сэджыт зыхитыкIын мардэм нэхърэ нэхъ мащIэ е абы и уасэм нэхърэ нэхъ мащIэ фIэкIа зыбгъэдэмылъхэращ. Мылъку бгъэдэлъу, лэжьапIи Iуту, ауэ а псори и унагъуэр иригъэпсэун папщIэ хурикъу къудейуэ щытмэ, абыхэми сэджытыр епт хъунущ.
- Зыри зимыIэхэр (мискинхэр). Абы теухуауэ КъурIэным къыщыкIуащ: «ЩIым хэс тхьэмыщкIэхэр гъэнщIын…». Апхуэдэхэр мылъаIуэмэ, яшхыни щатIэгъэни ягъуэтынукъым. Абыхэм я хуэныкъуэныгъэр факъырэхэм нэхърэ нэхъ Iеижщ. Лэжьэн лъэмыкIмэ, къару бгъэдэмылъмэ, апхуэдэхэр лъаIуэми ягъэ кIынукъым.
- Сэджытым елэжьхэр. Сэджытыр къыхэхынымрэ ар зыхуэфащэхэм хуэгуэшынымрэ яужь ит муслъымэнхэм я Iуэху къагъэнауэ ар зэрызэфIагъэкIым папщIэ, абыхэми епт хъунущ сэджытыр.
- Ягухэр диным къыхуэщэбэнымкIэ гугъэ зыхуэпщIхэр.
- ПщылIхэр.
- ЩIыхуэ зытелъхэр. Ауэ щыхъукIи, мыхъумыщIагъэкIэ, Алыхьым фIэмыфI Iуэхугъуэ илэжьакIэ щIыхуэ къызытехуам сэджыт епт хъунукъым. Iуэху щхьэпэ гуэркIэ къигъэсэбэпыну, псалъэм и хьэтыркIэ, и сатукIэ щIыхуэ къытехуауэ щытмэ, апхуэдэхэм сэджытыр епт хъунущ.
- Алыхьым и гъуэгум тетхэм. Абы къикIыр Тхьэм ифIэфI Iуэхугъуэ зылэжь цIыхур хуэныкъуэмэ, сэджыт етынырщ.
- ГъуэгурыкIуэхэр. Гъуэгу теуварэ и унэ нэзыхьэсыжын мылъку къызыхуэмынэжахэращ зи гугъу ищIыр.
- Мэжджыт цIэрыIуэхэр
- ЦIыху мин щищым зэуэ нэмэз щащI
- Пакистаным и къалащхьэ Ислъамабад дэт «Фейсал» мэжджытыр дунейм щынэхъ ин дыдэхэм хабжэ. Абы цIыху мин щищым зэуэ нэмэз щащIыфынущ. 1976 гъэм щIадзащ, 1986 гъэм и кIэм нагъэсащ абы и ухуэныгъэр. Ар и мылъкукIэ иригъэщIащ Сауд Хьэрыпым и пащтыхьу щыта Фейсал ибн Абдел Азиз ас-Сауд. Абы трагъэкIуэдащ доллар мелуани 120-м щIигъу.
- Пащтыхьыр яукIа нэужь, Тхьэм и унэми ар зытет уэрамми 1975 гъэм фIащыжащ абы и цIэр («Фейсал»).
- УпщIэхэмрэ жэуапхэмрэ
- — КъурIэным щыщу сытхэм уеджэмэ нэхъыфI, кхъэм ущыдыхьам деж?
- — Бегъымбар лъапIэм и хьэдисхэм къызэрыщыкIуамкIэ, мэрем махуэм кхъэм дыхьэу зи адэ-анэм «Ясин» сурэм хуеджэм, абы хьэрфу жиIам хуэдиз гуэныхь ар зыхуеджа и лIам хуегъэгъу Алыхьым. НэгъуэщI хьэдисми къыщыкIуащ «Аль-Курси» Iэятым уеджэрэ кхъэм лIауэ щIэлъхэм я псэхэм яхуэбутIыпщмэ, абы сыну дэтхэм я щхьэр Алыхьым нуру игъэблэнущ, мащэу зэрылъри игъэнэхунущ икIи нэхъ хуит ищIынущ.
- Махуэ къэси ухуеджэ хъунущ лIам и псэм. ЛIам ухуеджэну нэхъ кIэщI дыдэхэр «Аль-Фатихьэ», «Ихълас», «Нас», «Фэлэкъ» сурэхэращ.
- — Гъунэгъум и хьэкъыр гъэзэщIапхъэу ислъам диным къытхуегъэув. Гъунэгъур цIыху Iейрэ апхуэдэ пщIэ къимылэжьмэ щэ?
- — КъурIэн лъапIэмрэ хьэдисымрэ къагъэув мардэм тету гъунэгъум и хьэкъыр зымыгъэзащIэр Къемэт махуэм хущIегъуэжынущ. Ислъам диным гъунэгъуу ебж лъэныкъуиплIымкIи унагъуэ плIыщI. Алыхьым и псалъэу КъурIэным къыщыкIуащ: «Алыхьым щхьэщэ хуэфщI. Абы зыри гъусэ хуэвмыщI. Пэжу фабгъэдэт адэ-анэм, Iыхьлым, зеиншэхэм, тхьэмыщкIэхэм, гъуэгу тету фи деж ныдыхьахэм, гъунэгъу Iыхьлыхэм, гъунэгъу хамэхэм».
- Мухьэмэд бегъымбар лъапIэм пщIэшхуэ яхуищIу щытащ гъунэгъу псоми (абыхэм сыт хуэдэ дин зэрахьэми, сыт хуэдэ хьэл-щэн яхэлъми емылъытауэ). Абы и щыхьэтщ мы хъыбарыр: «ЛIыкIуэм и гъунэгъуу псэурт зы лIы джаур гуэр. Ар апхуэдизкIэ бзаджащIэт, Алыхьри, ЛIыкIуэри и фIэщ хъуртэкъыми, илъэс зыбжанэкIэ Мухьэмэд бегъымбарыр гугъу иригъэхьащ. Зы пщэдджыжь къэмынэу пхъэнкIийр ЛIыкIуэм и бжэIупэм трикIутэрт. Ауэ бегъымбарым зыри жимыIэу Iуихыжырт. Зы пщэдджыжь гуэрым Мухьэмэд бегъымбарыр къыщIэкIри, и бжэIупэм пхъэнкIий телътэкъым. Ар щилъагъум, ЛIыкIуэр и гъунэгъум щхьэкIэ гузавэри, и деж щIэупщIакIуэ щIыхьащ. «Сыт щхьэкIэ укъысхуэкIуа?», — жиIэу гъунэгъур къыщеупщIым, ЛIыкIуэм жэуап итащ: «Си бжэIупэм пхъэнкIий теплъхьатэкъыми, сыгузэващ, сыту пIэрэ си гъунэгъум къыщыщIар, сымаджэу е дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу пIэрэ, жысIэри». Ар зэхэзыха бзаджащIэм жиIащ: «ЛаIиллахьэ Iиллэлахь, Мухьэмэд рэсулуллахь (Щыхьэт сытохъуэ, Алыхьым фIэкIа Тхьэ зэрыщымыIэм, Мухьэмэд Абы зэрилIыкIуэм»).
- Аращи, гъунэгъур цIыху Iейми фIыми дэ ди къалэнщ абы и хьэкъыр дгъэзэщIэну, дэ зэран дымыхъуну. Гъунэгъу Iейми Алыхьыр хуэдгъэзэну аращ. Апхуэдэ цIыхухэм ятеухуауэ Мухьэмэд бегъымбарым и хьэдисым щыIэщ: «ЦIыхухэм я зэран къекIынкIэ зыщышынэ гъунэгъур зэи жэнэтым кIуэнукъым».
- — Сэджытымрэ сэдэкъэмрэ сыткIэ зэщхьэщидзрэ?
- — Алыхьым фарзитху къыттрилъхьащ: щэхьадэ къэхьыныр («ЛаIиллахьэ Iиллэлахь, Мухьэмэд рэсулуллахь» псалъэхэр уи гум къыбгъэдэкIыу жыIэныр, абы и мыхьэнэр: «Тхьэ щыIэкъым Алыхьым фIэкIа, Мухьэмэд Абы и ЛIыкIуэщ»); нэмэз уахътитхур; зэкатыр (мылъкум хэтыкIыпхъэ сэджытыращ зэкаткIэ зэджэр); рэмэдан мазэм нэщIыныр, хьэж щIыныр (ар зытехуэр мылъку зыбгъэдэлъращ).
- Сэджытыр Алыхьым къалэн тщищIащ, дымыгъэзэщIэнкIэ Iэмал имыIэу. Ар цIыхум бгъэдэлъ мылъкум елъытащ.
- Сэдэкъэр цIыхум гупыкI ищIу ит мылъкуращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, сэджытымрэ сэдэкъэмрэ зэрызэщхьэщидзыр мыращ: сэджытыр — мылъкум щыщу ттыну ди къалэн Iыхьэ пыухыкIаращ. Сэдэкъэр — Iыхьэ пыухыкIауэ щыткъым, атIэ цIыхур езыр зыхуейм хуэдиз и мылъкум хигъэкIыныращ.
- — Иджыпсту куэдрэ къуажэхэм ущрохьэлIэ хьэшхуэхэр ягъэзауэу. Ар ислъам диным къезэгърэ?
- — Псэущхьэхэр зэгъэзэуэныр хьэрэмщ. Гъэзэуэн щыгъэтауэ, лей лъэпкъ ятебгъэхьэ хъунукъым сыт хуэдэ псэущхьэми. Фигу къэдгъэкIыжынщ къурмэныр щыдукIкIэ Алы- хьым къытхуигъэува мардэхэр: къурмэныр щыдукIкIэ сэр жану лъын хуейщ, псэущхьэр гугъу едмыгъэхьын папщIэ, ари адрей псэущхьэхэм ялъагъуу дукI хъунукъым.
- Алыхьым къигъэщIа дэтхэнэ зы псэущхьэми лей етх хъунукъым. Абы теухуауэ хьэдис куэди щыIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, ЛIыкIуэ ЛъапIэм идэу щытакъым махъшэхэм, шыхэм, шыдхэм къехьэлъэкIын хьэлъэ тралъхьэу. НэгъуэщI хьэдисым къыщыкIуащ хьэл мыхъумыщIэ куэд зыхэлъа бзылъхугъэм и гуэныхь псори Тхьэм зэрыхуигъэгъуар, лъэрымыхь хъуа хьэр абы псы зэрыригъэфам пап-щIэ.
- Псалъэ купщIафIэхэр
- ПсэукIэ дахэ зиIэ къулейхэм я уардэ унэхэр и щхьэгъусэм иригъэлъагъуурэ бзылъхугъэр тхьэусыхэрт: «Сыт дэ Алыхьым къыщIыдимытар мыпхуэдэ псэукIэ?» — жиIэурэ. Зыри зимыIэ къулейсыз тхьэмыщкIэхэр щаIыгъ унэр и фызым иригъэлъагъуурэ лIым жиIащ: «Сыт дэ мыпхуэдэ псэукIэ къыщIыдимытар Алыхьым?»
- * * *
- ГъащIэр ажалым еупщIащ: «Сыт сэ апхуэдизу цIыхухэм фIыуэ сыкъыщIалъагъур, уэ апхуэдизу жагъуэу укъыщIалъагъур?» — жиIэри.
- Ажалым жэуап итащ: «Уэ угъащIэщ, удахэщи, фIыуэ укъалъагъу, унэпцIми. Сэ сыгуауэми, сыхьэкъщи, жагъуэу сыкъыщIалъагъур аращ».
- * * *
- УмыгъэщIагъуэ Алыхьым ущIелъэIу псори а дакъикъэм къызэрыпхуимыщIэр. ФIыщIэ хуэщI Алыхьым, мыхъумыщIагъэ пщIэхукIэ, а дакъикъэм хьэзаб къызэрыптримылъхьэм щхьэкIэ.
- * * *
- «Си щIалэ, узэрыхуей дыдэм хуэдэу псэу — шэч хэлъкъым узэрылIэжынум; узыхуей дыдэр фIыуэ лъагъу — шэч хэлъкъым абы узэрыпыкIынум; узыхуей дыдэр щIэ — шэч хэлъкъым пщIа псомкIи жэуап зэрыпхьынум». (Абу Хьэмид аль-Гъэзали)
- * * *
- «Ислъам динымкIэ Алыхьыр къызэрысхуэуп-сам къищынэмыщIа, гущIэгъуу къысхуищIам ящхьэщ къуэш (ныбжьэгъу) пэж къызэрызитар. АпхуэдэкIэ зыхуэупсахэм, быдэу фIыгъ фи къуэшхэр (ныбжьэгъухэр), фымыгъэкIуэд». (Хьумар ибн ал-ХьэтIаб)
- * * *
- «Уэ мы дунейм укъытехьакъым уи IэмыркIэ. Уи IэмыркIи убгынэнукъым дунейр. АтIэ щхьэ утетын хуэмейрэ дунейм, УкъэзыгъэщIам и Iэмырыр бгъэзащIэу?».
- * * *
- Зи Iуэху зэхэзэрыхьа цIыху щыплъагъукIэ, уэ уи гугъэщ ар абыкIэ Алыхьым игъэунэхуу. Алыхьым игъэунэхур абы и закъуэкъым, атIэ уэри уегъэунэху. УдэIэпыкъуну е уи щIыбагъ хуэбгъэзэну? Уэ пщIэнуми йоплъ Тхьэшхуэр.
- Хьэдис лъапIэхэр
- Зы лIы гуэрым ЛIыкIуэм зыхуигъэзат, Алыхьым гъунэгъу хуэзыщIын чэнджэщ къритыну елъэIуу. Бегъымбарым жиIащ: «ШыIэныгъэ зыхэгъэлъ, укъэмыгубжь». ЕтIуанэуи щыщIэупщIэм, къыжриIащ: «ШыIэныгъэ зыхэгъэлъ, укъэмыгубжь». Ещанэуи щеупщIым жэуапу къритащ: «Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ уи пIэм укърашми, шыIэныгъэ зыхэгъэлъ».
- Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: «ЦIыхум гущIэгъу хуэзымыщIым, Алыхьыми гущIэгъур илъагъунукъым».
- ЛIыкIуэм жиIащ: «ЦIыхум псэкIэ пэгъунэгъур, гущIэгъу зыхэлъыр, гу щабэр, бзэ IэфIыр жыхьэнмэм щихъумэнущ».
- Бегъымбарым жиIащ: «Щхьэусыгъуэншэу дыхьэшхыным зыщызыхъумэхэм Тхьэр яхуэупсэнущ пщIэ лъагэкIэ, къарукIэ, щIыхькIэ. ДунеягъэкIэ хъугъуэфIыгъуэм зыдезымыгъэхьэххэм Тхьэр яхуэупсэнущ Ахърэтым и фIыгъуэмкIэ. НэгъуэщIым хэлъ ныкъусаныгъэхэр къэзымылъыхъуэм езым хэлъ ныкъусаныгъэхэр Алыхьым хихынущ. Тхьэм и щытыкIэм теухуауэ хуэмыфащэ упщIэ зымытхэр Алыхьым щихъумэнущ Езым нэхъ фIэмыфI дыдэу щыIэ цIыху бзитIщхьитIхэм».
- Зул-Къэрнейн. Хэт ар?
- Зул-Къэрнейн (Тхьэр арэзы зыхуэхъуным) и цIэр КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ:«Ахэр къоупщI: «Хэт Зул-Къэрнейныр?» жаIэри. ЯжеIэ абыхэм: «Сэ сыкъыфхуеджэнщ абы теухуауэ тхыгъэ Iущ».
- Iэятым и мыхьэнэр: сыфхутепсэлъыхьынщ, къывэзгъэцIыхунщ Зул-Къэрнейн, — жиIэу аращ.
- Иджыпсту куэдрэ урохьэлIэ, уеблэмэ, языныкъуэ тхылъхэми укъыщоджэ Зул-Къэрнейнри Искандерри (Александр Македонский) зы цIыхущ жаIэу. Ар пцIыщ. А тIур зыкъым.
- Искандер (Александр Македонский) Зул-Къэрнейн цIэмкIэ еджэу щIыщытар абыи хэгъэгу куэд къызэризэурат. Къэжэрхэми урымхэми я пащтыхьыгъуэхэр зэрызыIэщIилъхьарат.
- Абы Алыхьыр и фIэщ хъуртэкъым. ИкIи ар щыпсэуар Тхьэр арэзы зыхуэхъун Хьисэ бегъымбарым и зэманыр къэсыным ипэкIэ илъэс щищкIэщ.
- Зул-Къэрнейн Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъ цIыхуу щытащ. Ар лъэпкъкIэ хьэрыпт, езыр пщыт, икIи икъукIэ дзэшхуэ иIэт. Алыхьым и закъуэныгъэм къыхуриджэу, лей зезыхьэхэм япэщIэту, Iиман зыбгъэдэлъхэм я щIэгъэкъуэну, псэ хьэлэлу, пэжым и телъхьэу щытащ. Ар щыпсэуар Ибрэхьим бегъымбарым и зэманращ. Алыхьыр абы хуэупсат акъылкIи, къарукIи, уеблэмэ, КъурIэн тэфсирым къызэрыщыкIуамкIэ, Зул-Къэрнейн зыхуэмыIэза зыри щымыIауэ жы-пIэ хъунущ. Ар дзэзешэ лъэщт. КъуэкIыпIэм щегъэжьауэ КъухьэпIэм нэс ар кIуащ, дэтхэнэ зы хэгъэгуми дзэ щызэригъэпэщурэ, ислъам диным зригъэубгъуурэ. Дэнэ лъэныкъуэкIэ имыгъэзами, зэи зыри къыпэлъэщакъым, сыт щыгъуи текIуэныгъэр и Iэрылъхьащ. Ар апхуэдэу Алыхьым къигъэщIат. Зул-Къэрнейн нэхърэ пэжым нэхъ и телъхьэ пщы дунейм зэрытемытам щыхьэт тохъуэ дин щIэныгъэлIхэм я тхылъхэри, тхыдэтххэри.
- Къэралхэр къизэууэрэ, Алыхьым и закъуэныгъэм цIыхухэр къыхуриджэурэ, Зул-Къэрнейн нэсащ бгитIым я зэхуакум. А бгыхэр апхуэдизкIэ инти, КъуэкIыпIэмкIи КъухьэпIэмкIи щыIэ хыхэр зэпищIэрт. КъурIэн лъапIэри тхыдэтххэри абы щыхьэт тохъуэ. А бгитIым я зэхуакум щыпсэу лъэпкъхэр зыми ещхьтэкъым, адрей лъэпкъхэм я бзэри мащIэ дыдэу фIэкIа къагурыIуэртэкъым.
- Абыхэм Зул-Къэрнейн къыжраIахэр КъурIэн лъапIэм мыпхуэдэу къыщыкIуащ: «Уа, Зул-Къэрнейн! ЯIджуджрэ МэIджуджрэ леишхуэ щызэрахьэ мы щIылъэм. ПщIэ уэттмэ, абыхэмрэ дэрэ ди зэхуакур тхуэбгъэбыдэн?» Абы (Зул-Къэрнейн) жиIащ: «Сэ Алыхьым къысхуигъэфэщар нэхъыфIщ абы нэхърэ».
- Зи гугъу ищI лъэпкъыр къытехъукIат Нухь и щIэблэ Яфис. Абыхэм яхэтащ тыркуи, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIа куэди.
- «Сэ пщIэ сыхуейкъым, фыкъыздэIэпыкъу, фхуэзгъэбыдэнщ абыхэмрэ фэрэ фи зэхуакур, — жиIэри, гъущIу ягъуэту хъуар зэхуахьэсыну унафэ яхуищIащ. ИужькIэ, зэхуахьэса псори бгитIым я зэхуакум дакIутэри, бдзапцIэ тракIэжащ. Абы теухуауэ КъурIэным къыщыкIуащ мы Iэятыр: «БгитIым я зэхуакур игъэбыда нэужь, жиIащ: «Къэвгъэплъ!» ГъущIыр плъыжьу къызэщIэплъа нэужь, жиIащ: «Къысхуэфхь бдзапцIэ гъэткIуар,мыбы тескIэн щхьэкIэ».
- Мис апхуэдэу бгитIым я зэхуакур ягъэбыдащ, абы дащIыхьащ бдзапцIэкIэ гъэжа Iуащхьэшхуэ, ЯIджуджрэ МэIджуджрэ я дзэ лъы фIейхэм ямыкъутэфыну.
- АдэкIэ КъурIэным къыщокIуэ мы Iэятыр: «Ахэр (ЯIджуджрэ МэIджуджрэ) абы дэкIуеифакъым икIи гъуанэ ящIыфакъым. Абы (Зул-Къэрнейн) жиIащ: «Ар Алыхьым и гущIэгъухэм ящыщщ».
- Iэятым и мыхьэнэр: Алыхьыр къыздэIэпыкъури, тщIащ мы Iуащхьэшхуэр. Алыхьым и нэфIыр къыфщыхуэри, фащихъумащ лей- зехьэхэм я Iейм. Тхьэм и фIыщIэщ си Iэдакъэм къыщIэкIауэ мы Iуащхьэр дунейм къызэрытенэнур. Фэ фи закъуэкIэ ар фхуэщIынутэкъым. Алыхьым жыхуиIа пIалъэр къэсыху щыIэнущ мы Iуащхьэр. Ауэ, а пIалъэр къыщысам деж, ар щIым щыщ хъужынущ.